Лъэпкъ зыужьыныгъэм и пщалъэ

Ди къэралыгъуэм зиужь, ефIакIуэ зэпыту зэ­ры­щы­тым и щыхьэтщ республикэм и унафэщIхэм егъэ­джэ­ныгъэмрэ щIэныгъэм­рэ гулъытэ хэха хуащI зэ­рыхъуар. Нобэ гъащIэм и лъэныкъуэ псоми компьютерхэмрэ технологие пэ­рыт­хэмрэ нэсащ. ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и щIэныгъэ къудамэ (КъБЩIЦ) 1993 гъэм и ­щIыналъэм къызэ­ры­щы­зэ­IуихамкIэ Къэбэрдей-­Балъкъэрым и цIыхубэм Iэмал ягъуэтащ дунейпсо зыу­жьыныгъэм и зы Iы­хьэ хъуну.

ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 90 гъэхэм ди къэралыр зэрыхуауэ щыта политико-экономикэ щытыкIэ хьэлъэр куэдым ящIэж. А лъэхъэнэм зэтекъутащ жылагъуэр зэ­пIэзэрыту зыIыгъа, абы и джэлэсу щыта IэнатIэ куэд. Ардыдэм хуэкIуэрт щIэныгъэ, щэнхабзэ IуэхущIапIэ­хэр. Зэманым къаридза удын хьэлъэм ди республикэм и щIэныгъэ IэнатIэ- хэр къезыгъэла цIыхухэм ящыщщ щIэныгъэлI цIэ­ры­Iуэ, техникэ щIэныгъэхэм я доктор, УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, РАЕН-м и академик Иуан Пётр Мацэ и къуэр. Абы и фIыгъэкIэ ахэр щIэувауэ щытащ ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и дамэм, щIыналъэ щIэныгъэ центр хъуауэ.
Ди республикэм, Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм зэ­ры­щыту щIэныгъэм нэхъри ­зыщиужьынымкIэ шэсыпIэ хъуащ а щIэныгъэ цент­рыр. Абы лъандэрэ илъэс 25-м нэблэгъащи, ди лъэпкъ щIэныгъэр лъагапIэщIэхэм нэсащ, ди щIэ­ныгъэлIхэми унэтIыныгъэ зэ­хуэ­мы­дэ­хэм­кIэ зэфIах къэ­­хутэныгъэ лэ­жьыгъэхэми я лъабжьэр ­нэхъ куу, я купщIэр нэхъ лъэщ хъуащ. 1994 гъэм щIэ­ныгъэ центрым къызэIуихащ Къэбэрдей-Балъкъэ­рым Бгылъэ щIы­пIэхэм я экологиемкIэ и институт­ыр (унафэщIыр Тембот ФатIимэщ). Куэд ­дэ­мыкIыу КъБЩIЦ-м къы­зэ­ри­гъэпэщащ Къэбэрдей-Балъкъэ­рым Информатикэмрэ щIыналъэ управ­ленэмкIэ институтыр ­(уна­­­фэ­щIыр Нэгъуей Залымхъанщ). ТхыдэмкIэ, ­филологиемкIэ, экономикэмкIэ институтыр (иджыпсту ­Къэ­бэрдей-Балъкъэрым ­Гуманитар къэхутэныгъэ­хэмкIэ и институтыр (уна­фэ­щIыр Дзэмыхь Къасболэтщ), апхуэдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым Прикладной математикэмрэ автомати­зацэмкIэ и институтыр (уна­фэщIыр Алихъан Анатолийщ). Ахэр академическэ IуэхущIапIэ хъуахэщ икIи КъБЩIЦ-м и къудамэ щхьэ­хуэхэу уващ.
Къэбэрдей-Балъкъэр щIэ­ны­гъэ центрым и нэIэм ­щIэт щIэныгъэ IуэхущIапIэхэм ящыщщ Ядернэ къэхутэныгъэхэмкIэ Урысей Акаде­мием ди щIыпIэм щиIэ ­Бахъсэн нейтриннэ обсер­ваторэр. Абы и Прези­- диу­мым егъэщIылIащ Геог­ра­фиемкIэ къудамэм­рэ редакцэ - тхылъ тедзапIэмрэ. А IэнатIэм пыщIауэ мэлажьэ РАН-м и Медико-биологие институтым ме­дицинэ-эко­логие къэхутэ­ныгъэхэмкIэ и щIыналъэ ­институтыр, РАН-м АстрономиемкIэ и   институтым Терскол щиIэ Астрономие обсерваторэр, нэгъуэщIхэри.
Мы зэманым щIэныгъэ центрым псори зэхэту щолажьэ IэщIагъэлI 600-м ­щIигъу. Абыхэм яхэтщ РАН-м и член-коррес­пон­дент­хэр, щIэныгъэ зэ­мы­лIэужьыгъуэхэм я докторхэр, кандидатхэр. Абы и ­институтхэм щыIэ докто­рантурэхэм, аспирантурэ­хэм я щIэныгъэм щыха­гъахъуэ IэщIагъэлIи 150-м ­щIигъум. Инфоматикэмрэ ­щIыналъэ управленэмкIэ ин­ститутым экономикэ щIэ­ныгъэмкIэ кандидат, док­­тор лэжьыгъэр щыпхагъэкI совет иIэщ. «Известия КБНЦ РАН» журналыр пIалъэ хэхам тету къыдокI.
РАН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым ­информатикэмкIэ, кибернетикэмкIэ, экономикэмкIэ, прик­ладной математикэмкIэ, биологиемкIэ, географиемкIэ, ядернэ физикэмкIэ, астрофизикэмкIэ, жы­лагъуэ, тхыдэ-филологие ­щIэ­ны­гъэхэмкIэ къэ­­ху­тэ­ныгъэшхуэхэр щрагъэкIуэкI. Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэм щыяпэу республикэм и зыужьыныгъэм ды­з­э­рыхуэкIуэну гъуэгур ди деж щаубзыхуж хъуащ. Информатикэмрэ щIыналъэ уп­равленэмкIэ институтым зэхилъхьащ 2030 гъэ пщIондэ Къэбэрдей-Балъкъэрым зиужьынымкIэ япэ игъэ­щып­хъэ Iуэхухэр къыщыгъэлъэгъуа программэ. Иригъэ­кIуэкI щIэныгъэ-къэхутэ­ныгъэхэмкIэ РАН-м и КъБЩIЦ-р япы­щIащ УФ-м, хамэ къэралхэм щыIэ щIэ­ныгъэ зэгухьэныгъэ куэдым.
Абы и щIэныгъэлIхэм я зэфIэкI лъагэхэм я фIыгъэ­кIэ, центрым и пщIэр щы­лъагэщ Урысейм и мыза­къуэу хамэ къэралхэми. Къэбэрдей-Балъкъэр щIэ­ныгъэ центрым къепха инс­титутхэм мыхьэнэшхуэ зи­Iэ Iуэхухэр зэрызэфIахым и щыхьэтщ РАН-м жыла­гъуэ, гуманитар, техникэ, естественнэ щIэныгъэхэмкIэ зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэ­хэм абыхэм я лэжьыгъэхэ­ри къызэрыхалъытэр. Абы­хэм щапхъэ яхуохъу я пашэ, ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ цент­рым и къызэгъэпэщакIуэ икIи и унафэщI Иуан Пётр и Iуэху бгъэдыхьэкIэр. Ири­гъэ­кIуэкI лэжьыгъэхэр къа­лъы­тэри, Иуаным хуагъэфэщащ СССР-м и Министр­хэм я Советым и саугъэтыр, ­РАН-м, КъБР-м я ЩIыхь тхылъ­хэр. Апхуэдэу ар ЩIэ­ныгъэхэмкIэ Дунейпсо ­Академием (Мюнхен), ЩIэ­ны­гъэхэмкIэ Нью-Йорк академием, Естественнэ ЩIэ­ны­гъэхэмкIэ Урысей академием, ЩIэныгъэхэмкIэ ­Дунейпсо Адыгэ Акаде­мием, нэгъуэщI щIэныгъэ зэгухьэныгъэ зыбжанэми я академикщ, КъБР-м и Iэ­тащхьэм и деж щыIэ Жы­лагъуэ советым хэтщ, ЩIэ­ныгъэмкIэ, егъэджэныгъэмкIэ, щIалэгъуалэ полити­кэмкIэ абы и къудамэм и уна­фэщIу. Иуан Пётр и ­цIэр иратхащ США-м къы­щыдэкIа «Дуней псом и цIыху щэджащэ 5000» тхы­лъым.
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­к­Iуэ Юрий 2016 гъэм и мазаем и 8-м къыдигъэкIа Ука­зым ипкъ иткIэ, Иуан Пётр къыхуагъэфэщащ ди республикэм и дамыгъэ нэхъ лъапIэ дыдэр - «Къэбэр­дей-Балъкъэр Республикэм и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденыр. Ар ­хэкулIым къихьащ щIэныгъэм и зыужьыныгъэм хуи­щIа хэлъхьэныгъэ иным къыпэкIуэу. ЩIэныгъэлIым и къэхутэныгъэ лэжьыгъэ куэ­­дым я лъащIэщ бгъэдэлъ гупсысэ куур, зэхэ­щIыкI лъэщыр. Иуаным и зэ­фIэ­кIым кърикIуахэр илъэс щIагъуэ дэмыкIыу ­хагъэхьэ ­«РАН-м и ехъу­лIэныгъэ нэхъыщхьэхэр» илъэс къэс къыдэкI журналым.
Ди хэку псор ипэкIэ зыгъэкIуэтэфын лэжьыгъэ купщIафIэ яхузэфIох ди щIыналъэм и щIэныгъэлI­хэм. Иуан Пётр пхиша щIэ­ныгъэ гъуэгур хэмыгъуащэу, ар нэхъри нэхъ бгъуфIэ хъууэ­рэ ирикIуэ псоми зыщаузэщIыну ди гуапэщ. Г­ъунэ зимыIэ а фIыгъуэр - щIэныгъэр - ди Къэбэрдей-Балъкъэрым зэпIэзэрыту зиужьыным, абы и цIыхухэм я ехъулIэныгъэм нэсу хурелажьэ.

 

 

 

 

 

 

 

Нэхущ Iэдэм

 

 

 

 

 

 

 

Иуан Пётр

 

 

 

 

 

 

 

Къумахуэ Музьэдин

 

 

 

 

 

 

 

 

Хъурей Леоренэ

 

 

 

 

 

 

Хьэщхъуэжь Раисэ

 

 

 

 

 

 

 

КIуэкIуэ Джэмалдин

 

 

 

 

 

 

 

Гъут Iэдэм

 

 

 

 

 

 

 

 

ТIымыжь Хьэмыщэ

ТАМБИЙ Линэ.
Поделиться: