ЦIыхубэм ягу дыхьэ усакIуэ

УсакIуэ Мыкъуэжь Анатолэ Хьэбалэ и къуэр Советскэ (иджы Шэрэдж) районым хыхьэ Аушыджэр къуажэм 1956 гъэм мэкъуауэгъуэм и 21-м къыщалъхуащ. 1973 гъэм къуажэ школыр, 1978 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и филологие факультетыр къиухащ. 1979 - 1995 гъэхэм «Адыгэ псалъэ» газетым корреспонденту, 1995 - 2013 гъэхэм «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм художественнэ литературэмкIэ и редактору, адыгэ литературэмкIэ редакцэм и унафэщIу щылэжьащ. Мы зэманым «Iуащхьэмахуэ» журналым и редактор нэхъыщхьэщ.
Мыкъуэжьым и Iэдакъэ къыщIэкIащ адыгэ литературэм хэлъхьэныгъэ нэс хуэхъуа тхыгъэ купщIафIэ куэд. 1985 гъэм дунейм къытехьащ «Жьэгу пащхьэ» зыфIища и япэ тхылъыр. Абы къыкIэлъыкIуащ «Къалэ жыжьэ», «Дунеижь», «Адэжь щIэин», «Маринэ», «Лъэхъэнэ», «Къэрэгъул бжыхь» тхылъхэр. Иужьрейуэ «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм зы том хъууэ къыщыдэкIащ Анатолэ и усэ нэхъыфIхэр щызэхуэхьэса «Си лIэщIыгъуэр» тхылъыр.
Мыкъуэжьыр 1987 гъэ лъандэрэ Урысейм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм, 1991 гъэ лъандэрэ Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэтщ. Абы къыхуагъэфэщащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIыхь тхылъыр, Урысейм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и дипломыр.
Мыкъуэжь Анатолэ и усыгъэм тетхыхьащ ди республикэм и тхакIуэ, критик цIэрыIуэхэу Тхьэгъэзит Зубер, Къагъырмэс Борис, Бещтокъуэ Хьэбас, IутIыж Борис, Къэрмокъуэ Хьэмид, Къэжэр Хьэмид, Гъут Iэдэм сымэ. Псори зэхэту усакIуэм и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ теухуауэ тхыгъэ 50-м нэблагъэ дунейм къытехьащ. Абыхэм къызэрыхагъэбелджылыкIащи, «ди лъэхъэнэм и фIи и Iеи IупщIу къызэрыщ гъуджэщ» Мыкъуэжьым и IэдакъэщIэкIхэр.
УсакIуэ нэс закъуэтIакъуэхэм ящыщу къалъыта Анатолэ и усэхэр цIыхухэм ягу дохьэ, ахэр балигъхэми ныбжьыщIэхэми зэIэпах. Мыкъуэжьым и Iэдакъэ къыщIэкIахэр дахагъэм, фIым ухуэзыгъэушщ. Лъахэр, лъэпкъ тхыдэр, нобэрей гъащIэр зи лъабжьэ усэхэр и мащIэкъым абы. Захуагъэм, цIыхугъэм, гуапагъэм я телъхьэ Мыкъуэжьым и усэхэм нэхъыщхьэу щыпхышари аращ. Абы и щыхьэтщ мы сатырхэр:
ЩIым лъагъуныгъэр, гуапагъэр
СщIыну и тет сыщIохъуэпс.
Анатолэ цIыхугъэшхуэ зыхэлъ, гу пцIанэ, псэ къабзэ зиIэ усакIуэщ. Апхуэдэ хьэл-щэнхэр зиIэ усакIуэм и усэбзэр щабэщ, шэрыуэщ, абыхэм ящIэлъ гупсысэр щIэщыгъуэщ. Ар ящыщщ зи усэхэр цIыхубэм яфIэфI къудей мыхъуу гукIэ зрагъащIэ адыгэ усакIуэхэм. Тхьэм къыбгъэдилъхьа зэфIэкIыр къигъэсэбэпу нобэ адыгэ литературэр зыгъэбей ди усакIуэ нэхъыфIхэм языхэзщ Мыкъуэжьыр.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

*   *   *
Ди зэманыр зэрыакъылыфIэ,
Ди зэманыр зэрыакъыл жан.
И Iущагъыр цIыхум уафэ бгъуфIэм
УафэхъуэпскIыу лъокIыр ирижэн.

Къехъуэпсэну блэкIахэр лIэщIыгъуэу
СыткIи хъуащи ар зэпIэзэрыт,
ПхуимыщIэну хэлъадэу делагъэ -
И цIи и щхьи имыгъэпуд.

ГубзыгъагъкIэ мы дуней къэхъукъащIэр
КъигъэIурыщIэну цIыхум лъокI.
ЩIым телъыджэу щилэжьар фIэмащIэу,
БлэплъыкIыну мазэм и гум къокI.

ФIыгъуэхэкIхэр зи Iэужь Iуэхушхуэ
ЦIыху акъылым щыдэслъагъум дей,
ЖызоIэ, ди зэманым сригушхуэу:
Зэрыбалигъыр сыту фIыт дунейр.

Ди зэманыр зэрыакъылыншэ,
Ди зэманыр зэрыакъыл пхэнж.
Къегупсыс IэщэщIэхэр щIэмычэу -
Нэкуи напIи имыIэж афIэкI.

Уэгу адрыщIым ихьэу-къеухыжу,
ЩIыр икъутэжыну цIыхур хэтщ.
Зи акъылым зытIэкIукIэ итыжу
Фоч езыгъэпщэжыр и анэм хэт?

Зэрымыхъур мафIэкIэ удалъэ
ЕщIэр фIыуэ сабий цIыкIурэ пэт.
ЕтщIэкIыжмэ мафIэс ди щIыналъэм,
ЗыгъэункIыфIыжынур къакIуэу хэт?

И Iущагъыр цIыхум ем хуиунэтIу,
ГушыIэншэу, сэ щыслъагъум дей,
ЖызоIэ, ди зэманым сриукIытэу:
Арат щытам сабийуэ мы дунейр.
                          1990

*   *   *
Шэрхъ гудзэншэу дунеижь абрагъуэр
Зи Iэмырым къыдекIэрэхъуэкI,
Хабзэ пхэнжхэу мы ди гъащIэр мыгъуэ
КъытщызыщIхэр щIым щытхузэхъуэкI.

Зи гущIэгъур ин! Дунейм и шхуэIур
Залымыгъэм къытхуIэщIэгъэкI.
Нэмысыншэм цIыху гъэсам и нэкIур
ЩIихулыкIыу хуумыдэ афIэкI.

Хейм и фащэр мысэм щебгъэтIагъэу,
ЩIэпхъаджащIэм хуумыгъэхъу уэчыл.
ИумыгъэщI пэжщIэкъур щIэнэкIалъэ,
Былымаблэм и нэгур гъэджыл.

ЦIыху щэджащэм дзы къыхуебгъэлъыхъуэу,
Iимансызыр щихъыу умыгъэIу.
АкъылыфIэр, и щхьэр игъэлъахъшэу,
Тумыгъэт ахьмакъхэм я бжэщхьэIу.

КъыумыгъэкI и кIэныр нэжэсыгъэм,
ЩIым делагъэм зыщумыгъэубгъу.
ДжэдыгуибгъукIэ зы лIым ухуэупсэу,
Къыумыгъанэ джэдыгуншэу лIибгъу.

Уи гулъытэ хэбну зыхуэфащэр,
Джэгу щIыхьыншэм ирумыгъэщIэкI.
Зи щIалэгъуэу зи хыхьэгъуэр гъащIэм
Ем и жьапщэм ирумыгъэщIыкI.

…ЩекIуэкI псори ди щIыгушхуэм плъагъуу,
ЕпхьэкIар уэ мыилъэс мелуан,
«А уи лъэIухэм хэлъкъым зы щIэщыгъуэ», -
КъысхужыпIэу, сыкъыумыщI ауан.

Ди щхьэщыгум дыгъэр къизыIыгъэу,
Зи IэмыркIэ щIыр къекIэрэхъуэкI,
Пэлъэщауэ е-бзаджейм цIыхугъэр
ЩIы хъурейр зэгуэрым нэху къегъэкI.

*   *   *

Хуейщ дыгъэр бзийкIэ гуэшэну,
ЩIым гуапэу къедэхэщIэну.
Зауэм и Iугъуэм щIиуфэм -
Дыгъэм и лажьэр сыт?

Хуейщ бзухэр уэгум итыну,
Хуиту уэрэд кърашыну.
Шэм и фий макъым игъащтэм -
Бзухэм я лажьэр сыт?

Удз дахэр хуейщ къэгъэгъэну,
Еплъ псоми ягу хигъэхъуэну.
Ем къыщIэхутэм и лъэгум -
Гъэгъам и лажьэр сыт?

Хуейщ сабий цIыкIухэр джэгуну,
ЩIым гуфIэу къыщажыхьыну.
Балигъхэр зэгурымыIуэм,
Сабийм я лажьэр сыт?

ДИ  КХЪУХЬЫР

Ди кхъухьыр уардэт, хуэдэ тенджызышхуэм
Темыт тфIэщIыжу, исхэр дригушхуэрт.
Есыхт адрейхэр, дыдэсейрт ди закъуэ,
Ерыщу толъкъуныдзэм деIэпщакIуэрт.

Тенджызым хабзэ ткIийуэ къыдекIуэкIхэр
Къидмыдзэт, есых псоми дащIэнакIэрт.
Дыхэтт дблэсыкIхэр тлъэкIым едгъэплъыну,
Зэрытенджызу зыдэдгъэплъеину.

АрщхьэкIэ тенджызышхуэр бэшэчами,
Ди ерыщагъыр куэдрэ хуэшэчакъым:
БорэнкIэ дыкъищIащ натIэрыуапIэ,
Зэхикъутащ ди кхъухьыр хьэбэсабэу.

Толъкъунхэр зэрыхуейуэ ирикъухьу
ЕзыхьэкIыну зи гугъа ди кхъухьыр
Иджы тенджызым къызыхидзыжауэ
И Iуфэм Iулъкъэ зэтещэхэжауэ…

Дапщэщ ди дыгъэр пшэхэм къыкъуэкIыжу
А псыхьэлъахуэр щигъэгъущыжынур?
А псыхьэлъахуэм кхъухь къыхэтщIыкIыжу,
Тенджызым тетхэм дащыщIыхьэжынур?!
                                                           1991

 

*   *   *
Гур дэгуфIэу уи гуфIэгъуэм,
ДэткIуу ар уи гузэвэгъуэм -
Сыпсэуным нэхъ насып сэ,
Си Хэку лъапIэ,
Сыхуэмей.

Си анэ дыщэр сэ къызэжьэу,
СыщыкIуэжкIэ ар къыспежьэу -
Сыпсэуным нэхъ гуфIэгъуэ
ЩIылъэм сэ
Сыщыхуэмей.

Умыкъутэт гугъэр уэри,
КъызжумыIэт дахэм зыри,
Сэ сопсэури сигу птхьэкъуауэ -
НэгъуэщI фIыгъуэ
Сыхуэмей.
                         1980

 

*   *   *

ГъащIэ-хышхуэ, хэт хьэфэ гъэпщакIэ,
Хэт кхъуафэжьей цIыкIукIэ, хэт кхъухь инкIэ -

Дытехьащи, щхьэж зэрыхуэщIакIэ -
Дэ дыщосыр псори уи толъкъунхэм.

Демызэшу къунтххэр зэфIыдощIэ,
Идодзыхыр хъыхэр уэ уи лъащIэм.

Дожьэ махуэ ди кIэн къыщикIынум -
Ди насып-бдзэжьейр къыщыкъуэкIынум.

Ди мурадым дылъэIэс щытфIэщIым, -
Зэтрекъутэж псори уи жьапщэм.

ДокI зэмани, ифI зыкъыбошэжри,
Гугъэ нэпцIхэм псэр зыщIогъэшэжыр.

Кхъухьым исым джейр хуощIыжыр плъапIэ,
Адрейхэм - щхьэж езым фIэлъапIэр.

Апхуэдэххэу дыбогъэхь ди гъащIэр
ДыщIэтIысыкIыхукIэ уи хы лъащIэм.

…ФIыуэ слъагъурат, насыпу слъытэу,
Си дыщэ бдзэжьейуэ си пщIыхь хэтыр.

Ауэ къунтхкIэ ар къысхуэубыдакъым,
Хъы зыIыгъхэм сэ сыхиубыдакъым.
                                          1983

*   *   *

Аращ и хабзэр дунеижьым:
Къытохьэ зыр, адрейр токIыж.
Къытщхьэщытыжкъым ди нэхъыжьхэр,
НэхъыщIэ куэди тхэмытыж.

ЦIыхупсэр махэми, цIыхугум
Къарууэ хэлъкъэ ямылей.
НэщIыбзэ хъунти мы ди щIыгур,
Зыр лIэм зилIэжтэмэ адрейм.

Гуауэ архъуанэм дыщрихьэм,
Ныбжьэгъухэр псынщIэу къытлъоIэс,
Я гу хуабагъкIэ псэм къыдыхьэу,
Я псалъэр тхуэхъуу хущхъуэ нэс.

ЩызэхокIыжри пшэр ди уэгум,
Ди нэгум дыгъэр къредзэж.
Адэжь щIэинщи гугъэ тIэкIур -
Гугъэн аргуэру щIыдодзэж.

Ауэ ди махуэм я нэхъ уэфIми
Ди лIахэм - арщ и хьэлыр псэм -
Я гушыIэкIи я псэлъафи
Дигу къэдгъэкIыжурэ допсэу.

Ажалыр гъащIэм и дэуэгъуми,
ГуфIэгъуэм гуауэр къуэш ищIащ.
ЩIым ехыжахэр дымылъагъуми,
ГукъэкIыж къуэпскIэ дапыщIащ.

Сыхуейщ сыхъуну сэ гъащIафIэ,
ЩIым тетщи фIыуэ слъагъу цIыху куэд.
Ажалми хъунщ нэхъ IущIэгъуафIэ,
ЩIым щIэлъщи фIыуэ слъагъу цIыху куэд.

 

*   *   *

Къэхъуакъым цIыхум сыщефыгъуэ,
Зым си зэран езмыгъэкIа.
АтIэ, сыщIэуэу я нэм бжэгъуу,
Жагъуэгъу сэ дэнэ къысхуикIа?

Псалъэ дыгъэлхэм сахэплъыхьрэ
Къахэзгъуэтамэ зы налкъут, -
Яхуемыгъэхыу я тэмакъым,
А псалъэ закъуэр сфIагъэпуд.

Аращ игъащIэми адыгэр, -
Фыгъуэ-ижэным егъэкIуэд.
Си лажьэр сыт сэ си жагъуэгъухэм
ЕфIэкIыу жысIэмэ уэрэд?!

ПхъэнкIийм хэпкухькIэ дыщэ кIанэм
И зэхэлъыкIэр фIэмыкIуэд.
Уэшх къызэрешхыу, къыщIощыжри,
Аргуэру дыгъэм ныполыд.

Сэ зыслъытэжкъым къурш абрагъуэу,
Уи дыгъи мази зезмылъыт.
АрщхьэкIэ, Тхьэм къызипэсауэ,
Сащыщкъэ зиIэхэм хэлъэт!

Шууейм хуаубыдми лъэрыгъыпсыр,
Шыдшум хуамыщI апхуэдэ щIыхь.
Сэ шу зыбжанэ итщи си япэ, -
ЗахуэсщIыфынущ щхьэузыхь.

Шыгъажэм мызэу сыщыIащ сэ, -
ВжесIэнщ гухэхъуэу зыхэсщIар:
КъатежыхункIэ адыгэшыр,
Тежар сэрауэ къысфIэщIащ.

Къэхъуакъым цIыхум сыщефыгъуэ,
Зым си зэран езмыгъэкIа.
АтIэ, сыщIэуэу я нэм бжэгъуу,
Жагъуэгъу сэ дэнэ къысхуикIа?!

СИ ЛЪЭПКЪЭГЪУХЭМ Я ДЕЖ

Адэжьхэм напэр я гъащIэ гъуазэу,
ЛIэщIыгъуэ гугъухэр къызэпачащ.
Бий гуартэ я щIым къыщизэрыгуэм,
Дунейр я лIыгъэм игъэзджызджащ.

Адэжь щIэиныр гугъэм и закъуэ?!
ДэщIыгъущ а гугъэм беигъэ нэс:
Ди хабзэ екIухэр дыщэзэрылэщ,
Ди псалъэжь Iущхэр налкъутналмэсщ.

А хъугъуэфIыгъуэр ныбжькIэрэ тыгъэ
КъытхуэзыщIахэм уралIэужьщ,
Адэжьхэм я псэр щыгуфIыкIыну
Къытенэ щIылъэм уэри лъэужь.

Ди лъэпкъ щэджащэм и дыщэ пхъуантэм
Къыдумынэфми тыгъэ бэлыхь,
А пхъуантэдэлъхэр щIэблэм хуэхъумэ,
Хуэхъу ди лъэпкъ мащIэм къэрэгъул бжыхь.

Ныбэизыгъэм зэщхьэщихуауэ,
КъытхокI лъэпкъ напэр къизымыдзэж,
Анэдэлъхубзэр, шхахуэ пэлъытэу,
ПхъэнкIий идзыпIэм ныхэзыдзэж.

Къуэпсыбэу щIылъэм хэмыкIа жыгыр
Къыкъуэумэ жьапщэ - тыншу къреч.
ГукъуэпскIэ лъэпкъым пымыщIа цIыхур,
Жьуджалэм ещхьу, жьым кърехьэкI.

Щэнхабзэр, тхыдэр, анэдэлъхубзэр -
Лъэпкъ ЖыгкIэ зэджэм и къудамищщ.
Зытес къудамэр пызыупщIыжыр
Тхьэр зытебгахэм мэхъур ящыщ.

Теплъэ къудейкIэ фIэкI уадыгэу
УкъамыщIэжмэ - сыт урищIыс?
Зи лIэужьыгъуэр мыгурыIуэгъуэ
Жыг кумылэншэм урещхьыркъэпсщ.

Адыгэу щыIэр кхъузанэ тIуащIэ
Хуейщ мы зэманым дэ щIэдгъэкIын,
КуэнсапIэу къинэр - лъэпкъ жылэ хъункъым,
Апхуэдэм хуейщ дэ дакъыпыкIын.

И лъэпкъым папщIэ зы щай и уасэ
Зымылэжьахэм захузогъазэ:
Адэжь и щIыхьым фримыуэркъ,
А щIыхьым хэлъкъым фи фIыщIэ лъэпкъ.

 

МЫКЪУЭЖЬ Анатолэ.
Поделиться: