Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2019 гъэм мэлыжьыхьым и 30-м къыдигъэкIа унафэ №80-ПП-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

№306-ПП
2020 гъэм дыгъэгъазэм и 28-м Налшык къалэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм 2020 гъэм цIыхухэр бжыным зыщыхуэгъэхьэзырынымрэ ар егъэкIуэкIынымкIэ комиссэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2019 гъэм къыдигъэкIа унафэ №80-ПП-м мы унафэм щIыгъу гуэдзэным къыщыгъэлъэгъуа зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн.

    Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
    и Правительствэм и УнафэщI            МУСУКОВ Алий

 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и
Правительствэм 2020 гъэм дыгъэгъазэм и 28-м
къыдигъэкIа унафэ №306-ПП-мкIэ къащтащ

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм 2020 гъэм цIыхухэр бжыным зыщыхуэгъэхьэзырынымрэ ар егъэкIуэкIынымкIэ комиссэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2019 гъэм къыдигъэкIа унафэ №80-ПП-м халъхьэ

ЗЭХЪУЭКIЫНЫГЪЭХЭР

1. 4-нэ пунктыр мыпхуэдэу къэхьын:
«4. Мы унафэр зэрагъэзащIэм кIэлъыплъыныр и пщэ илъхьэн Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Къуныжь М. А.».
2. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм 2020 гъэм цIыхухэр бжыным зыщыхуэгъэхьэзырынымрэ ар егъэкIуэкIынымкIэ Комиссэм и положенэм, зи гугъу тщIа унафэмкIэ къащтам, и 6-нэ пунктым и ещанэ абзацыр мы къыкIэлъыкIуэм хуэдэу къэхьын:
«Комиссэм хохьэ Комиссэм и унафэщIыр, абы и къуэдзэхэмрэ Комиссэм хагъэхьахэмрэ.».
3. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм 2020 гъэм цIыхухэр бжыным зыщыхуэгъэхьэзырынымрэ ар егъэкIуэкIынымкIэ Комиссэм хэтхэм мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
а) Комиссэм хэгъэхьэн мы къыкIэлъыкIуэхэр:
Мусуков А. ТI. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIыр (Комиссэм и унафэщIщ)
Къуныжь М. А. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэр
Ажий В. Хь. - Аруан муниципальнэ щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм и унафэщIыр (зэгурыIуауэ)
Борсэ Ю. Къ. - Шэджэм муниципальнэ щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм и унафэщIыр (зэгурыIуауэ)
Васильев С. С. - Урысей Федерацэм и Лъэпкъ гвардием и дзэхэмкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщIыр (зэгурыIуауэ)
Езауэ А. Къ. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэр
Къалэбатэ Р. М. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и министрыр
Къанкъул А. Хь. - Тезырхэр егъэпшынынымкIэ федеральнэ къулыкъум и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщIым и къуэдзэр (зэгурыIуауэ)
КIэрэф Р. Хь. - Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и полицэм и унафэщIым и къуэдзэр (жылагъуэ хабзэр хъумэнымкIэ) (зэгурыIуауэ)
Павлов А. Л. - «Урысей Федерацэм ШынагъуэншагъэмкIэ и федеральнэ къулыкъущIапIэм и гъунапкъэхъумэ управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэр» федеральнэ къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм и унафэщIыр (зэгурыIуауэ)
Пахомов Д. Ю. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и дзэ комиссарыр (зэгурыIуауэ);
б) Лисун Е. А. и къулыкъум зэреджэр мыпхуэдэу къэхьын: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм финансхэмкIэ и министрыр»;
в) Саенкэ Т. В. и къулыкъум зэреджэр мыпхуэдэу къэхьын: «Май муниципальнэ щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм и унафэщIыр (зэгурыIуауэ)»;
г) Комиссэм къыхэгъэкIыжын Азычэ С. Г., КIэрэф М. А., Куэшей А. Д., Кужонов Ж. Ф., Къумыкъу А. М., Ромашкин И. К., Соблыр Б. Хь., ТекIушэ А. А., Хъубий М. А.

 

Поделиться: