Лъабжьэхэмрэ къуэпсхэмрэ

Кавказыбзэхэм я зэIыхьлагъэ зэпыщIэныгъэхэр

Фи лъэIукIэ тыдодзэ

Бзэм и тхыдэр джын зэрыщIадзэ лъандэрэ щIэныгъэлIхэм гулъытэшхуэ къыхуащI кавказыбзэхэм. Абы и щхьэусыгъуэр, нэмыцэ щIэныгъэлI Дирр Адольф зэрыжиIащи, къызыхэкIыр бзэ бын абрагъуэхэу индоевропей, семит-хамит, угро-финн жыхуаIэхэм я кум зэрыхуэзэр аращ. А бзэ бынищми я тхыдэр нэсу джа хъунукъым, абыхэм кавказыбзэхэм пыщIэныгъэ къыхуаIахэр мыубзыхуауэ. Компаративистикэм и ублакIуэ нэмыцэ щIэныгъэлI Ф. Бопп ар и гъуазэу зыкъыхуигъэзат куржы бзэ быным, икIи а зэманым къилъытат ар индоевропей бзэхэм я благъэу, нэхъ иужькIэ ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм къыщIагъэщащ щIэныгъэлI цIэрыIуэр зэрыщыуар, ауэ абы къигъэмэщIакъым кавказыбзэхэм къыхуащI гулъытэр.
ЩIэныгъэлIхэм зыхащIэрт пасэ лъэхъэнэм кавказыбзэхэр бынышхуэу зэрыщытар, абы и хуэмэбжьымэ гъунэгъу бзэхэм зэращIихуар, езыхэми адрей бзэхэм я нэщэнэ куэд зэрызыхапщар. Ди лIэщIыгъуэм и пэхэм гипотезэ Iэджэ къежьат ПэIущIэ Азием щыпсэуа лъэпкъхэр зэрызэблагъэм теухуауэ. Ауэ, къагъэсэбэп материалхэр зэрымащIэм къыхэкIыу, абыхэм ящыщ зы гипотези теорие хъуакъым. ЩэщI гъэхэм мэжэр щIэныгъэлI Ю. Мессарош къыдигъэкIауэ щытащ убыхыбзэмрэ пасэрей хьэт бзэмрэ зэрызэблагъэм теухуа тхылъ. Нэхъ пэжу жыпIэмэ, тхылъыр зытеухуар убыхыбзэр аращ, ауэ абы къыдэкIуэу, Iыхьлыгъэ-пыщIэныгъэхэми я гугъу щищIым, а Iуэхугъуэми тепсэлъыхьауэ щытащ. ЩIэныгъэлIхэм а Iуэху бгъэдыхьэкIэр къызэдащтащ. А гъуэгум тету Iуэхур йокIуэкI. ЩIэныгъэлI цIэрыIуэ зыбжанэм къэхутэныгъэхэр ирагъэкIуэкI. Нэхъ лэжьыгъэ нэхъыбэ зэфIигъэкIащ абы теухуауэ Иванов Всеволод и къуэ Вячеслав.

IУЭХУГЪУЭ щхьэхуэхэм ятеухуа лэжьыгъэ мыинхэм нэмыщI, Иванов итхащ лэжьа хъуар къэзыпщытэж къэхутэныгъэхэр. Апхуэдэхэм ящыщ зыщ, псалъэм папщIэ, «Об отношении хаттского языка к северозападнокавказским» жыхуиIэр. А Iуэхугъуэхэм ятеухуа нэгъуэщI лэжьыгъэхэм лъэныкъуэ куэдкIэ йофIэкI мы тхыгъэр. Адрейхэм псалъэ щхьэхуэхэр зэрагъапщэмэ, мыбы грамматикэри фонетикэри щызэгъэпщащ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, щIэныгъэр и лъабжьэу тха хъуащ. Арат адрейхэм яхуэчэмыр. Псалъэ щхьэхуэхэри зэбгъэпщэну гъэщIэгъуэнщ, мыхьэнэншэуи жыпIэ хъунукъым, ауэ бзитIым я зэблагъагъэр зэраубзыху Iэмал хъуркъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, бзэхэр псалъэхэмкIэ зэпэIэбэ хабзэщ, зэблагъэ-зэмыблагъэм емылъытауэ.
Тхыгъэм и япэ Iыхьэм щызэгъэпщащ зэрагъэлъагъуэ щхьэ цIэпапщIэхэр. Абыхэм зы хэкIыпIэ зэраIэр нэрылъагъу къищIащ щIэныгъэлIым. Хьэтыбзэми абхъаз-адыгэ бзэхэми щхьэ префиксхэр зэхуэдэу къагъэсэбэп, уеблэмэ зэщхьу субъектобъект зэхущытыкIэхэр а префиксхэмкIэ къагъэлъагъуэ. Ар зэрымыщIэкIэ зэтехуа Iуэхукъым, атIэ зэдай Iэужьу зэрыщытым и нэщэнэщ. АдэкIэ Иванов Вячеслав наIуэ къещI нэгъуэщI глагол фащэхэри зэдайуэ зэрыщытыр, апхуэдэщ глагол превербхэри, лэжьыгъэр здэунэтIа лъэныкъуэр, щекIуэкI щIыпIэр къэзыгъэлъагъуэхэр. Префикс, суффикс зыпыувэ глагол лъабжьэхэри зэдайуэ зэрыщытыр щапхъэхэмкIэ IупщI мэхъу. ЩIэныгъэлIым къыхегъэщхьэхукI грамматикэ класскIэ зэджэ категориер. Хьэтыбзэм и лъэужьхэр адыгэбзэм къыхыбогъэщхьэхукIыф, абхъазыбзэм ехъумэ нобэр къыздэсым. Ар щIэныгъэм дежкIэ, ди бзэм и тхыдэр бубзыхунымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэщ.
НэгъуэщI грамматикэ формант куэд зи гугъу ищI бзэхэм зэрызэдайр къыщIигъэщащ еджагъэшхуэм. Ахэр поувэ щыIэцIэхэм, нэгъуэщI цIэ лIэужьыгъуэхэм, глаголхэм. Абыхэм я хэкIыпIэр щиубзыхукIэ, щIэныгъэлIым къегъэсэбэп хуррит, урарту, шэшэн-дагъыстэн бзэхэр. Ар захуэщ. А бзэ псоми зы хэкIыпIэ яIэщ, зэхэкIа нэужь, къызыхэкIа бзэм и щIэину къахуэнауэ зэдай куэд хэтщ.
Псалъэ 84-м я этимологиер еубзыху Ивановым хьэтыбзэмрэ абхъаз-адыгэбзэхэмрэ зэдайуэ. Абы и ужькIэ хабзэ пыухыкIам тету абыхэм я макъхэм зэрызахъуэжар къегъэлъагъуэри, нобэ а бзэхэм щызэпэув макъхэм я хэкIыпIэр къехутэ. ГъэщIэгъуэн куэд къыщыжыIащ «Гу зылъытапхъэ» Iыхьэм. НэгъуэщI тхыгъэ зыбжани иIэщ Иванов Вячеслав мы Iуэхугъуэм теухуауэ. Ар зытепсэлъыхьым куууэ кIуэцIроплъ, куэд щызэпелъыт, нэгъуэщIым и акъыл зыхуэмыкIуэнум гу лъетэ.
Нэхъ иужь лъэхъэнэхэм ятха лэжьыгъэхэм ящыщу дэркIэ гъэщIэгъуэн зыбжанэм дытепсэлъыхьынщ. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, Николаев С. Л. и лэжьыгъэ «Северокавказские заимствования в хеттском и древнегреческом языках» жыхуиIэр. Тхыгъэр IыхьитIу гуэшащ. Япэ Iыхьэм къыщыгъэлъэгъуащ ищхъэрэ кавказыбзэхэмрэ хеттыбзэмрэ яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэр, нэхъ пэжу жыпIэмэ, япэрейхэм ящыщу хеттыбзэм хыхьа псалъэхэр. Ахэр псалъэ 32-рэ мэхъу. Iуэхугъуэ куэд зэпилъытурэ, щIэныгъэлIым наIуэ къещI зытепсэлъыхь псалъэхэр ищхъэрэ кавказыбзэхэм (хьэту, абхъаз-адыгэ, шэшэн-дагъыстэн) хэкIыу хеттыбзэм зэрыхыхьар. (Хетт псалъэри хатт псалъэри зыщ, зэмыщхьу къыщIагъэсэбэпыр къагъэлъагъуэ мыхьэнэр иризэхагъэкIыу аращ. Макъзешэхэр къэзымыгъэлъагъуэ семит тхыбзэм псалъэр «хт» жиIэу хэтщ. «Хатт» жиIэу ятхмэ, пасэрей мыиндоевропей бзэр икIи ар зезыхьэ лъэпкъыр кърагъэлъагъуэ. «Хетт» жиIэу ятхмэ, а цIэр зыфIэзыщыжа, ауэ индоевропей бзэхэм ящыщкIэ псалъэ лъэпкъыр кърагъэлъагъуэ. ЛъэпкъитIыр зэхэзэрыхьа нэужь, индоевропейцхэм къащтащ езыхэм я хамэу щыта хьэту цIэр, ауэ езыхэм я бзэр хьэтухэм къащтащ, я бзэм и нэщэнэ Iэджи къащта бзэм иратри).
ЕтIуанэ Iыхьэм къыщыгъэлъэгъуащ алыджыбзэм хыхьа псалъэ 43-рэ. Ахэр ищхъэрэ кавказыбзэхэм хэкIыу алыджыбзэм зэрыхыхьар къегъэ-лъагъуэ Iуэхугъуэ куэд тегъэщIапIэ ищIурэ, псом хуэмыдэу а псалъэхэм индоевропей этимологие зэрамыIэр. Зи гугъу тщIы Iуэхугъуэм гулъытэ хэха хуэзыщI Старостин  С. А. лэжьыгъэ гъэщIэгъуэн зыбжанэ къытридзащ. Абыхэм ящыщу икъукIэ гъэщIэгъуэнщ «Индоевропейско-северокавказские изоглоссы» зыфIищар. Мыбдеж зи гугъу ищIыр бзэхэм зэIэпаха псалъэхэрщ. Ахэр икъукIэ куэд мэхъу. Я мыхьэнэ теухуауэ псалъэхэр гуп-гупу гуэшащ. Псори зэхэту псалъэхэр 80-м щIегъу. Ахэр я мыхьэнэ елъытауэ гуп-гупу зэрыпхуэгуэшыр Iуэхум къыхэплъытэжмэ, а къомыр благъагъэм и нэщэнэу къыпщыхъункIэ мэхъу. Ауэ Iуэхур абы теткъым. Мы бзэ бынитIым зэдай псалъэхэр «щэнхабзэ терминологие» жыхуаIэм хохьэ, бзэхэм зэIэ-пах хабзэщ икIи благъагъэм и щыхьэт пщIы хъунукъым. Жылэгъуалэм и щэнхабзэм емылъытауэ, бзэ псоми зэдыхэт хабзэ псалъэхэрщ благъагъэм и нэщэнэ хъур.
Старостиным къызэрилъытэмкIэ, мы бзэ бынитIым зэдыхэт псалъэхэм хэкIыпIэ нэхъ яхуэхъуар кавказыбзэхэрщ. Ари аргумент зыбжанэкIэ къегъэлъагъуэ. Япэрауэ, а псалъэхэм индоевропей этимологие зэрамыIэр; етIуанэрауэ, кавказыбзэ макъ зыбжанэм индоевропейхэм макъ закъуэ къызэрыпадзыр (къахуэмыпсэлъ кавказ макъ гугъухэр тынш зэращIыр), н. къ. ИщхьэкIэ зи гугъу тщIа тхыгъэм зыкъомкIэ бгъэдохьэ а щIэныгъэлIым и адрей «Культурная лексика в общесеверокавказском словарном фонде» зыфIищар. Мыбдежым, япэм ещхьу, псалъэхэр гуп-гупу гуэшащ, я мыхьэнэ тещIыхьауэ. Iэщ гъэхъуным епхауэ псалъэ 27, мэкъумэшым - 16, металлургием - 6, Iэмэпсымэ, абыкIэ зэрылажьэм зэреджэ - 12, псэуалъэцIэу - 9 (псори зэхэту 72 мэхъу). Мы лэжьыгъэр икъукIэ сэбэпышхуэ хъунущ пасэрей кавказ лъэпкъхэм я щэнхабзэр джынымкIэ.
Старостиным адэкIэ етх: «Дунейпсо щэнхабзэм зиужьынымкIэ мыхьэнэшхуэ дыдэ зиIа гъущIым и цIэр хьэту-кавказ бзэхэм къыхэкIащ». А хьэту-кавказ терминыр хыхьащ индоевропей, семитхамит, н. къ. бзэ куэдым. Ар и щыхьэтщ дунейпсо щэнхабзэм и зыужьыныгъэм хьэту-кавказ лъэпкъхэм хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуащIам. Металлыр япэ дыдэ къэзыхутэу ар гуащIэдэкI щэнхабзэм хэзыша лъэпкъыр аращ абы цIэ фIэзыщари. ЩIэныгъэлIым и къэхутэныгъэхэм къызэрыхэщымкIэ, кавказ бзэ быныр IыхьлыгъэкIэ епхащ сино-тибет (китай-тибет) бзэ быным, абыхэм къепхащ Сыбырым щыпсэу кетхэм я бзэри. ЗэкIэ ар фIэщщIыгъуейщ, ауэ бзэхэм я тхыдэм узыпэмыплъэхха Iэджэ къыщыхъуауэ къахутэ. Хэт игу къэкIынт Европэм и адрей гъунэм щыпсэу ирландхэмрэ Индием ис лъэпкъхэмрэ я бзэхэр зэблагъэу, ахэр яджу зы лъабжьэ зэраIэр щIэныгъэлIхэм къамыхутамэ. Сино-кавказ гипотезэр нэгъуэщI щIэныгъэлIхэми яфIэкъабылщ.
Гу лъытапхъэщ: ди хэку щIэныгъэлIхэр ебэкъуащ «европеоцентризм» жыхуаIэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм. Абы ипкъ иткIэ, щэнхабзэм и Iэужь псори европей лъэпкъхэм къабгъэдэкIыу адрейхэм хэпща хъуауэ аращ. Ауэ Иванов Вячеслав, Старостин С. А., Николаев С. Л. сымэ я бгъэдыхьэкIэр нэгъуэщIщ. Щэнхабзэм и Iэужьхэм хэкIыпIэ яхуэхъуар щаубзыхукIэ, ахэр иригъуазэркъым схемэ хьэзырым, атIэ Iуэхугъуэ куэд зэпалъытри, пэжыпIэр къахутэ. Мы щIэныгъэлIхэм я фIыгъэкIэ нэрылъагъу къэхъуащ кавказ лъэпкъхэмрэ абыхэм я благъэ пасэрей ПэIущIэ Азием щыпсэуа я лъэпкъэгъухэмрэ дунейпсо цивилизацэм хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуащIар. Абыхэм я фIыгъэщ расизмэр зи лъабжьэ европеоцентризм Iуэху бгъэдыхьэкIэри еба зэрыхъуар.
Кавказ бзэщIэныгъэм хэлъхьэныгъэщIэ хуащIащ Дьяконов И. М., Старостин С. А. сымэ зэдатха «Хуррито-урартские и восточнокавказские языки» тхыгъэмкIэ. Мыбыхэм яхузэфIэкIащ пасэрей хурритхэмрэ урартхэмрэ зэрыпсалъэ бзэр зищIысыр нэсу къахутэн - а тIури зы бзэщ, ауэ диалект зырызщ. Езыхэри благъагъэкIэ шэшэн-дагъыстэн бзэ гупым я лъапсэгъуу къыщахутакIэ, адыгэ-абхъаз бзэ гупми я благъэщ. Зи гугъу сщIы щIэныгъэлIитIым генеалогие и лъэныкъуэкIэ Кавказ бзэ быным и гуэшыкIэр щIэрыщIэу яубзыхуащ. Абыхэм зэратхым ипкъ иткIэ, кавказ бзэ быныр къудамитIу гуэшащ, абхъаз-адыгэ гупым нэхъ я гъунэгъущ хьэту бзэр, шэшэн-дагъыстэн быным хохьэ хурритурарт бзэр. Хьэту, хуррит, урарт лъэпкъхэр Кавказым исакъым, абыхэм я псэупIэр къанэ щIагъуэ щымыIэу ПэIущIэ Азием и гъунапкъэхэм хиубыдэрт. Ауэ щыхъукIэ, «Кавказ» терминым и тэмэмыгъэм шэч къытепхьэн хуей мэхъу. Дызэрыт лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм хэпща хъуауэ щыта «аллародий» терминыр ар и щхьэусыгъуэу къэзыгъэщIэрэщIэжыну зыфIэигъуэхэр къыкъуэкIащ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, а терминым къызэщIеубыдэ пасэм щыгъуэ ПэIущIэ Азием щыпсэуа лъэпкъхэм я бзэ щымыIэжхэмрэ абыхэм я благъэу ябж кавказыбзэхэмрэ. Пасэ лъэхъэнэм ПэIущIэ Азием щыIа бзэхэр кавказыбзэхэм зэраблагъэр ди зэманым гипотезэжкъым, атIэ ар щIэныгъэ хабзэхэм тету нэрылъагъу къащIащ.
ИщхьэкIэ зи гугъу тщIа Старостинымрэ Дьяконовымрэ я лэжьыгъэ «Хуррито-урартские и восточнокавказские языки» жыхуиIэм псалъи 168-рэ хъу этимологие псалъалъэ къызэщIеубыдэ. Абы къыщыхьа псалъэхэр зэблагъэу къыщIабжыр зэрызэхэт макъхэмрэ я мыхьэнэмрэ зэрызэщхь къудейр аракъым. Бзэхэр зэрызэблагъэм и аргумент нэхъыщхьэ дыдэу ябж «фонетикэ хабзэ» жыхуиIэм тету къэхъуа, хабзэ пыухыкIахэм тет макъ зэпэдзхэр («регулярные фонетические соответствия») я тегъэщIапIэщ а псалъалъэм къыщыхьа дэтхэнэ псалъэ зэрагъапщэхэми. Хурритхэмрэ урартхэмрэ зы лъапсэт, зы бзэм и диалект зырызхэмкIэ псалъэу щытащ. Пасэрей ПэIущIэ Азием и щэнхабзэ лъагэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа хурритхэм я псэупIэр Кавказым и гъунапкъэм къриубыдэртэкъым. Урартхэми я Iыхьэ ныкъуэр арат абы хиубыдэр. КъимыдэкIэ, абхъаз-адыгэ лъэпкъхэм я благъэу къалъытэ каскхэмрэ хьэтухэмрэ щыпсэур Анэдолэр арат. Ауэ щыхъукIэ, «кавказ» топонимыр епхьэлIэну игъуэджэщ зи гугъу тщIы пасэ бзэ быным. Нобэрей шэшэн-дагъыстэн, абхъаз-адыгэ бзэ гупитIыр зы быну къапщтэмэ, «кавказ бзэ бын» терминыр дагъуэншэщ, ауэ пасэм ПэIущIэ Азием щыIа бзэхэр абыхэм зэраблагъэр къызэщIебгъэубыдэмэ, «кавказ бзэ бын» терминыр абыхэм «къайзэвэкI» хуэдэуи щытщ. Шэч хэмылъу, аращ «аллародий» терминым зыщIыхуагъэзэжыр.

Индоевропейхэм я пэкIэ

ЩIыкурытыхым и Iуфэхэм щыпсэуа пеласг, этруск, баск лъэпкъхэри дызытепсэлъыхь бзэ быным нэхъ тегушхуауэ кърапх, икIи, жаIэ къудейм къыщымынэу, къэхутэныгъэ щхьэхуэхэр ирагъэкIуэкI хъуащ. ФIыр аращи, япэм емыщхьу, иджырей щIэныгъэлIхэм я лэжьыгъэхэр щIэныгъэ хабзэхэм нэхъ ткIийуэ тетхэщ. Апхуэдэщ, псалъэм щхьэкIэ, Чирикбэ   В. А. и лэжьыгъэ «Баскский и северокавказские языки» жыхуиIэр, Иванов В. В. и «Древневосточные связи этрусского языка» тхыгъэхэр, Старостин С. А. и «Праенисейская реконструкция и внешние связи енисейских языков» тхыгъэр, нэгъуэщIхэри.

ЩIэныгъэлIхэр йолэжь нэхъ Iуэхугъуэшхуэхэми. Ахэр зэфIэкIмэ, кавказыбзэхэр щIэныгъэшхуэм и утыкум лъэ быдэкIэ иувэнущ. Дунейпсо мыхьэнэ зиIэ щIэныгъэ Iуэхухэр яубзыху щыхъукIэ, ахэр лъэныкъуэегъэз хъун хуейкъым дяпэкIэ. АбыкIэ щыхьэтщ, псалъэм щхьэкIэ, Николаев С. Л., Старостин  С. А. зэдагъэхьэзыра «Северокавказские языки и их место среди других языковых семей Передней Азии» лэжьыгъэр. Милитаре А. Ю., Старостин С. А. зэдатха «Об афразийско-севернокавказских лексических контактах» къэхутэныгъэр, Николаевымрэ Старостинымрэ зэдагъэхьэзыра дызытепсэлъыхь бзэхэм я этимологие псалъалъэр (псоми зэдай псалъэ 800-рэ бзэ щхьэхуэхэм зэдай псалъэ 2000 хуэдизрэ къызэщIеубыдэ). Хьэтуубзэмрэ абхъаз-адыгэбзэхэмрэ нэхъ куууэ зэрагъапщэ хъуащ.
ЩIэныгъэлIхэм я гулъытэм IэщIэкI къысфIощI Пакистаным и къурш зэхуакухэм (Каракорум) дэзэрыхьа буришки лъэпкъым и бзэ «бурушаски»-кIэ зэджэр. Тхыгъэ мащIэ дыдэ фIэкIа димыIэу абы дыщыхэплъэм, гъэщIэгъуэн куэд хэтлъэгъуащ, кавказыбзэхэм къызэрепхамкIэ гурыщхъуэ уагъэщIу.
КъищынэмыщIауэ, и гъэпсыкIэ, типологие я лъэныкъуэкIэ дагъыстаныбзэхэм я гъунэгъущ. Езы лъэпкъри къэзыухъуреихьхэм антропологие и лъэныкъуэкIэ ящхькъым: нэхъ хужьхэщ, нащхъуэ нэхъ яхэтщ. Ахэр зэпэплъытмэ, бурушаски бзэр ди щIэныгъэ гулъытэм зэрыхэдгъэхьэн хуейр гурыIуэгъуэ мэхъу.
Ди жагъуэ зэрыхъущи, хьэту, хуррит, урарту бзэхэм епха Iуэхугъуэхэр къэзыIэтыр нэхъыбэу кавказыбзэхэр зымыщIэ щIэныгъэлIхэрщ, а Iуэхугъуэхэм ятеухуа тхыгъэхэр ди деж къыщыдэкIыркъым, тхылъаджэ къызэры-гуэкIхэр дэнэ къэна, щIэныгъэлI куэд абыхэм щыгъуазэкъым. Ар зыкIи сэбэп хъуркъым ди щIалэгъуалэр щIэныгъэм, къэхутэныгъэхэм хуэгъэушэнымкIэ. А Iуэху щытыкIэм кърикIуэ ныкъусаныгъэхэр гъунэжщ. Къэт-хьынщ зы щапхъэ.
Хьэту къэралыгъуэр зэрыщыту хеттыбзэм хуэкIуа нэужьи къагъэсэбэпу щытащ «панку» терминыр. Арат зэреджэр лъэпкъпсо хасэм. Абы и этимологиер яубзыхуну щIэныгъэлIхэр хэтщ, ауэ зыми и пщIыхьэпIэ къыхэ-хуэркъым ар хьэтуубзэм (абхъаз-адыгэ бзэ гупым щыщ гуэрым) къыхэкIауэ. Адыгэбзэр зыщIэ къэхутакIуэм гу лъимытэу къэнэнтэкъым ар адыгэ термин «пэкIу» жыхуэтIэм епха зэрыхъунум. Хасэм кIуэрт нартхэр, уэркъхэр, ауэ «зи лъэ вакъэ изылъхьэр» щызэхуэсыр пэкIу жыхуэтIэр арат. Апхуэдэ мыхьэнэ дыдэ иIэщ хьэту псалъэ панку жыхуиIэм. Макъ н-р пэкIу адыгэбзэ псалъэми зэрыдэтам и щапхъэ бгъуэтынущ, псалъэм щхьэкIэ: пэнцIыв, пэнтIыкъ. Абазэбзэми а псалъэм и макъыр хэтщ: «пынцIа» - «пэ».
НэгъуэщI социально-политикэ термину къагъэсэбэп Хьэту къэралыгъуэм ката псалъэр (транслитерацэм макъхэр пэж дыдэу къигъэлъагъуэркъым). А псалъэм къокI «пащтыхь гуащэ». Адыгэ хъуэхъухэм ущыхуозэ къатинэ псалъэм, цIыху ирагъэлъапIэу. КъищынэмыщIауэ, нарт хъыбарым ущыхуозэ Сэтэней гуащэ и цIэм ехьэлIауэ:
 
- Уей, Сэтэней гуащэ,
Гуащэу щыIэм я лей!
Гуащэм я мыфэгъу,
Джэшыр зи гушыIэгъу,
Дыгъэнэбзийр зи нэгу,
Дыщэр зи куэщI,
Тэджым я Мэзытхьэ,
Гуащэ къатинэ,
Бэрэтинагъуэ,
Данагъуэ Iупэ,
Щхьэцыпэ дыкъуакъуэ!

Нобэрей адыгэбзэм къатинэ псалъэр цIэ унейуэ хэту аращ, адыгэбзэм абы къыщрагъэкI «ткIий», «еру», «щхьэзыфIэфI». «Пащтыхь гуащэ» къызэрыкI псалъэм апхуэдэ мыхьэнэхэр игъуэтыным зыри хуэIуакъым. Псалъэм «нэ» пытыр суффиксу къыщIэкIынущ, псалъэм плъыфэцIэ мыхьэнэ ириту, егъапщэ: щхьэх - щхьэхынэ, гъуэ - гъуанэ, н. къ.
Хьэту къэралыгъуэр къыщыхъуам, лъэпкъитIыр зэхэзэрыхьат: хьэтухэм индоевропеибзэр къащтащ, индоевропейхэр зэджэж хъуащ хьэту цIэмкIэ. ЦIыхубэр иримыпсэлъэжми, хьэтуубзэр динырылажьэхэм къагъэсэбэпу щытащ дин зэрызэрахьэ бзэуэ. Абы ипкъ иткIэ, хуэбгъэфащэ хъунущ индоевропейхэм хьэтухэр къамызэуауэ, атIэ, къазэребэкIым къыхэкIыу, я бзэр хуэм-хуэмурэ псори зэрызэпсалъэ бзэ хъуауэ. Къэралыгъуэм хьэтухэм щаIа пщIэшхуэм и Iэужьщ абыхэм я бзэр диныбзэ зэрыхъуари. Я социально-политикэ статусыр зэрылъагэм и фIыгъэкIэ, апхуэдэ купщIэ зиIэ хьэту псалъэ куэд къищтагъэнущ текIуа индоевропей бзэм. Ахэр къэзыхутэфын щIэныгъэлIхэр нобэкIэ димыIэми, гъэхьэзырыным хущIэкъун хуейщ. Тхыдэ, этнографие сыт и лъэныкъуэкIэ а проблемэр яджу щIадзащ, бзэ, тхыдэ, мифологие, гъуазджэ я лъэныкъуэкIи Iуэхугъуэм еплъыпхъэщ.

АБДОКЪУЭ Iэуес, филологие щIэныгъэхэм я доктор.
Поделиться: