Япэ зыгъэсэгъуэмрэ абы ипэкIэ щыIазэхъуэкIыныгъэхэмрэ

Ди профессионал футбол клубым и КIэлъыплъакIуэ советырэ Къэбэрдей-Балъкъэрым

СпортымкIэ и министерствэмрэ зэгъусэу къызэрагъэпэща зэIущIэр йокIуэкI.

«Спартак-Налшык» профессионал футбол клубым и КIэлъыплъакIуэ советырэ Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэмрэ зэгъусэу къызэрагъэпэща зэIущIэ зэхэтащ 2021 гъэр къихьэным махуэ зытIущ фIэкIа къэмынэжауэ. Абы къыщаIэтащ Урысей Федерацэм и етIуанэ дивизионым щыджэгу ди командэм ехьэлIа мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ зыбжанэ.

Фигу къэдгъэкIыжынщи, «Спартак-Налшыкым» и тренер гупым иращIылIа зэгурыIуэныгъэм и пIалъэр 2020 гъэм дыгъэгъазэм и 30-м икIащ. Илъэс ипэкIэ КIэбышэ Заур тренер нэхъыщхьэ къулыкъур хуагъэфщат, тренер нэхъыжьу илъэситIкIэ лэжьа иужькIэ. Дауи, арат и дэIэпыкъуэгъухэр къыхэзыхыжари. Ахэр тренер нэхъыжьу ягъэува Битокъу Тимуррэ гъуащхьэтетхэр зыгъасэ Къумыкъу Артуррэт.
«Спартак-Налшык» профессионал футбол клубым и КIэлъыплъакIуэ советым и тхьэмадэ Берд Хьэзрэталий, КъБР-м спортымкIэ и министрым и къуэдзэ Хэжь Заур, «Олимп совет» Къэбэрдей-Балъкъэр жылагъуэ зэгухьэныгъэм и Iэтащхьэ Заруцкий Александр, «Спартак-Налшык» ПФК-м и унафэщI Мэшыкъуэ Аслъэн, клубым и тренерхэр зыхэта зэIущIэм унафэ къыщащтащ КIэбышэ Заур 2020-2021 гъэхэм Урысей Федерацэм и етIуанэ дивизионым щекIуэкI зэхьэзэхуэр иухыхухкIэ (накъыгъэ мазэм и кIэух пщIондэ) тренер нэхъыщхьэу гупым къыщынэжыну. Абы къыхилъхьэри, и дэIэпыкъуэгъухэр яхъуэжащ. Иджы «Спартак-Налшыкым» и тренер нэхъыжьу щытынущ щIалэгъуалэр зыгъасэу щыта Шакъ Ашэмэз. Гъуащхьэтетхэр дяпэкIэ и нэIэ щIэтынущ гупым и капитану къекIуэкIа Щоджэн Борис. Нэхъапэм а къулыкъухэм пэрыта Битокъу Тимуррэ Къумыкъу Артуррэ къызэхуэсахэм фIыщIэ хуащIащ икIи нэгъуэщI къалэнхэр щагъэзащIэу «Спартак-Налшыкым» щылэжьэну хуагъэлъэгъуащ.
Футболистхэм я дежи зэхъуэкIыныгъэхэр къыщыхъуащ. Тренер IэнатIэм пэрыува гъуащхьэтет Щоджэн Борис къищынэмыщIауэ «Спартак-Налшыкым» и фащэр щыгъыу дяпэкIэ тлъагъужынукъым гъуащхьэхъумэныкъуэхэу Шаваев Магомедрэ Клышэ Кириллрэ. Япэм джэгуныр щигъэтыпащ икIи клубым щылэжьэну хуагъэлъэгъуащ, етIуанэм нэгъуэщI командэ къилъыхъуэнущ.
ИлъэсыщIэр къызэрихьэу къызэхуэсыжри адрей ди футболистхэм Налшык зыгъэсэн щыщIадзащ. А мазэр иухыхукIэ ахэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм щыIащ.
«Спартак-Налшык» профессионал футбол клубым и унафэщI Мэшыкъуэ Аслъэн дызэрыхигъэгъуэзамкIэ, гъэ блэкIахэм къатехуа щIыхуэхэр процент 90-95-кIэ япшыныжащ, улахуэр и чэзум псоми яIэрохьэ. Фэбжь зиIэ гупым хэткъым икIи ерыщу зэхьэзэхуэм зыхуагъэхьэзыр. Я мурадщ етхуанэ увыпIэм нэхъ лъахъшэ замыщIыну.
Абы ирихьэлIэу Урысей Футбол Зэгухьэныгъэм дыгъэгъазэм и 30-м Мэзкуу щригъэкIуэкIа зэIущIэм хъыбар гуапэ къытхуихьащ - ди лъахэгъу, «Спартак-Налшыкым» щыджэгуа икIи и тренер нэхъыщхьэу щыта Красножан Юрэ къэралым и цIыхубз командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэу ягъэуващ. Дауи, дыщогуфIыкI ди щIалэм апхуэдэ къулыкъу лъагэ къызэрыхуагъэфэщам. АрщхьэкIэ мащIэу дегъэпIейтей ар дяпэкIэ налшыкдэсхэм я чэнджэщэгъуу зэрыщымытыжынум. Нэгъабэ гупым хуабжьу щIэгъэкъуэнышхуэ хуэхъуат къазэрыдэлэжьар.
Ди щIалэхэм я къарур зы мазэ хуэдизкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм щызэрагъэубыдыжащ. Махуэ къэс тIэу (пщэдджыжьымрэ пщыхьэщхьэмрэ) зыгъэсэныгъэхэр ирагъэ­кIуэ­кIащ, я бэшэчыныгъэм нэхъ трагъащIэу, икIи ар зэрезэгъым дохутырхэр кIэлъыплъащ. Дауи, Iэмал къазэрыхукъуэкIыу, зэныбжьэгъугъэ зэIущIэхэми хуэхьэзыращ. Ахэрат я зыгъэсэныгъэхэр зэрекIуэкIыр тренерхэм къызэрапщытэжыфынур. Апхуэдэ зэIущIэ мы гъэм япэу Псыхуабэ (Пятигорск) щызэхагъэтащ.
«Спартак-Налшыкым» хьэрхуэрэгъу къыхуэхъуат нэгъабэ япэ дивизионым хэта, ауэ мылъкукIэ зэрыпэмылъэщым къыхэкIыу, езым и фIэфIыныгъэкIэ, абы къыхэкIыжа «Армавир» командэр. ЗэIущIэм къызэригъэлъэгъуамкIэ, ар иджыри зэфIэкI хъарзынэ зиIэ гупщ.
Пэжщ, командэхэм зэхьэзэхуэм зыхуэгъэхьэзырын щIадза къудейуэ арат икIи зэкIэ куэд дыдэкIэ уащыгугъ хъунутэкъым. Апхуэдэу щыт пэтми, лъэныкъуэхэр ерыщу зэпэщIэтащ. «Спартак-Налшыкым» и фащэр ящыгъыу джэгур ирагъэжьащ гъуащхьэтет Къардэным, гъуащхьэхъумэхэу КIэдыкIуейм, Тебэрдым, Шумахуэм, Мэкъуауэм, гъуащхьэхъумэныкъуэхэу Джатэрывэм, Iэпщацэм, Ашум, Пащтым, гъуащхьауэхэу Хьэшырымрэ Гугуевымрэ.
ПсынщIэ дыдэу тепщэныгъэр джэгупIэ губгъуэм налшыкдэсхэм щызыIэрагъэхьащ икIи бжыгъэр къызэIуахыну Iэмал хъарзынэ зыбжанэ яIащ. АрщхьэкIэ зыми топ дамыгъэкIауэ загъэпсэхуну командэхэр икIащ.
Пасэу зэрытраухуам тету, зэIущIэм и етIуанэ Iыхьэм «Спартак-Налшыкым» игъэджэгуар нэгъуэщI щIалэхэращ. Ахэр гъуащхьэтет Къумыкъу А., гъуащхьэхъумэхэу Дзэмыхьыр, Ольмезовыр, Белоусовыр, УнащIэр, гъуащхьэхъумэныкъуэхэу Уэрэзейр, Къумыкъу И., Багъэтырыр, Урысыр, гъуащхьауэхэу Бацэмрэ ХъутIэмрэ.
Аргуэрыжьти, тепщэныгъэр зыIыгъар налшыкдэсхэрщ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, абы текIуэныгъэр къащыхуихьакъым мы гъэм япэу ирагъэкIуэкIа зэныбжьэгъугъэ зэIущIэм. Джэгур бжыгъэр къызэIуамыхауэ, 0:0-у, иухащ.
ЗэIущIэ нэужьым Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм къэзыгъэзэжа «Спартак-Налшыкым» мы мазэр иухыхукIэ и хэщIапIэм зыщигъэсэнущ. Абы иужькIэ Нартсанэ (Кисловодск) щыпищэнущ икIи а щIыпIэм зэныбжьэгъугъэ зэIущIэ зыбжанэ щригъэкIуэкIынущ.
«Армавир»-м щыIущIа япэ зэIущIэми хуэдэу, налшыкдэсхэм къыкIэлъыкIуэми къапэщIэтар топджэгур зи IэщIагъэу щымытхэр зыхэт ещанэ лигэм зыкъыщызыгъэлъагъуэ Осетие Ищхъэрэ-Аланием и «Ардон» командэращ. МазитIым щIигъукIэ зызыгъэпсэхуа ди щIалэхэм я дежкIэ апхуэдэ хьэрхуэрэгъухэр нэхъ къезэгъырт зэныкъуэкъуныгъэ гуащIэхэм зыхуэгъэхьэзырыным ирыхыхьэжыну.
ТхьэмахуитI хъуауэ зызыгъасэ «Спартак-Налшыкым» и футболистхэм я джэгукIэр хуэмурэ зэтоувэж. Абы и щыхьэтщ Осетие Ищхъэрэ-Алание Республикэм къикIахэм щхьэкъэIэтыпIэ зэрырамытар. Япэ дакъикъэхэм щегъэжьауэ ди щIалэхэр хэпщIыкIыу нэхъыфIащ икIи топ зыбжанэ дагъэкIыфыну щытащ. АрщхьэкIэ Iуэхур къащехъулIар 35-нэ дакъикъэращ. Iэпщацэ Маратщ зейр «Спартак-Налшыкым» 2021 гъэм япэу дигъэкIа топыр.
Загъэпсэхуу къихьэжа иужькIэ ди щIалэхэр нэхъ ерыщыжу ебгъэрыкIуэ хъуащ. ДакъикъипщI дэкIауэ арат ХъутIэ Анзор бжыгъэр щигъэбэгъуам.
Абдежми къыщызэтеувыIакъым «Спартак-Налшыкым» и футболистхэр. Топ джэгуным зэрыхуэзэшар я напщIэм телъу ахэр ипэкIэ кIуатэ зэпытт. Ашу Мурад бжыгъэр 3:0-м нигъэса иужькIэщ ахэр мащIэу щытесэбырар.
«Ардон»-р хэзыгъэщIахэм яхэтащ гъуащхьэтет Антиповыр (Къардэным ар ихъуэжащ 46-нэ дакъикъэм), гъуащхьэхъумэхэу КIэдыкIуейр (УнащIэр, 60), Шумахуэр (Белоусовыр, 60), Тебэрдыр (Молэмусэр, 60), Ольмезовыр, гъуащхьэхъумэныкъуэхэу Джатэрывэр, Уэрэзейр (Къумыкъур, 46), Iэпщацэр (Сэбаншыр, 65), гъуащхьауэхэу Бахъсэнокъуэр (Жангуразовыр, 65), ХъутIэр, Хьэшырыр (Ашур, 65).
Мы зэIущIэм махуитI-щы иIэжу и топджэгу гъащIэм къриубыдэу япэ зэгурыIуэныгъэр «Спартак-Налшыкым» дрищIылIащ абы и гъэсэн, зи ныбжьыр илъэс пщыкIуий ирикъуа къудей Къумыкъу Ислъам. Ар гъуащхьэхъумэныкъуэщ икIи нэгъабэ къахыхьа Бахъсэнокъуэ Алихъан, ХъутIэ Анзор сымэ, адрейхэми хуэдэу, псынщIэ дыдэу фIыкIэ зыкъызэкъуихыну дыщогугъ. «Ардон»-м дригъэкIуэкIар абы и дежкIэ япэщ.
Зи гугъу тщIа зэныбжьэгъугъэ зэIущIэмкIэ «Спартак-Налшыкым» зэхуищIыжащ япэ зыгъэсэгъуэр. Махуэ зытIущкIэ загъэпсэхунурэ ди щIалэхэр Нартсанэ (Кисловодск) къалэм кIуэнущ. Абы щыпащэнущ Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым 2020-2021 гъэхэм щыIэ зэхьэзэхуэм и етIуанэ Iыхьэм зыхуэгъэхьэзырыным.

             

«Спартак-Налшыкым» и тренер нэхъыщхьэ КIэбышэ Заур.        Къумыкъу Ислъам зэгурыIуэныгъэ гупым ирищIылIащ.

Жыласэ Заурбэч.
Поделиться:

Читать также: