Ахъшэ хэлъхьэн хуейщ илъэсыр имыкI щIыкIэ

Пенсэ фонд

Пенсэ зэхуэхьэсынымкIэ къэрал программэм хэтхэм Урысейм и Пенсэ фондым ягу къегъэкIыж дяпэкIэ ятыну пенсэм мы илъэсым и кIэм нэблагъэху ахъшэ халъхьэн зэрыхуейр. Халъхьэ мылъкур къэралым ядиIыгъынущ, абы ягъакIуэр илъэсым къриубыдэу сом минитI нэхърэ нэхъ мащIэ мыхъумэ.

Программэм къызэригъэлъагъуэмкIэ, взносыр езыр-езыру е лэжьапIэм къыбгъэдэкIыу хэплъхьэ хъунущ. Езыр-езыру хэзылъхьэхэм квитанцэр къыщащтэжыфынущ банкым, Урысейм и Пенсэ фондым кIуэуэ е Пенсэ фондым и электрон хэщIапIэм. Лэжьыгъэ IэнатIэм къыбгъэдэкIыу ахъшэ хэзылъхьэхэм, бугалтерием ирагъэхьын хуейщ абы и бжыгъэр е лэжьапщIэм къыхэкIыпхъэ процентыр къыщыгъэлъэгъуа тхыгъэр. Дэтхэнэ щIыкIэм тету ахъшэр халъхьэми, налог техьэркъым. Абы къыхэкIыуи, халъхьам ипкъ иткIэ социальнэ налогыу хуэзэр кърагъэбжыжыну хуитщ. Мылъкум теухуа Iуэхум хэплъамэ, зыщыбгъэгъуазэ хъунущ Пенсэ фондым и сайтым е Къэрал Iуэхутхьэбзэхэм и порталым. Абдеж ущеплъ хъунущ ахъшэ хэплъхьам и бжыгъэми, къэралым къиутIыпща мылъкур зыхуэдизми, хэхъуэми.
Программэм ипкъ иткIэ, цIыхухэм ягъэкIуа ахъшэри къэралым къиутIыпщари щхьэж и пенсэм халъхьэж икIи пенсэ кIуа иужькIэ иратыжын щIадзэ.
КъыщынэмыщIауэ, программэм хэтыну хуитщ лэжьыгъэ IэнатIэ щхьэхуэхэр. Зы лэжьакIуэм хуэзэу сом мин 12 хуэдиз пенсэм игъэкIуамэ, фIэкIыпIэншэу ящIын хуей пенсэ страхованэм адэкIэ мылъку хилъхьэнукъым. ЛэжьапIэм Пенсэ фондым игъэкIуа ахъшэр къалъытэ, абы ит налогыр къыщабжкIэ.
Программэм теухуа хъыбарыр Iыхьэ щхьэхуэу илъщ Урысей Федерацэм и Пенсэ фондым и сайтым.

Поделиться:

Читать также: