Япэ адыгэ тхакIУЭ Къаз-Джэрий СулътIан

КIэлъыкIуэр.
ПэщIэдзэр гъатхэпэм и 12-м итщ.).

Къаз-Джэрий бзэ зыбжанэ ищIэрт. Абы иджащ дунейпсо литературэр. Адыгэ тхакIуэм, псом хуэмыдэжу, фIыуэ илъагъурт Байрон и тхыгъэхэр. Хуитыныгъэм и бэнакIуэ лъэщыр, Белинскэм «етIощIанэ лIэщIыгъуэм и Прометей» зыфIища а усакIуэшхуэр, абы и гум къишхыдыкI хуэдэт мы усэ сатырхэр щитхым:

И хуитыныгъэр щихъумэжым деж фIэкIа
ЩымыIэ лъэпкъ лъэщым хуэфэщэну зауэ.
Адрей псори - цIыху щаукIщ…

Байрон и «Стансхэм» щыщ зы сатыр, «Мэз бгынэжахэм къуатыр гурыфIы­гъуэ» жыхуиIэр, хигъэхьащ Къаз-Джэрий и «ХьэжытIэгъуей аузым».
И лъэпкъым и къэкIуэнур зэрыхъунум дапхуэдизкIэ иримыгузавэми, тхакIуэм и фIэщ мэхъу ар насыпыфIэ зэрыхъужынур, мыпхуэдэуи етх:
«Уэ уи пщыхьэщхьэ уэмхэм, уи шэджагъуэ жьауэм, уэ уи борэнхэм, уи губгъуэ щхъуантIэхэм, пшэм къып­хыплъ уэсыл къырхэм сытыр пэхъун, Кавказ! Уи нэм илъагъум уетхьэкъу. Жыжьэ ущIэкIуэн щыIэкъым - мес зи пащхьэ сит мывэ сыныжьыр         къащтэ. Гува-щIэхами, бгырысхэм къахэкIынщ абы и гукъеуэр пшыналъэ къабзэкIэ зыIуэтэфын усакIуэ. Шэч къыщIытеп­хьэн щыIэкъым: Кавказым и ду­рэшхэм дэс лъэпкъхэр усэбзэ гуакIуэм и джэ макъым къыдэушынщ: мы лъахэм и уэрэдыжьхэр, ахэр зи гущIэм къиIукI джэгуакIуэ екIуэлIапIэншэхэр лъэу­жьын­шэу кIуэдыжыныр фIэщ хъу­гъуейщ - гупсысэрэ къарурэ я бэщ абыхэм».
ИпэжыпIэкIи а IуэрыIуатэм уригуш­хуэ хъунут: хуитыныгъэр фIыуэ зы­лъагъу адыгэхэм дуней псом яфIэтелъыджэу яхэлъа лIыгъэм хуэфащэт уэрэдыжь дахэхэр.
Максимов А. Н. и «Энциклопедие псалъалъэм», 1917 гъэм и пэкIэ дунейм къытехьам, къэбэрдейхэм ятеу­хуауэ мыр къыщыдогъуэт: «Абыхэм езыхэм я тхыбзэ яIэжкъым, ауэ я усыгъэхэр зыми емыщхьу купщIафIэщ».
Адыгэ лъэпкъым IуэрыIуатэм къыщигъэлъагъуэрт нэхъ мыхьэнэ иIэу и гъащIэм къыщыхъу Iуэхугъуэхэр, ар абы и тхыдэт икIи и тхыбзэт.
Ижь-ижьыж лъандэрэ хамэ къэрал къикIхэу Кавказым плъакIуэ куэд къыхуэкIуэрт щIэныгъэлIхэу, зекIуэлI­хэу, тхакIуэ-усакIуэхэу. Ахэр дихьэхырт щIыпIэр зэрыдахэм, лъэпкъ куэди зэрыщыпсэум. Абыхэм дунейм къы­трагъэхьащ бгырысхэм ятеухуа тхы­лъи­щэхэр. Пасэрей Алыджым и тхы­дэтх Плиний къызэриIуэтэжамкIэ, Кавка­зым щыпсэухэм ирепсэлъэн папщIэ Урымым и лIыкIуэхэм къызд­рашэкIырт бзэ зэмылIэужьыгъуэхэр зыщIэ тэрмэшхэу 132-рэ. Хьэрып тхы­дэтх ибн-Хьэукъал Кавказым къыщибжат бзэ 360-рэ.
Зи гугъу тщIыхэм я Iуэху еплъыкIэхэр щыуагъэншэкъым, пцIыи яIэщIэ­кIагъэнкIи мэхъу. Ауэ Кавказ лъэпкъхэм яIа псэукIэр, зэхэтыкIэр, я щэнхабзэр зыхуэдэу щытар тхыдэм щызэфIэувэжынымкIэ абыхэм ятхахэм ди дежкIэ мыхьэнэшхуэ яIэщ. Псалъэм папщIэ, нэмыцэ еджагъэшхуэ Боденштедт Фридрих адыгэхэм ятеу­хуауэ мыпхуэдэу жиIащ: «НэгъуэщI ­гъуазджэ лIэужьыгъуэхэр Iуигъэщтами, дунейпсо цIыхубэм и зэштегъэу тхьэIухудитIыр - поэзиемрэ музыкэмрэ - хуеудыхакъым зауэм и Iэуэлъауэ шынагъуэм. Апхуэдабзэу ар пэлъэщакъым а щIыпIэ дыджым щыплъагъу дуней дахащэм. ЩIым пэгъунэгъу дэтхэнэ лъэпкъми хуэдэу, адыгэхэми ­поэзиер яIэщ лъэпкъым и Iущыгъэхэр щызэхуэхьэса пхъуантэ гъэтIылъыпIэу, батэр езыгъэгъэш къарум и къе­жьапIэу, хеймрэ мысэмрэ зэхигъэкIыу щIыгум итым я нэхъ лъэщ дыдэ хея­щIэу».
Адыгэ IуэрыIуатэр зэрыкъулейм, ар зэмылIэужьыгъуэ усыгъэхэу, хъыбархэу зэрызэхэлъым теухуауэ куэд ятхащ зи гугъу тщIы еджагъэшхуэм и лъэп­къэгъухэу Юлиус фон Клапрот, Карл Фридрих Нойманн, Карл Кох сымэ, ­нэгъуэщIхэми. А псом я гугъу щIэт­щIыжыр япэ адыгэ тхакIуэхэми ди IуэрыIуатэр «анэ быдзышэ» зэрахуэ­хъуар къэдгъэлъэгъуэн мурадкIэщ.
Къаз-Джэрий и гугъу пщIымэ, ари, сабийуэ къыщIидзэри, къызыхэкIа лъэпкъым и гурыгъу-гурыщIэхэм, ар зыхуэхъуапсэмрэ зыщIэбэнымрэ, абы и тхыдэмрэ и хъыбарыжьхэмрэ щы­гъуазэу къэхъуащ. IуэрыIуатэм абы къыщигъуэтырт и лъахэм, дыгъэм, псэущхьэхэм, дунейм и къэхъукъащIэ куэдым зэрахущытынум и щапхъэхэр, и лъэпкъым цIыху зэрыхуэхъунум и дерсхэр. А псори Къаз-Джэрий къыщ­хьэпэжащ лIыпIэ иувэу тхэн щIидза нэужь. Урысыбзэри иджащ егугъуу. Бытырбыху еджакIуэ кIуа нэужьи зыщIидза Iуэхур Iэпэдэгъэлэл ищIакъым. Уегупсыс хъунущ а лъэхъэнэ­рауэ тхэн щыщIидзар. Ди деж къэмыса романтикэ тхыгъэ гуэрхэри и къалэмым къыщIэкIагъэнущ. Ауэ, Пушкинми хуэдэу, япэ адыгэ тхакIуэм куэд-мащIэ итхами - пэжыр и гъуазэт, гъащIэр мыгъэщIэрэщIауэ къэгъэлъэгъуэныр и нэрыгът. Апхуэдэу щыт ­пэтми, псалъэ гъэщIэрэщIар и жа­гъуэтэкъым - гупсысэ щIэгъэщхъуар къриIуэтэну нэхъ имыIэр куэдрэ къигъэсэбэпырт, зэгъэпщэныгъэхэр, зым нэхърэ адрейр нэхъ екIуу, къихьырейт. Абы и щапхъэщ мы пычыгъуэр:
«Псы Iуфэм деж пшахъуавэ мащIэ иIэщ, мывэкIэщхъ цIыкIухэр нэм къищтэ къудейуэ къыхэцIуукIыу. Толъкъун лъагэхэмкIэ Iуфэм къыIурыуэу екIуэ­сэх псы уэрыр мэз кIыфIым къы­щIожри, зиIуантIэ-зишантIэу къуэ кIуэ­цIым зыкъомрэ щыдыма нэужь, аргуэрыжьу мэз кIыфIым хокIуэдэж, ­благъуэ фIыцIэжь гуэрым зыIуригъэлъэда фIэкIа умыщIэну.
АдрыщIкIэ нэпкъым къыщхьэщыува жыгхэм я жьауэр псы щхьэфэ лантIэм къытредзэ икIи, псэ япыт нэхъей, толъкъунхэм дещIэу псы гущIыIум ­телъщ. Мазэр лъапэпцIийуэ, зиуды­гъуауэ щIасэм деж кIуасэ тхьэIухуду, пшэ чэсей пIащIэм пхосыкI, къы­щы­щIэщыжкIэ, и нурыр зэуэ къеблыжу».
Языныкъуэ щIыпIэхэм деж Къаз-Джэрий зы зэгъэпщэныгъэр адрейм къыкIэлъихьыжурэ тхыгъэр хедыкI, тхыпхъэщIыпхъэу зэIуещэ. Абы и псалъэр дыгъэлщ, гурыхьщ, нэIурытщ. «ХьэжытIэгъуей аузымрэ» «Къэжэр  гушыIэмрэ» зи Iэдакъэ къыщIэкIар сурэтыщI Iэзэм хуэдэт. Белинскэр Го­голь и повесть гуэрхэм еджэри, мып­хуэдэу итхыгъащ: «Ар тхэуэ пщIэркъым, сурэт ищIу фIэкIа, абы и псалъэр сурэт псэ зыпытым хуэдэщ, тхылъеджэм и нэм щIолыдэ, дунейм и теплъэмрэ гъащIэм и пэжымрэ нахуэу къызэригъэлъэгъуамкIэ къигъэуIэбжьу».
Къаз-Джэрий и сурэт щIыкIэм деплъыни:
«Сэ зыстIэщIри псым сыхыхьащ; сыхьэзырт мыбы сыкъэзыхьыжа тхьэ лъапIэм си псэр къурмэн хуэсщIыну. Мазэр уафэми псыми щесырт, ауэ сэ уафэм щес мазэр къэзгъанэри, псым зыщIэзыгъэмбырыуа мазэм сыкIэлъыIэбащ. Сэ нэхъ насыпыфIэ хэт щыIэнт иджыпсту! Сабиигъуэ IэфIыр сигу ­къихьэжауэ сэ псым сыщыджэгурт; зыри, зыри сщIэжыртэкъым сэ иджыпсту - гъуэгу сызытетари, Iуэху къы­зэ­рыспэщылъри, уеблэмэ дуней псом сэ зым фIэкIа темытыжу къысщыхъурт. Щреджэгу хэт хуейми тенджызыжь-хэм я толъкъун абрагъуэхэм, хуитщ хэт хуейми и нэр гъунэншэм теплъызэну. Сэ сызэдэIуэнур зи быдзышэ сIулъ ­къуршыпс Iэлым и шхыдэ макъырщ: мыращ, мы псы уэрырщ и къуэ за­къуэм и фэеплъу си анэжьым къыхуэнар. Фызабэм и гугъапIэу сыкъыщыхъуащ сэ мы Iуфэм, мыбдежыращ сабии­гъуэм сыщыпыкIари. Сэ си Iыхь­лыщ мы псы Iэлыр; мо губгъуэ нэщIым зэшу ит Iуащхьэ папцIэхэри сэращ ­зы­пэплъэр: къыспоплъэ, къы­зэ­дэх­а­щIэу; къыспоплъэ, я гукъеуэ къыс­хуаIуэтэну».
ЖыIэгъуэ шэрыуэкъэ-тIэ ахэр?! ТхакIуэм сытым и гугъу имыщIми, а зытетхыхьыр къыщIегъэувэ нэгум - и  инагъкIи, и плъыфэкIи, и щIыкIэкIи - зэрыщытыбзэм хуэдэу. Къаз-Джэрий екIуу къегъэсэбэп сурэт щIыным и ­хабзэхэр. ХэтIэхэсэм щезэша иныжь­хэм жыгхэм я ныбжьхэр щригъэщхькIи, лъагъуныгъэм игъэпIейтеяуэ зыкъэзыIэт бгъэхэм Инжыдж псым и ­толъкъунхэр щыхуигъадэкIи Къаз-Джэрий и бзэр тIэкIу гъэщIэрэщIэIуауэ къыпщохъу, ауэ и тхыгъэр зэрыщыту къапщтэмэ, псалъэм и зэкIэ­лъы­хьыкIэр, и къэгъэсэбэпыкIэр Пушки­ным и прозэбзэ емыгъэлеям, зэгъэзэхуам нэхъ хуокIуэ. МыркъудеймкIи ар уолъагъу:
«Куэд щIауэ сымылъэгъуа щIыналъэм и дахагъым ситхьэкъупауэ зысплъыхьу уанэгум зыбжанэрэ сисащ: Кавказым сыкъихьэжауэ сэ армы­гъуейуэт си фIэщ зэрыхъур; сэ къыс­фIэщIырт Бытырбыху театрым сыщIэсу оперэ телъыджэм седаIуэ, ауэ зэ нэхъ мыхъуми мы аузыр зылъэ-          гъуар игъащIэкIэ къыпхуэгъэпцIэнкъым гъуазджэ IэрыщIым и теплъэ фа­гъуэмкIэ».
Къызыщыхута щIыпIэр езым къы­зэрыщыхъур къызэриIуэтэнщ мыбдежым тхакIуэр зыхущIэкъуар, а зы­хуе­яри зригъэхъулIащ. Езым жиIэм тхылъеджэр арэзы темыхъуэми едэ абы. Ауэ шэчи къытрихьэркъым куэ­дым я гум зэрылъэIэсынум.
Дэтхэнэ тхакIуэ Iэзэми хуэдэу, Къаз-Джэрий и псалъэри нуру и гум къы­щылыдырт. И гумрэ и псэмрэ щыщIэр е гумрэ псэмрэ зыхуэхъуапсэхэр къахэнэIукIыу и тхыгъэм теплъэгъуэхэр щеузэщI:
«Псым сыкъыхэкIыжри щIакIуэр зэсшэкIащ; хьэуа къабзэм тутынымэ гуащIэр хэсшэу сыздэщысым, аргуэру Iэджэ си нэгу къыщIыхьэжащ. ЦIыхум апхуэдэ дакъикъэ къыщы­хуепсых ­къэхъуркъэ - уи псэм фIэфIри ар зыщIэкъури умыщIэжу? Тхьэм ищIэнщ а дакъикъэм си щхьэм къыдэуея псор… ЗыкъэсIэтын си ­жагъуэу, сешауэ, псы Iуфэм сыIуст сэ, сигурэ си щхьэрэ зэрызэбгъэжам гу лъита хуэдэ, псыри нэхъ щым хъуауэ къыс­фIэщIащ. Зигу зэпауда сабий нэхъей, сэ си нэпсым къызэпижыхьащ».
ЯпэкIэ къэтхьа щапхъэхэм ящхькъым мы иужьрейр. Мыбдежым Къаз-Джэрий псалъэр нэхъ щызэрегъэзахуэ. Езым къызэрыщыхъухэмрэ къызэ­рыфIэщIхэмрэ IэщIыб ещI, зытеп­сэ­лъыхьыр зэрыщытым хуэдабзэу, егъэ­­лея хэмылъу, еузэщI.
Зэрыщыту къапщтэмэ, Къаз-Джэрий и тхыгъэм удихьэхыу укъоджэ, сыту жыпIэмэ ар егъэлея хэмылъу, гурыIуэгъуафIэу тхащ - зи гугъу ищI щIыналъэри, тлъагъу хуэдэу, ди нэгу къыщIегъэхьэф. ЖыIэгъуэ зытIущкIэ IупщIу нэгум къыщIегъэувэ ХьэжытIэгъуей аузым и Iэгъуэблагъэхэр, абы къыщ­хьэщыт бгыжьхэр. ЕтIуанэу дунейр къызэIуехыж жыпIэнщ, ар зыуэ Iэзэу тотхыхь зыщалъхуа щIыналъэми, ар зыуэ гуапэу ятопсэлъыхь а щIыналъэм щыпсэу и лъэпкъэгъухэми. Езым ущIы­гъум хуэдэу а псори уегъэлъагъу икIи зыхыуегъащIэ:
«Гупсысэ куум сыхэтурэ зэманыфI дэкIагъэнщ; IэмалыншагъэкIэ зэгуэр пэIэщIэ сызыхуэхъуауэ щыта щIыналъэр, къызэрызгъэзэжам щыгуфIы­кIыу къысщыхъури  абы и теплъэм итхьэкъуа си нэм ткIуэпс къыщIэлъэдащ.

Зи быдзышэ сIулъ хэкужьым и куэщI сыкъихутэжащ сэ; мес, ди жьэгужь сэхыжам щиху закъуэр къепэзэзэхыу щхьэщытщ; къуейщIеиным си пкъыр щигъэундэрабжьэкIэ IэфIу сыIурихыу, жейр стеумэ, аргуэру гухэхъуэ дахэм сыкIэлъыIэбэу, сыкIэлъыIэбэ щхьэкIэ сылъэмыIэсу махуэ дапщэ щызгъэкIуа сэ мыбдеж…
ХьэжытIэгъуей аузыр Iэщ гуартэхэм яуфэбгъуу щIадзащ; гъуэгурыкIуэ жьырытэджхэр зэхэзекIуэу уолъагъу; ауэрэ щIалэгъуалэр, хэт шууэ, хэти лъэсу, псыхъуэм дэз мэхъу; сабийхэр, зыр зым кIэлъыпхъуэу, шыкIэ къызэдожэ. ДэнэкIэ сымыплъэми, гуфIэгъуэ макъыр зэхызох, нэхъапэми хуэдэу, псыхъуэр гугъэ дахэм къыщIотаджэ; сэ зырщ абы дэзашэр: блэкIащ сэ мыбы сыщыщытеууэ щыта махуэхэр, блэкIащ, игъащIэкIэ къамыгъэзэжыну».
А сатырхэм къаIуатэ Къаз-Джарий и адэжь хэкум хуиIэ фIылъагъуныгъэр, а лъагъуныгъэр и гумрэ и псэмрэ ­къазэрыбгъэдэкIыр. Абы къыдэкIуэу, мыбдежым нэрылъагъу къыщохъу адыгэхэмрэ урысхэмрэ яку къыдэ­хъукIа а лIыр игукIэ зэрызэныкъуэ­къужыр, жиIэмрэ ищIэмрэ зэры­зэ­те­мыхуэм и гупсысэри щиукъуэнш къы­зэрыхъур. Пащтыхьым илэжь Iуэху мыщхьэпэхэм ар гуитIщхьитIу зэрахущытри нэрылъагъущ. Езым къыхихынур, езыр здэувыну лъэныкъуэр хуэ­мыубзыху хуэдэщ. АтIэ ар къыхуащIыр зи унафэ урыс офицерщ, лъэпкъкIэ адыгэми. И тхыгъэри еух абы къыщиIэта гупсысэр и кIэм нимыгъэсауэ, и гъащIэм зэрыхущытри нэ­рылъагъу имыщIыпауэ. Ауэ шэч зы­хэмылъыжыр зыщ: урыс пащтыхьми адыгэ лъэпкъми зэхуэдэу фIыуэ ­къахущIэкIыфынукъым - и напэм ­къригъэзэгъыр хъунущ и псэукIэ.

«Къэжэр  таурыхъ»

АДЭКIЭ дыкъытеувыIэнщ Къаз-Джэрий и етIуанэ тхыгъэм - «Къэжэр таурыхъым». Ари, зи гугъу тщIа тхыгъэм кIэлъыкIуэу, Пушкиным и «Современник»-м и етIуанэ къы­дэкIыгъуэм тридзащ, Кольцов Алек­сей, Языков Николай, шууей пщащэ Дуровэ Наталье сымэ я тхыгъэхэм щIыгъуу.
Хъыбарыр зытеухуар кIэщIу къэт­Iуэтэжынщ: къэжэр шахым, зыщIэн зымыщIэжу щыкIам, и ажэгъафэ ­Дэлхъин унафэ хуещI пщэдджы­жьышхэм ирихьэлIэу пщIантIэдэт къо­мым я унэцIэхэм щIэнэкIалъэ зы­рыз пытхауэ къыхуихьыну.
«Ауэ къызжиIакъым жумыIэж! -         къегъэшынэ ар шахым, - сигу иримыхьын емыкIу гуэр а уи ауанхэм къахэкIмэ, щысхь пхузиIэнукъым».
Дэлхъин тхьэмыщкIэр къэнэщхъеяуэ мэкIуэж унэм. ИгукIэ ар йобг пащ­тыхьми абы и блыгущIэт ныкъуэделэ къомми. Жэщ псом Дэлхъин жеякъым, щIэнэкIалъэ усэхэр зэхилъхьэу щысащ. «ИкIэм-икIэжым, зы гупсысэ бэлыхь абы и щхьэм къихьащ езы шах дыдэм делэкIэ еджэну», - етх Къаз-Джэрий.
Шахыр ину къэдыхьэшхащ и ажэ­гъафэм къигупсыса щIэнэкIалъэр игу ирихьауэ, абы саугъэт иратынуи унафэ ищIащ. ПщIантIэдэт къомри, я зиусхьэным дэплъеяуэ, унащхьэр трач жыпIэну, зэщIэдыхьэшхэрт.
МылъкукIэ зэхуэмыдэ жылагъуэр къызэрыхъу лъандэрэ бэнэныгъэм и Iэщэ лIэу­жьыгъуэу къагъэсэбэп ауа­ныщIхэр. Дэкъуза цIыхухэм, Дэлхъин хуэдэхэри яхэту, тепщэгъуэр зыIыгъ­хэм къарукIэ япэщIэувэфыртэкъыми, зэрымыарэзыр къагъэлъагъуэрт зи хьэмтетыгъуэхэм щыдыхьэшхыурэ. Ды­хьэшхэну яусхэм езыхэм я щхьэр лъагэу яригъэлъа­гъужырт, дэтхэнэ залымым нэхъри зэрымынэхъыкIэр я фIэщ ищIыжырт.
«Дыхьэшхым ещIэ а зыщы­ды­хьэш­хым нэхърэ езыр зэрынэхъыфIыр, - жиIэрт Луначарский Анатолий, - ар ­хущIокъу и ныкъуэкъуэгъум и щы­щIэныгъэхэр къыщIигъэщыну, атIэ ахэр сэтей къэщIыным мыхьэнэшхуэ иIэщ дунейр лъэныкъуитI зэрыгъэ­хъуауэ щызэхущIэуэм деж зытепIуэнтIэнум хуэIэзэ ухъунымкIэ».
АуаныщI тхыгъэхэм - шыпсэхэм, гушыIэхэм, щIэнэкIалъэхэм - дыхьэ­ш­хэнхэу къыщыгъэлъэгъуащ гъэпщы­лIакIуэхэр, абыхэм яхуэIуэхутхьэбзащIэ хеящIэхэр, уэчыл тхьэгъэпцIхэр, «щIэныгъэлI» пцIыIуэпцIышэхэр. Ап­хуэдэхэр а тхыгъэхэм къыщракъухь, щагъэпуд, нэгъуэщIу жыпIэмэ, Дэл­хъин хуэдэ цIыху къызэрыгуэкIым сыт щыгъуи ауан ещIыф шахым хуэдэ цIыху залымхэр.
Шэч хэмылъу, Къаз-Джэрий къыгурыIуэрт а гъуазджэ лIэужьыгъуэр къэ­рэхьэлъкъ цIыхубэм я Iэщэ мыубзэщхъуу зэрыщытыр. А Iэщэр къэбгъэсэбэп хъунут ем, блэкIам и щIэин гъуамэхэм уребэныну, хеймрэ мы­сэмрэ иризэхэбгъэкIыну, захуагъэр кърибзэуну. А псори къызэрыгурыIуэм къыхэкIыу адыгэ тхакIуэм къыщIигъэщын лъэкIащ гъащIэм хэлъ гуе­мы­Iухэр. Къаз-Джэрий и «Къэжэр таурыхъым» ар щыдолъагъу.
Дыхьэшхэныр зэрыIэщэ лъэщым и щапхъэхэр тхыдэми къыщыдогъуэт. Дзэм хузэфIэмыкIар ауаным щызригъэхъулIа Iэджэрэ къэхъуащ, сыту жыпIэмэ дзэм дзэ пэщIэбгъэувэ ­мэхъу, мыбы зыкIи зыщыпхъумэ­жы­фынукъым.
Зы зэман Наполеон и фэр ирахащ карикатурэ зыщIхэм. Амьен деж Инджылызымрэ Франджымрэ щызэ­раухылIа мамырыгъэ зэгурыIуэныгъэм Наполеон хигъэхьат мы Iуэху­гъуэри: карикатурэхэр, памфлетхэр зытх гуэрхэр тегушхуэрэ пащтыхьым          и IуэхущIафэр е езы пащтыхьыр яубыну хуежьэмэ, ахэр лIыукIхэмрэ ахъшэ нэпцI зыщIхэмрэ хуагъадэу, я суд ищIэну езым къратыну.
Къаз-Джэрии, дауи, щыгъуазэт Наполеон хуэдэ къэрал унафэщI цIэ­рыIуэхэми апхуэдэ Iуэху къалъы­къуэкIыу зэрыщытам. Абы и ды­хьэшхыр гъащIэм щекIуэкI мызахуа­гъэхэм ятеухуащ, аращ а Iэщэр зы­тришэщIам щIылъэIэсыр. Адыгэ тхакIуэм и хъыбарыр дыхьэшхэн Iуэхущ къызыхихыр. Ауэ ар дыхьэшх нэпцI мыхъуу, дыхьэгъ зыхэлъ Iуэху­гъуэкIи узэщIыжащ, сыту жыпIэмэ зылъэкIыр зылъэмыкIым егуэуэну ­хуитщ, нэхъ акъылыфIэр нэхъ акъылыншэм еубзэн хуейуэ къы­щыгъэлъэгъуащ. Дэлхъин и шахыр зэрыделэр къигъэнэIуэф щхьэкIэ, абы и бжьым къыщIэкIыфыркъым, псэуху пащтыхьым и IуэхутхьэбзащIэу те­тынущ дунейм. АтIэ ар за­хуагъэ? Апхуэдэу узрегъэупщIыж тхыгъэм.
Аракъэ тхакIуэ нэсри зыхущIэкъун хуейр - цIыхум и нэр къигъаплъэу пэжыр иригъэлъагъунракъэ? АтIэ а пэжри тегушхуэгъуафIэ уагъэщIынут пащтыхьымрэ абы и блыгущIэтхэмрэ? УтекIуэдэнкIэ хъунут а пэжым. Ар нэхъ бзыщIа, нэхъ щIэуфа хъун ­папщIэщ Къаз-Джэрий лъахэм иIэбыкIыу Персиер къыщIищтар, къэ­жэр шыпсэ дыщIригъэдаIуэр. Пащтыхьымрэ абы и пыхъуэпышэхэмрэ ятеухуащ «Къэжэр таурыхъыр». Ап­хуэдэу ар ятеухуащ цIыхубэр зыгъэп­щылI адыгэпщхэм, абыхэм я къуэ­дзэхэм, уэркъхэм.
И тхыдэм ищхъэрэжь щIригъэхуу        ар жыIэгъуэ дахэхэмкIэ игъэщIэрэ­щIэну иужь иткъым Къаз-Джэрий. Егъэлеяуэ зыри хэткъым абы. Тхылъеджэхэри зэгъэпщэныгъэхэмкIэ е цIэ жыIэгъуейхэмкIэ иригъэзэшыркъым - IэкIуэлъакIуэу къегъэсэбэп щIы­пIэ­цIэ­хэр, цIыхухэм я цIэхэр.
«АкъылыфIэу гупсысэм гурыIуэ­гъуэуи къеIуэтэж», - жиIэгъащ философ цIэрыIуэ Шопенгауэр Артур. Абы зи гугъу ищIыр Къаз-Джэрий хуэпхь хъунущ. ТхакIуэм и гупсысэр гурыIуэгъуафIэщ. АтIэ тхыгъэм и тхыкIэ ­хъуамрэ и гупсысэр зэрыузэщIамрэ зэтлъытыжа нэужькIэщ дэ щыгъуазэ дыщыхъур дызэджэр фIы дыдэ хъуа­ми, зыгуэрым къытращIыкIыжа мы­хьэ­нэншэми.
Езыр зыхэт гъащIэм и пэжыр къи­Iуэтэн папщIэ, Къаз-Джэрий и тхыбзэри пэжым хуэузэщIащ. «Къэжэр ­таурыхъым» мыIупщIрэ щIагъыбзэу зыри хэткъым. ТхакIуэм дигъэлъа­гъуну зыхуейр, языныкъуэхэм деж, псалъэ шэрыуэ зыбжанэкIэ нэры­лъагъу тщещI, языныкъуэхэм дежи, зэрелIалIэшхуэ щымыIэу, куууэ зыхыдегъащIэ езыр зыгъэпIейтейр. Абы и дэтхэнэ лIыхъужьми езым и шы­фэ­лIыфэ, и хьэл-щэн, и дуней тетыкIэ иIэжщ. ЗэпIэзэрыту, зэзэмызи къызэ­рыкIрэ зыгуэрхэм хуэшхыдэу, ар ятопсэлъыхь и тхыгъэм зи гугъу щищIхэм, нэгъуэщIу жыпIэмэ, псалъэ хъуэнрэ псалъэ хъуэррэ и мащIэу, Iейм и ­къуэпс кIуапIэхэр къыщIегъэщ. «Iейр Iейщ икIи абы ебэнын хуейщ, - урегъэгупсыс Къаз-Джэрий, - абы сыт хуэдэ хэку и хэщIапIэми».

ЩхьитI  зыфIэтым
хуэдэт  ар

КЪАЗ-ДЖЭРИЙ СулътIан и гъащIэр къызэрекIуэкIам иджыри мыгурыIуэгъуэхэр хэлъщ. Къаз-Джэрий теухуауэ Мэзкуу и архивхэмрэ къэрал библиотекэхэмрэ къыщыд­гъуэтар мащIэщ. Апхуэдэу щыт пэтми, а лIы Iущыр 1807 гъэм Псыжь адрыщI ­къы­зэрыщалъхуам (къыщалъ­хуа ­къуажэр иджыри тщIэркъым), хъы­мыщ адыгэ лъэпкъым зэры­щы­щым дыщыгъуазэщ. Абы пасэу фIэ­кIуэдащ и адэр. «Анэ гущабэм срибын закъуэт, - етхыж езым - Фызабэ тхьэмыщкIэм сригугъапIэт икIи са­биигъуэ IэфIыгъэм сыкъыпыкIащ сэ пасэу».

(КъыкIэлъыкIуэнущ).

 

 

 

 

 

 

Япэ адыгэ тхакIуэ-узэщIакIуэхэр (XIX  лIэщIыгъуэ).
Сурэтыр  ПэтIуащIэ  Феликс  ищIащ.

 

 

 

 

 

 

 

ХьэжытIэгъуей аузым.
Сурэтыр  ПэтIуащIэ  Феликс  ищIащ. 
1986 гъэ

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

Къэжэр шахымрэ абы и ажэгъафэмрэ

Поделиться: