МЭРЕМ ПШЫХЬ

Къэхъуа
МыIэрысэ хущхъуэхэр

Ди хьэблэ дэсащ щIалэ цIыкIуитI: Къумыкъу Болэрэ Шагъыр Мышэрэ. Ахэр зэныбжьэгъуфIт, зы махуэ зэхуэмызамэ, зэхуэзэшу. Болэ Iэпсыгъуэлъэпсыгъуэт, нэбжьыц кIырт, Iупэ Iувт. Мышэ нэхъ зэIэщIэлът, и Iэ-илъэхэр инт, езыр къарууфIэт. НыбжькIи зэрагъэхь щыIэтэкъым, тIури зыгъэшкIэт, мазэ бжыгъэкIэ Мышэ нэхъыжьу. Илъэс пщыкIутI-пщыкIущым итхэу арати, я джэгугъуэт, бзаджэгъуэт. Зауэ нэужьти, псэукIэр хьэлъэт, ауэ цIыкIухэм ар зыхамыщIэ хуэдэт, зэрызытрагъэуни ящIэни ягъуэтырт.
Болэрэ Мышэрэ зэрызэгъунэгъу къудейратэкъым зэныбжьэгъу зыщIар. Зэрыгъэунэхуауэ, тIуми шынэ жыхуаIэр ящIэртэкъым, дэтхэнэри я нэхъ жэщ кIыфIми къуажэкхъэм ихьэфырт и закъуэу. Адрей щIалэ цIыкIухэу абыхэм я ныбжьэгъухэм ар ялъэкIыртэкъым. Арати, Болэрэ Мышэрэ, я псэр зы чысэм илъщ, жыхуаIэм хуэдэу, къызэдэхъурт.
Зэгуэрым, гъэмахуэр щиух лъэхъэнэу, Болэ сымаджэ хъуат. Мышэ къакIуэри, абы и пIэ лъапэм деж зыкъомрэ щысащ щыму, нэщхъейуэ.
- ЛIо, Мышэ, пфIэгуэныхь сыхъурэ? - еупщIащ абы Болэ.
- Ахьейми ухъурэ, - жиIащ Мышэ.
- НтIэ сыхъужыну ухуей?
- Ахьей сыхуей. Си закъуэщи, созэш.
- НтIэ, ухуеймэ, мыдэ къэдаIуэ: занщIэу сыхъужыну къысфIощI, ЗакIуий Быбэхэ я мыIэрысэ пасэм щыщ сшхымэ. КъыбгурыIуа?
- КъызгурыIуащ, - жиIащ Мышэ. - СыкIуэнщи, Быбэ селъэIунщ.
ТIури щIэдыхьэшхыкIащ, нащхьэ зэхуащIри.
ЗэрыжиIам хуэдэу, пщыхьэщхьэхуегъэзэкI хъуауэ, Мышэ ипщэ хьэблэм кIуащ, Быбэ мыIэрысэ къыIрихыу Болэ къыхуихьыну.
Куэбжэм Iуту джэурэ, сытми зы зэман Быбэ зэхихри къыщIэкIащ. Ар лIышхуэт, набдзэ Iуву, нэкIу тхъуэплъ хъужауэ.
- ЛIо узыхуейр? - къеупщIащ ар Мышэ, бжыхьым къыщхьэпрыплъурэ.
- Быбэ, - жиIащ Мышэ, - Къумыкъу Машэ и къуэ Болэ сымаджэ хъуащи, фи мыIэрысэ пасэм щыщ ишхамэ, хъужыну жеIэри, кхъыIэ, къызэти, хуэзгъэхь.
- А, хьэмэ къилъхуа, абы сыткIэ ищIэрэ дэ мыIэрысэ пасэ диIэу?
- Модэ Елей Мурид сымэ къыжраIащ… - пцIы иупсащ Мышэ. Армырамэ, дауэ жриIэнт Болэрэ абырэ хэтхэ я хадэ сыт итми фIыуэ зэращIэр…
- ЛIо, ди мыIэрысэхэр хущхъуэ хъуа и гугъэ абы? - жиIащ Быбэ. - Хьэмэрэ фи хьэблэ щимыгъуэту ара? Зегъэхь адэ, сэ мыIэрысэ згуэшыркъым.
Пэжыр жыпIэнумэ, Мышэ щыгугъыщэртэкъым Быбэ мыIэрысэ къритыну, итIани, елъэIуу къыжриIэнум еплъыну хуейти арат щIэкIуар.
Мышэ Быбэхэ я куэбжэм къыIукIыжри къежьэжащ. Пшапэр зэхэуэу хуежьат. Мышэ уэрамым щыджэгу цIыкIухэм зыкъомрэ яхэтащ, итIанэ къежьэжащ псоми ялъагъуу: «сокIуэж» жиIэри.
АрщхьэкIэ абы и мурадтэкъым IэнэщIу Болэ къыхуэкIуэжыну. ИкIи къыхуэкIуэжакъым, къыхуихьащ мор зыщIэхъуэпс мыIэрысэ пасэхэм щыщу и гуфIакIэм дэз…
Пщэдджыжьым Быбэ я жыг хадэм зэрихьэу къилъэгъуащ мыIэрысэ куэд жыг щIагъым зэрыщIэлъыр, зыгуэр теувэурэ зырызхэри ипIытIауэ. «Ядыгъуащ, - игу къэкIащ Быбэ. - Дыгъуэпшыхьрей щIалэ цIыкIур армырауэ пIэрэ?» Уэрамым дыхьэри, хьэблэ щIалэ цIыкIухэм еупщIащ: «Дыгъуэпшыхь ищхъэрэ хьэблэм щыщу мыпхуэдэ флъэгъуа?» - жиIэри. «НтIэ, къыддэджэгури тлъагъуу ехыжащ», - жаIащ цIыкIухэм. «Пэжынущ,- жиIэрт Быбэ, и пщIантIэ къыдыхьэжурэ. - Апхуэдэ цIыкIу мышынэу хадэм къихьэфынукъым. Хэту пIэрэ-тIэ?»
Быбэ сыткIэ ищIэнт дыгъуэпшыхьрей щIалэ цIыкIур, хадэ дэнэ къэна, жэщ ныкъуэм кхъэм ихьэфу?..
Тхьэмахуэ нэхъ дэмыкIыу, Болэрэ Мышэрэ жыжьэу блэкIыу Быбэ ялъэгъуати, «мес мыIэрысэ хущхъуэ зиIэр!» - жаIэри, дыхьэшхыу щIэпхъуэжахэщ.

Къагъырмэс Борис.

ЖыIэгъуэхэр
КъыфIэхуащ езым и щхьэм аркъэн

•«Си узыншагъэр къутащ, - жеIэ Мысхьуд, -
Сызэфэри мыаркъэ пуд».
•Зэрыдэн мастэ имыгъуэтым,
КIуэнущ занщIэу Хьэрыпым.
•Дэмылъми и пщэм бжьы,
ИщIащ бын мыхъумыщIэм жьы.
•Стэкан нэщIым зытрегъэгусэ,
Из ящIамэ, зримыусыгъуэджэ.
•НэгъуэщIым хуидзати къапхъэн,
КъыфIэхуащ езым и щхьэм аркъэн.

Къардэн Мухьэмэд.

ГушыIэ
Щхьэмрэ лъакъуэмрэ

Сэ си ныбжьэгъу гуэр деж лъагъунлъагъу куэдрэ сыкIуэрт… СыкIуэхункIи и лъакъуитIыр пIэщхьагъым телъу, и щхьэм зыри щIэмыдзауэ гъуэлъыпIэм илъу срихьэлIэрти, ар гъэщIэгъуэн къысщыхъури, сеупщIащ:
- Мыр слIо, зиунагъуэрэ? Уи лъакъуэр щхьэнтэм телъщ, уи щхьэм зыри щIэмыдзауэ ущылъщ. Сыт мыпхуэдэу щIэпщIар?
Си ныбжьэгъум зэуэ жэуап къызитыжащ:
- Си щхьэм и зэранкIэ си лъакъуитIыр куэдрэ гугъу ехьащи, иджы зезгъэгъэпсэхужу аращ!

Бекъул Барэсбий.

Прозэу тха усэхэр
Колумб зэрыгуфIар сытым щыщ!

Мазиблым ит хъыджэбз цIыкIур махуэ зытIущ хъуауэ яIэщIопкI, яIэщIолъ, яхуэубыдыжыркъым. И анэшхуэр егъэбэлэрыгъри, щIым зредзых. Ауэ фызыжьыр мапхъуэри и къуэрылъху цIыкIур, цы Iэрылъхьэу, къеубыдыж. Ар и гуапэ хъуркъым сабийм: и анэшхуэм и Iэблэм зыкъригъэцIэнтхъуэхыну адэкIэ-мыдэкIэ зеIуантIэ-зешантIэ.
- Мы плъагъум сыпэлъэщыжыркъым: къикIухьынущ! - жеIэ анэшхуэм, сабийри, щымыхъужым, щIым гъунэгъу хуещI.
Хъыджэбз цIыкIум и лъакъуэ лъэныкъуэр ирегъэлэлэх икIи щIым япэу йоIусэ. Япэ дыдэу. МэгуфIащэри, и нэр щоункIыфIыкI, и лъакъуэ цIыкIур къепхъуэтэж, и нэр зэтрепIэри, къызэтрехыж: дыгъэм зыщхьэпредзри, зыкъыщхьэпредзыж.
Сабийм и лъакъуэ цIыкIур аргуэру ешийри, етIуанэу щIым йоIусэ: аргуэру дыгъэм зыщхьэпредзри, зыкъыщхьэпредзыж.
Америкэр къыщилъэгъуам Колумб зэрыгуфIар сытым щыщ япэ дыдэу щIым щеIусам а сабийм къигуфIам елъытауэ!

«Бзагуэ»

Бзагуэу къафIэщIурэ, зыгуэр зыкъомрэ екIуэкIащ. ИтIанэ, и бзэр къиутIыпщыжри, хъущIэу хуежьащ:
- Иджыри къэс жыфIа псоми хъуну зыри хэлъкъым!
- Уэ…убзагуэтэкъэ?
- Хьэуэ.
- НтIэ, зыри жыпIэртэкъыми?..
- Зыри сигу ирихьыртэкъыми, зыри жысIэртэкъым.
- НтIэ, иджы ирихьыжауэ ара?
- Иджы сыт жыпIэми мэхъу.

Сыт пщIэфын?

- ЖьакIэупсу улэжьэфыну?
- Хьэуэ: си Iэпэлъапэр мэсыс.
- Ушоферыфыну?
- Хьэуэ: си лъакъуэ лъэныкъуэр фIыуэ къыздэбзыркъым.
- Дэрбзэру улэжьэфыну?
- Абыи сыкъикIыркъым: сынабгъэщ.
- НтIэ, жэщ плъыру…
- Ари хъунукъым: сычэфу сыIурихмэ, сыкъыпхуэгъэушынукъым.
- СщIэркъым-тIэ пхуэсщIэнур… къэрал пхузехьэн?
- Айхьей зесхьэн: сыт абы хэлъыр!

Къэжэр Хьэмид.

Хабзэ
Лъэтеувэ

Сабийр къызыхэхъуа унагъуэм ящI тхьэлъэIухэм ящыщщ лъэтеувэр. Ар щащIыр сабийм къикIухьыф хъуа нэужьщ. Мэли щыни яукI, хьэлыуэ Iэнэ яубэ, хьэблэ фызыр ирагъэблагъэ, ягъашхэ, ягъэхъуахъуэ. Апхуэдэу мыбы кърохьэлIэ хамэ къуажэ щыпсэу я благъэ-Iыхьлы фызхэр. Ауэ апхуэдэм цIыхухъу хыхьэ хабзэкъым.
Хьэлыуэ Iэнэр щаупщIатэкIэ сабийр къашэ, утыкум ирагъэувэри йохъуэхъу, лъэтеувэ уэрэд жаIэ:
Мимэ, мимэ щIы, си дыгъэ,
Мимэ, мимэ щIы, си нэху.
Лъэтеувэр тхьэлъэIупIэщ.
Мимэ пщIырэ уи пIэм уикIмэ,
БэкIэ пащIэу, мес, ди дадэ
Фадэ пIащIэр и хьэзырщ.
Мимэ, мимэ щIы, си дыгъэ
Мимэ, мимэ щIы си фо.
Фадэ пIащIэм и нэмыщIу,
ГъэлъэхъущIэр пхау кIэрытщ…

Мы къебжэкIыр кIыхьу, зэхуэмыдэу, щIалэ цIыкIуми хъыджэбз цIыкIуми яхуэгъэзауэ хужаIэрт. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, нобэрей лъэтеувэм а къебжэкI дахэхэр кIэрыхужащ къанэ щIагъуэ щымыIэу.
Сабийр утыкум ирагъэувэрти, лъэпкъым я нэхъыжь фызыжьыр къыхашырт, сабийм и лъэхъур зэпиупщIын хуейуэ абы елъэIурт. Фызыжьыр сабийм бгъэдохьэ, и щхьэм Iэ делъэ, псалъэ IэфI куэд жреIэ, итIанэ и лъакъуэ цIыкIуитIым доIэбэри, сэ иIыгъымкIэ унэ лъэгур захуэу (сабийм и лъакъуэ зэхуакум дэкIыу) иребзэ, мыхэр жиIэурэ: «Лъэхъу цIыкIур изоуд, ялыхь фIыкIэ зегъакIуэ».
Лъэхъу-пщэхъу зэпыупщIым и къежьапIэр гурыIуэгъуэщ. Сабий зекIуагъащIэр лъэпэрапэу, джалэу зыгуэр къыщымыщIын щхьэкIэ жаIэрти, «зэпамыупщIынкIэ» Iэмал имыIэу ябжырт. Абы щыхьэт тохъуэ лъэхъу зэпыупщIыр лъэтеувэм и пэ къихуэу ящIу зэрыщытар. Сабийр къызэфIэувэу лъэбакъуэ тIэкIу ичу зэралъагъуу, асыхьэтым сэми лэныстэми зыгуэр къащтэри зэпаупщIырт.
Лъэтеувэр IэнэтеIэбэ хэмыту ящI хабзэкъым. «И насып зыхэлъыр, IэщIагъэ хуэхъунур зэдгъэщIэнщ», - жаIэрти, сабийм и пащхьэм ит Iэнэм хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр хутралъхьэ.
Сабийр яутIыпщри, Iэнэм бгъэдагъэхьэ, ар абы телъ хьэпшыпхэм дехьэх, тоIэбэри, зыгуэр къытрепхъуэтыкI. Къищтар IэщIагъэ хуэхъуну, абы и насып хэлъу жаIэу фыз къызэхуэсахэр мэгуфIэ, сабийм йохъуэхъу:
Лъапэ махуэ ичауэ,
Узыншагъэ иIэну,
Тэмакъ къачэ имыIэу
Къэзылъхуам здапIыжыну
Тхьэм жиIэ!

Лъэтеуэвэм кърихьэлIахэм гуфIэгъуэ Iэнэ къыхуащтэ. Псом хуэмыдэу гулъытэ зыхуащIыр сабийхэрщ. Ахэр ягъашхэ, хьэлыуэ яупщIэтам щыщи ират, ягъэджэгу.
Лъэтеувэр ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэм къадекIуэкI хабзэ дахэщ, Iыхьлыхэр зэрызыгъэлъагъущ, сабийхэр зыгъэгуфIэщ. Унагъуэм узыншэу къихъуа дэтхэнэ сабийми ар хуащIу щытащ, ноби а хабзэр щыIэщ.

Бгъэжьнокъуэ Барэсбий.

Псэущхьэхэм я дуней
Махъшэ

Махъшэр пшахъуэщIхэм, щIыпIэ хуабэхэм щопсэу. Ар икъукIэ бэшэчщ, сабырщ, жыIэдаIуэщ. Махъшэм и лъакъуэхэр инщ. АбыкIэ тыншу ар пшахъуэщIым щызокIуэ. Махъшэм пшахъуэщIым къыщыкI сыт хуэдэ удзри ешх. Махуэ зыбжанэкIэ псы емыфэми, псэуфынущ. Махъшэр хуабэвэхми щIыIэ уаеми щышынэркъым. Махъшэм шэ Iув къыщIокI. Абы цы щабэ куэд къытрах. Махъшэм нэбжьыцу тIу иIэщи, жьэ бзаджэ къепщэм нэр щахъумэ.

КIэпхъхэр

Уэздыгъей мэзышхуэм махуэ псом щоIэуэлъауэ еш зымыщIэ кIэпхъхэр. Зэм ахэр зы къудамэм илъмэ, адрейм лъэурэ псей жыг лъагэхэм я щхьэкIэм нос. Зэм жыг лъэдийм кIэрыту щIым къожэхри, дэ цIыкIу зэхуахьэс. Дэ цIыкIухэр жыг ку гъуанэхэм щагъэтIылъ.
Бжьыхьэм кIэпхъым и фэ гъуэплъыр джэдыгукIэ зэрехъуэкI.
КIэпхъым и шырхэр жыглыц щабэ зэрылъ жыг ку гъуанэхэм щапI. Гъуэ хуабэм ис шырхэм щIымахуэ щIыIэр зыуи зыхащIэркъым.

Цыжьбанэ шырхэр

Цыжьбанэ шырхэм, мастэм хуэдэу, банэ папцIэхэр щIэх къатекIэу хуожьэ. ТхьэмахуитI докIри, я дзэхэр къокI. А зэманым ирихьэлIэу а цIыкIухэм топым ещхьу зызэрагъэпщхьэф мэхъу. Цыжьбанэ шырхэм я нэхэр къызэрыпщIу, ахэр гъуэм къопщ, ауэ иджыри мэшынэхэри зым адрейм зрекъузылIэ.
Ин хъуа иужьи щалъхуа щIыпIэм цыжьбанэхэр куэдрэ щыболъагъу.

Бжэндэхъухэр

Гъатхэм деж бжэндэхъухэр ди щIыпIэм къолъэтэж. Унащхьэхэм тIурытI-щырыщу тесу, абыхэм дыгъэщIэ къыщIэкIым уэрэд хуаус.
Гухэхъуэщ бжэндэхъухэм я гъатхэ уэрэдым уедэIуэну!
Япэ махуэхэм бжэндэхъухэм я абгъуэхэр зэрагъэпэщыж. Абыхэм я абгъуэр чэзууэ яхъумэ. Зыр абгъуэм исщ, адрейм къелъэтыхь. Бжэндэхъухэм я абгъуэр щызэрагъэпэщыжкIэ сыи ищIысри къагъэсэбэп. Абыхэм абгъуэм иралъхьэ жыглыц, бжьэхуц, джэдыц, къауц, хъыданыжь, хьэуазэ. ИтIанэ абгъуэр икъукIэ куууэ ящI, джэду, къуаргъ лъэмыIэсын хуэдэу. ЛъэIэсыпэу щытми, ихьэфынукъым, абгъуэм и Iур зэвщи.
Бжэндэхъухэр зэи Iуэхуншэу щыткъым. Абыхэм губгъуэхэр, хадэхэр, мэзхэр яхъумэ, я сэбэпышхуэ цIыхум йокI.

Мэлей ФатIимэ.

НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ