ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр къызэралъхурэ илъэс 95-рэ ирокъу

Куэдым хуэунэтIащ

ТхакIуэ, усакIуэ, макъамэдж ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр 1926 гъэм Кэнжэ къуажэм къыщалъхуащ. Журналистхэр щагъэхьэзыр курсхэр къиуха нэужь, ХьэхъупащIэр Римский-Корсаковым и цIэр зэрихьэу Ленинград консерваторэ цIэрыIуэм къыщызэрагъэпэща Адыгэ студием щеджэну ягъакIуэ 1947 гъэм. ЕджапIэ нэужьым ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр лэжьащ КъБР-м и Къэрал филармонием, КъБР-м и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм я унафэщIу. Урысейм и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм и секретаруи щытащ.

1950 гъэм къыдэкIащ абы «Насып вагъуэ» зыфIища усэ тхылъыр. Абы къыкIэлъыкIуащ рассказхэр, повестхэр, романхэр зэрыт тхылъхэр. Апхуэдэхэщ «Фи пщэдджыжь фIыуэ» (1955), «НысащIэ» (1961), «Гур зыщIэхъуэпсыр» (1965), «Гъуэгухэр щIым телъщ» (1973), «Иужьрей удж» (1975), «АнитIым я къуэ» (1979), «Лъапэ махуэ» (1986), «Гъуэгущхьиблыр щызэхэкIым» (1992), «Тхыгъэ къыхэхахэр» (томитI хъууэ, 1996). Публицистикэ лэжьыгъэ куэди и Iэдакъэ къыщIэкIащ ХьэхъупащIэм. Ахэр теухуат щIэныгъэм, мэкъумэшым, щэнхабзэм, гъащIэм и лъэныкъуэ зэхуэмыдэхэм. Апхуэдэ тхыгъэхэр газетхэм щIэх-щIэхыурэ къытехуэрт.
1957 гъэм ХьэхъупащIэм къыхуагъэфэщащ «РСФС-м гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», Лъэпкъ литературэм хуищIа хэлъхьэныгъэхэм щхьэкIэ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ» цIэр, Республикэм и Къэрал саугъэтыр къыхуагъэфэщауэ щытащ.
2000 гъэм дыгъэгъазэм и II-м дунейм ехыжащ ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр. Абы и цIэр къыхэнащ литературэми, макъамэ щэнхабзэми. Ар къыхэнащ цIыхухэм я гукъэкIыжхэми. ИкIи а гукъэкIыжхэм къахощыж ар цIыху щабэу, лъэпкъым папщIэ зигу узу, и IуэхущIафэкIэ куэдым фIыIэ къахэщу зэрыщытар. Абы и деж цIыхухэм щагъуэтырт чэнджэщи, цIыхугъи, Iуэхутхьэбзи. Макъамэм, литературэм, гъуазджэм щыпхиша лъагъуэ дахэр ди лъэпкъ щэнхабзэм дежкIэ мыкIуэдыжынщ.
НафIэдз Мухьэмэд.

Макъамэдж лъэщт

Ди лъэпкъ гъуазджэм зиужьыным тегузэвыхьу, абы папщIэ лъэкI къимыгъанэу щытащ ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр. Абы къищынэмыщIауи, композиторхэр лэжьыгъэм тезыгъэгушхуэ, я жэрдэмхэр ядэзыIыгъ цIыхут ар.

ЗэрытхакIуэм къыщымынэу, ХьэхъупащIэм и Iэдакъэм къыщIэкIащ сценэм папщIэ лэжьыгъэ куэд, лъэпкъ музыкэм и тхыдэр дунейм къытригъэхьащ.
УнафэщI IэкIуэлъакIуэу зыкъигъэлъэгъуащ ХьэхъупащIэм. Ди республикэм и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэу щыщытам абы хузэфIэкIат союзым хыхьэ цIыху бжыгъэр куэдкIэ нэхъыбэ ищIын. Уеблэмэ, а лъэхъэнэм Ставрополь крайм и композиторхэр дыдейм къыхыхьэрт. ИужькIэщ ахэр щхьэхуэ щыхъужар.
ХьэхъупащIэр макъамэдж лъэщт, цIыху гу къабзэт, псоми сэбэп зэрахуэхъуным сытым дежи иужь итт. ЩыIэт абы и дуней тетыкIэр къызыгурымыIуэхэр, ауэ, сэ къызэрыслъытэмкIэ, ар зи лэжьыгъэм фIыуэ хэзыщIыкI, ныбжьэгъу зыIыгъыф, зыми зэран хуэмыхъу цIыху пэжт. И Iуэху еплъыкIэ иIэжт, гугъуехь гуэр къыкъуэкIамэ, асыхьэтым зэфIихыфырт.
 Жырыкъ  Заур,
композитор.

Ныбжьэгъугъэ ди
зэхуаку дэлъащ

ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыррэ сэрэ I947 гъэм, Ленинград консерваторэм дыщIэтIысхьэну дыщыкIуэм, дызэрыцIыхуат. Абы къыщыщIэдзауэ дунейм ехыжыху дызэныбжьэгъуащ, дызэрыгъэпэжащ, стхыхэм гупсэхуу кIэлъыплъырт, езым и IэдакъэщIэкIхэми сэ фIыуэ сыщыгъуазэт.

Консерваторэм и оперэм и режиссёрхэр IэщIагъэм щыхуагъэхьэзыр и факультетыр къиухыу ди республикэм къигъэзэжа иужь, ар КъБАССР-м и Къэрал филармонием и унафэщIу, адэкIэ Композиторхэм я союзым и правленэм и тхьэмадэу лэжьащ. Сыт хуэдэ IэнатIэ пэрымытами, ХьэхъупащIэм Iуэхур Iэпэдэгъэлэл зэи ищIакъым, гу хьэлэлкIэ, псэ къабзэкIэ и пщэрылъыр игъэзэщIа фIэкIа.
Оперэм и режиссёр IэщIагъэр иIэу Налшык къигъэзэжами, Хьэжбэчыр нэхъыбэу зэрылэжьар макъамэджущ. Музыкэм дихьэх щIалэгъуалэм ядэIэпыкъуу, и Iуэху еплъыкIэр ягуригъаIуэу, сэбэпышхуэ яхуэхъуу щытащ. Тхылъ къыдигъэкIахэм пщIэшхуэ къэзымылэжь яхэткъым жыпIэныр, уеблэмэ, мащIэщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и профессиональнэ музыкэм теухуауэ итха лэжьыгъэшхуэм и закъуэ мыхьэнэуэ иIэр къыпхуэмылъытэным хуэдизу инщ.
ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр псэху зымыщIа, пщэдджыжьым сыхьэтийм къыщыщIэдзауэ пщыхьэщхьэм сыхьэтий хъуху зи лэжьыгъэ IэнатIэм щыбгъуэт цIыхут.
ТIэкIу сызэIэбэкIыжу сыхуейт зы Iуэхугъуэ сытепсэлъыхьыну. Консерваторэм дыщеджэу ерыскъыр карточкэкIэ щагуэш Iэмалыр щыIуахыжам, Хьэжбэчыр пщэдджыжьым жьыуэ тыкуэным кIуэщ, щIакхъуэ хужь къищэхури, студентхэм яхуигуэшауэ щытащ. Зауэ нэужь зэманым япэ дыдэ щIакхъуэ хужь сэзыгъэшхар Хьэжбэчырщ. ЕджапIэр иджыри къэзмыухауэ зыгъэпсэхуакIуэ сыкъыздэкIуэжам, япэ кхъуейжьапхъэр сIузыгъэхуари си ныбжьэгъум и анэрщ. Мис апхуэдэу фIыуэ дызэрылъагъуу, дызэкIэлъыкIуэу дыкъызэдекIуэкIащ Хьэжбэчыррэ сэрэ.
Гугъуехь куэд и нэгу щIэкIами, адэншэу къэхъуами, ХьэхъупащIэр цIыху насыпыфIэу щытауэ къызолъытэ. Сэ насыпыр зыхэслъагъуэр мылъкуракъым хьэмэрэ нэгъуэщI къулеягъэкъым. ЦIыхур фIыуэ зылъагъур, цIыхум фIыуэ къалъагъуращ насыпыфIэу сэ къэслъытэри, Хьэжбэчыр апхуэдэ хъугъуэфIыгъуэр и куэду дунейм тетащ.

Къардэн Хьэсэн,
композитор, УФ-м и цIыхубэ артист.
2010 гъэ.

Поделиться: