МЭРЕМ ПШЫХЬ

ГъукIэ Маринэ

ПцIащхъуэ цIыкIухэр
Новеллэ

Си ныбжьэгъу Сюзаннэ тыгъэ хузощI
- Уэ убажэщ, сэ сыджэдущ… Хьэуэ, уэ уджэдущ, сэращ бажэр, - жаIэурэ автобус къэувыIэпIэм тетщ хъыджэбз цIыкIуитI. Сабий садым щызэхаха таурыхъым хэт лIыхъужьхэм я цIэхэр зэрызэфIащыжар яфIэдыхьэшхэн хъужауэ, я макъ жьгъыру цIыкIухэмкIэ уэрамыр къагъэпсалъэ.
Зы хъыджэбз цIыкIум и анэр а тIум якIэлъыплъурэ, мэдыхьэшх:
- Фэри фэ! ТIури фыбажэщ! Сыту икIи фемышрэ?!
Абы и псалъэхэр нэхъри нэхъ гъэщIэгъуэн щыхъуауэ ипхъу цIыкIум и ныбжьэгъум зыхуегъазэ:
- Зэхэпха? Щхьэ уемызэшрэ? Ыыы?..
Аргуэру тIури мэдыхьэшх.
Хъыджэбз цIыкIуитIым сакIэлъыплъурэ, сэри сыпогуфIыкI. ПцIащхъуэ цIыкIухэ… Зэ еплъыгъуэкIэ, а тIур зыкIи зэщхькъым: зыр щхьэц сырыхущ, лъагэщ; адрейр щхьэц фIыцIэщ, нэхъ лъахъшэщ. Уеблэмэ я дыхьэшхыкIэри зэтехуэркъым. Ауэ ныбжьэгъугъэр абы хуей?!
- Зы, тIу, щы, плIы, хы, - кърегъажьэ хъыджэбз сырыху цIыкIум.
- Ей, тхур дэбгъэхуащ, - зэпеуд адрейм. - БжэкIэ пщIэххэркъым…
- СощIэ-тIэ, зэрыдэзгъэхуам гу лъыптэрэ лъумытэрэ сеплъыну арат…
- Аратэкъым-тIэ, пщIэркъым, - дыхьэшхыурэ къызэрохуэкI.
- Мыдэ сэ укъэзубыдынщи, уэзгъэлъагъунщ…
Абыхэм сакIэлъыплъурэ сэри сыпогуфIыкI! ГъащIэм языныкъуэ Iуэхугъуэхэм гъэщIэгъуэну къытрегъэзэж. Мы къэувыIэпIэм сытету сызэжьэ цIыхумрэ сэрэ ди цIыкIущхьэщ а хъыджэбз цIыкIуитIыр. Арауэ къыщIэкIынщ си нэр щIатенари.
Ар щхьэц сырыхущ, щхьэпэлъагэщ, сэ сынэхъ лъахъшэщ, сыщхьэц фIыцIэщ. Абы псалъэр и мащIэщ, сэ сыпсэлъэрейщ. Абы щIымахуэр фIэфIщ, сэ щIыIэр си жагъуэщ.
- ЩIыIэм сес, дапщэщ автобусыр къыщысынур? - мэгъынанэ хъыджэбз щхьэц фIыцIэ цIыкIур.
- Уарэ, уэ щIыIэм ущошынэ, - мэдыхьэшх мыдрейр.
ИтIанэ, езы цIыкIуитIыр зоIущащэри, я анэхэм зыхуагъазэ:
- Мамэ, мам… КхъыIэ, нобэ мыбыхэ сыгъакIуэ. ТIэкIу сыджэгунщи, сыкъэкIуэжынщ.
Анэхэми зэпеуэу жэуап къатыж:
- Нобэрей махуэм фызэдэджэгункIэ фрикъуакъэ?!
- Махуэ псом фызэгъусэщ, фызэрыужэгъуакъэ?!
Хъыджэбз цIыкIухэм ар хуабжьу гъэщIэгъуэн ящохъу! Уи ныбжьэгъур бужэгъункIэ Iэмал иIэ?! ЩIыIэм тIэкIу егъэшынэ, армырмэ иджыри Iэджэрэ тетыфынут ахэр мы къэувыIэпIэм.
Сэри зыхэсщIэн щIызодзэ щIыIэ къызэрыхъур. Жып телефоныр къисхауэ, куэд щIауэ гукIэ сщIэ бжыгъэхэр къызодзэ. Ауэ абы ирихьэлIэу къоувыIэ автобусри, хъыджэбз цIыкIуитIым я анэхэр я гъусэу йотIысхьэ; абы сыхьэт ныкъуэ хъуауэ сызэжьэ цIыхури къокI.
- ИгъащIэкIи укъэсын си гугъакъым, - сышхыдэн щIызодзэ занщIэу.
- Апхуэдэущ автобусыр къызэрысар, сыт-тIэ сыбгъэщIэнур?!
- ЩIыIэм себгъэсащ…
- Умытхьэусыхэт иджы…
- Дауэ сызэрымытхьэусыхэнур?! ДыкъыкIэрыбгъэхуащ дыздэкIуэм…
- Сэри дыгъуасэ Iэджэрэ сыножьаи…
Мис апхуэдэу докIуэкI илъэс Iэджэ щIауэ… Ар щхьэц сырыхущ, сэ сыщхьэц фIыцIэщ…

ГушыIэ
Дзажэ пшэрым урезгъэхьэхынщ

Хъуэжэ мэжэлIауэ и хэгъэрей гуэрым деж еблагъэри, ягъэшхэну елъэIуащ.
- Иджыпсту хьэзыру мырамысэ гъущэ фIэкIа зыри симыIэ, - жиIэри уэнжакъым дзажэ гъэгъуа фIэлъ пэтми, унэгуащэм Хъуэжэ мырамысэ къудей къыхутригъэващ.
Абы мырамысэр ишхыу щIидзащ. АрщхьэкIэ мырамысэ гъущэ пхуэшхынт - и тэмакъым тенэурэ хуегъэхыртэкъым. Абы нэмыщIауэ, лым и мэр къыщIихьэрти, Хъуэжэ жиIащ:
- Мырамысэ, мырамысэ, уехынумэ ех, уемыхынумэ, мо уэнжакъым фIэдза дзажэ пшэрым урезгъэхьэхынщ!
Ар зэхэзыха унэгуащэр укIытэжри жиIащ:
- Сигу къэкIыжатэкъым, на, дзажэр зэрыдиIэр, - икIи лы хуигъажьэри иригъэшхащ.

Махуэ  Iэлисэхь.

ЖыIэгъуэхэр
ГъащIэм нэхъ егъэджакIуэшхуэ щыIэкъым

•Хэхэс жьэгу удэс нэхърэ, хэкужь и Iугъуэмэр нэхъ гуакIуэщ.
•Зыщалъхуа Хэкум щымыпсэужым, гъащIэм и IэфIыр фIыуэ зыхищIэркъым.
•Жумарт жыхуаIэр уэ пхуетынум нэхърэ нэхъыбэ къозытыфращ.
•Куэдыщэрэ зи щхьэ щытхъужу дэпсэлъэрейр щIэх дыдэу цIыхухэм къаужэгъу.
•Адыгэ жьэгум и тетыр унэгуащэращ.
•Адэ-анэм емыдаIуэм, гуIэу гъащIэр ехь.
•Гуащэр щытепщэм пщыр щеудыхащ.
•ГъащIэм нэхъ егъэджакIуэшхуэ щыIэкъым.
•Зи щхьэм фIэкIа нэгъуэщIхэр фIыуэ зымылъагъуфыр насыпыншэщ.
•Зи гъащIэр IэфI защIэу къэзыгъэщIа щыIэкъым.
•Уемыгупсысу пча зы лъэбакъуэми умыгупсысэу бутIыпща зы псалъэми цIыху гъащIэр якъутэкъутэфынущ.
•Пэжагъыр цIыхугъэм и къежьапIэщ.
•Иджырей зэманым зи гупкIэ уисыр фIыуэ къыумыцIыхуауэ и уэрэдым удемыжьумэ нэхъыфIщ.
•Ныбжьэгъу къэрабгъэр уи бий дыдэм нэхърэ нэхъ шынагъуэщ.
•Хэт и псэлъэреи жиIэу хъуар купщIэншэщ.
•Псалъэр щылъэщыр пэжу, Iущу, шэрыуэу щытмэщ.
•Ныбжьэгъури ахъшэкIэ къащэхуу щIадзащ.
•Ущалъхуа хэку и зы щIымахуэр нэхъыфIщ, хамэ щIыпIэ и гъатхищэ нэхърэ.
•ПIащIэу зи гъащIэр зыхьхэм дунейм и дахагъэр зыкIи зыхащIэркъым.
•Уэ къыпщыгуфIыкIыу къыббгъэдэлъадэ псоми фIыуэ укъалъагъуу уимыгугъэ.
•ЩIэблэр пхуэмыгъэсамэ, нэмыси умылъыхъуэж.
•ХьэщIапIэ уздихьа унагъуэм унафэ щыпщIыну ухуемыжьэ.

КIурашын Алий.

Адыгэ лIакъуэхэр
Бжьэдыгъухэр

Ижь-ижьыж лъандэрэ бжьэдыгъухэр тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм - ТIуапсырэ Шачэрэ (Сочэрэ) я зэхуакум щыпсэуащ. Ахэр къэгъуэгурыкIуащ тIууэ гуэшауэ - хъымыщейхэмрэ чэчэнейхэмрэ. XVII лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм бжьэдыгъухэм тенджыз Iуфэр ябгынэри, Кавказ къуршхэм я ищхъэрэ лъэныкъуэр хэщIапIэ ящIащ. XVII лIэщIыгъуэм и кIэхэм абыхэм яIыгъащ IэфIыпс псыхъуэм къыщегъэжьауэ Пшышэ нэс.
XVIII - XIX лIэщIыгъуэхэм я щхьэхуитыныгъэм папщIэ бжьэдыгъу мэкъумэшыщIэхэм бэнэныгъэ гуащIэ ирагъэкIуэкIащ. 1796 гъэм щыIа Бзиикъуэ зауэм къыщыщIэдзауэ 1856 гъэ пщIондэ ар екIуэкIащ, зэм гъэпщылIакIуэхэр зэми лэжьакIуэбэр текIуэу. Уэркъ-мэкъумэшыщIэ зауэр 1856 гъэм иухащ, пщы-уэркъхэр хэкум ирахуауэ, республикэ псэукIэ лъахэм щагъэпсауэ. Абы и унафэр цIыху 18 зыхэт тхьэрыIуэ хасэм и IэмыщIэ илът. Бжьэдыгъухэм я республикэр зэрыщыIар илъэсищ къудейщ - 1859 гъэм лъахэр урыс пащтыхьыдзэм иубыдри, адыгэхэм я демократ псэукIэр икъутэжащ.
Иджыпсту бжьэдыгъухэр зэуIуу щопсэу Адыгэ Республикэм, Краснодар крайм, Тыркум. Бжьэдыгъухэр адыгеибзэм (кIахэ адыгэбзэм) иропсалъэ.

Жэнейхэр

Пасэм щыгъуэ жэнэ адыгэ лъэпкъым и цIыхухэр куэд хъууэ, щIышхуи яIыгъыу щытащ. Ахэр щыпсэуащ Псыжь и ижьырабгъу бгъуэщIым. Жэнейхэм я щIым къуэкIыпIэмкIи къухьэпIэмкIи жыжьэу зыщиукъуэдийрт, ипщэ лъэныкъуэмкIэ ар Кавказ къуршэм еуалIэрт. Хуэбгъэфащэ хъунущ, жэнейхэр езыхэм нэхърэ нэхъ гуащIэмащIэ лъэпкъхэр зрагъэдаIуэу, ахэри яхэту тхыдэ тхыгъэжьхэм кIахэ адыгэу къыхэщхэрауэ.
Жэней адыгэ лъэпкъым щхьэхуитыныгъэр зыпищI щымыIэу къэгъуэгурыкIуащ. Ахэр лIыгъэ яхэлъу куэдрэ езэуащ кърым тэтэрхэм. Тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм пащтыхь быдапIэхэр щагъэуву, къэзакъхэр къыIуагъэтIысхьэу хуежьа нэужь, жэнейхэр Псыжь и сэмэгурабгъу лъэныкъуэр хэщIапIэ ящIащ. Пщыхэмрэ уэркъхэмрэ зыхэмыкI зауэ кIыхьхэм, Кавказ зауэжьым, ИстамбылакIуэм жэней адыгэхэм ящыщу къелар мащIэщ. Иджы зэгуэр лъэщу щыта жэней лъэпкъым щыщу къэнахэм я жылэр Пщыщ псым Iус Чэрэней и закъуэщ.
Жэнейхэр адыгей литературэбзэм иропсалъэ.

Хъыбар кIэщIхэр
Уэсмэн и фызышэ

Уэсмэн хъыджэбзаплъэ кIуэрти, и ныбжьэгъу ХьэтIиф здишащ.
Уэсмэн фэрэкIнапэт, ХьэтIиф нэхъ щIалэ бжьыфIэт. Уэсмэн бэлэбанэт, ХьэтIиф нэхъ зэгъэпэщат.
ЩIалитIыр здэкIуа унагъуэм ирагъэблагъэри, хъыджэбзыр кърагъэлъэгъуащ. Нэфми гу лъитэнт Уэсмэн плъакIуэ зыхуэкIуа хъыджэбзым ХьэтIиф зэрехъуэпсэжам. Ауэ ХьэтIиф къыщригъэжьэнур къыхуэгъуэтыртэкъым. Апхуэдэу щысурэ, хэгъэрейхэм ящыщ щIалэжь гуэрым Уэсмэн зыкъыхуигъэзащ:
- Мы ди пэшыр апхуэдэу щIыIэкъым, ныбжьэгъу, уи пыIэжьынэр щхьэрых! - жиIэри.
ХьэтIиф зыхуей дыдэр аратэкъэ?! КъыпыгуфIыкIри:
- Уэлэхьи, пыIэжьынэ умылъэгъуа уэ! Я гъуэлъыпIэ къуапэм фIэлъу къигъэна пыIэ къуацэжьыр плъэгъуатэмэ, сыкъэпщIэнт! Мы щхьэрыгъыр хьэхуу сэ естауэ аращ! - жиIащ ХьэтIиф, хъыджэбзым зыхуигъэфэрыщIурэ.
Уэсмэн гузавэри, ХьэтIиф и лъапэм теуващ. Абы щхьэкIэ къимыгъанэу, ХьэтIиф адэкIэ пищащ:
- ТхьэмыщкIэжь мыгъуэм и бгъэныщхьэ унэжь тIэкIури, къэуэн къудейуэ, лъэныкъуабэ хъуащ! Жэмыжь закъуэ иIэти, ари псэхэлIэ хъури, хьэм иригъэшхыжащ…
Уэсмэн зыгуэр жиIэну и жьэр иущIат, ауэ хъыджэбзым япэ зыкъригъэщри, ХьэтIиф зыхуигъэзащ:
- СощIэ, щIалэфI, уи пшынэм къибгъэкI къафэр зыхуэдэр, - жиIащ хъыджэбзым. - Зи ныбжьэгъу ар езыщIэжам, цIыхухъурэ цIыхубзу дунейм тетыр зэпэбж хъурэ сэ лейуэ сыкъэнами, сыдэкIуэнкъым. Ауэ уэ хэутэн пщIыну уи гугъа мо пыIэжьынэм иджыпсту: «НакIуэ!» - жиIэмэ, сыхьэзырщ.

Хэт ар зымыщIэр?

Хьэщауэрэ Къанщауэрэ зэхуэзауэ я ныбжьэгъу Алий и гугъу ящIырт.
- Дыгъуэпшыхь Алий нэхърэ сыбгъэдэсати, хуабжьу къыпщытхъуащ, Хьэщауэ! - жиIащ Къанщауэ.
- Е-ей, ари ар! И анэ зригъэфа быдзышэр и хьэлэлщ абы! Тхьэ щысIуэжыни, а Алий нэхърэ нэхъ лIыфI Къэбэрдей псом имыс! Хэт ар зымыщIэр?! - жиIэри, Хьэщауэ къыпыгуфIыкIащ.
- Уэлэхьи, укъызогъапцIэ ахъумэ, хьэм уригъэхьам, Хьэщауэ! - дыщIигъужащ Къанщауэ.
- И-и-и! Дауэ жыпIа? Тхьэ щысIуэжыни, езы хьэбыршыбырым нэхъ лIы цIапIэ Къэбэрдей псом имыс! Хэт ар зымыщIэр?! - губжьащ Хьэщауэ…

Дудар Хьэутий.

ЗэвгъэцIыху
Къуалэбзухэр

Адэжынэ - Куропатка. Адэжынэр мэзджэд лъэпкъым щыщщ. Жыг щыпытIысхьэр зэзэмызэ дыдэщ. И щIыбыр щхъуэ-гъуабжафэщ, фIыцIафэ къыщIэуэу, пщэ гупэр гъуэжьыфэщ, хулъащхьэр щхъуэщ. Щопсэу Европэм, Азие ЦIыкIум, Ираным, нэгъуэщI щIыпIэхэми. И нэхъыбэм лъэтэжыркъым, атIэ Iэпхъуэу аращ. Ди къэралым и ищхъэрэ-къухьэпIэ лъэныкъуэхэу уэсыр куэду къыздесымкIэ щыIэхэр ипщэкIэ къолъатэри, щIымахуэр щрах Ипщэ Украинэм, Кавказыкум, Курыт Азием. Адэжынэхэм нэхъ бэгъуэгъуафIэ ди къуалэбзухэм яхэмытми (зэ гъуэлъхьэгъуэр джэдыкIэ 24-м нос), я бжыгъэм кIуэ пэтми хощI, щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэхэм къыхэкIыу.
Адрей джэд теплъэ зиIэ къуалэбзухэм елъытауэ, адыжынэр нэхъ щымащIэщ Кавказыкум. Абыхэм нэхъ уащрохьэлIэ мэкъупIэхэм, хьэсэпкъхэм, чыцалъэхэм, псыхъуэхэм. Я шыхыныгъуэ нэхъыщхьэр: удз тхьэмпэ, гъавэхэкI, хьэпщхупщ.
«Адэжынэм и гъащIэр Тхьэм уигъэгъэунэху» гыбзэм къикIыр «шынагъуэ зэпымычым ухэмыкIыу упсэу» жыхуиIэщ.
АмкIыщ - Хохлатая синица. ЦIыжьдадэ лъэпкъщ. Щопсэу Европэмрэ Кавказымрэ я мэзхэм. ЩIымахуэм зыщIыпIи лъэтэжыркъым. Абгъуэ здищIыр псей, уэздыгъей жыг гъуанэхэрщ. Адрей цIыжьдадэ лIэужьыгъуэхэм къащхьэщыкIыу и пщэм кусэ фIыцIэхэр хэлъщ, хулъэ щIагъым гъуэжьыфэ къыщIоуэ. И Iусым хохьэ псей, уэздыгъей жыг жылэхэр, хьэпщхупщхэр.
Бгъащхъуэ - Беркут. Бгъэ лIэужьыгъуэм я нэхъ пIащэщ. И дамэхэр хуэIузэ кIыхьщ, кIэр хъурейщ, лъэдийхэм цы ятетщ. И теплъэм и плъыфэр гъуабжэ-фIыцIафэщ, бгъэгур, кIэбдзыр нэхъ гъуатIэ-дыщафэщ, пщэ, щхьэ щIыбхэр гъуафэщ.
Бгъащхъуэхэр щопсэу Кавказым къищынэмыщIауэ, Урысейм и нэгъуэщI щIыналъэхэми, нэгъуэщI къэралхэми я бгыщхьэхэм, мэзхэм, къумхэм. Абгъуэ щаухуэ къырхэми жыгыщхьэ лъагэхэми. Абыхэм къащэкIу мэзбжэн, щыхьхэм я щIэжьей, тхьэкIумэкIыхь, къуалэбзу пIащэ, нэгъуэщIхэри. Кавказым щыIэхэр мэгъуалъхьэж гъатхэпэ мазэм, къэралым и ищхъэрэ мэзылъэхэр зи хэщIапIэхэр - мэлыжьыхьым. Кърашыр зы е тIущ.
Бгъащхъуэхэр ижь-ижьыж лъандэрэ цIыхум игъасэрэ ирищакIуэу къекIуэкIащ, ар къыхощыж нарт эпосым. Иджыри абыхэм ирощакIуэ Къэзахъстаным, Къыргъызым я деж.
«Бгъащхъуэ гушхуар жьындум пэщIэхуэри ишхащ» псалъэжьым «уи къарум укъигъэгугъэу ущымыкI» жыхуиIэщ.
БгъащхъуэкIэху - Орлан-белохвост. Мыри къашыргъэ лъэпкъщ. ПIащэщ, чыли 6-м щIигъу къешэч, теплъэкIэ бгъащхъуэм ещхьщ. Хамэ къэрал куэдым щыIэщ. Мыбы и абгъуэр лъагэу Iэтауэ щещI жыгыщхьэхэм, къырхэм. Нэхъыбэу щыболъагъу тенджыз Iуфэхэм, гуэлхэм, псыежэххэм я гъунэгъуу. Я шхыныгъуэр бдзэжьей, псыбабыщ, къазхэкI лIэужьыгъуэхэрщ. Мы къуалэбзур тхылъ плъыжьым ихуахэм ящыщщ.

Брат Хьэсин.

НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ