КIуэ пэтми нэхъ зэкъуоувэ

Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым м Япэ гупым 2020-2021 гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм и пэщIэдзэ Iыхьэр «Спартак-Налшыкым» ебланэ увыпIэм щыту иухащ. Абы щыджэгухэмрэ тренерхэмрэ иджыпсту загъэпсэху. Ахэр мыгувэу къызэхуэсыжынурэ зэпеуэм и кIэух Iыхьэм зыхуэгъэхьэзырын щIадзэнущ. Ди командэр гъэ къызэднэкIым и къалэнхэр зэрыпэлъэщамрэ адэкIэ и мурадхэмрэ нобэ къытхутопсэлъыхь «Спартак-Налшык» футбол клубым и унафэщI Мэшыкъуэ Аслъэн.

- Къэбэрдей-Балъкъэрым топджэгум щыдихьэххэр щыгъуазэщ Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым 2020-2021 гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм щIидзэным и пэ къихуэу командэм къалэн зэрыщытщIауэ щытар зыхэт гупым щынэхъыфIитхум яхэту зэпеуэр кърахьэлIэну. ИджыпстукIэ ебланэ увыпIэм щытщ, ауэ зэIущIэ пщыкIубл гъэ къакIуи къапэщылъщи, Iуэхур къайхъулIэну дыщогугъ. Пэжщ, зэхьэзэхуэм и пэщIэдзэр кIуэцIрагъэхуащ. АрщхьэкIэ, иужькIэ зызэщIакъуэжщ, ерыщагъ зыхалъхьэри щытыкIэр ягъэзэкIуэжащ. Нэрылъагъущ гупыр кIуэ пэтми нэхъ зэрызэкъуэувэр, я джэгукIэр зэрырагъэфакIуэр.
- Зэхьэзэхуэм и пэщIэдзэм «Спартак-Налшыкыр» иужь дыдэ увыпIэхэм ящыщ зым къыщыхутащ, япэ джэгугъуиплIым зы очко закъуэ фIэкIа щызыIэригъэхьэфатэкъыми. Ар сытым къыхэкIауэ къэплъытэрэ?
- АбыкIэ зэупщIын хуейр тренерхэращ. Зэхьэзэхуэм гупыр тэмэму хуагъэхьэзырын папщIэ дэ Iэмал псори къызэдгъэпэщащ.
- ЗэрытщIэщи, зэхьэзэхуэр хуэмыхуу щрагъажьэм «Спартак-Налшыкым» и тренерхэм я чэнджэщэгъу хъуащ абы нэхъапэм и гъэсакIуэу щыта Красножан Юрэ. Хэт ар зи жэрдэмыр?
- Сэращ. Iуэхур хэплъэгъуэ щыхъум, Красножан Юрэ зыхуэзгъазэри, селъэIуащ сэ ныкъусаныгъэхэр здэслъэгъуа тактикэ и лъэныкъуэкIэ гупым чэнджэщ гуэрхэр къритыну. Абы дыкъигъэщIэхъуакъым икIи блэкIа зэIущIэхэмрэ къапэщылъхэмрэ щызэпкърах зэхуэсхэм сыт щыгъуи зыкъригъэхьэлIащ икIи щIалэхэм IупщIу къагуригъаIуэ хъуащ джэгупIэ губгъуэм хэт сыт щищIэнуми. ИтIанэщ ехъулIэныгъэхэр «Спартак-Налшыкым» иIэ щыхъуар.
- Фи зэдэлэжьыныгъэм адэкIи пыфщэну фи мурад?
- Дэ абы хуабжьу дыхуейт. ИлъэсыщIэм ипэ къихуэу зэхэтыну дыпоплъэ «Спартак-Налшык» футбол клубым и КIэлъыплъакIуэ гупымрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэмрэ зэгъусэу ирагъэкIуэкIыну зэIущIэр. Абы дыщытепсэлъыхьынущ дызэрыт илъэсым командэм къехъулIахэмрэ адэкIэ и къалэнхэмрэ. А зэIущIэм Красножан Юрэ дыщелъэIунущ дяпэкIи къыддэлэжьэну, абы ирихьэлIэу ар нэгъуэщI щIыпIэ ирамыгъэблагъэмэ.
- Тренер нэхъыщхьэу занщIэу вгъэув щIэмыхъунур сыт ар?
- Арэзы хъуатэмэ, дэ абы дыщыгуфIыкIыну арат. Псалъэм къыдэкIуэу къыхэзгъэщынщи, мы гъэм дыгъэгъазэм и 31-м еух «Спартак-Налшыкым» иджыпсту и тренерхэм етщIылIа зэгурыIуэныгъэм и пIалъэр. Зи гугъу сщIа клубым и КIэлъыплъакIуэ гупымрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэмрэ зэгъусэу ирагъэкIуэкIыну зэIущIэм абы и Iуэхури къыщаIэтынкIэ хъунущ.
- Зэхьэзэхуэм и пIэщIэдзэ Iыхьэм нэхъ гущIыхьэ тщыхъуар тIэунейрэ Ставрополь ди командэр къызэрыщыхагъэщIаращ. Къэралым и кубокым ехьэлIа зэпеуэми етIуанэ дивизионым щекIуэкI джэгугъуэми зэщхьу, 1:4-уэ, къащытекIуащ. А къалэр апхуэдизу яхуэмыугъурлыуэ ара?
- Къэхъуар сэри къызгурыIуакъым. ИпэжыпIэкIэ Ставрополь и «Динамо»-м нэхърэ дынэхъ лъэщщ, абы и щыхьэтщ турнир таблицэм щытIыгъ увыпIэхэри. АрщхьэкIэ тIэуми бжыгъэшхуэкIэ дыкъыщыхагъэщIащ. Iуэхукъым - гъатхэ къакIуэ къытхуеблэгъэнущи, къыттехуа щIыхуэр дыпшыныжыну ерыщу дыхущIэкъунщ.
- КъызэднэкI илъэсым дэтхэнэ зэIущIэр нэхъ къехъулIауэ къэплъытэрэ «Спартак-Налшыкым»?

- Сэ хуабжьу сыщышынэрт «Кубань»-м Краснодар щыдедгъэкIуэкIыну зэIущIэм, сщIэрт ар зэрыгуп лъэщ дыдэр. АрщхьэкIэ ди щIалэхэр къэдзыхакъым икIи япэ дивизионым хыхьэжын папщIэ мылъкушхуэ тезыгъэкIуадэ командэм хуэфэщэну пэщIэтащ, зы маскъалкIи къыпикIуэтакъым. КIэух бжыгъэми (2:2) арэзы сыкъищIащ.
- Хуабжьу удэзыхьэх хъуащ «Мэхъэчкъалэр» Налшык къыщрагъэблэгъами: 0:2-уэ ирагъэхьу щIадзэри, 3:2-уэ текIуэжащ…
- Апхуэдэ зэIущIэхэри къыщыхъу щыIэщ. Джэгум хухаха зэманыр щиух дыдэм бжыгъэр зэхуэдэ тщIыжри, къыщIагъуа дакъикъэхэм текIуэныгъэр зыIэрыдгъэхьащ. Ар хуабжьу удэзыхьэхщ. Абы щыгъуэми, «Мэхъэчкъалэм» и зэфIэкIыр сымыгъэлъахъшэу, Дагъыстэным и къалащхьэм къикIахэр гугъу демыхьыщэу хэдгъэщIэн хуеящ. Джэгур иуха иужькIэ ди щIалэхэм, дауи, сехъуэхъуащ, ауэ яжесIащ зэIущIэм и япэ Iыхьэм Iуэхур 0:2-м нагъэсын зэрыхуэмеяр.
- Мы гъэм диIа хьэрхуэрэгъухэм ящыщу хэт узэрыщымыгугъауэ къыщIэкIар? Зэхьэзэхуэм бжьыпэр щызыубыда «Кубань-Холдинг»-ра?
- Хьэуэ, «Кубань-Холдинг»-р дызэрыщымыгугъауэ къыщIэкIакъым. Мы гъэм етIуанэ дивизионым къыхыхьа къудейуэ арами, дэ дощIэ абы мылъкушхуэ зэрыхухахар икIи япэ дивизионым зэрыхущIэкъур. Мы гъэм дызыдэджэгуахэм ящыщу нэхъ сигу ирихьар Мэхъэчкъалэ и «Анжи»-ращ. Абы и тренер нэхъыщхьэ Садиров Артур щIалэщIэщ, игъасэ гупым къришалIэри нэхъыбэу щIалэгъуалэщ. «Анжи»-м и гугъуехьхэри дыдейхэри зэтохуэ, ауэ мэхъэчкъалэдэсхэр зэхьэзэхуэм зэрыщIидзэрэ пашэхэм яхэтщ, дэ иджыщ гъунэгъу дащыхуэхъуар.
Iеякъым Дагъыстэным и ещанэ командэри. «Легион Динамо»-м трагъэкIуадэ мылъкур мащIэми, зэпеуэм щыпашэхэм яхэт зэпытщ икIи япэу къыщыхагъэщIар епщыкIуплIанэ джэгугъуэращ. Пэжщ, дэ къыщытIущIам ар иджыри зэфIэувэщатэкъым, арщхьэкIэ Налшык къыщытпикIуэтакъым.
- ЕтIуанэ дивизионым хэт командэхэм я Iэзагъым хагъэхъуауэ къыпщыхъурэ?
- Нэгъабэрейм хуэдэщ. Япэ дивизионым кIуэн папщIэ командэ зытхух ерыщу щыщIэбэным и дежщ зэхьэзэхуэр удэзыхьэх щыхъунур. ИджыпстукIэ гуп зытIущ нэхъыфIыIуэщ, зыбжанэ - лъэрымыхь дыдэхэщ, адрейхэр - зэхуэдэщ.
- Бжьыпэр зыIыгъхэм ящыщу хэт япэ дивизионым кIуэфыну къыпщыхъур?
- Абы утепсэлъыхьыну зэкIэ гугъущ, зэхьэзэхуэм хэтхэм къапэщылъ гъуэгуанэм и ныкъуэри якIуакъым. ЩIымахуэ лъэхъэнэр абыхэм къызэрагъэсэбэпым псори елъытащ. ФутболистыфIхэр зыIэрызыгъэхьэу зызыгъэлъэщымрэ фIыуэ зызыгъэхьэзырмэщ зи мурадхэр зэзыгъэхъулIэфынур.
- «Спартак-Налшыкым» зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр иIэну?
- Хьэуэ. Ди футболистхэм я нэхъыбэм зэгурыIуэныгъэ яхудиIэщи, гупым къыхэнэнущ. Пэжщ, языныкъуэхэм иджы щыщIэдзауэ щIэупщIэ яIэщ икIи я Iуэхухэр нэхъыфI хъун папщIэ тхэкIыну зыгуэрхэм зыкъытхуагъазэмэ, зэран дахуэхъунукъым. Дэ къыдгуроIуэ ди щIалэщIэхэм я зэфIэкIым хагъэхъуэн, гуп лъэщхэм зыкъыщагъэлъэгъуэн зэрыхуейр.
Апхуэдэу щытми, зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр «Спартак-Налшыкым» щыщыIэнукъым. Дауи, зыгуэрхэр тхэкIынущ, зыгуэрхэри къытхыхьэнущ. Нэхъапэми хуэдэу, нэхъыбэу зыхэтшэнур ди щIыпIэм къыщалъхуа икIи топ джэгуным зыщезыгъэса щIалэщIэхэрщ. Пэжщ, нэгъуэщI щIыналъэхэм щыщ футболист зытIущ зыхэдгъэхьэнкIи хъунщ.
- Зэхьэзэхуэм и пIэщIэдзэ Iыхьэм ди щIалэ зыбжанэм фэбжь ягъуэтащ. Сыт ар къызыхэкIар?
- Топджэгур фэбжьыншэу къэхъуркъым. Абы къыхэкIыу футболист 30 «Спартак-Налшыкым» хэдгъэхьащ. Зыщыдгъэгъупщакъым дуней псор игъэгулэзу къежьа коронавирус уз зэрыцIалэм зыгуэрхэр зэрытхиудыфынури. Тхьэмахуэ къэс медицинэ къэпщытэныгъэхэр едгъэкIуэкIыурэ, гурыщхъуэ зыхуэтщIахэм занщIэу щхьэхуэу дохутырхэр кIэлъыдгъэплъащ. АдэкIи апхуэдэущ зэрекIуэкIынур.
- Ди щIалэхэм ящыщу, уэ узэреплъымкIэ, блэкIа лъэхъэнэм хэт нэхъыфIу зыкъигъэлъэгъуа?
- Гупым щыщ гуэрхэр къыхэзгъэщхьэхукIын зэи сфIэфIкъым - къайхъулIахэри зыхунэмысахэри я зэхуэдэщи. Дызыхэт зэхьэзэхуэм щIидзэн ипэкIэ дэ къетшэлIэжащ адэ-мыдэкIэ щыджэгуа ди щIыпIэм щыщ футболист Iэзэ зыбжанэ. Абыхэм ящыщу Пащты Руслан, Джатэрывэ Къазбэч, Гугуев Магомед, Мэкъуауэ Залым, Багъэтыр Тимур сымэ фIы дыдэу зыкъагъэлъэгъуащ. Арат дазэрыщыгугъари - гупым и пашэу щытынхэу, щIалэгъуалэр трагъэгушхуэну - къыдэхъулIащ. Нэхъ щIалэхэм ящыщу къыхэзмыгъэщын слъэкIынукъым ХъутIэ Анзор. Къэбэрдей-Балъкъэрым и чемпионатым къикIри, ар занщIэу «Спартак-Налшыкым» и гъуащхьауэ нэхъ Iэзэхэм яхыхьащ!
- ЕтIуанэ дивизионым и Япэ гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм и гъатхэ Iыхьэм зыхуэгъэхьэзырын «Спартак-Налшыкым» щыщIидзэнур дапщэщ?
- Дыгъэгъазэм и кIэухым гупыр Налшык къыщызэхуэтшэсыжынурэ, зыгъэсэныгъэхэм хуэмурэ щIэддзэнущ. ИлъэсыщIэр къихьа иужькIэ нэхъ хэкъузауэ дылэжьэнущ. Мазаем Кисловодск дыкIуэнущ. Зыгъэсэныгъэхэм къадэкIуэу абы зэныбжьэгъугъэ зэIущIэхэри щедгъэкIуэкIынущ. ИтIанэ, зэхьэзэхуэм и етIуанэ Iыхьэр къызэрызэIутхыну Мейкъуапэ и «Дружба»-м дызэрыдэджэгунум, Налшык зыщыхуэдгъэхьэзырынущ.

 

   

 

 

Жыласэ Заурбэч.
Поделиться:

Читать также: