Хэкур пщIыхьу зылъагъу Къэрэгъул Зейнэ

Сэралъп Мадинэ и Арт-центрым иджыблагъэ къыщызэIуахащ Иорданием щыщ ди лъэп­къэгъу Къэрэгъул Зейнэ и сурэтхэм я гъэлъэгъуэныгъэ.
«Хэкум и пщIыхьхэр» выставкэм къекIуэлIат республикэм и щэнхабзэм, гъуазджэм хэлъ­хьэ­ныгъэ хуэ­зыщIахэр, къулыкъущIэхэр, IэнатIэ зэмылIэужьы­гъуэхэм пэрытхэр. Абы­хэм псоми къыхагъэщащ Зейнэ и IэдакъэщIэкIхэм я кууагъымрэ абыхэм ящIэлъ лъэпкъ гупсысэ дахэмрэ.
Къэрэгъул Зейнэ 1978 гъэм Иорданием къыщалъхуащ. Лондон дэт университетхэм ящыщ зым щIэныгъэ щызригъэгъуэтащ. 2010 гъэм ар япэу Хэкужьым щы­хьэщIам и мызакъуэу, и адыгэбзэри нэхъыфIыжу щызригъэ­щIащ. Амман щыпсэуну Iэпхъуа иужьщ и зэфIэкIхэр нэхъ наIуэ къыщыхъуар. СурэтыщI унагъуэм къыщы­хъуа хъыджэбзым и IэдакъэщIэкIхэр нэхъыбэу каллиграфие геометрие жыпхъэхэм итт. 2014 гъэм абы и творчествэм, и дуней еплъыкIэм зихъуэжри, сурэтхэр гъэщIэгъуэну зэхигъэувэн щIи­дзащ. Журнал, газет зэмы­лIэужьыгъуэхэм зэщымыщу къыхигъэжа сурэтхэм гупсысэ хэха зиIэ теплъэгъуэ къыхэщIыкIыныр узыгъэгупсысэщ икIи хуабжьу удэзыхьэх Iуэхугъуэщ. Зейнэ хузэ­фIэкIырт апхуэдэ щIыкIэкIэ езым и дуней къигъэщIыжын. Хъыджэбз IэпэIэсэм екIуу куэд зэхеу­хуанэ. ГъэщIэгъуэнракъэ, абы и щэнхабзэ дунейр зэподжэж икIи пасэрей сурэтхэм гъащIэщIэ щаретыж сурэтыщIым и Iэдакъэ­щIэкIхэм.
Адэжь Хэкум зэрыщыхьэщIэр къэдгъэсэбэпри, ди лъэпкъэгъу пщащэ IэпэIэсэм упщIэ зыбжа­нэкIэ зыхуэдгъэзащ.

 
- Хэкужьым щебгъэкIуэкIа гъэ­лъэгъуэныгъэм хуэпщIа фIэщыгъэр къызыхэпхар сыт?
- СызэрыцIыкIурэ си адэшхуэ-анэшхуэхэм Хэкужьым теухуа ­хъыбархэр къызжаIэжырт, лъахэм и дахагъым срагъэхъуапсэрт. Абы щыгъуэ Интернетым дунейр ап­хуэдизу зэщIиблатэкъыми, ар ­слъагъуну Iэмал сиIэтэкъым. Къысхуэнэжрати, си нэгу къыщIэзгъэувэрт, куэдрэ сепщIыхьырт. Сэ Iэджэрэ Хэкужьым сегупсысащ икIи сыщыцIыкIум адэжь щIыналъэр си нэгу зэры­щIэтар къыщызгъэлъэгъуэжауэ аращ сурэтхэм. Гъэлъэгъуэныгъэр хьэзыр щыхъум, фIэсщынум куэдрэ сегупсысакъым.
- Уи сурэтхэр нэгъуэщI щIы­пIэхэм щыбгъэлъэгъуа?
- Илъэсибл мэхъу мыпхуэдэ сурэт щIыкIэм зэрызеспщытри, а зэманым къриубыдэу Амман, Москва, Дубаи, Лондон утыку къыщисхьащ си сурэтхэр. Ауэ Налшык зэрыщызгъэлъэгъуам псом хуэ­мыдэу сыщогуфIыкI, си лъэп­къэгъухэм си сурэтхэр ягу зэрырихьар сэркIэ насыпышхуэщ.
- Хэкужьым теухуа уи пщIыхь­хэмрэ абы щыплъэгъуамрэ  куэд­кIэ зэщхьэщыкIрэ?
- ЗэщхьэщыкIыркъым - си пщIы­хьыр нахуапIэ щыхъуащ адэжь щIыналъэм. Псори а къызэрыс­щыхъуам хуэдэщ. ЩIыпIэ дахэ куэдым сыщыIащ, адыгэ къуа­жэхэм сыщыхьэщIащ. ЦIыхухэм я гур къабзэщ, псэ хьэлэл яIэщи, абы хуабжьу удехьэх. Ди хэкум и теплъэр сурэтыщIым я нэхъ Iэзэми нэсу къыхуэгъэлъэгъуэнукъым, Тхьэм и къарур инщ!
- Зейнэ, хуабжьу гъэщIэгъуэн сщыхъуащ уи лэжьыгъэхэм удз гъэгъахэр зэребэкIыр, ар екIуу сыт хуэдэ сурэтми зэрыхэбгъэувэфыр?
- Удз гъэгъахэм зыкъыщызэ­Iуахыр щIымахуэр икIыу гъатхэр къихьа иужьщ. Дызэрыт зэманыр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжы­ныгъэм и лъэхъэнэу къызолъы­тэри, сэри аращ удз гъэгъахэр куэду си сурэтхэм щIахэзгъэувэр.
- Уи дежкIэ уадыгэным къикIыр сыт?
- Си дежкIэ абы нэхъ лъапIэ щыIэкъым. Ар жэуаплыныгъэ ин зыхэлъ къалэну къызолъытэ. Лъэпкъ гупсысэм ущIапIыкIыныр, хабзэр зепхьэныр, уи бзэр пщIэ­жыныр дэнэ щыпсэу адыгэми и къалэн нэхъыщхьэщ.
- Уи мурадхэм дыщыбгъэгъуэзамэ арат.
- ЩIыпIэ куэдым къыщацIыху адыгэхэр. Ди лъэпкъ хабзэр, псэу­кIэр, гупсысэкIэр, зэфIэкIыр, щэнхабзэр зымащIэкIэ нэхъ мыхъуми дунейм нэхъыбэжу къысхуегъащIэмэ, сынасыпыфIэу зыслъы­тэжынущ.


Къэрэгъул Зейнэ, абы и анэ Бырмамыт Динэ, Зейнэ и къуэ цIыкIумрэ. 2017 гъэ

Епсэлъар Щомахуэ Залинэщ.
Поделиться:

Читать также: