Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм цIыхур псэун папщIэ нэхъ мащIэ дыдэу зыхуеинум нэхърэ нэхъ мащIэ фIэкIа хэхъуэ зимыIэхэм я бжыгъэр щыгъэмэщIэныр» и щIыналъэ программэм и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
№300-ПП
2020 гъэм дыгъэгъазэм и 25-м
     Налшык къалэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
Къэщтэн Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм цIыхур псэун папщIэ нэхъ мащIэ дыдэу зыхуеинум нэхърэ нэхъ мащIэ фIэкIа хэхъуэ зимыIэхэм я бжыгъэр щыгъэмэщIэныр» и щIыналъэ программэу мы унафэм щIыгъур.

    Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
    и Правительствэм и УнафэщI                            МУСУКОВ Алий

ЯмыгъэIэпхъуэ мылъкум щыщ ухуэныгъэхэу зи налог лъабжьэр
2021 гъэм объектым и кадастр уасэм тещIыхьауэ яубзыхухэр къэщтэным теухуауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
№301-ПП
2020 гъэм дыгъэгъазэм и 25-м

     Налшык къалэ

Урысей Федерацэм и Налог кодексым и 378/2 статьям ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
1. Къэщтэн ямыгъэIэпхъуэ мылъкум щыщ ухуэныгъэхэу зи налог лъабжьэр 2021 гъэм объектым и кадастр уасэм тещIыхьауэ яубзыхухэу мы унафэм щIыгъур.
2. Мы унафэм къару егъуэт 2021 гъэм щIышылэм и 1-м щегъэжьауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
и Правительствэм и УнафэщI                                МУСУКОВ Алий

 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал мылъкур зегъэкIуэным, къэрал щIыхуэмрэ бюджетзэхуаку зэхущытыкIэхэмрэ ятеухуауэ» и къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

№302-ПП
2020 гъэм дыгъэгъазэм и 25-м
Налшык къалэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал мылъкур зегъэкIуэным, къэрал щIыхуэмрэ бюджетзэхуаку зэхущытыкIэхэмрэ ятеухуауэ» и къэрал программэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2013 гъэм бадзэуэгъуэм и 1-м къыдигъэкIа унафэ №185-ПП-мкIэ къащтам, мы унафэм щIыгъу гуэдзэным къыщыгъэлъэгъуа зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн.

    Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
    и Правительствэм и УнафэщI                            МУСУКОВ Алий

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм промышленностымрэ сатумрэ зыщегъэужьыныр» и къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

№305-ПП
2020 гъэм дыгъэгъазэм и 28-м
Налшык къалэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм промышленностымрэ сатумрэ зыщегъэужьыныр» и къэрал программэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2020 гъэм фокIадэм и 25-м къыдигъэкIа унафэ №223-ПП-мкIэ къащтам, мы унафэм щIыгъу гуэдзэным къыщыгъэлъэгъуа зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн.

    Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
    и Правительствэм и УнафэщI            МУСУКОВ Алий

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2019 гъэм мэлыжьыхьым и 30-м къыдигъэкIа унафэ №80-ПП-м
зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

№306-ПП
2020 гъэм дыгъэгъазэм и 28-м Налшык къалэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм 2020 гъэм цIыхухэр бжыным зыщыхуэгъэхьэзырынымрэ ар егъэкIуэкIынымкIэ комиссэм и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2019 гъэм къыдигъэкIа унафэ №80-ПП-м мы унафэм щIыгъу гуэдзэным къыщыгъэлъэгъуа зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн.

    Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
    и Правительствэм и УнафэщI            МУСУКОВ Алий

Поделиться: