Гъуэгугъэлъагъуэ

 Нобэ дигу къэдгъэкIыж, зи фэеплъыр дгъэлъапIэ Тау Хьэзешэ Талий и къуэр лъэпкъ бзэщIэныгъэм лъэужьыфI къыщызыгъэна адыгэ еджагъэшхуэхэм ящыщщ. А щIэныгъэлIым зэфIэкI лъагэхэр бгъэдэлъащ, а хъугъуэфIыгъуэхэмкIи дапщэщи ядэгуэшащ иригъаджэ студентхэми щIэныгъэм гъунэ щизылъэ щIалэгъуалэми.

Таум куэдрэ дэтлъагъурт зи гугъу сщIы щэнхэр икIи дегупсысырт: «Хьэзешэ зы махуэм хузэфIэкIыр нэхъ щIалэхэми тлъэмыкIынми ярейщ». Къыщыхъу щыIэт (заочнэу еджэхэр сессие къыщыкIуам и деж) сыхьэтипщIкIэ лекцэ щиIэ, е махуэ ныкъуэкIэ зачет, экзамен къыIихауэ, сыхьэти 4 - 6-кIэ студентхэр иджыри щригъаджэ. Илъэс 40-м щIигъукIэ а Iуэхум и ужь итар, зэрыгурыIуэгъуэщи, абы сыткIи хуэIэижь хъуат.
ЦIыхум гъащIэ гъуэгуанэ къикIуу и ныбжьыр зы гъунапкъэ гуэрым щынэсам деж, зыщIэгупсысыжыни, къикIуа лъагъуэм ириплъэжыни хуейщ, къигъэщIамрэ цIыхум, лъэпкъым, лъахэм зэрахуэщхьэпамрэ зэрилъытыжу. Абы ехьэлIауэ фIыгъуэшхуэ и щIыбагъ къыдэлъащ Хьэзешэ. Абы хуэдэ бзэщIэныгъэлIым илэжьа псори къызэрапщытэж пщалъэу щыIэр лъэпкъыбзэм зегъэужьыным хищIыхьыфар зыхуэдизыр наIуэ къэщIыныр арамэ, Таур ящыщщ куэд зылъэкIа хэкупсэхэм. Зыми жиIэфынукъым абы зылI ищIэфын нэхърэ нэхъыбэ зэфIимыгъэкIауэ. Зэи Iуэхуншэу щысакъым Хьэзешэ, уеблэмэ егъэджакIуэхэм зыщагъэпсэху гъэмахуэ мазэхэми ар и пэшым щыбгъуэтынут, иригъэкIуэкIа и къэхутэныгъэхэр къызэщIикъуэжу, абыхэм къакIэлъыкIуэнухэм епха и гупсысэхэр иубзыхуу. А псори щызэхуэхьэсыжауэ дунейм къытехьащ Тау Хьэзешэ и тхылъ, брошюрэ щхьэхуэхэр, щIэныгъэ-къэхутэныгъэ тхыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр – псори зэхэту 300-м щIегъу ахэр, къыубжэкIынуи тыншкъым.
 КъэхутакIуэ емызэшым и лэжьыгъэ куэд къытрадзащ Карачаевск, Налшык, Мэзкуу, Тбилиси, Сыхъум, Черкесск, Грознэ, Псыхуабэ, Мейкъуапэ, Мэхъэчкъалэ къыщыдэкI щIэныгъэ журналхэм. Абыи къыщынэрэ! Таур бзэщIэныгъэм елэжь куэдми ядэIэпыкъуащ, нэхъыбэжми рецензэхэр яхуитхащ. ЖыпIэнурамэ, IуэхуфI куэдкIэ гъэнщIат ди унэтIакIуэм и дэтхэнэ махуэри.
Къэхъурт Хьэзешэ и гъащIэм къыщытхутепсэлъыхьыж. Псом япэ иригъэщырт и адэ-анэу Талийрэ Куржанрэ, абыхэм я фIыгъэу жиIэрт здынэса лъагапIэхэм я лъабжьэр зэрыбыдэр. Шэч хэмылъу, а нэхъыжьыфIхэм ядилъэгъуа хьэл-щэныр щапхъэ нэс хуэхъуат Хьэзешэ. АбыкIэ езыри къыщIэхъуа и бынхэм, абыхэм я быныжхэм яхуэупсэжащ. Апхуэдэу Таум жиIэжырт егъэджакIуэу иIахэри унэтIакIуэ нэс зэрыхуэхъуар. Абыи шэч лъэпкъ зэрыхэмылъым щыхьэт дытохъуэ, сыту жыпIэмэ, дэ, абы иригъэджахэм, езы ди егъэджакIуэр куэдкIэ щапхъи гъуэгугъэлъагъуи къытхуэхъуащи. «Адыгэ псалъэу къэрэшей-балъкъэрыбзэм хэтхэр» кандидат диссертацэр щызгъэхьэзырым щыгъуи щIэныгъэ унафэщIу сиIари аращ.
Куэд дохъу Таум и гъукIэгъэсэнхэр, ар зи унафэщIу щыта «кIыщым» ноби щоджэ икIи щолажьэ адыгэ бзэщIэныгъэм зи гъащIэр езыпха щIалэгъуалэ куэд. ГъащIэ купщIафIэ къэзыгъэщIа еджагъэшхуэм и цIэр, и фэеплъыр сакъыу зыхъумэхэм дэри дащыщщ.

УНЭЛIОКЪУЭ Вячеслав, КъБКъУ-м и доцент, филологие щIэныгъэхэм я кандидат.
Поделиться:

Читать также:

17.04.2024 - 11:43 НОБЭ
16.04.2024 - 11:18 Псалъэжьхэр
16.04.2024 - 07:08 НОБЭ