Къаз-Джэрий СулътIан

Япэ адыгэ тхакIуэ

(КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр гъатхэпэм и 17, 19-хэм итщ).

Профессор Къумыкъу Тыгъуэн къы­зэригъэлъэгъуамкIэ, Шэрджэсым щы­лажьэ хамэ къэрал бзэгузехьэхэм ебэнын зэрыхуейр Хъан-Джэрий нэ­гъуэщIхэми къыдаIыгъауэ щытащ, псалъэм папщIэ, «Беслъэнейм щып­сэууэ щыта абы и къуэш Къаз-Джэрий СулътIан, полковник Азэмэт-Джэрий СулътIан, подполковник Мэгурыкъуэ, беслъэнеипщ Пщыкъуий сымэ». Хамэ къэрал бзэгузехьэхэм ебэныным а гупыр и телъхьэу зэрыщытам дэ шэч къытетхьэркъым, ауэ шэч къытыдохьэ Хъан-Джэрийрэ Къаз-Джэрийрэ зэкъуэшу зэрыщытам. Профессор ­Къумыкъу Тыгъуэн и тхыгъэм къыщигъэлъагъуэркъым а тIур зэрызэ­къуэшыр къызэрищIа щIыкIэр. АтIэ Къаз-Джэрий езым итхыжауэ щыIэщ «анэ гу щабэм срибын закъуэт» жери. А щIэныгъэлIхэр зэунэкъуэщу щытагъэнщ, ауэ зэкъуэш дыдэу къэзыгъэ­лъагъуэ тхыгъэ къытхуэгъуэтакъым иджыри къэс.
ТхакIуэ Теунэ Хьэчими «Къэбэрдейм и тхакIуэхэмрэ и литературэмрэ» и къэхутэныгъэм Къаз-Джэрий къы­щалъхуамрэ щылIэжамрэ мытэмэму къыщегъэлъагъуэ (1801 - 1843). А тхылъ дыдэм и етIуанэ къыдэкIыгъуэм зи гугъу ищIыр, и гъащIэм илъэс зыкъом хупещэри, щыпсэуар 1801 - 1870 гъэхэрауэ къыщыджеIэ. Еджа­гъэшхуэ Корзун Борисрэ профессор Гарданов Батразрэ Къаз-Джэрий къигъэщIа ныбжьыр яхуэубзыхуакъым.
Къаз-Джэрий тетхыхьа нэгъуэщI гуэрхэри щыIэнкIэ мэхъу. КIурашын БетIал осетин усакIуэшхуэ Хетагуров Коста триухуа тхыгъэм мыпхуэдэу ­щыжеIэ: «Ставрополь дэта цIыхухъу классикэ гимназиер, Хетагуров Коста зыщеджар, къаухащ адыгэ тхакIуэ-щIэныгъэлIхэу Къаз-Джэрий СулътIани, Адыл-Джэрий СулътIани, КIашэ Адэлджэрии»…
Къаз-Джэрий Ставрополь дэта гимназием щеджакъым, щеджэнкIи Iэмал иIакъым. Гимназиер 1837 гъэм къызэIуахащ. Абы щыгъуэ Къаз-Джэ­рий Бытырбыху дэст. Ставрополь дэта гимназиер Кавказ Ищхъэрэм щыяпэу щытащ, «Кавказым щыщ», цIэри зэрихьэрт. ИужькIэ ар зэра­хъуэкIыжащ цIыхухъу классикэ гим­назиеу. Абы щрагъаджэрт лъэпкъ зэ­мылIэужьыгъуэхэм къахэкI щIалэхэр - адыгэхэр, осетинхэр, шэшэнхэр, дагъыстэнхэр, н.
Зэрынэрылъагъущи, Къаз-Джэрийрэ а гимназиемрэ я Iуэху зэхэлъкъым. Япэ адыгэ тхакIуэм и сабиигъуэм ­теухуауэ дызыщыгъуазэр мащIэ ды­дэщ. И щIалэгъуэм ар Хъан-Джэрий щIыгъуу Тифлис щыIащ. Кавказым и тет Ермолов  Алексей ныбжьыщIэ ­Iущым гу къылъитащ. Къаз-Джэрий яхэтащ ирагъэджэну япэ дыдэу Урысейм ягъэкIуа адыгэ щIалэхэм. 1826 гъэм къызэрыгуэкI сэлэту къулыкъум щыщIидзащ ебланэ фочауэ полкым, иужькIэ «лейб-гренадер Эриванс­кэ­кIэ» зэджэжу щытам. Куэд мыщIэу ар урыс-къэжэр зауэм макIуэ. Урысыдзэр ебгъэрыкIуэрт. Шамхор, Елизавет­поль, Аббас-Абад, Эриван, Сардар-Абад къалэхэр бийм къытрихыжри, ­генерал Паскевич зи дзэпщ урысы­дзэр 1827 гъэм Тавриз (Тебриз) ды­хьащ. Къаз-Джэрий хэтащ зэхэуэ псоми. ЛIыгъэ зэрызэрихьам къыпэкIуэу къратащ медаль. 1830 гъэм юнкер ­мэхъури, Бытырбыху щыIэ Кавказ-бгырыс эскадрон ныкъуэм хагъэхьэ. Ар пащтыхьыр зыхъумэ гупу 1828 гъэм къызэрагъэпэщат, хэтхэри бгырыс ­лIакъуэлIэшхэм къахэкIат. Эскадрон ныкъуэр егъэбыдылIат «Пащтыхьым и фэтэр нэхъыщхьэкIэ» зэджэжым, нэгъуэщIу жыпIэмэ езы пащтыхь дыдэм и штабым, зи унафэ щIэтри граф ­Бенкендорфт. Бгырыс шууейхэм, адыгэ фащэ щIыкIэу щIауэ, щыгъын дахэ ящыгът. Офицер фэилъхьэгъуэм хыхьэт къэптал фIыцIэ къызыдэщ адыгэ цей щхъуантIэр, бащлыкъ ­гъуафэр, мэлыфэ фIыцIэм къыхэщIыкIа пыIэ, и натIэ къекIуэкIым ды­жьын уагъэ къедэкIауэ, гъуэншэдж быхъу, дыжьыныфэ куситI ибгъухэмкIэ зэдехыу. Урысейм къакIуэ хьэщIэ лъапIэхэми пащтыхьыр яхуэупсэрт а фащэмкIэ.
Къаз-Джэрий дзэ къулыкъум зэманышхуэ фIихьырт, итIани, жэщ-­махуэ имыIэу, абы иджырт урысыбзэмрэ литературэмрэ, тхэн Iуэхуми ерыщу пылът.
Кавказ-бгырыс эскадрон ныкъуэм абы илъэс пщыкIузкIэ къулыкъу щи­щIащ. А шууей гупым абы и закъуэ­тэкъым тхэн Iуэхум зезытауэ адыгэу хэтар. Къаз-Джэрий щIыгъуу Бытырбыху а лъэхъэнэм щыIащ Къэбэрдейм щыщ еджагъэшхуэ Нэгумэ Шорэ, тхакIуэ-этнограф Кърым-Джэ­рий, зэкъуэшхэу Хъан-Джэрийрэ Адыл-Джэрийрэ. Абыхэми я лъэпкъым къыхуэщхьэпэнкIэ хъуну Iуэху­гъуэхэр зэрагъэзахуэрт, я къалэмы­пэхэр ягъэжант. «Къулыкъу сщIэну Бытырбыху сыкъэкIуа нэужь, - итхыжащ Нэгумэ Шорэ, - адыгэ грамматикэ стхыну сщIа мурадыр нэхъри къыс­пкъ­рыхьати, къулыкъум сыкъыщы­дэхуэ сыхьэтхэр къэзгъэсэбэпурэ, щIэз­дзащ урысыбзэмрэ абы и грамматикэмрэ джын».
Нэхъ щIэхыу а Iуэхум иужь ихьэныр къызыхэкIа нэгъуэщI зы щхьэусыгъуи щыIэщ. Нэгумэмрэ Къаз-Джэрийрэ Бытырбыху къэкIуэным и пэ къихуэу ­эскадрон ныкъуэм хэт адыгэхэм уры­сыбзэмрэ адыгэбзэмрэ ирагъэджу щIадзат. Петин Сергей зэритхыжамкIэ, а Iуэхур мыпхуэдэу яублат:
«Языныкъуэ офицерхэмрэ Iэщэзехьэхэмрэ урысыбзэр яджыну зэры­хуейр щыжаIэм… занщIэу универси­тетым а Iуэхум хухихащ кандидат Грацилевский Иван. Ар къэжэрыбзэкIэ фIыуэ псэлъэфырт, хьэрыпыбзэр зэ­рызэхэлъми щыгъуазэт. А егъэджа­кIуэм урыс-адыгэ алыфбий зэхилъ­хьащ. ИужькIэ абыкIэ и гъэсэнхэр зэ­хуэтхэу щытащ. Еджэн щIадзащ 1829 гъэм фокIадэм и 1-м».
Грацилевскэм зэхилъхьа алыфбийм тету адыгэбзэр джын зэрыщIадзам мыхьэнэшхуэ иIэт. Шэч хэлъкъым абы алыфбейр щызэхилъхьэм адыгэ гуэр зэрыдэIэпыкъуам, ауэ дэIэпыкъуар хэтми тщIэркъым.
Урысейм и цIыху нэхъыфIхэм я гупсысэ щIэщыгъуэхэм щыгъуазэ зы­щыпщIыну Бытырбыху нэхъ щIыпIэфI а лъэхъэнэм щыIакъым. И лъэпкъэгъу адрей щIэныгъэлIхэми хуэдэу, Къаз-Джэрий нэхъыбэ къызэрищIэным ­хущIэкъурт, щIэныгъэ зэмылIэужьы­гъуэхэм щыгъуазэ зищIырт. Псом хуэ­мыдэжу ар егугъуащ Урысейм щекIуэкI гъащIэр, езыр щыпсэу лъэхъэнэм къыщыхъухэр куууэ зэригъэщIэным. Апхуэдэ дыдэу ар хущIэ­къурт къызыхэкIа и лъэпкъым и тхыдэр зэрызэригъэщIэным, Урыс-Кавказ зауэм къежьапIэ хуэхъуар къызэрихутэным.
1830 гъэм бгырыс шууейхэм я еджэныр зэпамыгъэууэ хъуакъым. ­Хъан-Джэрий я шу пашэу эскадрон ­ныкъуэр Польшэм ягъакIуэ, абы къыщаIэта зэщIэхъееныгъэр зэхэзыкъута дзэхэм яхэту. Зы мазэ нэхъ дэмыкIыу бгырыс шууейхэр Вильнэ дыхьащ. ­Остроленкэ, Верпен, Райгород, ап­хуэдэу Панар лъагапIэхэм щекIуэкIа зауэ гуащIэхэм Къаз-Джэрий лIы­хъужьыгъэ нэс къыщигъэлъэгъуащ. Абы сыт щыгъуи щIыгъуащ Iэщэзехьэ Нэгумэ Шорэ. Нэгумэм зэрихьа лIыгъэм папщIэ кърат орден. 1831 гъэм мэкъуауэгъуэ мазэм и 16-м Ковнэ ­пэгъунэгъуу зэхаубла зэхэуэшхуэм ­Къаз-Джэрий уIэгъэ щохъу, мышынэжу зэрызауэр къалъытэри, кърат «Зэ­рихьа лIыгъэм папщIэ» жиIэу зытетха дыщэ медалыр. Абы и ныбжьэгъуфI икIи и Iыхьлы Хъан-Джэрийри Iы­хьэншэ хъуакъым, Iэзэу унафэ зэри­щIамрэ езым лIыгъэ щапхъэ игъэлъагъуэу и шууейхэм япэ зэритамрэ ­къалъытэри, штаб-ротмистр ящI. Бгырыс шууейхэр Ригэ, Минск къалэхэр къызэпаупщIри, 1832 гъэм Бы­тырбыху къосыж.
1832 - 1835 гъэхэм ящыщ зым тохуэ Къаз-Джэрий тхакIуэ Муравьёв Андрей нэIуасэ щыхуэхъуар. А тхакIуэм и IэдакъэщIэкIхэм, гъуэгуанэ тхыгъэхэм куэд къыщыбгъуэтынущ Кавказымрэ КъуэкIыпIэ Гъунэгъумрэ я тхыдэр джыным теухуауэ. 30-нэ гъэхэм Муравьёв тхакIуэ Iэзэу и цIэр ­IуакIэт. Пушкини щытхъуауэ щытащ абы «1830 гъэм бегъымбар щIыналъэхэм къызэрыщыскIухьар» зыфIища и тхылъ томитI хъум. А тхылъыр абы лъэмыж хуэхъуащ Синодым и прокурор къулыкъур иубыдынымкIэ, иужькIэ ЩIэныгъэхэмкIэ Урысейм и Академием и лъэр нихьэсынымкIэ. 1836 гъэм зи ныбжьыр илъэс 30 ири­къуа Муравьёв камергер хъуакIэт. Пушкинрэ Муравьёврэ фIыуэ зэ­рыцIыхурт. «Арзрум къызэры­щыс­кIу­хьам» тхыгъэм Пушкиным абы и цIэ къыщреIуэ: «Тырку зауэм хэта уса­кIуэхэм ящыщу сэ сцIыхуу щытар А. С. Хомяковрэ (зи гугъу ищIыр япэу Урысейм университет къыщызыуха Къуэ­дзокъуэ Лэкъумэн илъэс куэдкIэ зи деж щыпсэуа икIи щеджа Хомяковырщ) А. Н. Муравьёврэщ. ТIури хэтащ граф Дибич и дзэм. А лъэхъэнэм зым итхащ псэм и щIасэ усэ зыбжанэ, адрейр елэжьырт   иджы апхуэдизу псоми ягу ирихь и тхыгъэм - бегъымбар щIыналъэм къызэрыщикIухьам теухуам».
Зы зэман Пушкинымрэ Муравьёвымрэ зэщIыгъуу еблагъэу щытащ гуащэ Волконскэ Зинаидэ и литературэ хьэ­щIэщым. Абы екIуалIэрт Мицкевич Iэдэми, нэгъуэщI тхакIуэ цIэрыIуэхэри.
Муравьёви усэкIэ тхэуэ къыщIидзат. Зэгуэрым Волконскэхэ ар къызыщеджауэ щыта и усыгъэм ауан дыджкIэ жэуап иритыжыгъащ Пушкиным.
Хэт ищIэн, абы дерс къыхихагъэнт Муравьёв, афIэкIа усэ итхыжакъым, ауэ пщIэ зыхуащI тхакIуэ хъуащ. Пушкиныр щIакIуэ кIапэм щаукIыху, абы и ныбжьэгъуфIу щытащ. ИкIи Мура­вьёву хуэбгъэфащэ хъунущ Къаз-Джэрий урыс усакIуэшхуэм къезыгъэцIыхуар. Пушкинми хуэфащэ гулъытэ хуищIащ бгырыс щIалэ гуры­хуэм. Арыншауи дауэ хъунт?! Езы уса­кIуэшхуэми Урысейр Кавказым пыщIа хъунымкIэ хэкIыпIэ нэхъыщхьэу къилъытэрт урыс щэнхабзэм бгы­рыс­хэр къешэлIэн зэрыхуейр. Ауэ Пушкиным къыгурыIуэрт а Iуэхур зэры­хэплъэгъуэр.
«Адыгэхэм дыкъалъагъу хъуркъым», - щетх абы «Арзрум къызэ­ры­щыс­кIу­хьам». Апхуэдэу щIыщытыр зыгъэзахуэ щхьэусыгъуэри асыхьэту къехь: «Дэ ахэр тетхуащ я хъупIэ хуитхэм; я къуажэхэр зэхэтфыщIащ, языныкъуэ лъэпкъхэр къанэ щымыIэу зэтедукIащ».
Мыбдежым тхыгъэм, ар хъыбар ­гукъеяуэншэм хуэдэу укъуэдиями, ­шэч хэмылъу, а лъэпкъхэр егъэкъуаншэ. Пушкиным къелъытэ бгырыс жыIэ-мыдаIуэхэм я «гужьгъэжьыр» гъэкIуэдауэ урыс лъэпкъышхуэм и жьауэм щIэгъэувэным, тырку сулътIаным ахэр къыбгъэдэшауэ, щIэныгъэм и гъуэгур яхузэIухыным Урысейм и къэрал щIыб IуэхумкIэ иIэ мыхьэнэшхуэм и мыза­къуэу, езы адыгэхэми абы я сэбэпышхуэ къыхэкIыну.
Зэрынэрылъагъущи, декабристхэми хуэдэу, Пушкинри «сэхъуахэр гъэIу­рыщIэным» и телъхьэщ. ДапхуэдизкIэ езыр пащтыхьым еныкъуэкъуу щы­мытами, адыгэхэм лей къазэрылъысыр гукъеяуэшхуэ щыхъуу щытакъым Пушкиным. Дауи, абыи игъэгъуащэртэкъым тепщэгъуэ лъэщ зиIэ унагъуэм къызэрыхэкIар. Сыт щхьэкIи абы игу щIэузынт и лъэпкъэгъухэр джатэ къихакIэ зэзауэ адыгэ ябгэхэм? Апхуэдэу щымытамэ, «ябгэ», «сэхъуа», «хьэл мыхъумыщIэхэр зыхэлъ» псалъэ жа­гъуэхэмкIэ ещынтэкъым нэгъуэщI лъэп­къым, ар зэрымащIэм нэхъ къуан­шагъэ зыбгъэдэмылъ лъэпкъым. АтIэ и гъуэгуанэ тхыгъэхэми ар фирхьэу­ным хуэдэущ, нэ гущIэгъуншэкIэщ абыхэм зэреплъыр. Мыпхуэдэуи итхащ абы: «Ахэр ягъэсабырыну сыт ящIами псыхэкIуадэ хъурт. Ауэ лей ирахыу щыщIадзам, ар нэхъ яхэзэ­гъащ». Пэжщ, а псалъэ гущIэгъун­шэхэр иужькIэ щIетхъэж, къыгурыIуэжагъэнт гущIэгъуншагъэм бгырысхэми ардыдэр къызэрыпагъэкIуэжыр. УсакIуэшхуэр абдежым и бзэгум едзэкъэжын хуеят, сыту жыпIэмэ чристэн диным кърагъэхьэну хэт лъэпкъхэр къэкIуауэ Урысейм езауэртэкъым, Урысейрат кIуауэ ахэр лъэгущIэтын зыщIыр.
Пушкиным апхуэдэу фIэкъабылт бгырысхэм Евангелиер егъэджыныр, зы зэман ахэр зэрыта чристэн диныр къегъэщтэжыныр. Ныкъуэтхыу къэна «Тазит» поэмэри зытегъэпсыхьар а гупсысэрат.
«Арзрум къызэрыщыскIухьам» адыгэ хабзэхэм, адыгэхэр зыхуитхэмрэ зыхуимытхэмрэ щытепсэлъыхьурэ, абы мыпхуэдэу щетх: «Адыгэхэм муслъымэн диныр къызэращтэрэ куэдыщэ щIакъым. Ахэр итхьэкъуат КъурIэным и бегъымбархэм яхэлъа лъагъумыхъуныгъэ лъэщым… Кавказыр поплъэ чристэн миссионерхэм».
Ауэ а зи гугъу ищIыр а лъэхъэнэм пхуэмыгъэзэщIэн Iуэху нэпцIт. Езы Пушкини игъуэтакъым чристэн диныр лъэпкъхэм яхипщэу къэзыкIухьын, апхуэдэу къыщакIухьу щыта зэманыр щыIэжтэкъым. Аращ и «Тазит» поэмэм хэт «миссионерыр» зыкъомкIэ IэрыщI-IурыщIу щIыщытыр. «Езы Тазит миссионер щIыжамэ дауэ хъунут?» - жиIэу Пушкиным гукъэкI ищIамэ-щэ? ИтIанэ абы, шэч хэмылъу, игу къэкIыжынт ­Нэгумэ Шори Къаз-Джэрии, урысы­дзэм къулыкъу щызыщIэ, щIэныгъэ зиIэ а адыгэхэр, езыхэм ящIыгъуу зи лъэпкъэгъухэм ятеуэу щытахэр…
1832 гъэм Кавказ-бгырыс эскадрон ныкъуэр щIагъэтIысхьат статскэ чэнджэщэгъу Львов и унэм. Бгырысхэр абы щебгъэджэну ар куэдкIэ нэхъ зэIузэпэщт, Семёновскэ полкым и казармэхэм нэхърэ. Iэщэзехьэхэмрэ ­юнкерхэмрэ цIыху тIурытI-щырыщурэ щIэгуэшат пэшхэм. Дэтхэнэми иIэжт и гъуэлъыпIэ, пхъэхуейм екIурэ ещхьу къыхащIыкIауэ шэнтитI, жэщ-махуэм хуэзэу зы кIэртIоф уэздыгъи иратырт. Жандармхэм я Iэтащхьэ Бенкендорф къилъытэрт: «Быдэу зэракIэлъыплъам икIи зэракIэлъыплъым къызэригъэ­лъэгъуамкIэ, бгырыс щIэныгъэншэ къэгубжьыгъуафIэхэм нэхъ яхэзэгъэнут я псэупIэр (эскадрон ныкъуэр зы­щIэс унэр) мин зыбжанэ тегъэкIуэдауэ зэгъэпэщыныр, езыхэм я хабзэмрэ нэхъ къызэращтэмрэ елъытауэ абы щыпсэун папщIэ».
Къаз-Джэрий нэхъ и фIэщу тхэуэ щIидзащ корнет (офицер цIэр фIэщын къызэрыщIадзар абыкIэт) ящIа нэужь. Офицерыр хуит ящIырт фэтэр къищтэну. Къаз-Джэрий Бытырбыху и щIы­пIэ нэхъ щэхухэм ящыщ Ротэ хьэблэр хэщIапIэ ещI. Лэжьэну закъуэмэ, зыри зэран къыщыхуэхъунутэкъым. АтIэ езыми гукъыдэжышхуэ иIэт тхэну, и къарур игъэунэхужыну. Абы щыгъуэщ офицер щIалэм къалэмыр къызэ­ры­хуэжыIэщIэр къыщипщытар, тхэфын­рэ мытхэфынрэ щызэхигъэкIар. Тхэф хуэдэт…
1834 гъэм и гъэмахуэу Къаз-Джэрий Кавказым кIуэжащ. Сыт хуэдэ Iуэхут абы иIэр? Бгырыс яхуэмысабырхэр ­къигъэдэIуэн мурадкIэ ежьат хьэмэрэ и лъэпкъэгъухэм ятеуэну дзэм яхэту зыщалъхуа лъахэм къыщыхутэжат? И зыгъэпсэхугъуэр я деж щигъэкIуэну кIуэжами хэт ищIэн? Дэ абы дыщы­гъуазэкъым. Апхуэдэу дэ дыщыгъуазэкъым адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэ­сыжынымкIэ Къаз-Джэрий сыт хуэдэ лэжьыгъэ иригъэкIуэкIами. Ауэ дэ шэч къытетхьэркъым абыкIэ щIыхуэ къызэрытемынам. Кавказым ар къикIыжат и псэкIэ нэхъ жумарт, игукIэ нэхъ къулей хъуауэ, гухэхъуэ ин игъуэ­тарэ тхэным хуэпабгъэу. ИкIи и гуры­фIыгъуэхэр имыухыж щIыкIэ елэжьын щIедзэ и гъуэгуанэ тхыгъэм - «ХьэжытIэгъуей аузым». Абы зде­лэ­жьым ар щIэх-щIэхыурэ хуэзэрт Му­равьёв Андрей, икIи ар щIигъэдэIурт и нэгу щIэкIахэм, и лъэпкъэгъухэм я Iуэху зыIутым, Урысеймрэ адыгэхэмрэ фIыкIэ зэдэгъэлэжьэным зэрегупсысым. Муравьёв лIы Iущым къыгурыIуэрт Къаз-Джэрий зыхущIэкъур, къыгурыIуэрт щIэныгъэ IуэхукIэ урыс пащтыхьыр щIэгъэкъуэн зэрымыхъунур. Абы Iэхъулъэхъут Кавказым хуихьыр. А псори, и щхьэр течауэ, и ныбжьэгъу бгырысым хужемыIэми, и жагъуэ зэримыщIыным елIалIэу, щабэу ириIуэтылIэрт Къаз-Джэрий зи ужь ит Iуэхур занщIэу зэрызэфIэмыкIынур. Ауэ а адыгэм итхам щеджам, Муравьёв ибзыщIакъым «ХьэжытIэгъуей аузыр» игу зэрырихьар. Шэч хэмылъуи арат Къаз-Джэрий и тхыгъэр Пушкиным и «Современник»-м езыгъэ­хьар. Пушкинри гуапэу къыIущIащ и цIыхугъэ адыгэм, тхыгъэр Iихри къигъэгугъащ хущIыхьэгъуэ зэрихуэу еджэну, еджэрэ игу ирихьмэ, гъуэгуа­нэ тхыгъэм (повестым) щыщ зы пычыгъуи хутридзэну.
Урыс тхакIуэшхуэм игъэпэжащ и ­псалъэр: тхыгъэр, зыри зэримыхъуэ­кIыу, тридзащ и журналым.
Кавказыр фIыуэ зылъагъу урысхэр гуапэу IущIащ журналым адыгэ тхакIуэм и тхыгъэ зэрытрадзам, ауэ ар шэуэ къызытехуахэри щыIэт. Жан­дармхэм я Iэтащхьэ граф Бенкен-дорф къигъэIэлат «ХьэжытIэгъуей аузыр» езыр къемыджауэ дунейм ­къы­зэрытехьам. Кавказыр пщы­лIы­пIэм игъэувэным, щыпсэухэр урыс щIыным нэхъуеиншэу щIэбэн а лIы бзаджэм занщIэу и нэм бжэгъуу къыщIэуащ хуитыныгъэ Iуэхур къы­зыхэщ гъуэгуанэ тхыгъэр, ари зытхар адыгэу. Журналыр къыдэкIри, ма­хуиплI дэкIауэ, 1836 гъэм мэлыжьыхьым и 15-м, абы кIэзонэ письмо хуетх «Современник»-р къыдэзыгъэкIым икIи абы и редакторым:
«Зи пщIэр лъагэ Александр Сергеевич! Уэ къыдэбгъэкI «Современник» журналым и япэ томым итщ лейб-­гвардие Кавказ-бгырыс эскадрон ныкъуэм и корнет Къаз-Джэрий Сулъ­тIан зэхилъхьа «ХьэжытIэгъуей ауз» тхыгъэр. Зи щIыхьыр ин пащтыхьым мыхьэнэшхуэ зиIэ и унафэм, 1834 гъэм къищтам, къегъэув Департаментхэм я Директорхэм, Штаб УнафэщIхэм, ­Интендант-генералхэм япэщIыкIэ хуит зыкърамыгъэщIауэ къулыкъущIэ дзэзешэхэми, къэралым хуэлажьэ­хэми литературэ тхыгъэхэр - езыхэм ятхами зэрадзэкIами, ахэр сыт хуэдэ лIэужьыгъуэуи щрет - печатым ират мыхъуну.
Корнет Къаз-Джэрий СулътIаным и тхыгъэ зи гугъу тщIыр нэхъ пасэу къызахьэлIакъым срагъэплъыну, ар си штаб унафэщIми ирагъэлъэгъуа­къым»…
Абы къыхэкIыу Пушкиным хуагъэувырт дяпэкIэ апхуэдэ тхыгъэхэр три­дзэн и пэ къихуэу Бенкендорф е абы и штаб унафэщIым иригъэлъагъуу ­хуит зыкъригъэщIын хуейуэ. Шэч лъэпкъ хэмылъу, а унафэр Къаз-Джэ­рий СулътIани къыIэрыхьат эскадрон ныкъуэм и дзэпщым е езы Пушкин дыдэм къыбгъэдэкIыу. Пушкини Къаз-Джэрий СулътIани зэуэ апхуэдэ письмо къаIэрыхьагъэнкIи мэхъу. А псори зэпыдолъытри, Къаз-Джэрий Муравьёв хуигъэхьа письмор щитхар 1836 гъэм мэлыжьыхь мазэм и кIэхэ­рауэ тыдогъахуэ. Мыращ письмом итар:
«ПщIэшхуэ зыхуэсщI Андрей Николаевич! Сэ си гугъащ нобэ уи деж сынэкIуэну, ауэ си узыншагъэм и зэ­ранкIэ а гурыфIыгъуэм сыхон.
Дыгъуасэ, фи деж сыкъикIыжа нэужь, сэ щыгъуазэ сыхъуащ пщым (зи гугъу ищIыр Бенкендорфщ - Хь. М.) хуит имыщIауэ офицерхэм я тхыгъэхэр трырагъэдзэну зэрыхуимытыр, апхуэдэу щыщыткIэ, ди эскадрон шу пашэр сэ абыкIэ Бенкендорф езгъэлъэIун хуейщ. Абы къыхэкIыу, уэ аргуэру лъэIукIэ зыпхузогъазэ: си ныбжьэгъум и жэрдэмкIэ стхыуэ къа­зэ­рыщыхъур къищIэну, абы литераторхэм ярита си дэфтэр цIыкIур къыс-хуэбгъуэтыжыфмэ уеплъыну. Бенкендорф ар щабзыщIынщ, ауэ жраIэнущ иджы зыгуэр стхымэ трезгъэдзэну ­хуит сищIыну; ар и щхьэусыгъуэу стха гуэр еджэн мурад ищIмэ, уэри уощIэ, абы фIэкIа сэ нэгъуэщI зэрызимыIэр.
Уэ сыкъызэрыплъытэмкIэ, уи ныбжьэгъуфI, литературэмкIэ къуэш пхуэхъуа Къаз-Джэрийщ пщIэшхуэ пхуи­щIу нэзытхыр».

КъыкIэлъыкIуэнущ.

Гвардием хэтхэм Царское Село зыщагъасэ.
ПщIэгъуалэм тесыр Къаз-Джэрийщ.

Сурэтыр  Крюгер  Франц  ищIащ.  1832  гъэ

Эскадрон ныкъуэм и обер-офицер.
Сурэтыр  Белоусов  Леонид  ищIащ.  1833  гъэ

Тэтэрхэмрэ адыгэхэмрэ я зауэ.
Сурэтыр  ПэтIуащIэ  Феликс  ищIащ.

Къэбэрдейм щыщ зауэлI. 1844 гъэ

ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд
Поделиться:

Читать также: