Илъэсым и егъэджакIуэ нэхъыфIхэм ящыщу къалъыта Борэн ФуIэдХъыбар гуапэ Волгоград къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ «Урысейм и егъэджакIуэ нэхъыфI-2020» къэралпсо зэпеуэм и кIэух Iыхьэр икIи абы къыхэжаныкIахэр ягъэпэжащ. Ди республикэм щыпсэу куэд зыщыгуфIыкIа хъыбар къикIащ а къалэм. «Учительская газета»-м и редактор нэхъыщхьэ Хасавов Арслан зи унафэщI IуэхущIапIэм къыбгъэдэкI саугъэт хэхар къратащ Тырныауз къалэм дэт етхуанэ гимназием физкультурэмкIэ и егъэджакIуэ Борэн ФуIэд. Ар яту зэрыхуежьэрэ иджы япэу ар хуагъэфэщауэ аращ физкультурэмкIэ егъэджакIуэм.
Поделиться:
Читать также:
23.04.2024 - 19:01 →
ГъуэгуфIхэр нэхъыбэ мэхъу
23.04.2024 - 13:54 →
Зэхуэсышхуэм зыхуагъэхьэзыр
23.04.2024 - 12:52 →
Компьютер щIэпхъаджащIэхэм щахъумэ
23.04.2024 - 10:48 →
Iуащхьэмахуэ куэдым я плъапIэщ
20.04.2024 - 10:52 →
Ветеранхэм гулъытэ хуащI
|