Мэрем пшыхь

Адыгэ лIакъуэхэр

Убыххэр
И цIэр къанэу кIуэдыжа адыгэ лъэпкъхэм ящыщ зыщ.
УбыхкIэ зэджэ адыгэ лъэпкъ мыиныр тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм щыпсэуащ, иджырей Сочи къалэм и Iэгъуэблагъэхэм. XIX лIэщIыгъуэм абыхэм я щIыналъэм хыхьэрт Шахэ, Шачэ, Хъуэст псыхъуэхэр. Я гъунэгъу адыгэ, абазэ лъэпкъхэм убыххэр зэрахэзэрыхьыжам къыхэкIыу, абыхэм я лъахэр здынэсу щытар нобэ къэхутэжыгъуейщ. Убыххэм езыхэм я бзэ къыпыщхьэхукIауэ, адыгэбзэмрэ абазэбзэмрэ яку дэту, яIэжт. Языныкъуэ тхыгъэжьхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, абыхэм я бжыгъэр 9.600-12.000 хъурт.
Убыххэр жылагъуэ щхьэхуит зыбжанэу зэхэтащ: абыхэм я унафэщIхэр лIакъуэлIэшхэрт е IэIэткIэ хаха тхьэмадэхэрт. 1864 гъэм, Кавказ зауэр иуха нэужь, убыххэм, къэмынэIауэ, заIэтри Тыркум Iэпхъуащ. Абыхэм я щIэблэм иджыри хамэ къэралхэм уащрохьэлIэ, ауэ я бзэр зыщIэж яхэткъым. Убыххэр ящыщщ тхыдэ къэхъугъэхэм дунейм трагъэкъэбзыкIыжа лъэпкъхэм.
XIX лIэщIыгъуэхэм убыххэр муслъымэн диным итахэщ, ауэ абы ящигъэгъупщэфакъым я пасэрей мажусий хабзэхэри. Абыхэм тхьэ пэлъытэу, ягъэлъапIэу яIащ жыгхэр, мэз гуэрэнхэр. Апхуэдэ щIыпIэхэм тхьэ щелъэIурт, къурмэн Iэщыр щаукIырт.

Хьэтыкъуейхэр
Хьэтыкъуейхэр адыгэ нэхъ лъэпкъышхуэхэм ящыщащ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, XIX лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэ ныкъуэм абыхэм я бжыгъэр мини 160-рэ хъурт. Хьэтыкъуейхэр Псыжьрэ Щхьэгуащэрэ я зэхуаку дэсащ, къуэкIыпIэмкIэ кIэмыргуейхэр, къухьэпIэмкIэ бжьэдыгъухэр, къаблэмкIэ абазэхэхэр къабгъурысу. Хьэтыкъуейхэр нэхъыбэу Лабэ, Псыжь, Пщызэ, Щхьэгуащэ псыхэм я аузхэм щыпсэуащ: къулейуэ, зыхуей ягъуэту къэгъуэгурыкIуащ.
КъухьэпIэмкIэ щыпсэу адыгэ лъэпкъхэм къащхьэщыкIыу хьэтыкъуейхэм пщыхэр яIащ; ахэр къэбэрдейхэм быдэу япыщIауэ щытащ. Къэбэрдеипщ Беслъэн ПцIапцIэ я пашэу адыгэхэр Астырхъан (Астрахань) щытеуам щыгъуэ Хьэтыкъуейхэр ягъусащ. А лъэпкъым хъаныкъуэхэри яIэт. Псалъэм папщIэ, кърым хъан Джэрийхэм ящыщхэм я лъахэр къагъанэрти, адыгэхэм къахэтIысхьэрт. Я пщыхэм хуэдэу хьэтыкъуейхэм абыхэм пщIэ хуащIырт.
Кавказыр къэгъэIурыщIэным теухуауэ XIX лIэщIыгъуэм екIуэкIа Iуэхугъуэшхуэм яужь хьэтыкъуей адыгэхэм ящыщу хэкужьым къинэжар мащIэт: 1858 гъэм ахэр зэрыхъужыр мин 40-т. Ахэр нэхъ мащIэж хъуащ ИстамбылакIуэм иужькIэ.
Иджыпсту хьэтыкъуейхэр нэхъ зэуIуу щопсэу Адыгэ Республикэм, Краснодар крайм, Тыркум.
Хьэтыкъуейхэр адыгейуэ ятх, адыгей литературэбзэм иропсалъэхэр.

ЖыIэгъуэхэр
Псалъэр бутIыпщакъэ, уимыкIуэтыж

УкIытэр зэщ зэрыпфIэкIуэдыр.
ЦIыху дыдж куэд тетщ дунейм, абы и IэфIагъыр пщагъэгъупщэфу.
Зи гъэтIылъыгъэм хэмыIэбэну хуейхэр щIыхуэ къэщтэрейщ.
ФIыщIэ жыгыр хэсэгъуей щхьэкIэ, къыпыкIэр пшхыну IэфIщ.
Сабийр дахэу фхуапэми, IэфIу вгъашхэми, хъарзынэщ, ауэ гъэсэныгъэм нэхъ фегугъу.
УимыIуэхуу уагъэлэжь псори хьэлъэщ.
ГъащIэм удекIуэкIыфмэ, ар фIыуэ къыпхуэгъэщIэнур.
Фадэ ефэныр емыкIутэкъым, укIытэгъуэ уримыгъэхуэжтэмэ.
Бын хэхъуэр псэ гъэгуфIэщ.
Тэмэму «хаса» лъагъуныгъэр сыт хуэдэ щIыми къыщогъагъэ.
Щытхъур тхъу лIэужьыгъуэфIщ.
ГушыIэ зыгурымыIуэр зыми езэгъкъым.
Псэм зэи сурэт пхутехынукъым.
Дэшхуэ купщIэншэ нэхърэ дэ цIыкIу купщIафIэ.
ЩыIэщ адыгэ гъунэжу, и адыгэбзэм хуэмеижу.
Жэнэтми иIэщ бжэ, ауэ IункIыбзэ псори хуэкIуэркъым.
ЕджакIуэр Iуэху нэрылъагъукIэрэ егъаджэ, псалъэ гъущэ защIэкIэ уемыпсалъэу.
Адыгэбзэр зымыщIэжым, адыгэ хабзи къыпыпхынукъым.
Ажалым нэхърэ напэр пфIэкIуэдыныр нэхъ шынагъуэщ.
Зы жьэм къыжьэдэкIа хъыбарыр жьищэм кърахьэкI.
Ушынэу щытмэ, зыри жумыIэ, псалъэр бутIыпщакъэ, уимыкIуэтыж.
улъхьэ езытри ар къеIызыхри напэм пэIэщIэщ.
                                                                         КIурашын Алий,
                                                                              Бахъсэн щIыналъэ.
                                                                       ХьэтIохъущыкъуей къуажэ

ГушыIэхэр
МыбыкIэ сыкъамыгъэкIуэжыну пIэрэ?
Хъуэжэ илъэситхукIэ Сыбырым щыIэн хуейуэ суд къытращIыхьат. «ПцIы яхуиупсри цIыхухэр къызэригъэIэтащ», - жаIэри арат тезыр къыщIытралъхьар.
Судыр и кIэм щынэсым, судыщIэм Хъуэжэ иужь псалъэ жиIэжыну хуит ищIащ. Хъуэжэ жиIащ:
- А сыздэвгъакIуэми цIыхухэм пцIы яхуэзупсрэ къызэрызгъэIэтмэ, мыбыкIэ сыкъамыгъэкIуэжыну пIэрэ?

ПщIыхьэпIэ
Хъуэжэ Iэзэм деж кIуэри жриIащ:
- ЩIэрыкIуэ згъажьэу сепщIыхьащ, сытым хуэпхь хъуну?
- Ар бжесIэн щхьэкIэ, джэд фIыцIэ сыхуей хъунущи, уи пщIантIэм дэт джэдым щыщ зы укIи къысхуэхь, араншауэ схузэхэгъэкIынукъым уи пщIыхьэпIэр, - къыжриIащ Iэзэм.
Хъуэжэ и щхьэм щIэтIэхъуащ:
- Си пщIантIэм джэд дэтатэмэ, щIэрыкIуэ згъажьэрэт, - жиIэри.

IуэрыIуатэ

Акъылыншэри лIари зэхуэдэщ
ХьэтIохъущокъуэ Мысострэ Къейтыкьуэ Аслъэнбэчрэ зэщыIеящ. Къейтыкъуэ Аслъэнбэч лей къытехьауэ илъытэрти, шу игъэшэсащ, ХьэтIохъущокъуэ Мысост теуэн мурад ящIри.
ЩIызэщыIеяр мыхьэнэншэ гуэрт: пщитIым я мэлыхъуэ зэхуилъауэ арт, лъы щIэбгъэжэн хэлътэкъым.
Къейтыкъуэ Аслъэнбэч шу игъэшэсауэ щызэхихым, Жэбагъы пщым деж кIуащ, лIы гуп зыщIигъури. Пщым и пщIантIэм дыхьэри, Жэбагъы щIыгъу лIы гупым дыуэ ящIащ, Къейтыкъуэ Аслъэнбэч унэм, къыщIэкIащ:
- Дыуэ щхьэ фщIырэ? - жери.
- УлIауэ зэхэтхати, дыкъэкIуауэ дыуэ дощI, -жиIащ Жэбагъы.
- СылIарэ сымылIарэ флъагъуркъэ? - игъэщIэгъуащ пщым.
- Акъыл зимыIэж лIыр лIа пэлъытэщ, - жиIащ Жэбагъы. - Мыхьэнэншэ щхьэкIэ лъы щыбгъэжэфынукIэ акъыл уиIэжкъым.
Пщыр укIытэжри, Iэщэр игъэтIылъыжащ.

Жылэр щIэIэпхъуэр
Жэбагъы зыдэс жылэр бгы лъапэм тест. Бгым дэкIауэ, Жэбагъы гу лъитащ бгыр къызэрежьам. Бгы къэчапIэм мывэ дилъхьащ Жэбагъы. Зэман дигъэкIри мывэм еплъащ: мывэр бгым дэкIуэтат. Тригъазэурэ зыбжанэрэ кIэлъыплъащ мывэм: мывэр бгы къэчам дэкIуатэ зэпытт. Къуажэпщым деж кIуащ Жэбагъы:
- Бгыр къыгуэунущ: къуажэр гъэIэпхъуэ, - жери.
Къуажэм и ныкъуэр бгы лъапэм къытекIащ, къытенар бгыр къыгуэури щIиубыдащ.

БлэкIам фыкIэлъымыджэ

Шым уанэ трилъхьэри, нэху мыщ щIыкIэ дэшэсыкIащ Жэбагъы, гъуэгу кIыхь къыщIэлъти: Псыжь кIуэн хуейт, Iуэху къылъыкъуакIауэ.
Жэбагъы гъуэгу зэрытехьар зэхахри, шу гуп лъежьащ, лъэщIыхьэри жраIащ:
- ЩIэх къэбгъэзэнукъым. Къэбгъэзэху дызэрыпсэун псалъэ къыджеIэ.
- БлакIам фыкIэлъымыджэ, - къажриIэщ Жэбагъы. - Нэхъыбэм къаублэр хабзэщи, абы феувалIэ.

Жэбагъы и уэсят

Жэбагъы жьы хъууэ и лIэгъуэр къыщыблагъэм:
- Уэсят къытхуэгъанэ, - жари жылэр къелъэIуащ.
- Си уэсятыр мыращ, - жиIащ Жэбагъы. - Япэ фымыуэ, къывэуэм фыпимыкIуэт. Гъунэгъу Iей благъэ фымыщI. ФифI фымыгъэпуд. Фи Iей фымыгъэпщкIу. Зэманым фыдекIу.

Гукъинэж хъыбар
Алыхьым зэриухам хуэдэу хъуащ

Илъэс 85-рэ къэзыгъэщIауэ иджыри езыкъутэкIыу псэу Аслъэн дадэ къызжиIэжащ мы хъыбарыр.
Си джэгу хэтыгъуэ-къэшэгъуэт. Ар къысIэ­ры­мы­хьэмэ, сылIэн сфIэщIу сызыпылъ хъыджэбз дахэр хьэгъуэлIыгъуэм къыщызгъэуджу дыздыхэтым: «Мы утыкум ди гурыIупсыр къажэу куэдрэ цым-цым жоуэ димыту, сеуэу ныжэбэ усхьын», - жызоIэ. И дамэр дришейри зыкъысхуигъэфIэIуа мыхъумэ, хъуни-мыхъуни къызжимыIэу си япэкIэ къэзыгъэуджу сэ къызыIэпысха щIалэмкIэ еплъэкIащ. Сэри, абы къисхаи щымыIэу, «апхуэдэурэ укъыдэнэжынущ уэ…» - жысIэу сыдэгушыIэурэ сыкъыздекIуэкIым, нетIэ къызыIэщIэсха, пащIэ дахэ зытет щIалэм сIэпихыжащ.
Аурэ, уджыр ягъэувыIэри, къэфэным щIадзэжащ. Си къэфэгъуэ чэзур къыщысынум сыпимыгъаплъэу, си ныбжьэгъужь Зулхьэчим къыскIэрыхъыжьэри, езыр зыпылъ хъыджэбзыр здэщыIэ нэгъуэщI джэгу гуэрым сишащ. Дезэшыху дыкъыщыфащ, дыщыуджащ, джэгур яухри щхьэж и унэ дызэбгрыкIыжащ… Сыкъэсыжмэ, ди пщIантIэм зы шыгу зэщIэщIа дэтщ и вожэр бжыхьым едзэкIауэ. Ди анэр унэбжэм итщ: «А щIалэ, ныжэбэ жэщым дэнэ ущыкIуэда? Нысэ къыдахьэлIащ…». «Хэт?!» - жызоIэ, си жьэр Iурыхуауэ. ПащIэ дахэ зытет егъэджакIуэ Лъостнащ (ар ди анэмкIэ ди Iыхьлыт) сэ сызыпылъ хъыджэбзыр къигъэкIуасэри, ди деж кърихьэлIауэ арат. Къэхъуар си фIэщ схуэмыщIу, нысащIэр зыщIэс пэшым сыщIэлъэдащ си нэшхуитIыр къихуу.
Арат. ИлъэситI хъуауэ сызыпылъ, ныщхьэбэ къыщызгъэуджым зи дамэр дэзышея си хъыджэбзыр жэщитI фIэкIа джэгум щимылъэгъуа щIалэ пащIэ дахэм къигъэкIуасэри ди деж кърихьэлIауэ си лэгъунэм щIэт гъуэлъыпIэ гъэщIэрэщIам зигъэнэмысыфIэу кIэрытт. Лъостнащи, мэзым щIэтым я нэхъ дахэ щыхьыр зэ уэгъуэм къизыуда щакIуэжьым хуэдэу, зыIурыбзаеу адэкIэ къыщытт.
НэгъуэщI къысхуэнэжатэкъыми, нысащIэм соупщI:
 - Мыр пэж?!
- Пэжщ, тхьэ.
 - Дауэ ухъу?
- Алыхь Iуэхущ. Абы зэриухам хуэдэу хъуащ…
Сэ щауэкъуэт сыхъунутэкъыми, си щхьэр дэсхри, нысащIэр зейм и унэ ирашэлIэжыху сыкъекIуэлIэжакъым. ФIыуэ слъагъуу, езыми сыкъилъагъужу къысщыхъу си къэшэным апхуэдэу щIищIар нобэми къысхуэщIакъым.
*       *       *
Си ныбжьэгъужьым жьы хъужыхукIэ къыхуэмыщIа щхьэусыгъуэр мырауэ пIэрэ жызоIэ: зи ишэгъуэ хъыджэбз хьэзырыр илъэситIкIэ къигъэбырсейри къыщимышэм, зышэн щIалэ хьэзыру къыкъуэкIри, дэкIуауэ аркъудейщ.
Къэрмокъуэ  Мухьэмэд.

ФIыуэ слъагъум и нэ щIыхухэр
Новеллэ
ЛIым зыдгъэлъагэ пэтми
Я лъэгуажьэм ди жьакIэр нэскъым…
Агънокъуэ Лашэ.

Дунейм зауэ мыхъумыщIэу тетам я бжыгъэр зыми ищIэжыркъым. Абыхэм цIыху дапщи хэкIуэда?! Ауэ, ахэр зыми щыщкъым цIыхубзым къуищIылIа зауэм елъытауэ. Абы и бийуэ уигъэувамэ - уи Iэр Iэтауэ утыку ихьэ, дауэ ищIми - къыптекIуэнущи. ЦIыхубзым куэд хузэфIокI! Наполеон, Гитлер сымэ сытым щыщхэ абы елъытауэ?! Тхьэ фхуэсIуэнщ, ахэр цIыхубзу щытамэ, текIуэныгъэр зэраIэнумкIэ! Уеблэмэ, иныжьри къишэнщи уи пащхьэм къыщигъэфэнщ. А псор зэрищIэнури - пыгуфIыкIыурэщ…
Уэ, дауи, ар пщIэркъым, ахъумэ, си пащхьэм апхуэдэу зыбгъэпагэу уисынтэкъым. Уэ утопсэлъыхь лъагъуныгъэм, ауэ ар уи дежкIэ хамэу жыбоIэ. Си гум хуабагъэ гуэр зэрыпхуилъыр къэпщIащи, ди джэгум щытепщэр уэрауэ къыпщохъу.
Сэ узэпызудкъым, къэсакъым иджыри си «кIуэгъуэр». Уи нэ щIыхуитIым сыщIэплъэм сфIэфIщи, сыпогуфIыкIри сыщысщ.
- СщIэркъым сэ лъагъуныгъэ жыхуаIэр, - жыбоIэ уэ. - Ар хуэмыхухэм къагупсыса Iуэхугъуэщ. ПщIэ хуэпщIмэ, уигу къэкIмэ аракъэ лъагъуныгъэ хъужри?! Абы псалъэ лей хуейкъым. Сэ сыкъапщтэмэ, апхуэдэ IуэхугъуэхэмкIэ сыпхуэубыдынукъым. СыхыфIадзэжын щхьэкIи сыгузавэркъым. Уэри ухуитщ къыхэпхынумкIэ, сэ зыри хэзгъэзыхьыркъым. Зэи зыми къыкIэлъызжыхьынукъым… Си хьэлри шэчыгъуафIэкъым… Ауэ, зысхъуэжынуи зызгъэхьэзыркъым. Егупсыс, сызэрыщытым хуэдэу укъысхуэмеймэ, ар уи Iуэхужщ…
Уи псалъэхэм зыри пыздзыжакъым. СыткIэ сыхуей сэ а псалъэ лейхэм, уи нитIым псори къыщызжаIакIэ?! Абыхэм куэд щIауэ зыкъызагъэщIащ сэ.
Ауэ, итIанэми, мы зэпеуэм щытекIуар наIуэ сщIыну сыхуейщ. Уэ уздэпсалъэм, зэуэ си шэнтым зыкъытызоIэтыкI.
- Дэнэ уздэкIуэр?! - укъэгузэвауэ укъызоупщI уэ.
Хуэмуурэ сотIысэхыжри, сыпхуогуфIэ:
- Тыншу сытIысауэ аращ…
Иджыпстурей Iуэхугъуэм къикIыр тIуми къыдгурыIуауэ дызоплъыж.
- Ей, уэри уэ! Сыту убзаджэ-тIэ, - удыхьэшхыурэ жыбоIэ. Сэри уи нэ щIыхуитIым гу щызмыхуэжу соплъ…
СфIэфIщ апхуэдэу къыщызжепIэм деж…
ГъукIэ Маринэ.

Си адэм къиIуэтэжахэр
*      *      *

- Уэи, абы зэфIэкIышхуэ иIэмэ, хуабжьу хуэщIащ, мылъкуи иIэщ, - жиIащ зылI щхьэкIэ щIалэжьым.
- Акъылу иIэр сыту пIэрэ? - щIэупщIащ ар зыжраIа лIыжьыр.

*      *      *
- Уа, Хьэмзэт, уи къуэр бригадиру ягъэуващ, Тхьэм хригъэгъахъуэ,- лIыжьыр ягъэгуфIэн я гугъэу жраIащ.
- Уа, тIо, бригадирри хъарзынэщ, ауэ си къуэр пщэдджыжькIэ къэзыгъэушыну хэт ягъэувар? - щIэупщIащ лIыжьыр.

*      *      *
- А си щIалэ, Къурей кIуэн хуейщ, - жиIащ хуэм дыдэу лIыжьым и къуэм зыхуигъазэри, адэкIи дадэр и Iуэху яужь ихьэжащ.
Зы махуэ дэкIауэ къуэр къыдыхьэжри и адэм еупщIащ:
- Уа, си адэ, Къурей сыкIуэри сыкъэкIуэжащ. КIуэн хуейуэ щIыжыпIар сытыт абы?
Къуныжь  ХьэIишэт.
.

 

НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ
Поделиться:

Читать также:

24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ
19.04.2024 - 16:23 НОБЭ