Джаур

Байрон  Джордж

ИкIи мыпхуэдэу фIы уощIыжыр уи гур:
«Си закъуэкъым щынасыпыншэр щIыгум,
Уахъты къэсам и хъыбарегъащIэу,
Щиухыркъым мыбдежым занщIэу гъащIэр».
ИIа уардагъэри чэщанэм,
КIуэдыжыпакъым зы къэмынэу.
Ауэ зэманым, хуэмыпIащIэу,
ГущIэгъу жыхуаIэри имыщIэу,
Хегъэшыпсыхь чэщанэр щIым,
И пэшхэр бзухэм ящIыжащи абгъуэ,
Къуитыжыркъым я теплъэм дэрэжэгъуэ.
КъыщыувыIэжкъым псы ефэну гъуэгурыкIуэр,
Щызэрахьэжкъым пэрыхьэту шхын.
Пэш нэщIхэм Iэуэлъауэ щыземыкIуэу,
Уафэ уфар нэху щыхукIэ я шхыIэнщ.
Зэгуэрым къабзэу зэлъыIуихыу пэшхэр,
ЩIэтауи пщIэжыркъым унэIут тхышэр.
Щытыгъам зэгуэрым хьэщIэщ гуапэу
ЦIыхум щIишиежыркъым и лъапэр.
Зэрыдэмысыжрэ Хьэсэныр,
Зеиншэ дыдэ хъуа чэщанэр
Мэхуэлэжыр бжьыхьэ тхьэмпэу,
Къыдэмыхьэжу дэрэжэгъуэр.
И натIэм лъыпсыр кърикIыкIыу
Хьэсэн джаурым къыщиукIым
Хуит хъужа пщылIхэр зэбгрожыжри,
Чэщанэ дэгур цIыхум ябгынэжыр.

...........................................

Нэщхъейрэ щыму зауэлI гуп къоIэгъуэ.
Къосыр, я джатэхэр лыдыжу къызолъагъур.
Дэ тхуэфащэ дунейм тет, жыхуаIэу,
Зыкърахыр я щхьэфIэпхыкI пыIэм.
Абэ щхъуантIэр идзауэ и плIэм,
Япэм итщ я дзэпщыр зигъэплIаплIэу.
- Сэлам алейкум, хэт фыхъуну,
Гъуэгуанэр махуэ зыхуэхъунхэ?
Сэламыр кърахыжхэри къоупщIыр:
- Уэ езыр ухэт, сыт мыбдежым щыпщIэр?
- Сымуслъымэнщ Алыхьым срилIыщIэу,
Солъагъур хьэлъэм фызэригъэхыщIэр,
Хьэпшып къефшэжьари зэрылъапIэр.
Ауэ шынагъуэншэкъым мы щIыпIэр.
ЖыфIэ закъуи, дэIэпыкъуэгъу фыхуейм,
Хьэзыру ныджэм тетщ си кхъуафэжьейр».
- Захуагъэщ жыпIэр, ди ныбжьэгъу -
Дыхуэныкъуэщ дэ дэIэпыкъуэгъу.
ФIы къытхуэпщIэну пэж дыдэу ухуейм,
Къэгъэхьэзыр нэхъ псынщIэу кхъуафэжьейр.
Ауэ зэкIэ къыумыIэт и жьыхур.
НэхъыфIщ хьэнцэхэмкIэ щIэттхъум псыр,
Гъуэгум и зэхуэдитIым дынэсыху.
Дэ дынэсын хуейщ адрыщI Iуфэу
Хы щIэншэр хуэму щыуфафэм.
Аращи, уи псэм жебгъэIэжу «уэху»,
Иджы уэ хъунущ тыншу зыбгъэпсэху.

МыкIэщIу щытми гъуэгуанэр,
Куэдыщэ ихьакъым зэману.
........................................

Толъкъунхэр телъэдэжу адрыщIым,
Кхъуафэжьей хьэлъэм тенджызыр егъэхыщIэ.
Хуэм-хуэму хьэлъэр щIигъэтIысыкIыу,
Толъкъуныр зэхуэдитIу зэгуощIыкIыр.
Щхьэхынэ-щхьэхынэу уфафэ толъкъуным
Къыщызолъагъур гъэщIэгъуэныр -
Къыздыхэплъэм жэщыбг тенджызым
ЩIыхуфэу мэдииж и бзийхэр мазэм.
КIуэ пэтми нэм къыIэщIэмащIэу,
ЩIелъафэ хьэлъэр тенджыз лъащIэм.
Иныжь нэ закъуэу къеплъэкIыжу,
Щэху Iэджи лъащIэм здихьыжу.
Куу дыдэу хым щагъэпщкIужа а щэхухэм
Iуэхугъуэ куэд жаIэжыфынут нахуэу.
Хы лъащIэм щIым тет цIыхухэм япэIэщIэу
Псэ щэхухэм къыщакIухьыр зым къамыщIэу.
КъафIэмыIуэхуу цIыхум я гур щIэгъур
Тенджыз бгъуэнщIагъхэм ахэм зыщаудыгъур.
Хуэмейуэ, уеблэмэ, толъкъунхэр
Яхъумэ щэхухэм хэгъуэзэну.
…………………………….........

Я пащтыхьым хьэндырабгъуэм
Къыщелъэтыхь мэкъупIэ алэрыбгъум,
Зы гъэгъам къытелъэтыкIмэ адрейм
ТетIысхьэу къришэкIыурэ сабийр.
ИтIанэ гъуэбжэгъуэщу мэкIуэдыжри,
Нэпсрэ зэшрэщ сабийм къыхуигъэнэжыр.
Балигъыр зыкIэлъыпхъэра гугъапIэр
Бзылъхугъэ пагэм и дахагъэм
ЗыщIишэу кIэлъыпхъэр балигъым
Ещхьыркъабзэу, хьэндырабгъуэм
КIэлъыпхъэру сабийр йолъадэ губгъуэм.
КIуэтэхункIэ гугъапIэ къызэрыкIым
И гъуэжькуийм а цIыкIур кърехьэкIыр.
ГугъапIэ псори жьым хехьэжри,
Нэпс закъуэрщ гъусэу къыхуэнэжыр…
КъехъулIэу щытми зыщIэхъуэпсыр,
Зэшыгъуэм еубыдыж аргуэру и псэр.
ЦIыхубз дахэми хьэндырабгъуэми
ТIури щагъащIэркъым гухэщI,
Балигъми сабийми я хъуэпсэгъуэм
Махуэ мамырхэр ягъэкIуэщI.
Гуащэ хьэпшып щIэщыгъуэм
ИриджэгункIэ ирикъуам сабийр,
Ар хыфIедзэжри, игу щIэмыгъуу,
КъыфIэIуэхужыркъым зэшыгъуэр.
ЩIалэгъуэм и дахагъэр хуэлэжынущ,
Зи дахагъэр хуэлэжар мэхъужыр хуит,
Имытыжу зыми и Iумэт,
Щыхуейм деж кIуэуэ здриджэм и гум,
Е лъагапIэ лъыхъуэ мэлъатэр уэгум,
Е дуней гъащIэр фIызэтещэщэжу
КъызыхэкIа щIыгулъым щыщ мэхъужыр…
Иджы абыхэм сыт къапэплъэр,
ЯлъэмыкIыу зыбгынахэм щIылъэр
ЕрагъкIэ щIиупскIэу я дамэ къутар
ЕгъэзыпIэншэ псэхэр уэгум иту,
Зэшыгъуэм иджыри ягъэбэгрэ я гур
Щамыгъуэтыжу зы тыншыгъуи уэгум?
Ауэ иджыри хьэндырабгъуэм
ЛъэкIыну къыщилъэтыхьыну губгъуэм
И дамэр икъутами жьыбгъэм,
Лъэтэным химыхыжу гугъэр,
Е аргуэру блын зэтещэхахэм
КъыщикIухьыну цIыхубз дахэм
И натIэм къритха мы гъащIэм
ИгъэIэсэну а щхьэлъащIэр?
Къаугъэншэу хьэндырабгъуэр зэрызохьэ
ГъащIэр зыухам ятемытIысхьэу.
Ауэ и псэм хъыджэбзым
Яхуеусыр цIыхухэм и гъыбзэр,
ХущIегъуэжу гъащIэ игъэкIуам
И нэпс хъыджэбзым зэи къемыкIуа.
Ямыгъэхуадэ я напIэр ахэм
Напэншагъэу шыпхъухэм зэрахьахэм…
……………………………..........

ГъащIэр зыгъэкIыфI бзаджэнаджагъэм
Хьэпсым иридзауэ псэр иIыгъым,
И шэрэзым бэдж щхъухьзехьэм
МафIэсым хуэдэу ар къиухъуреихьым,
Зригъэхузу къыхигъащIэм узым,
Игъуэтыжыр щIэгъэкъуэну шэрэзырщ.
Шэрэз щхъухьыр бийм хиутхэну гыну,
Е езыр къытридзэжу ныджэм
КъыхуаунэтIыну шэрэзыр бэджым?
ГъащIэ мащIэр бэдж щхъухьым фIигъэхуалэу
Иубыдами и къапхъэным ажалым,
И псэ угъурсызыр псэущи ноби!
Уеблэм, къихьыжыну хуейкъым тоби.
Къыщеущыхьыр кIыфIым и щхьэщыгум,
ГущIыхьэр щыму щIопсэлъыкIыр лъэгум.
Къиухъуреихьауэ мафIэ лыгъэм
Ажалыр къыщобауэ езым и бгъэм….
……………………………........

Джэгур щокIуэкI цIыхубзхэм я лэгъунэм
Лъагъуныгъэ къыщохъуэпскI абыхэм я нэм.
ТхьэIухудхэр къыхуэмыщтэу и псэм,
Хьэсэным плъапIэу иIэр мэзырщ,
Махуэ нэщхъейхэм я нэхъыбэр
ЩегъакIуэр и закъуэу мэз джабэм.
Зэш зэпытым псэр имыгъэхыщIэу
Нэхъапэм щыгъуэ нэхъ щIэщыгъуэт гъащIэр,
Лейлэ къыщежьэрти лэгъунэм,
Зэманри ещхьт инам лъэданэ.
ЩIэсыжкъэ унэм лъагъуныгъэр?
Ирихьэжьа ар зэман жьыбгъэм?
ЗыщIэр Хьэсэнщ абы и пэжыр.
Хъыбархэр зэтемыхуэу зэIэпахыу,
ГъэщIэрэщIауэ яIуэтэжыр цIыхухэм.
Азэн джапIэм къоIукI хъыбарегъащIэр:
Пщэдей хьид махуэщ, иухауэ нэщIыр.
Зихуапэри унэIут щIалэ цIыкIуу,
ЦIыхубзыр кIуащ хьэмэмым зыгъэпскIакIуэ.
ЗащигъэпщкIуу и хабзэхэм диным,
Мурад ищIат къимыгъэзэну унэм.
Тезырми щымышынэжу и псэр,
Джаурым и пIэщхьагъырт зыщIэхъуэпсыр.
Хьэсэн а псоми зыри химыщIыкIми,
Гурыщхъуэ щIыIэм гурыщIэр кърисыкIырт.
Есат сыт щыгъуи а цIыхубзым
СыткIи и дзыхьыр иригъэзу.
Бзылъхугъэр къыщепцIыжа пщыхьэщхьэм
КIуащ ар мэжджытым тхьэлъэIукIэ и щхьэр
Хуигъэщхъыну гущIэгъулы Алыхьым.
ИужькIэ къигъэзэжу чэщанэм
БампIэгъэтIысу фадэ ирифыну...
Аращ къаIуэтэжар нубийхэм.
Яхъумэфакъым ахэм нэсу
Чэщанэм и налкъутналмэсыр!
А зэман дыдэм нэхущ пшэплъыр
КъуэкIыпIэм хуэмурэ къыкъуэплъу
Дыгъэм и бзийхэр лъэныкъуабэу
ЩыкIэрыгъуалъхьэм уафэ джабэм,
Джаурыр жэрт псы Iуфэм Iуту
И закъуэт шум, бейгуэл щIымыгъуу,
ЦIыхубз и гъусэуи умылъагъуу.
........................................

КъыпхуэсIуэтэну сынопIащIэ
Сэ и дахагъэр а щхьэлъащIэм:
Уэ плъэгъуагъэххи губгъуэ бжэным
Нэщхъеягъ щэху къыщIихыр и нэм?
Апхуэдэу пщащэм и нэ джыджым
ГурыщIэр къищырт ещхьу гъуджэм.
Нэбжьыцым игъэпщкIун лъэмыкIыу
Гухэлъым нэр зэригъэхъуэпскIыр.
Налкъутым къыхэщIыкIа мыщIэу,
И псэ щабагъри мымащIэу,
КъыщилыдыкIт нэкугъуэ лъащIэм...
Лейлэ зыри къыхэмынэжауэ,
И сахуэр жьыбгъэм ихьыжауэ
Сэ къызжиIам, бегъымбар дыдэм
Седэуэфынут, ар хуэзмыдэу.

Жыхьэнмэ мафIэр зыщIэлъ шыуаным
Щысхьыншэу лъэгур къыщIисыкIыу
СыIуагъэувэми и гъунэм,
Жэнэтыбжэр схузэIуагъэзыкIми,
Сэ мы жысIам сытемыкIыну.
Зэ щIэплъэххам а пщащэм и нэм
КъыщIилъагъукIыу и гукъанэр
И фIэщ пхуэщIынукъым бзылъхугъэр,
ГурыщIэ лъэпкъ имылъу и бгъэм,
ЦIыхухъум и зэштегъэу къудейуэ
КъыщигъэщIауэ мы дунейм.
КъыщIехыр и нэм тхьэм я нэхур,
Дыхьэрэн мащIэщ нэкIущхьитIыр,
И щIыбымкIэ къуршыпс лъагъуитIу
Щхьэц ухуэнар щожэх псыпыхуу.
Домбеякъ лъэгум тетхэщ лъакъуэр,
Iэпкълъэпкъ зэкIужым зыщIагъакъуэу.
ФIей хъун иджыри хунэмысу
Къырыщхьэм къытегъуэлъхьа уэсу
А лъакъуэ хужьхэм уазыпхоплъ нэхутхьэхуу.
Уардагъэр Iэпкълъэпкъ лантIэм щызу,
ЩыбакъуэкIэ псым хуэм тес къазу,
Франджыстаныр зэрыпагэ жэнэт бзу
Шэрджэс пщащэ тхьэIухудым ещхьыркъабзэщ.
Къыур, хуэму дамэхэр щIиупскIэу,
И тенджыз Iуфэм щесылIэжкIэ,
Псым зэрыхэуэм игъэIу макъым
Хэгъуащэу къэIуса лъэ макъыр
Лейлэ щызэхихам и деж,
ПфIэщIыну вагъуэр уэгум иж,
Гухэлъым и нэр щигъэхъуэпскIкIэ
Iэмал имыIэу пэлъэщынкIэ
ЗыщIешэр ещхьу малъхъэдисми,
Щауэ гурыщIэр егъэIэсэ.
Щымыщ хэмылъу гуакIуэщ пщащэр
И Iу щабагъэр къоIущащэу.
Хэт пщащэр телIэу зыщIэхъуэпсыр?
Хьэуэ, Хьэсэнкъым ар зылъысыр.
...........................................

ЗыщIигъури бейгуэл тIощI нэхъ хъыжьэу,
Хьэсэн техьащ гъуэгуанэ жыжьэм.
Я Iэщэ-фащэр зэщIэлыдэу,
Дэтхэнэ зыри зауэлI уардэщ.
Я дзэпщым щхьэр къыхуэмыIэту,
Зэхэлъщ и нэщхъыр, кIэрыщIа джатэр
Зауэм кърихыжащ лъы защIэу,
Ар бийм я дежкIэ гущIэгъу мыщIэщ.
ИкIи зыхуэдэр а джатэр
ЯгъэунэхуакIэщ арнаутым.
ИкIуэтыжынуи къыхуамыдэу,
Парны аузым щыдаубыдэм,
Къэхъуар къыгурымыIуэу, бий
Губжьыщар икIами хъийм,
А зэман кIуам и джэрпэджэжу
Къыхуэнэжари гукъэкIыжырщ.
Къыр джабэ пцIанэхэм я хьэшым
Ираубыдар къахуэмыгъэшу.
КъаIуплъэ закъуэмэ абрэджыр,
Бийр къэшынауэ лъэуджыджэрт.
Хъыбарым мырщ иIуэтэжар:
Тхьэ Iуам емыплъу, къепцIыжар,
Джаурым щIыгъуу щIэпхъуэжар
Жыжьэ къиплъыкIыу, ауаныщIу
Иджы къыщыдыхьэшх къыфIэщIу,
ИкIауэ хъийм, шыр игъэлъэхъуу,
Хьэсэн ежьащ нысащIэ лъыхъуэ.
……………………………………….
КъухьэпIэм дыгъэм щищI пшэкIэплъым
Къырыщхьэ пцIанэр егъэцIыплъыр.
Бгырыс ешам къыхигъэхьэжу и псэр,
Сыхъэр къыхихыу йожэхыр къуршыпсыр.
Алыдж сондэджэрми, щетIысэхам мыбдеж,
И Iэпкълъэпкъ ешар къощIэрэщIэж.
ЦIыхур щымацIэ къалэшхуэхэм
Бийхэм я ней къыщыщыхуэу,
ФIыншэ къыщIалъхьами гъащIэм,
ФIэмыкIуэдыным щхьа гурыщIэр,
Псы Iуфэм IуотIысхьэ алыджыр
Иплъэну къуршыпсым и гъуджэм.
ПщылIу дэтами къалэшхуэм,
Зыщелъытэж мыбдежым цIыхуу.
Хьэрэм ящIа шагъырми, и гур мыгъуу
Щофэф мыбдежым зыми къамылъагъуу...
Уэсмэнхэращ шагъырыр зыпаубыдыр,
Хьэрэм щащIарэ, ефэну хуамыдэу.
........................................................

ПыIэ гъуэжьым къэлъэгъуащ и щыгур,
Ауз зэвымкIэ къыдэкI гъуэгум
Тетщ тэтэрыр сакъыу зиудыгъуу,
ЗауэлI щIыгъухэми замыгъэлъагъуэу.
Къыр блын задэ къихутащ я пащхьэм,
МэжэлIарэ кIийуэ зэрызехьэу,
Зыгуэр къазэрыIухуэнур ящIэу я гум,
КъуанщIэм къалъэтыхьыр я щхьэщыгур.
ЩIымахуэм мылым игъэбагъуэу,
Гъэмахуэм игъэгъущIэу дыгъэм,
Джабэ задэмкIэ къежэх псы лъагъуэм
И IуфитIри зэщIэкIами пабжьэу,
Ари дохуэлэж дыгъэ жьэражьэм.
Щонэшэкъашэ псыхъуэ нэзым
Лъэс лъагъуэ цIыкIухэр, удашу аузым.
ГущIэгъуншэу илъэсхэм ягъэщу
Е жьапщэ Iэлхэм ягъэщащэу
Мывэр къощэщэхри къуршым,
Лъагъуэ зэвхэр ираубыдэ хьэшым.
Пшэ хужь Iэрамэхэр щхьэрыгъыу
Щыгу папцIэм уафэр кIэщIиIыгъэу...
Лиакур щыгур флъэгъуагъэххи
махуэ бзыгъэу?
..........................................................

КъызэранэкIри аузыр,
«Бисмылахьи!» нэсахэщ мэзым,
АдэкIэ гъуэгур тафэ губгъуэщ,
Шууэ урижэну мышынагъуэу.
Иджы мышынэжми хъун къыфIэщIу,
Япэ ища шур биишэм щыхигъащIэм,
Мыдрейхэр зыIэзыбжьэу къыщелъэм я шым,
Аргуэру лIищ игъэгъуэлъащ фочышэм,
ИмытIысхьэжынхэу зэи уанэгум,
ЩигъуэлъыкIащ а зауэлIхэр гъуэгум.
ЗыщIэлъэIуа гущIэгъури ягъуэтакъым,
Бийр къэблэгъауи ялъэгъуакъым.
Хэти и фочыр игъэдалъэу,
МэпIащIэ шым зыкъуагъэпщкIуэну,
Хэти мывэ дум нихьэсу и лъэр,
Абдеж игъуэджэ зыщищIыну.
Щхьэж зэрылъэкIкIэ зыщеудыгъур
Шэ къэцIыва нэрымылъагъум.
Хьэсэн и закъуэщ, хэмыщтыкIыу и гур,
Емыпсыхауэ исыр уанэгум.
Йолъэдэкъауэр, гъуэгум пищэу,
Фочхэр къэпIэнкIми ерыщу,
ХэIущIыIу къимыщIу и гуращэр,
Бийм хузэрихъэу ныбгъуэ хьэшыр!
Шынагъуэу нэщхъыр зэхеукIэ,
Щэнауэу посысыкI и жьакIэр.
ЗреIэтыкI уанэгуми, мэкIий:
«ЕшыхункIэ фи фочышэр кърефий!
Сывгъэшынэфыну фымыгугъэ,
НэгъуэщI щIыпIэ фыщылъыхъуэ къэрабгъэ!»
ЛIыкIуэ абдеж къегъакIуэ бийм,
Къыхуигъэуву зауэлI гупым ткIийуэ
Iэщэр ягъэтIылъу зыкъатыну,
Къагъэгугъэу псэууэ къагъэнэну.
Ауэ а зауэлIхэм дежкIэ
Нэхъ шынагъуэт Хьэсэн нэщхъ зэхиукIэр.
Шынэу Iэщэр зыгъэтIылъын,
ГущIэгъу щхьэкIэ бийхэм елъэIун
КъахэкIакъым и зауэлIхэм Хьэсэн.
Мы зауэлI хъыжьэхэм я пашэр
къащIэныр яфIэигъуэу,
Бийхэр къокIуатэ нэхъ гъунэгъуу,
Шу пашэм IэщIэлъ сэшхуэм и дзэм
И нурыр бийм я нэкIу иредзэ,
Езыри исщ уанэгум уардэу,
Шынагъэм напIэр хуэмыгъэхуадэу.
«ФхузоIуэр тхьэ, къэсцIыхужакIэу
ЛIы къамылыфэ жьэпкъыпэ папцIэр,
Нэ къэгубжьахэм къащIихыу хъуаскIэр,
ЖьакIэр сагъызым нэхърэ нэхъ фIыцIэу.
И плъэкIэр къызыпхидзу гыну,
Ар иткъым и Iумэт ди диным!
Арнаут фащэ зэрыпщыгъым щхьэкIэ,
Къоплъынукъым псэхэхыр нэхъ нэ лейкIэ!
Джаур, си тхьэрыIуэу Лейлэ и лъыр
Къэзгъэсынщ уи ажалым и пIалъэр!»
Псы уэрхэм яхьыр куэду псыр тенджызым
Толъкъунхэр, псыежэххэр IукIэ язу,
Ахэм я псыхьэ гъуэгур къызэIуащIэу,
Тенджыз Iуфэм пхъашэу къащыIуощIэ.
Абдежым къыщохъейри зэрызекъуэр,
IэубыдыпIэншэу ирачыр Iэжьэкъур.
Мэгъуахъуэ тенджызыр, къокъуэлъыкIыр,
Къыпэувам иригъэлъагъуу лъэкIыр.
Толъкъунхэм къаIуроху тхъурымбэр,
Епэбжьауэу псым и Iуфэ джабэм.
ИкIэм-икIэжым Iэсэу мэзэгъэжри,
Толъкъунхэм тенджызыкум ягъэзэжыр.
Толъкъунхэм псым и гъуэгур хузэIуащIэу,
Зэрырагъажьэм хуэдэу зауэ гуащIэр.
ЦIыхуми, къыщипхъуауэ я нэр губжьым,
Кърагъэблыжурэ гужьгъэжьыр,
Имыувэжыфу зым и дини,
ГъащIэм натIэ щахуэхъуащ зэуэныр,
Зыгъэпсэхуншэу мэфий фочышэр,
КъыIуролъэлъыр сэшхуэдзэм хъуаскIэр.
Гыбзэрэ гъыбзэу цIыхум ягъэшым
Я джэрпэджэжым къуршхэр къегъаскIэ.
Тохьэлъэ ахэр мы ауз мамырым.
Нэхъ фIэфIщ аузым Iэщыхъуэм я уэршэрыр.
И бжыгъэкIэ зауэлI гуп цIыкIур мащIэщ.
Ауэ, мафIэр къаIурылъэлъу гуащIэщ.
«Е лIэн, е лIын!» - языхэзми
Аращ къилъытэр зауэлI хабзэу.
Насыпыхь къудейкъым лъагъуныгъэр,
ФIыуэ плъэгъуам и дахагъэм
КъыщыпхуищIым деж и IэплIэ хуабэр,
Къыпщохъур гъащIэр нэхъри гуапэ.
ЗэфIэкIуэдыну ахэр хуэмей,
Ауэ зэкъуоувэжри зыуэ бийр,
Iэхъулъэхъур лъагъуныгъэм иралъхьауэ,
ЗэIэпагъэкI зэрылъэгъуахэр фIыуэ.
Лъагъуныгъэр, лъэхъур иудыныщIэу,
Бийхэм щодыхьэшхыр ауаныщIу.
Лъагъуныгъэ гъэрыпIэм и куэщIым
Исынущ ахэр яухыхукIэ гъащIэр.

......................................................

Биилъыр и дзэхэм къапыжу,
Зэпыудащ и сэшхуэ къыхуэпэжыр.
КъыпиупщIами и Iэ лъэныкъуэр,
Хьэсэн иутIыпщкъым къыIэщIэна джатэкъур.
Бащлъыкъ и щхьэм фIэлъари
ТIууэ зэгуэхуауэ лъэныкъуэкIэ къыщылъщ,
Къыханэжакъым фащэм щыдэжын,
Къэнэжа тIэкIури ягъэкъуэлэн
Лъы IэпапIэхэм нэхущ пшэкIэплъу,
Борэным и хъыбарегъащIэу
Пшэм къыщихущыхькIэ уафэ лъащIэр,
Уафэм и нэщхъейр уигу къигъэкIыжу,
ЗауэлI фащэм лъы лъагъуэхэр пхрожыр.
И нэкIур хуэгъэзауэ уафэм
Бий пащхьэм илъщ Хьэсэн и хьэдэр.
Зэпэгъуанибл ящIащ и щIыфэр
Зауэм щигъуэта уIэгъэ куэдым.
Иджыри зэтемыхьэжа напIэм
Къыхощ лъыщIэжым и хъуэпсапIэр.
Уеблэмэ, псэхэхми и Iэ щIыIэм
ХуэIурыщIакъым псэр зыхуеIэр.
ЗэрепэгэкIыр имыущэхуу,
И фэр пыкIауэ, ещхьу шэхум,
Хьэдэм хуоплъыхыр бий залымыр.
Хьэсэни зэкIэ хъуащ мамыр.
..................................................

«Си Лейлэ щожей хы лъащIэм,
Уэ къыплъысар кхъэ мащэ лъы защIэрщ.
Уи гущхьэ дыдэм хэсIун папщIэ си сэр,
КъыздэIэпыкъуащ сэ Лейлэ и псэр.
КъикIакъым зыри, уелъэIуами Тхьэм,
Зэхихакъым уи лъэIур Алыхьым.
КъыпхуищIакъым Бегъымбарми гущIэгъу.
Джаурым и гуэныхьхэр къыхуэмыгъу.
Абы и лъэIухэм хуэмыгузэсам
Ущыгугъат, уи псалъэр уэгум нэсу.
Абрэдж гуп цIыкIу зэхуэсшэсу,
Куэдрэ сыпэплъащ сэ мы меданым,
Иджы насып жыхуаIэр зыхэсщIауэ,
Пысщэжынущ адэкIэ гъуэгуанэм».
..............................................

Махъшэ чэруанхэм япщIэхэлъ уэзджынэм
Я макъ зэпIэзэрыт къоIукIыр губгъуэм.
Хьэсэн и анэр щхьэгъубжэ абджынэм
Пхрыплъу хоплъэр губгъуэм щхьэщылъ
пшагъуэм.
Елъагъур зэрыщхъуантIэр губгъуэр,
Щхьэхынэ дыдэу къызэрыблэр вагъуэр.
Къэблэгъащ пщыхьэщхьэ зэхуэзэгъуэр,
Ауэ зыгуэрым игъэхыщIэу и гур,
И нэр фIытоплъызэ унэ лъэгум.
Анэр, дэкIуеяуэ чэщанэм,
Щхьэгъубжэм доплъыр къытемыкIыу и нэр.
«И къэсыжыгъуэт, сыту пIэрэ къыщIэгувэр?
Иригъэшауэ махуэ хуабэвэхым
Дыгъэр тIысыхукIэ зиIэжьэнкIи мэхъу,
Къежьэным и пэкIэ лъыхъу,
Саугъэтыр сыт къыщIримыгъэхьыр?
Е и гухэлъыр кIуэдыжа, гъуэбжэгъуэщ пщIыхьу?
Хьэуэ! Месыр, шур къытохьэ гъуэгум,
Месыр, къытехьакIэщ бгым и щыгум,
Иджы къэсакIэщ бгым и лъапэм,
Солъагъур - кIэрыщIащ и уанэ къуапэм
И саугъэтыр. Сыделэщ,
сытыт шэч къыщIытесхьэр
Щауэм и саугъэтыр къызэрахьым?
Иджы абы и гугъуехьыпщIэу
Хуэфащэу къилэжьауэ пщIэ хузощIыр».
Куэбжэм къыIухьауэ йопсых шур,
ЗанщIэу нэм къыIуидзэу зэрешар.
Нэщхъейуэ щхьэ зэхэуфа и нэгур? -
Къытехьэлъауэ къыщIэкIынущ гъуэгур.
Цейм лъы IэпапIэхэр толъагъуэр бжьыгъэу,
Шы зытесыр ящIагъэнщ уIэгъэ.
Шум цей кIэ къуащIэр кIэщIеIэтэ,
Нэщхъей дыдэу къыщIех саугъэтыр.
Апхуэдэ ирелъагъу узижагъуэным -
Шум къыхуихьащ къыхэнэжар
Хьэсэн и щыгъыным.
 - Си гуащэ! Уи къуэ насыпыншэм
Пэшэгъу ищIащ фыз Iиманыншэ.
Си гур щIэгъуауэ, сфIэгуэныхьу
Аракъым къезыгъэлар сэ си щхьэр.
Си псэр хуэпабгъэрти лъыщIэжым,
Сыхуейт и тыгъэр къыфIэрызгъэхьэжу
Згъэтыншыну зауэлI хахуэм и псэр.
И гъащIэр ирырехь хьэдагъэу
Джаурым! Псори аращ зи ягъэр!
..............................................

Мывэм къыхэщIыкIащ и щхьэфIэпхыкIыр
Удз дэжейм сыным зрешыхьэкIыр.
Мыбдеж уэсмэным щыхуагъэува сыным
Тетха сатырхэр кърахащ КъурIэным.
Бегъымбарым и къуэ пажэхэм ящыщыр
ЩаукIа щIыпIэр хуэхъужащ кхъэ мащэ.
Къыпэплъэ пэтми Мэчэр и хьэжыщIым,
Апхуэдэ щилъагъужынукъым и гъащIэм.
ТекIакъым зэи ислъамым и хабзэм,
Псэуащ и гур бегъымбарым хуэкъабзэу.
Тету и диным къигъэувхэм быдэу,
И хьэрэмт шагъырыр, фадэр.
И гупэр игъэзат къаблэмкIэ
Ар джаур Iэщэм къыщиукIым.
Хунэмысами ищIэжыну и лъыр,
Ахърэтым жэнэтыр къыщыпоплъэ.
Хур пщащэхэм я плъэкIэ дыхьэрэным
Уэгур щхъуэкIэплъыкIэу зэщIагъанэ.
Къапкърих лъагъуныгъэ жьэражьэр
Зыхуахъумам къыпэрахьэжьэу.
ГъащIэм щигъэва псом къапэкIуа тыгъэу
Апхуэдэр хэти зыщIэхъуэпс ухыгъэщ.
...........................................................

Лъы фIей зыщIэт епцIыжакIуэ,
Укъелми узыхэт бэлыхьым.
Лейуэ зепхьар къыпщIимыгъакIуэу,
Псэхэхым и шэмэджым фIихынщ уи щхьэр.
Аращ уи натIэр, псэху имыIэу уи гум,
КъыхамыгъэкIыу псэр мафIэ жьэражьэм,
Мы гъащIэм щыблэжьахэм я Iэужьу
Упэрысынущ Iиблис и жьэгум...
Гуэныхьу упшынынухэм я пщалъэр
ИIуэтэфыну къысхуэгъуэткъым псалъэ.
А псор къэхъуным и пэкIэ кхъэ мащэм
УкъикIыжынурэ щIэрыщIэу,
Хеилъ уефэныр уи гуращэу,
Къыпыпщэжынущ дуней гъащIэм.
ЗыхэбгъапщкIуэу жэщ мазэхэм и пшагъуэм,
Уихьэнурэ уи бынхэм я унагъуэм,
Жыхьэнмэ мафIэм уи псэр игъаблэу,
Уефэнущ я лъым къыпщIэхъуа уи щIэблэм.
Уи гугъэжу зыми укъимыщIэ,
ЯфIэпщIынущ кIэщI я дуней гъащIэр.
ЛIэным и пэ ахэм ялъэкIынущ
Уэ ухэтми укъацIыхужыну.
Уи щIэблэм, пытыхун зыгуэрым и псэр,
Хьэрэм уищIауэ пхуигъэшынущ гыбзэр.
Уипхъу насыпыншэ тхьэIухудым
И закъуэщ, укъилъытауэ адэу,
И дуней гъащIэм пыкIын и пэ
КъыпхуэзыщIынур IэплIэ гуапэ.
Уи пхъум трихынурэ уи псэм щIыIухур,
Уигъэлъагъунущ дунейр зэрынэхур.
Ауэ абыкIи иухынукъым бэлыхьыр,
Плъагъунущ зэрыужьыхыр нэкIу дыхьэрэныр,
Гуауэ мыкIуэщIыр нэ кугъуэм къринэу,
ЗэрыункIыфIыжыр фагъуэ хъуурэ и нэр...
КъыпыбупщIынущ пщащэм и щхьэцыгъуэм
Дыщафэу зэщIэлыдэу щхьэц Iэрамэ.
КъыздепхьэкIынщ ар сытым щыгъуи пщIыгъуу,
Уи гум къигъэкIыжхэм псэр ягъэгъуу.
Укъугъыу, зэрыбгъэшхыу уи дзэр,
Аргуэру уи кхъэ мащэм бгъэзэжынущ,
Жыхьэнмэм щызэхуэса хьэIуцыдзхэр
Гыбзэу птелъымкIэ зэбгрихуну.
....................................................

Мысыр пащтыхьыпхъу Шахъ Хъусни адыгэ бзылъхугъэщ. Сурэтыр Леомениль Лаурэ ищIащ. 1865 гъэ

 

 


 

 

ЗэзыдзэкIар уэрэзей Афликщ.
Поделиться: