«Шэрджэсейр къызоуз»

Половинкинэ Тамарэ Василий и пхъур Сочэ къалэм пэгъунэгъу ПсыфIэпэ (Ла­заревское) къуажэм дэт этнографие музейм и щIэныгъэрылажьэ нэхъыщхьэщ. Харьков къэрал университетым и тхыдэ къудамэм зэрыщеджэм хуэдэурэ, абы 1973 гъэм лэжьэн щыщIидзащ а къалэ дыдэм дэт, Украинэ республикэм и тхыдэ архивым. 1974 гъэм Половинкинэр Сочэ къалэм мэIэпхъуэри, абы дэт музейм и лэжьакIуэ мэхъу, иужькIэ Лазаревскэм къегъэзэжри, 1985 - 1994 гъэхэм къуажэм дэт этнографие музейм и унафэщIу ягъэув.
Половинкинэм адыгэ-шэрджэсхэм я тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ теухуауэ тхыгъэ 20-м щIигъу и IэдакъэщIэкIщ. 1989 гъэ ­лъандэрэ ахэр къытохуэ Бжьэдыгъукъалэ и Iэгъуэблагъэм къыщыдэкI «Черноморская здравница», «Шапсугия», «Нарт» ­газетхэм. Абыхэм ящыщщ: «Убыххэр», «Шапсыгъхэр», «Адыгэхэр - Шэрджэс­хэр», «Садзхэр», «Шапсыгъ лъэпкъ хэ­гъэгу», «Кавказ хы ФIыцIэ Iуфэр зи хэкухэр», нэгъуэщIхэри. Половинкинэм и тхыдэ лэжьыгъэхэр ихуащ «Кубаным и щIэн­гъуазэ» (Краснодар, 1997), «Шапсыгъ щIыналъэм и дыщэ кIанэхэр» (Мейкъуа­пэ, 2001) тхылъхэм. Ар хэтащ «Сочи и тхыдэр» тхылъым елэжьахэм. Нобэ фи пащхьэ идолъхьэ Половинкинэм и тхылъ цIэрыIуэ «Шэрджэсейр къызоуз» («Черкесия - боль моя») (Мейкъуапэ, 1999 гъэ) тхылъым щыщ пычыгъуэхэр.

Адыгэхэр  я  Хэкум зэрырагъэIэпхъукIар

КъухьэпIэ зауэр щиухам Сэфэр-бей Iэнэпэ щыIэт. Дауи, ар щыгъуазэт Тыркум и инджылыз дамэгъухэм Шэрджэсейм хуамурадым: щIыналъэр е щхьэхуит хъун хуейт, е Уэсмэн къэралы­гъуэм и жьауэ щIэувэнут. Ардыдэм тетут зэрыпсалъэр «зэгурыIуэныгъэм» елэжьу Париж ягъэкIуа инджылыз лIыкIуэхэри. Сэфэр-бей щыгугъырт зауэм щытекIуа Тыркум Шэрджэсейр щхьэ­хуиту къигъэнэныр адрей къэралхэм япиубыдыфыну е, нэгъуэщI мыхъуми, езыр адыгэхэм къащхьэщыжыну. Ауэ инджылызхэм я жэрдэмыр франджыхэм къыдаIыгъакъым, тырку лIы­кIуэри Iуэхур пхигъэкIын хуэдэу псэлъакъым. «Тыркум Кавказ Ищхъэрэми хы ФIыцIэ Iуфэ ипщэми политикэ Iуэху щызэрихуэркъым», - яжриIащ абы зэIущIэм къыщызэхуэсахэм. Кав­каз Ищхъэрэм и натIэ ­хъунум теухуауэ «Париж зэгурыIуэныгъэм» зы псалъэуха хэттэкъым. Апхуэдэ щIыкIэкIэ европей къэралхэми Тыркуми Урысейр мынаIуэу хуит ящIащ Кавказыр къиубыдыну. Урысейр къы­зэрыпхуэмыгъэувыIэнур къыгурыIуэу, Сэфэр-бей адыгэхэр тырку сулътIаным бгъэдэувэныр нэхъыфIу ­къилъытэрт, Урысейм и жьауэм щIэувэн нэхърэ. Адыгэ­хэр Тыркум гухьэкIэ я ­хуитыныгъэр яфIэкIуэдэну игу къэкIыртэкъым. Шэч хэмылъу, абы и жэрдэмкIэщ 1856 гъэм адыгэ лIыкIуэхэр Тыркум зэрелъэIуар щхьэ­щы­жакIуэ къахуэхъуну.
Урысхэр Кавказым къы­зэребгъэрыкIуэр къызэри­щIэу, Сэфэр-бей 1856 гъэм Iэнэпэ ибгынэри, и уна­гъуэмрэ езым и лъэныкъуэр зыIыгъхэмрэ щIыгъуу шап­сыгъ щIыналъэм щыIэ Шапсэгур псыежэхым деж (иджырей Абын и сэмэгу ­Iуфэ) Iэпхъуат. Тырку къулыкъущIэу утыку ихьауэ, абы псори Тыркум тхьэрыIуэкIэ бгъэдэувэным, нэIибым ены­къуэкъуным тригъэгуш­хуэрт. Мухьэммэд-Iэмин пцIы­упсу, сулътIаным абы и пщэ зыри къыдимылъхьа хуэдэу игъэIурт, уеблэмэ «цIэ зыфIэзыщыжар» яукIыну къыхуриджэрт. А зэманым Сэфэр-бей Iэщэр гъэ­тIылъыпхъэу, Урысейм афIэкIа езэуэн хуэмейуэ ­къилъытэрт. Ауэ щыхъукIэ Филиппсоным хуригъэхь тхыгъэхэм абы пащтыхьы­гъуэр щигъэкъуаншэрт, Париж зэгурыIуэныгъэм зэригъэувам тету, Азием щыIэ урыс-тырку гъунапкъэр хамэ къэрал комиссэм иджыри зэримыубзыхуам щхьэкIэ къимыгъанэу, къыщIидзэжауэ адыгэхэм зэрезауэмкIэ. Генералым абы гу лъригъатэрт адыгэхэр къэралыгъуэ щхьэхуэ хуэдэу Тыркум и лъэныкъуэкIэ КъуэкIыпIэ зауэм зэрыхэтам икIи хэкъузауэ жиIэрт Урысейм Шэрджэсейр щхьэхуиту къилъытэн, абы и ужькIэ къэралитIым зэгурыIуэныгъэ зэ­ращIылIэн зэрыхуейр.
1857 гъэм и мазаем ТIуапсэ деж Польшэм езым я жэрдэмкIэ къикIа зауэлIи­щэ, Лапинский Теофил я пашэу, къыщитIысыкIат. Ахэр 1860 гъэ пщIондэ адыгэхэм я лъэныкъуэр яIыгъыу зэ­уащ. А гупым и гъусэу тырку офицер, ауэ лъэпкъкIэ мэ­жэр Бандья жыхуаIэри къэкIуат. Ар, Маркс Карл хуэзэу зэрыжиIамкIэ, Сэ­фэр-бей (Занокъуэм) «и блы­гущIэтхэм я унафэщIт». Куэд дэмыкIыу къыщIэщащ Бандьярэ урыс генерал Филиппсонрэ я зэхуакум тхыгъэ щэхухэр зэрыщызекIуэр. Тхыгъэхэм языхэзым Бандья генералым хуетх Занокъуэ Сэфэр-бей зи пашэ «Шэрджэсей зэгухьа» къы­зэбгъэпэщрэ «уи щIыхуэ зэрытелъыр захебгъащIэмэ, адэкIэ псори езыр-езыру узыхуейм зэрыхуэкIуэнур». Бандьям иджыри генералым хуитхырт: «Урысейм нэхъ къищтэнутэкъэ Шэрджэсейм мамырыгъэ щиухуэныр? Шэрджэсхэр илъэситху ипэ зэрыщытам хуэдэжкъым. Армэ зэгъэпэща цIыкIу закъыщIэзыгъэкъуам и фIыгъэкIэ ахэр урысыдзэм нэхърэ мынэхъ Iейуэ мэзауэ, абы ищIыIужкIэ я динымрэ я хуитыныгъэмрэ папщIэ зы цIыху къэмынэжыху зэуэнухэщ. Абы къыхэкIыу, а хуитыныгъэр епта хуэдэу къафIэбгъэщIмэ нэхъыфIкъэ? Пщы лъэпкъым къыхэкIа гуэр нэхъыщхьэу ящхьэщыбгъэувэу, а пщыр иужькIэ урыс пащ­тыхьым и жьауэ щIэбгъэувэжмэ зэфIэкIащ. Сытми, Шэрджэсейм Куржы етIуанэ къыхэпщIыкIыу».
 Шэч хэлъкъым Сэфэр-бей Шэрджэсейм и тепщэу езыр теувэну зэрыхэтам, ауэ абы щIыналъэр и гъусэу Урысейм и жьауэ щIэувэжыну зигъэхьэзырыртэкъым. Ар зыхуейр Урысейми, адрей хамэ къэралхэми Шэрджэсейр, дунейм щызекIуэ хабзэм тету, щхьэхуиту ­къригъэлъытэу Урысейм ­мамырыгъэ зэгурыIуэныгъэкIэ бгъэдигъэувэжы­нырт. Ауэ, ехьэкI-къехьэкI хэмылъу жыпIэмэ, Сэфэр-бей адыгэ псоми пашэ яхуэхъуфыну хуэгъэфэщэ­гъуейт, сыту жыпIэмэ, абы и Iулыджыр Натыхъуей къудейм щыинтэкъым, Шап­сыгъ псом и гугъу умыщIми. Бандьями ар фIы дыдэу ищIэрт. Хьэвжокъуэ Ж. пэжу зэрыжиIауэ, абы нэхъыбэ дыдэу хузэфIэкIынур «Натыхъуей пщыгъуэ» къызэри­гъэпэ­щынырт. Мэжэр пцIы­Iуэп­цIышэм и мурадыр, КIэрашэ А. и псалъэкIэ, Шэрджэсейр гуэщхьэхукIын гукъыдэжкIэ къызэщIигъэплъэнырт, Урысейми абы и фейдэ хэлът. Куэд дэ­мыкIыу Бандьям зэрихьэхэр Лапинскэм къыщIигъэщри, ар егъэзыгъэкIэ Тыркум ­яхужащ.

Чэрим Марианнэ.
Поделиться: