Анэдэлъхубзэм и дунейпсо махуэр ягъэлъапIэ

Хабзэ зэрыхъуауэ, КъБКъУ-м и педколледжым мазаем и 19-м щагъэлъэпIащ Анэдэлъхубзэм и дунейпсо махуэр. Абы ирихьэлIэу литературэ-макъамэ композицэ ягъэхьэзыращ адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмрэ я егъэджакIуэхэу, филологие щIэныгъэхэм я кандидатхэу Пэщол Сакимэ, Лъостэн Марьянэ, Аппаевэ ФатIимэ сымэ, я студентхэр я дэIэпыкъуэгъуу.

ЗэIущIэ гуапэм ирагъэблэгъащ педколледжым и унафэщI Ашэбокъуэ ФатIимэ, гъэсэныгъэ лэжьыгъэхэмкIэ абы и къуэдзэ Ансокъуэ Залинэ, еджапIэм и къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ Архэст Сусаннэ, егъэджакIуэхэр, студентхэр.
Пшыхьыр езыгъэкIуэкIа КхъуэIуфэ Алинэрэ Толгуровэ ФатIимэрэ кIэщIу къытеувыIащ махуэшхуэм и тхыдэм икIи абыхэм я псалъэм къыхагъэщащ ЮНЕСКО-м и къэпщытэныгъэхэмкIэ, дуней псом лъэпкъыбзэу тет минихым я зэхуэдитIыр кIуэдыжыпэнкIэ шынагъуэ зэрыщыIэр, дэтхэнэ зы лъэпкъыбзэри зэрытелъыджэр, щхьэж и анэдэлъхубзэм зригъэужьыну, ар зэрылъэкIкIэ иригъэфIэкIуэну, ихъумэну зэрикъалэныр.
Зэхыхьэр ягъэдэхащ КъБКъУ-м уэрэдымрэ къафэмкIэ и «Амикс» театрым, Налшык къалэм и гимназие №1-мрэ №29-мрэ я гъэсэнхэмрэ студентхэмрэ. ЩIэблэр тепсэлъыхьащ адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмрэ я тхыдэмрэ ягъуэта зыужьыныгъэмрэ, анэдэлъхубзэм хуаIэ лъагъуныгъэм теухуа усэхэм къеджащ, лъэпкъ къафэхэр ягъэлъэгъуащ, уэрэдхэр ягъэзэщIащ. Пшыхьым зэрыхэтам щыхьэт техъуэ сертификатхэр зыхуагъэфэщахэм яритыжащ Архэст Сусаннэ.
Зыщыщ лъэпкъми зэрыт ныбжьми емылъытауэ, анэдэлъхубзэр, лъэпкъ щэнхабзэр хъумэным укъыхуезыджэ пшыхьым кърихьэлIахэр зэхыхьэ дахэм нэхъри зэкъуигъэуващ, зэгъунэгъу лъэпкъхэм я бзэм хуаIэ пщIэм хигъэхъуащ,
 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: