Тыркум и адыгэ тхакIуэ цIэрыIуэ Къущхьэ Севим

Махуэ гуэрым телевизорым къигъэлъагъуэу сри­хьэлIащ бзылъхугъэ тха­кIуэм теухуа нэтын гъэ­щIэгъуэн. Нэтыныр езыгъэкIуэкI журналис­тым и упщIэхэм ящыщ зым цIы­хубзым жэуап къыщритым, абы къыхигъэщащ ар лъэпкъкIэ къэбэрдей ады­гэ­­хэм зэращыщыр. Ар   икъукIэ сфIэгъэщIэгъуэн хъури, а бзылъхугъэр нэхъ гъунэгъуу зэзгъэцIыхуну мурад сщIащ. Къызэры­щIэкIамкIэ, ар Истамбыл щыпсэу тхакIуэ Къущхьэ Севим Решатщ. Абы романи 10 и IэдакъэщIэкIщ, тIур Кавказ зауэм триухуащ.

Къущхьэ Севим 1966 гъэм Тыркум хыхьэ Къайсэр къалэм къыщалъхуащ. Илъэс зэхуэмыдэхэм абы Истамбыл дэт университетхэм инженер, экономист IэщIагъэхэр щызригъэгъуэтащ. ИтIанэ Америкэм кIуэри, инджылызыбзэр щиджащ Джонс Хопкинс и университетым. Тыркум игъэ­зэжри, зэман гуэркIэ инженеру, иужькIэ журналисту лэжьащ. Хуэмурэ литературэм дихьэхыу тхэн щIэ­зыдза Севим и япэ романыр, «Узыншэу ущыт, Нисан» жыхуиIэр, 1996 гъэм литературэ зэпеуэм хэтри, абы етIуа­нэ увыпIэр къыщихьащ икIи 1997 гъэм тхылъ щхьэ­хуэу дунейм къытехьащ. Абы къыкIэлъыкIуащ тхакIуэм и цIэр зыгъэIуа адрей и IэдакъэщIэкIхэри.
Мы ди тхыгъэмкIэ дыхуейт Къущхьэ Севим и романхэр зытеухуам кIэщу щыгъуазэ фытщIыну.
«Узыншэу ущыт, Нисан» романым и лъабжьэр лъа­гъуныгъэщ. Адана къалэм щыпсэу унагъуэ бей гуэрым я пхъур еджэну Истамбыл ягъэкIуащ. Хэт ищIэнт абы къалэшхуэм къыщыпэ­п­лъэр?! Пщащэм абы щызэ­регъэцIыху ныбжь зиIэ тхакIуэ цIэрыIуэ гуэр икIи ар фIыуэ елъагъу. Ауэ тхакIуэр бынунагъуэщ. Иджырей дунейм щытепщэр щхьэхуещагъэрауэ зэрыщытыр фIы дыдэу къыгурыIуэми, къы­зыхэкIа унагъуэм зыщIапIыкIа хабзэ-нэмысым куэ­дым ирегъэгупсыс хъы­джэбзыр, фIыуэ илъэгъуа цIыхухъум и щхьэгъусэм и гум щыщIэр зэрегъэзахуэ. Абы и жагъуэ зэрищIыр езым игу щIохьэжри, пщащэм зеу­кIыж…
«Пщыхьэщхьэ щхъуан­тIа­фэхэр» романымкIэ тха­кIуэм цIыхур сытым дежи зылъыхъуэ пэжым щыщ зы Iыхьэ нэрылъагъу тщещI, къэгъазэ зимыIэ зэманыр зы тэлайкIэ къызэтригъэувыIэ хуэдэу.
Романым и лIыхъужь нэхъыщхьитIыр я сабиигъуэ лъандэрэ зэныбжьэгъущ. Ахэр я IэщIагъэм нэхъ куууэ хэгъуэзэхукIэ езым я щхьэ Iуэхур лъэныкъуэ егъэза хъууэрэ я гъащIэр йокIуэкI. Зыр «дунейм щытепщэр Iэщэрауэ» къызыщыхъу дзэлIщ, адрейр «щIы хъурейр зыте­зыIыгъэри зыгъэIу­ры­щIэри мылъкурщ» жызыIэ хьэры­чэтыщIэщ. Абыхэм я IэщIагъэм зыдрагъэхьэхыу лъа­гъуныгъэр лъэныкъуэегъэз ящIауэ аракъым, атIэ гу­рыщIэм и «хъым» иубыдыну хунэмысурэ я гъащIэр йокIуэкI, и кIэм ари ягъэунэху. КъищынэмыщIауэ, рома­ным къыщыгъэлъэгъуащ Тыркум демократие щыгъэувыным теухуауэ екIуэкI бэнэныгъэр.
Мыбдежым «Пщыхьэщхьэ щхъуантIафэхэр» романым теухуауэ Севимрэ тырку журналист Шебнем Атыл­гъанрэ щызэпсалъэм жаIам щыщ пычыгъуэ фыщыдгъэгъуэзэныр тфIэигъуэщ.
- Романым сыкъыще­джэм абы и цIэмрэ и гъэп­сыкIэмрэ сыт и лъэны­къуэ­кIи зэхуэкIуэу сегупсысащ. Езы фIэщыгъэр усэбзэм хуэкIуэу икIи фIым ухуи­гъаплъэу щытщ.
- «Пщыхьэщхьэ щхъуантIафэхэр» фIэщыгъэм сэ къызэщIезгъэубыдэр махуэр къыщызэднэкIым къы­щыщIэдзауэ жэщым ды­щыхыхьэм нэс дэлъ зэман кIэщIырщ. А пIалъэм деж, цIыхум и Iуэхури кърихьэ­лIауэ, жейми хэмыхьауэ, псэм тыншыгъуэ егъуэтри, щхъуан­тIафэ дахащэм зэ­щIещтэ. А щхъуантIафэм дэ зы щэху гуэр къытпегъа­плъэ, гъащIэм щIэщыгъуэ зэрыхэ­лъыр къыдигъащIэ хуэдэщ. А зэманым махуэм хуэдэу псори наIуэу утыкум кърилъхьэркъым, жэщым хуэдэу псори щIиуфэркъым. ИтIани, ар апхуэдизкIэ кIэщIщи, абы зыхэдгъэшы­псы­хьынуи дыхунэсыркъым. Абы къы­хэкIкIэ сыт щыгъуи ар ди щIэщыгъуэу къонэ.
- «Пщыхьэщхьэ щхъуантIафэхэр» блэкIа лъэхъэ­нэм и роман хуэдэщ. А блэкIа лъэхъэнэм уна­гъуитI­рэ лъагъуныгъитIрэ къы­щы­богъэщI…
- Хьэуэ, ар блэкIа лъэхъэнэкъым. БлэкIа лъэхъэнэ нэпцI жыпIэмэ, нэхъ хуэзэну къыщIэкIынщ.
Сэ си романхэм хэт лIы­хъужьхэм я нэхъыбэр но­бэрей гъащIэм къыхызох. Ахэр гугъэ, гупсысэ, еплъы­кIэ зэ­хуэмыдэхэр яIэу гъащIэм хэтщ. Мы романым хэт лIыхъужьхэри - Шэрэфи Сулеймани - гугъэ, гупсысэ, еплъы­кIэ щхьэхуэхэр яIэу, ерыщагъ яхэлъу мэпсэу. Ауэ лъагъуныгъэм хуаIэ бгъэ­дыхьэкIэмкIэ ахэр зэщхьэщокI. Сулейман и лъагъуныгъэр зыми пищIыркъым. Ар хьэрычэтыщIэ Iуэхум щIы­хыхьэр, къулей хъуну щIы­хуейр и лъагъуныгъэрщ, ар зыхуищI бзылъхугъэр абыкIэ къыдихьэхыну и гугъэу. Ар къехъулIэн папщIэ, цIыху иукIын хуей хъуми, къикIуэтыркъым.
Шэрэф апхуэдэкъым. ЩIалэм лъагъуныгъэм зыкъыдигъэшыну, абы щхьэкIэ нэхъ лейуэ зыгуэр ищIэну хэткъым. Абы и гъащIэм щынэхъыщхьэр и псалъэм тетыжу, лIыгъэрэ хабзэрэ зыхэлъ дзэлI нэгъэсауэ псэу­нырщ. Сыт хуэдэ щытыкIэ ихуэми, абы пэжыгъэрщ къыхихыр, хабзэм къемызэгъи идэнукъым. Абы папщIэ фIыуэ илъэгъуа бзылъхугъэри IэщIыб ещIыф.
- Романым гужьеигъуэр зыхуэдэр къыхэщу къысщохъу. Псалъэм папщIэ, дзэлIым и псэр щитым къыгуроIуэж Айшэ хуи­Iэ лъагъуныгъэм и гуащIагъыр зыхуэдэр, а гурыщIэ IэфIыр хуиту и псэм зэ­рызыхримыгъэщIар щы­уа­гъэшхуэу зэрыIэ­щIэ­кIар. А тезырыр епшыны­ж абы гупсэхугъуэ имы­гъуэту и гъащIэр зэрырихьэкIамкIэ.
- Сыт дыщIэпсэум и щхьэу­сыгъуэр? Ар Iуэхугъуэ куэд къызэщIэзыубыдэ упщIэ­ш­хуэщ. Дунейм тет дэтхэнэ зы лъэпкъми абы ирит жэ­уапыр зэхуэдэкъым. КъуэкIыпIэр къапщтэмэ, тхъэгъуэр гъащIэм и купщIэ нэхъыщхьэу ягъэувыркъым. Абы нэхъ Iуэху лъапIэ куэд щыIэщ. Сэ си романым хэт лIыхъужьми дуней тхъэгъуэм япэ иригъэщын Iуэхугъуэ иIэщ. Уеблэмэ апхуэдэ гурыщIэр гъащIэм и купщIэ нэхъыщхьэу зыхуэбгъэувы­жыныр фIэемыкIущ, ар здэплъэр нэхъ жыжьэщ. Псалъэм пап­щIэ, дунейпсо мыхьэнэ зиIэ Iуэхушхуэхэр зэфIигъэкIыу, гъащIэм лъэу­жьыфI къыхинэну щIо­хъуэпс. Унагъуэ жьэгу, пщIан­тIэ дахэ, фIыуэ илъэгъуа щхьэгъусэ, сабий дыгъэлхэр... Апхуэдэ гъащIэр хурикъуркъым абы, арэзы къищIыркъым. Шэрэф зы­хэта гъащIэ-трагедиер куэдкIэ нэхъ лъагэщ цIыхубз-цIыхухъу зэхущытыкIэм, бын­унагъуэм ират мыхьэнэм нэхърэ.
- ЛIыхъужьхэм къещIэкIа Iуэхугъуэ куэд къыщыбогъэлъагъуэ романым. Сэ, сызэреплъымкIэ, ар гугъуу къысщохъу, ауэ уэ фIы дыдэу къохъулIащ.
- Дэтхэнэ зы цIыхури и закъуэу къапщтэмэ, зищIысы­ш­хуэ щыIэкъым. ЦIыхур къэзыгъэщIыжыр и блэкIамрэ зыхэт гъащIэмрэщ. Аращи, лIыхъужьыр нэхъ IупщIу къацIыхун папщIэ, я дуней тетыкIэр зыхуэдэр абыхэм къегъэщIылIа цIыхухэмкIи IуэхугъуэхэмкIи къызогъэ­лъа­гъуэ.
- Шэрэф и адэм цирк ­игъэлажьэу къыщIыхэп­-  хам сыт и щхьэусыгъуэр? Ап­хуэдэу романым ущрохьэлIэ лъэпкъ зэхуэмыдэ­хэм къахэкIахэми.
- Си сызэрыцIыкIурэ цирк фIыуэ солъагъу. Абы и лэжьакIуэхэм ящIэр сфIэгъэщIэгъуэн къудейкъым, атIэ икIи икъукIэ Iуэху гугъуу къысщохъу, пщIэшхуи яхузощI. Романым хэт лIы­хъужьхэм ящыщу цирк зиIэ Хьэлим-ефэндым и къуэ­рылъху Шэрэф жреIэ: «ГъащIэм къыщекIуэкI хьэгъэщагъэм елъытауэ куэдкIэ нэхъ мащIэщ мыбдежым щытлъагъур икIи нэхъ щхьэусыгъуэ хейхэм ятещIыхьащ». Мы псалъэр зэгуэрым циркым дыкъикIыжу си адэм къызжиIауэ щытащ. Ар сщыгъупщакъым, романми хэзгъэхьащ.
Иджыпсту нэхъ мащIэ хъуа­ми, сэ си сабиигъуэм Тыркум куэду щыпсэурт нэгъуэщI лъэпкъхэм ящыщхэр. Псалъэм папщIэ, ди дзэ дохутырыр журтт, си адэм и дэрбзэрыр ермэлыт, ди ­гъунэгъухэм я нэхъыбэр алыджт. Сэ абыхэм сахэтурэ сыкъэтэджащ. Абы къыхэкI­кIэ си роман псоми ахэр хэтщ.
- Романым хэбгъэхьащ дин Iуэхугъуэхэри. КъурIэ­ным щыщ Iыхьэхэр хэтщ. Уеблэмэ а фIэщхъуныгъэр узыфэм хущхъуэ хуэхъу хуэдэуи къыщыбгъэлъэ­гъуащ.
- Сэ си анэм къабзэу ­иIыгът диныр. Абы хуиIэ фIэщ­хъуныгъэм и фIыгъэкIэ уз куэдым зэрытекIуар, гузэвэгъуэ зэхуэмыдэхэм зэрыпэ­лъэщар сэ нэрылъагъу сщыхъуащ. Арагъэнущ а Iуэху­гъуэри щIыхэзгъэхьар.
- И блэкIам еныкъуэкъу щIалэм нэхъапэкIэ къэ­хъуа-къэщIа псори зыщигъэ­гъупщэну хэтщ. ГъащIэщIэ бухуэн папщIэ блэкIар зы­щыгъэгъупщэн хуейуэ къэп­лъытэу ара?
- Хьэуэ, ар цIыхум и гъащIэр зэригъэпсыну езым къыхихыж гъуэгухэм ящыщ зыуэ аращ. ЦIыхум и блэкIар щIиуфэурэ гъащIэщIэ зэ­риу­хуэфыным хуэдэу, а блэкIар и тегъэщIапIэу хъар­зынэу псэуфынущ. Абы и лъэныкъуэкIэ сэ Уайлд Оскар и псалъэ Iущхэр, «БлэкIам сытым дежи зы­къуи­гъэщIэну хэтщ» жы­хуиIар, дызощтэ. Романым и гугъу пщIымэ, унагъуэм и иужьрей щIэблэу щыт ­къуэрылъхум блэкIа гъащIэм къыхуигъэна ныбжь хьэлъэр зытридзыну хэту аращ. Абы папщIэ и гъащIэр егъэлея хэмылъу, къызэрыгуэкIыу ирихьэкIыну ху­щIокъу.
«Жьыбгъэмэ къызыпих шухэр» романыр адыгэ лъэпкъым ди тхыдэм и зы напэкIуэцIщ. Абы къыщыбощIэ тхакIуэр Къущхьэхэ зэрапхъур, абы и адэр Решатщ, и адэшхуэр Гъузерщ. Тхылъым и япэ напэкIуэцIым тетхащ: «Си дадэ Гъузер (1881 - 1973 гъгъ.), си адэ Решат, си анэ Хъэдиджэ гуащэ пап­щІэ».
«Си адэшхуэр дунейм ехыжыным и пэ къызжиІэ­гъат мыпхуэдэу: «Ди уна­гъуэм и нэгум щІэкІауэ пхуэсІуэта хъыбарыр уэри уи бынхэм яжеIэ! Армырамэ, ди тхыдэр кІуэдынущ». Сэ бын сиІэтэкъыми, стхыжын хуей хъуащ хъыбарыр, дунейм къытенэн папщІэ», - жиIащ романым лъабжьэ хуэхъуам теухуауэ Къущхьэ Севим.
1864 гъэм и гъатхэм я хэкур ямыбгынэу мыхъуу щытыкIэ гугъу иува зы унагъуэм и тхыдэу жыпIэ хъунущ «Жьыбгъэмэ къызыпих шухэр» романыр. Урысып­щым и къуэм Къущхьэхэ япхъу дахащэр игу ирохь, арщхьэкIэ, сыт имыщIэми, пщащэм и гур къихьэхуфыркъым. Ар щхьэкIуэ щохъу щIалэми, абыкIэ къуаншэу къилъытэ хъыджэбзым и дэлъху нэхъыщIэр гъуа­нэ­дэуэу еукI. Унагъуэм я лIы­кIуэ­хэр пщым деж макIуэри жраIэ я къуэр зыукIам хуэфащэ тезыр хабзэм тету ­тралъхьэну. Ауэ пщыр и ­къуэм къыщхьэщожри, хеящIэм и пащхьэ иримы­гъэ­хьэу, лъы уасэр езым ды­щэкIэ ипшы­ныну къаж­реIэ.
Къущхьэхэ я унагъуэм и гуа­щэ Сэтэней абыкIэ арэ­зы­къым, и къуэхэр зэхуешэс­ри, я къуэшым илъ ящIэжыну къыхуреджэ. Армырами, бэлыхьышхуэм хэт Къэбэрдейм и Iуэхур абы нэхъри зэIегъэхьэ. УнагъуитIым яку къыдыхьа лъыщIэжым щIегъэхуабжьэ урысыдзэм а щIыпIэр къизэуныр. Абы хэту унагъуэр хэкум имыIэпхъукIынкIэ Iэмал имыIэу ­мэхъу. Хамэ хэку къыщыхута Къущхьэхэ я унагъуэм я щхьэ кърикIуар зыхуэдэр адэкIэ тхакIуэм зэхэхауэ къе­гъэлъагъуэ. Романыр зи IэдакъэщIэкIым къигъэлъэ­гъуащ адыгэ лъэпкъ уардэм и щытыкIэр, псэукIэр, абы къыдекIуэкI щэнхабзэр, хабзэр. Пэжщ, тхакIуэр езыр адыгэ щIыналъэм щекIуэкI щыIэкIэ-псэукIэм зэрыхэ­мы­там къыхэкIыу, абы и хабзэм темыхуэ гуэрхэми романым ущрихьэлIэ къохъу. Ауэ ари зэран хуэхъуакъым абы къалэн зыщищIыжар къехъулIэным.
Си щхьэкIэ къызолъытэ а романыр адыгэбзэкIэ зэдзэкIын хуейуэ.

Адыгэ пщащэ Къущхьэ Севим Истамбыл щопсэу.

Севим и тхылъхэр щащэ тыкуэным.

 

Хъуажь Фахъри.
Поделиться: