Урыс пащтыхь, адыгэ пхъурылъху Симеон

Саин-Булат (чристэн диныр къыщищтэм Симеон зыфIащар) Идар Темры­къуэ и пхъурылъхущ, урыс пащтыхь гуа­щэ Черкасскэ Марие и шыпхъу нэхъыжьым и къуэщ, Астрэхъан пащты­хьыгъуэр зылъысын хуея, иужькIэ Къа­сым хъаныгъуэм и тет хъуа Бекбулат и къуэщ.

ИЛЪЭСИПЩI и ныбжьурат 1552 гъэм ­Саин-Булат япэ дыдэу Москва щашам. Абы щIыгъут и адэ-анэр - Бекбулатрэ Алтын­шашрэ. Мы хъан гуащэм щхьэкIэ «зи щхьэцыр дыщафэ» жаIэу щытащ.
1561 гъэм Идар Гуащэнэ урыс пащ­тыхьым хуэзышахэм Саин-Булат щIалэ­щIэри яхэтащ. Ауэ, зэрыжытIащи, ар ­Москва нэхъ пасэу яшэри, Иван IV и унэм щыпсэууэ, нэгъуэщIым дзыхь яхуимыщIу и нэIэ къытету, уеблэмэ псори зыщышынэ пащтыхьым фIыуэ къилъагъуу къэхъуат. Абы зауэлI хъыжьэ къызэрищIыкIар Ливон зауэм щигъэ­лъэгъуат, езыр и ныбжь­кIэ щIалэ дыдэми.
Симеон Дыщэ Ордам тетыгъуэ щызыIыгъа хъанхэм къатепщIыкIахэм ящыщт, зы зэман абыхэм яIэщIэлъат урысыщIхэри, езыхэми пащтыхькIэ еджэрт.
Пащтыхь Иван Шынагъуэм къанэ щы­мыIэу дзыхь хуищIырт адыгэ пхъу­рылъхум. Ар езыр егъэлеяуэ гурыщ­хъуэщIт, дауи апхуэмыдэнрэт, и анэ ­Глинская Еленэ, и япэ щхьэгъусэ Анас­тасие, абы къыхуилъ­хуа бынихым ящыщу плIыр щхъухькIэ ягъэлIамэ?
Иван IV зыгуэр зэхищIыкI зэрыхъурэ илъэгъуар боярхэм я зэрышх-зэрылIрэ ­пащтыхь унэм щызэрахьэ хьэгъэщагъэмрэти, гъэщIэгъуэнт абы и дзыхь ­зыгуэрым зэрыригъэзыххэр. Саин-Булат цIыху губ­зыгъэт, и псалъэр игъэпэжынут - абы фIыуэ щыгъуазэт пащтыхьыр. Уеблэмэ ­гукIи псэкIи зигъэпсэхуну ­хуеймэ, Къасым хъаныгъуэм кIуэрти, Саин-Булат дэщIы­гъуу щакIуэрт, зыгъэпIейтей Iуэхухэм теп­сэлъыхьырт. Езы пащтыхьым и нэIэ щIэту Саин-Булат щIэныгъэ а зэманым зригъэ­гъуэтати, Иван IV гупсэхугъуэ игъуэтырт абы щепсалъэкIэ, игъэщIагъуэрт, и ныбжьым емылъытауэ зэрыIущыр, Къасым пащ­ты­хьыгъуэ цIыкIур IэкIуэлъакIуэу зэ­рызэрихьэр.
Абы къинэмыщIауэ, Къасым хъаны­гъуэм щыкIуэкIэ, пащтыхь гуащэ Марие ­Iэмал игъуэтырт фIыщэу илъагъу и ­шыпхъу нэхъыжь Алтыншаш бгъэдэсыну, и гум щызэтрихьа псор абы хуиIуэтэну.
Пащтыхьым къыгурыIуэрт и щхьэгъу­сэр гугъу зэрехьри, и шыпхъум деж зэ­рызы­щигъэпсэхур и гуапэт.
Марие пэжу къызэрыбгъэдэтыр, цIыхугъэ зэрыхэлъыр, и щIалитIым, Иванрэ ­Фёдоррэ, я анэ дыдэм хуэдэу зэрахуэщабэр, зэрахуэсакъыр пащтыхьым зыхищIэрти, езыми Марие насыпыфIэ ­хъун щхьэкIэ сыти хуищIэнут. Гузэвэгъуэ куэд зылъэгъуа Иван IV гупсэхугъуэ щи­гъуэтыр Марие епсалъэу щыбгъэдэсырт.
Пащтыхьыр, я Iуэху зэрыхъункIэ хъунум здегупсысым, Саин-Булат куэдкIэ зэрыщыгугъыр, абы хуимурадыр нэхъ IупщI хъурт.
Иван IV къыгурыIуэрт къэралым зэ­хъуэ­кIыныгъэ щегъэкIуэкIын зэрыхуейр, ауэ ар цIыхубэми къазэрытехьэлъэнур, боярхэми зэрамыдэнур икIи сыт и лъэ­ны­къуэкIи ахэр зэран къызэрыхуэхъунур ищIэрт. Пащтыхьыр хуейт цIыху къэзыгъэпэжын, и дзыхь зригъэзын. Абы апхуэдэ хуэхъуну къилъытар пащ­ты­хьыным зи нэ къыхуимыкIыщэ Саин-Булатщ.
1575 ГЪЭМ, пащтыхь гуащэ Марие зэрылIэрэ илъэси 6 дэкIауэ, Грозный Иван токIри, пащтыхьыгъуэр Саин-Булат ирет. Ар иджыри зэ щыхьэт тохъуэ Иван IV пащтыхь гуащэ Марие и Iыхьлыхэм дзыхь яхуищIу зэрыщытам.
Грознэм, дауи, и тетыгъуэр ибгынатэкъым, пащтыхьыгъуэр зылъысам иращIэкI хабзэ псори Саин-Булат хуащIами. Абы Успенскэ соборым пащтыхь тажыр къыщыщхьэратIэгъат. Марие и шыпхъу нэхъыжьым и къуэ, Идар Темрыкъуэ и ­пхъурылъху Саин-Булат Урысей псом и ­пащтыхь хъуат, Иван IV и унафэкIэ. Ар Земскэ боярхэм я думэм тхьэмадэу щIэст, и цIэр щIэту унафэ къыдигъэ­кIырт, пащтыхь уардэунэм щыпсэурт.
Грозный Иван игъэзащIэрт пащтыхьы­гъуэм щызекIуэ хабзэхэр: Московский Иван зыфIищыжат; шыгу зэщIэщIакIэ къикIухьырт, боярхэм хуэдэу; тхыгъэкIэ зыкъы­хуигъэзэн хуей хъумэ, я нэхъ цIыху къы­зэрыгуэкIым зэритхын хуейм хуэдэу: «Государю Великому князю Симео­ну Бекбула­товичу Всея Руси Иванец ­Васильев с сыновьями Иванцом, да с Федорцом челом бьют…» жиIэу къыщIи­дзэрт.
Симеон и адэ, астрэхъан пщышхуэ Бекбулат 1552 гъэм Москва япэу къэ­кIуат, Грозный Иванрэ Мариерэ зэ­ры­шэ­ным илъэсибгъу иIэу.
Абы тхыдэтххэм гу лъамытэу защI, Урысейм и пащтыхь Грозный Иван и гъащIэр къызэрекIуэкIам теухуауэ мы Iуэхугъуэм куэд къыпхуиIуатэми.
КъызэрыщIэкIымкIэ, пащтыхьым и нэIуа­сэу щытащ Бекбулатрэ абы и щхьэ­гъусэ Алтыншашрэ. Абы къикIращи, пащ­тыхьыгъуэр игъэбыдэн щхьэкIэкъым Иван IV къэбэрдеипщым ипхъу ­щIишар, атIэ абы и Iыхьлыхэм щыщ зэ­рицIыхум, ахэр игу къызэрыдыхьэм три­щIы­хьа­гъэ­нущ.
Грозный Иван и гуращэр къехъулIащ. ­Симеон Думэм зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр щригъэкIуэкIащ, пащтыхьым и Iуэху хэ­мылъ хуэдэу. Абы къикIращи, Иван IV и тетыгъуэри, уеблэмэ и гъащIэри хуихъу­мауэ жыпIэ хъунущ.
Мыри тщIапхъэщ: Грознэм и Iуэху здигъэкIуатэм, Саин-Булат «зыщхьэщихащ» Къасым пащтыхьыгъуэм и тажыр. Чрис­тэн диныр къищтати, муслъымэн пащ­тыхьы­гъуэм абы къэрал унафэ къы­щы­IэщIалъхьэнутэкъым.
А псом къинэмыщIауэ, ар яIэщIэкIуэдащ тетыгъуэм щхьэкIэ зэрыукI боярхэм. Хьэгъэщагъэ зэрихьэу, Годунов Борис пащ­тыхьыгъуэр щиубыдым, Симеон теухуауэ мыпхуэдэу иригъэтхат: «Царя Симеона Бекбулатовича и его детей и иного никого на Московское государство не            хотети, не видети, не думати, не мыслити, не дружитися, не ссылатиси с царем. Симеон ни грамотами, ни словом не  приказывати на всякое лихо…». АбыкIи къэувыIакъым Го­дуновыр: абы и уна­фэкIэ Симеон и нэхэр иращIащ.
Лжедмитрий Езанэм тетыгъуэр щиу­быдам, Симеон цIыхум ящыгъупщэжын папщIэ, ар иригъэшащ Вологдэ пэгъу­нэгъу Кирилло-Белозерскэ къулъшы­рыфым.
«А ты бы царя Симеона постриг со всем оборотом честно и покоити его велел в ­монастырь… как старца Иону Мстиславского». Зи гугъу ищIыр Мсти­славский Иван Фёдор и къуэрат, ипэ­IуэкIэ и щхьэр щIащауэ монахыу къулъ­шырыфым щIаубыдар. Мстиславскэм ипхъу Анастасие Симеон и щхьэгъусэт.
Симеон и щхьэр щIащэщ, монах щыгъыныр къыщатIагъэри, Стефан цIэри фIащащ. Къулъшырыфыр псэупIэ хуэ­хъуащ абы и щхьэгъусэ Анастасии. Ар абы щылIащ 1607 гъэм.
Лжедмитрий Езанэр яукIа нэужь, теты­гъуэр еубыд Шуйский Василий. Абыи къилъытащ зи щхьэр щIаща, зи нитIыр нэф, жьыфэ къызытеуа Симеон зэран къыхуэхъуу. Пащтыхь тажыр зэрыщ­хьэ­ритIагъэрэ тхьэмахуитI дэкIауэ арат унафэ щищIам: «Взяти старца Стефана, что был царь ­Симеон Бекбулатов, ехати с ним по нашему указу, где ему ­велено». Шуйскэм пащтыхь Симеон иригъэшащ Хы хужьым и хытIыгухэм щаухуа Соловецк къулъ­шы­ры­фым.
1612 гъэм Симеон и благъэхэм Iуэху ящIри, ар Кирилло-Белозерскэ къулъ­шы­рыфым, къалащхьэм пэгъунэгъум, кърагъэшэж. Абы дэIэпыкъуат Марие и дэлъхум и къуэ Черкасский Дмитрий Мамс­рыкъу и къуэр - дзэзешэ цIэрыIуэр, пщы Черкасский Иван Борис и къуэр ­(Пожарскэм и ныбжьэгъуу, и Iуэху игъэ­кIуатэу бгъэдэтар). Черкасский Иванрэ илъэс 17-м иту ­пащтыхьыгъуэр зылъыса Романов Михаил Федор и къуэмрэ зэшыпхъуитIым я бынт. Михаил пащтыхь тажыр къыщы­щхьэ­ратIэгъа махуэм Черкасский Иван боярин ящIат.
Симеон Бекбулат и къуэр илъэс 70-м щIигъукIэ псэуауэ, 1616 гъэм щIышылэм и 25-м дунейм ехыжащ. Пащтыхьым игъуэ­тыжын хуей пщIэм хуэдэ хуащIу, абы и хьэдэр Кирилло-Белозерскэ къулъ­шы­ры­фым къыщIахыжри, Москва дэт Симоновскэ цIыхухъу къулъшырыфым щыщIалъ­хьэжащ.

СэIэбцокъуэ  Нуриет,  тхакIуэ,  журналист  (Мейкъуапэ).


Урысей пащтыхь Симеон - Идар Алтыншаш и къуэр.


Идар Алтыншаш - Астрэхъан пщым и щхьэгъусэ, Гуащэнэ и шыпхъур.

 

ЗэзыдзэкIар ШИРДИЙ Маринэщ.
Поделиться: