Гугъэри щIэгъэкъуэнщХьэршым Финляндием метеорологиемкIэ и институт нэхъыщхьэм (FMI) и лэжьакIуэ, физик Янхунен Пеккэ къызэрилъытэмкIэ, ЩIы Хъурейм тес цIыхухэм хьэршым псом япэу псэупIэ нэхъ щаухуэфыну щытыр Юпитерымрэ Марсымрэ я зэхуаку дэт астероид «бгырыпхым» хыхьэ планетэ цIыкIужьейхэм я нэхъ ин Церерэ къедза и къэухьырщ. Дызэрыщыгъуазэщи, къэрал куэдым я астрономхэм ди планетэм щыпсэу цIыхухэр здэбгъэIэпхъуэн и лъэныкъуэкIэ псом нэхъ зэгъыу иджыри къыздэсым къалъытэу щытар ди планетэм къедза Мазэрщ е ди ЩIым хуэдэу Дыгъэм и хъуреягъыр къэзылъэтыхь Марсырщ. Пэжщ, а щIэныгъэлI дыдэхэм я нэхъыбэр щыхьэт зэрытехъуэжымкIэ, мыбдежым къыщыхэдгъэща уафэщIхэм - Мазэмрэ Марсымрэ - цIыхухэр щедгъэпсыхыным къищынэмыщIа, зэман кIыхьым къриубыдэу и гущIыIум тедгъэпсэукIыныр хуабжьу дызытегушхуэ мыхъунщ икIи дзыхьщIыгъуэджэщ, апхуэдизу а «хэгъэгухэр» а Iуэхум зэрыхуэмыщIам къыхэкIыу.
Поделиться:
Читать также:
19.04.2024 - 17:44 →
ЩIэблэ къабзэ къытщIохъуэ
15.04.2024 - 14:52 →
Агуий и Iэхэлъахэм
15.04.2024 - 12:10 →
Гагарин и гуфIэкIэ
11.04.2024 - 09:30 →
УнафэщIхэмрэ IэнатIэ лъыхъуэхэмрэ зэрощIэ
10.04.2024 - 11:00 →
Дисанэ и ехъулIэныгъэ
|