Диным и гъуазэ

шапсыгъ  Кэусэрий Мухьэмэд  Захьид

2020 гъэм жэпуэгъуэм и 14-м илъэси 142-рэ ирикъуащ Урыс-Кавказ зауэм и Iэужьу хэкур зыбгына шапсыгъ­хэм къахэкIа дин­ щIэныгъэлI цIэрыIуэ Кэу­сэрий Мухьэмэд Захьид. Дэ ды­зэрыщыгъуазэр мащIэми,­ ар дуней псом къыщацIыхум къыщымынэу, ислъам­ ди­ныр­ хъумэнымкIэ, абы щы­мыщ­ къыхэмыгъэхьэнымкIэ лIыгъэ къы­зэрымыкIуэ зезыхьа дин щIэ­ныгъэлIышхуэщ. Фи пащ­хьэ итлъхьэ тхыгъэр Iимам Кэу­сэрий Кавказыр и хэку­жьу­ зэрыщытым гушхуэныгъэ лей къезыт, абы и тхылъхэм къыщIэтэджыкIа дагъыстэн щIэ­ныгъэлI Ашхьарий Абу Мусэ и лэжьыгъэм щыщ пы­чыгъуэщ.  

А Iимам махуэр 1878 гъэм жэп­уэгъуэм и 14-м Тырку къэралым и къухьэпIэ ищхъэрэм хуэзэ Дюз­джэ къалэм пэгъунэгъу къуа­жэм къыщалъхуащ. Кэусэрий и къуэпсыр адыгэ мухьэжырхэм я деж йокIуэлIэж - хэкум икIа абы и адэшхуэр шапсыгъхэм ящыщт. Шэрихьэт щIэныгъэ зригъэгъуэ­тыну Истамбыл кIуэн ипэ, иджы­ри ­сабийуэ, ар и адэм иригъэджащ. И адэм теухуауэ тщIэр ар Кэусэрий Алий и къуэ Хьэсэну зэрыщытамрэ хьэдисхэм хуэIэзэ Щамил Iимамым и гъэсэным зэрыригъэджамрэщ. И къуэм и гур щIэныгъэм кIэригъэпщIэн щхьэкIэ лъэкI къигъэнакъым адэм.
Зэман дэкIыу унагъуэр Истамбыл Iэпхъуэжа нэужь, Мухьэмэд щIалэщIэм а къалэм щыщ щIэ­ныгъэлIхэм я деж еджэн щыщIе­дзэ. 1907 гъэм егъэджэныгъэм езыр хуит хуащIа нэужь, щIалэр Фатихь мэжджытым хэт мыдрисэм егъэджакIуэу ягъакIуэ - арат Истамбыл дин щIэныгъэмкIэ нэхъ лъагэу дэт еджапIэр. Хуэмурэ Кэусэрий и гъэсэнхэр егъуэ­тыж. Абы щригъэджащ Истамбыл университетми Уэсмэн сэрейм хыхьэ «Дарул хъилафэ» еджапIэми. А зэманым абы и ныбжьыр зэрыхъур илъэс 28-рэт. ЕгъэджакIуэ IэнатIэм пэрыту, щIалэм Уэсмэн тепщэгъуэм дин щIэныгъэ IуэхухэмкIэ и унафэщIым и къуэ­дзэ IэнатIэр къыхуагъэфэщат. Абы текIын гукъыдэжымрэ къэралым щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэмрэщ Кэусэрий Мысырым Iэпхъуэныр къызыхэкIар.
А зэманым къежьа зэхъуэкIы­ныгъэхэм диныр ирагъэкIуэтэкIыу цIыхубэ гъащIэм и унэтIыныгъэ­ псори сыт и лъэныкъуэкIи зэманым драгъэкIуныр я мурадт. А лъэхъэнэращ утыку къыщихьар «Зэкъуэтыныгъэрэ ефIэкIуэныгъэрэ» партым и лIыкIуэ «тырку­ щIалэхэр». Абыхэм я мурадт­ ­тепщэгъуэр Абдул-Хьэмид ЕтI­уа­нэм къыIэщIахыу къэралым­ конституцэ хабзэ щагъэувы­ныр.­­ ГурыIуэгъуэт Кэусэрий и­ IэнатIэм къыIунэныр зэры­дзыхь­щIыгъуэджэ дыдэр, уеблэмэ ап­хуэдэ Iэмал зэрыщымыIэххэр. ЩIэныгъэлIым и ныбжьэгъуу икIи и акъылэгъуу щыта Абу Зэхра Мухьэмэд жиIэжащ: «Кэусэрий хэкIыпIищым хэдэну къыпэщылът: е, зэрыхэкIуэдэнур ищIэу, тырку­ революцэм и уэчылхэм наIуэу япэщIэувэн, абы кърикIуэу яукIын е лъэхъуэщым ирадзэн; е фэ зытегъэуэн гъуэгум техьэу, ящIэр ядиIыгъыу сэрейм игъэфIа щIэ­ныгъэлIхэм я фащэр щитIэгъэн; е «Алыхьым и щIыр хуиткъэ, фыщызекIуэ абы!» КъурIэн Iэятым ипкъ иткIэ Iэпхъуэн. Абы къыхихынкIи хъунури гурыIуэгъуэт».
Абдеж щегъэжьауэ Кэусэрий гъуэгуанэ тохьэ. 1922 гъэм (Абдул-Хьэмид ЕтIуанэр щагъэкIуэда илъэсым) кхъухьым ису ар Александрие къалэм макIуэ. Абы куэдрэ щымыпсэууэ, адэкIэ Дамаскрэ Каиррэ я зэхуакум илъэс зыбжанэкIэ дэтщ, иужькIэ Каир дотIысхьэпэри, къэралыгъуэм и дэфтэр хъумапIэ нэхъ ин дыдэм щIэлъ Iэрытххэм йолэжь.
Кэусэрий ислъам щIэныгъэм и щIэиныр куууэ иджат. Ар арэзы хъуртэкъым шэрихьэтым и къудамэ щхьэхуэхэм щыгъуазэ зищI ­къудейкIэ, зи Iуэху зэрихуэ щIэныгъэ Iыхьэр зэрыщыту иджырти, иужькIэ къудамэ щхьэхуэхэм щылажьэ IэщIагъэлIхэр абы ечэнджэщыжу плъагъурт. Шэрихьэт щIэныгъэхэм я доктор, Мансурэ къалэм дэт Iэл-Iэзхьэр университетым и филологие факультетым и декан Iэл Бэйуми Мухьэммэд Рэджэб гурыIуэгъуэу топ­сэ­лъыхьыж абы: «А зэманым Кэу­сэрий-Iустазым муслъымэн щIэ­ны­гъэм и щIэину къалъытэ тхылъ­хэм куу дыдэу щыгъуазэ зэ­­ры­зищIыр долъагъу. Апхуэдэ еджэ­кIэм ар дзыхь хуэпщIыну­ зы­хуэфащэ цIыху ещI, сыту жып­Iэмэ, Кэусэрий Iэпэдэгъэлэлу зы­ри иджыртэкъым, куууэ, и фIи и ­дагъуи илъагъуут зэрыбгъэдыхьэр. Гу лъыботэ мэсхьэб зэмылIэужьыгъуэхэм хэпщIа щIэ­ныгъэлIхэр абы фыкъыхьымкIэ (фIэщхъу­ныгъэмрэ дуней Iуэхугъуэхэр те­гъэ­щIапIэ ищIу ягъэува хабзэхэмкIэ) къызэреупщIыр, апщIондэху езыхэм шэч зыхэмылъ фIэщхъу­ныгъэм къуит гупсэху­гъуэр ягъуэ­тырт. БзэщIэныгъэлI­хэм я нэхъыфI­хэм я гугъу пщIымэ, абыхэм я Iуэхури Кэусэрий емы­чэнджэщу зэфIэкIыртэкъым.­ ЩIэ­ныгъэлI псори, я щIэныгъэр къы­зыхах ­къудамэм емылъытауэ, зэакъылэгъут абы Iимамы­гъэр зэрыхуэфащэмкIэ».
А псалъэхэм, шэч хэмылъу, щыгъуазэ уащI а цIыхум бгъэдэлъа щIэныгъэм и инагъымрэ езым и лъапIагъымрэ зыхуэдизым. И зэманым псэуахэм къыхуащIу щыта дзыхьымрэ пщIэмри къыбгурагъаIуэ Кэусэрий и лъагагъымрэ шэрихьэт щIэныгъэм щиIа Iулы­джымрэ здынэсу щытар.
Зи гугъу тщIа Абу Зэхра Мухьэммэд жеIэ: «ПщIэ зиIэ а Iимамыр­ ислъамыр пхэнжу къызыгуры­Iуэ­ мэсхьэбыщIэм щыщтэкъым,­ ислъам тхыдэм хэмыта щIэ гуэ­рым къыхуезыджэхэми ещхьтэкъым. Ар бэм зыужьыныгъэм и дамы­гъэу ялъытэ цIыхутэкъым, уеблэмэ апхуэдэхэм я бийт. Пэ­жыр аращи, Кэусэрий зыкIэлъы­гъуазэIатэкъым, езыр гъуазэ ирикъурт. Къыхэзгъэщыну сыхуейщ ар, шэч хэмылъу, къэгъэщIэрэщIэжакIуэу - «къэгъэщIэрэщIэжын» пса­лъэм и мыхьэнэ пэжым техуэу - зэрыщытар. Сыту жыпIэмэ, къэщIэрэщIэжыныгъэ пэжыр Ислъамыр зытета лъагагъым тегъэ­увэжауэ ар адрейхэм зэрефIэкI увыпIэр етыжынращ: и къежьа-пIэм­ иIа къабзагъэр, къарур, къы­зэ­ры­мыкIуагъэр къегъэщтэ­жыныр, и лъабжьэхэр быдэ щIы­жы­ныр. КъэщIэрэщIэжыныгъэ пэ­жыр бе­гъымбар лъагъуэм псэ хэлъ­хьэ­жынырщ, диным хэмылъу къы­хыхьар гъэкIуэдыжынырщ, цIыху­хэм ислъамым и лъабжьэмрэ и тегъэщIапIэхэмрэ егъэ­цIыхунырщ. Аращ пэжымрэ захуагъэмрэ зи тегъэщIапIэ къэ­щIэрэщIэжыныгъэ хъужыр. ИкIи Кэусэрий а гъуэ­гум техьат: бегъымбарым и псэукIэ хьэлу щытам и щIэщы­гъуэр къигъэхьэжыныр, тхылъ щIэ­инхэм ящыщу тхыдэ къуэгъэнапIэхэм щыщIэхъумахэр къыщIэгъэщыжынырт абы зи Iуэху зэрихуэр. Ди япэ ита цIыху къабзэхэм я егугъуныгъэр хэлъу, Кэусэрий а Iуэхушхуэм бгъэдэуват суннэр ­къихъумэу, иджу, зригъэубгъуу».
Апхуэдэ дыдэут езыри зэры­щы­тыр: тегушхуэныгъэ инрэ еп­лъыкIэ захуэрэ иIэу, цIыху пэж­рэ къехьэкI-нехьэкI хэмылъу, зэ­пIэ­зэрыту и гум илъыр занщIэу жиIэу. А бгъэдыхьэкIэращ нэхъыфIри зэ­ра­ныгъэ нэхъ мащIэ къэзышэри. Сыту жыпIэмэ, ди япэ ита цIыху ­къабзэхэм жаIэу щытащ: Iуэху­гъуитI щыIэщ Iулыджым ущыфIэлIыкI мыхъуну­ - хьукмымрэ хьэдисымрэ. Алыхьталэм и диным нэфI-нейкIэ бгъэдэмыхьэныр дэ,­ суннэ Iыхьлым щыщ щIэныгъэлIхэм, ди Iуэху зэфIэхыкIэщ. Кэусэрий и ­гугъу пщIымэ, абы ар гъащIэ хабзэу зэрихьэрт.
Абы и акъылым жаныгъэу хэ­лъам­рэ пэжыр зэхэгъэкIыным хуи­Iа Iэзагъымрэ я щыхьэту и IэдакъэщIэкIхэр къоув. Кэусэрий лэжьыгъэ куэд къызэринэкIащ, я нэхъыбэр зытеухуар дин къудамэ гъуэщахэм жэуап етынымрэ Абу Хьэнифэ Iимамым и пщIэ ирагъэхуэхар къэIэтыжынымрэщ. Псори зэхэту къыубжмэ, абы и­ IэдакъэщIэкIхэм я бжыгъэр тIощI­рэ пщIым ноблагъэ, тхылъ щхьэ­хуэхэм ядыщIигъуахэм я ­гугъу умыщIмэ. ЩIэныгъэ къуда­мэ куэ­дым, псалъэм папщIэ, хьэ­дис щIэ­ныгъэм, абы щиIыгъа­ лъа­гагъым куэд щыхьэт то­хъуэ. А лъэны­къуэмкIэ абы и егъэджа­кIуэ икIи и ныбжьэгъу, Уэсмэн теп­щэгъуэм и иужьрей ислъам шейх Сабри Мустэфа и псалъэхэр къэпхьыну къозэгъ: «Пэжыр аращи, си ныбжьэгъу шейх Мухьэмэд Захьид - Алыхьым ари адрей дин­ щIэныгъэлIхэри ислъамым къы­хуэщхьэпэн хуэдэу къихъумэ­­ - зыхуэдэ щымыIэу хышхуитIым хуэIэзэт: хьэдисым и хымрэ, фыкъыхь щIэныгъэм и хымрэ. А щIэныгъэхэращ икIи ислъамыр адрей динхэм къахэзыгъэщхьэ­хукIыр».
Кэусэрий хэлъа щэныфIагъыр зыхуэдам щыгъуазэ дещI Деобанд щыщ мухьэддисыш­хуэ Бан­нурий Мухьэмэд-Юсуф. Iимамыр­ Бан­нурий йолъэIу псалъэ­ дахэ­хэр къыхужиIэурэ имыгъэу­кIы­тэ­ну. «Къэзмылэжьауэ­ къыс­хуэб­гъэ­фащэ уи пса­лъэ­хэр фIыуэ сы­къызэрыплъагъумрэ­ укъызэ­рысхуэарэзымрэ я щыхьэтщ», - ­хуетх абы Кэусэрий. НэгъуэщIыпIэ деж щыжеIэ: «СыбгъэукIытащ, зи щIыхьыр ин, сэ сызыпэжыжьэ сэфэтхэм сибгъэувэри, ипэжы­пIэкIэ, сэ схузэфIэкIыр мащIэ дыдэщ. Алыхьращ хуитыр ди гуэ­ныхьхэр къытхуигъэгъунуи, и тыгъэхэр тхуигъэбэгъуэнуи».
А Iимам махуэр 1952 гъэм шыщхьэуIум и 19-м илъэс блыщI­рэ тху ныбжьым иту дунейм ехыжащ, зэрыхуагъэфащэмкIэ, фошыгъу узым къыхигъэзыхьа нэ­ужь. Кэусэрий и къарууншэ­гъуэм и щхьэгъусэмрэ и пхъумрэ сымаджэ хьэлъэу щытахэщ, езыри кIуэ пэтми нэхъ лъэрымыхь хъурт. Баннурий хуригъэхьа тхыгъэхэм къыхощ абы и нэхэм фIыуэ зэрамы­лъагъужыр, абы къыхэкIыу лэжьыгъэм зэрыпэрымытыфынур.
Iимам щэджащэм къигъэна­ щIэи­нри щэджащэщ. Шэч хэ­мы­лъу, Iимам Кэусэрий Алыхьталэр лIэщIыгъуэ къэс цIыхухэм зэ­рахуэупсэ нэфI лейр зылъыса щIэныгъэлIт, апхуэдэу жызыIэхэм дэри драакъылэгъущ.

АШХЬАРИЙ Абу Исхьэкъ, дин щIэныгъэлI.
Поделиться: