Мэрем пшыхь

Бзу цIыкIум и мэз

Хъыбар

Къашыргъэр мэзым щызэхэзеуэрт. Бгыщхьэм къикIри къуэ кIуэцI куум дэт мэзым къэкIуат ар, къурш тхьэрыкъуэ дахэм лъыхъуэу. Ар зэхэзеуэрт тепыIэншэу, зэми уэздыгъей жыг гуэрым и къудамэм тетIысхьэрти, нэхъуеиншэу зиплъыхьырт, аргуэру лъэтэжырти къихущыхьырт.
ПщыхьэщхьэхуегъэзэкI зэрыхъуу борэныр къуэ кIуэцIым къыщыхъеящ. ЯпэщIыкIэ жьыбгъэ мащIэр мэз щIагъым щызэхэзежэри къуакIэр зэщIигъэпIейтеящ, мылылъэ бгыщхьэм дэжри, пшэ Iэрамэхэр уафэгум ириутIыпщхьащ, итIанэ къуэ кIуэцIым къыдэлъэдэжри, борэн шынагъуэу зыкъызэкъуихащ. Уэздыгъей жыгыжьхэр зэщIэскъыскъащ, зэщIэубэлэцащ…
НыщхьэбэкIэ тхьэрыкъуэм зэрыпыкIар къыгурыIуагъэнти, къашыргъэм и нэр бзу цIыкIу гуэрым треубыдэ.
Уехъуэпсэнуи лытэкъым, фэтэкъым бзу цIыкIур, хьэндырабгъуэ пIащэм и нехьэкъехуэ къудейщ; гъэмахуэ щIыIэтыIэри щIымахуэ уаери и зэхуэдэу къурш мэзым щрихьэкIырт; кIэпхъым ещхьу IэкIуэлъакIуэу иуткIэпщIурэ шыкIуртIым быдэм и жылэ IэфIхэр къришхыкIырт, щыхущIыхьэ зэзэмызэм деж и ныбжьэгъухэм ядэджэгурт, макъ псыгъуэ дыдэкIэ уэрэд кIэщI цIыкIухэр ядыжиIэрт.
ШыкIуртIым жылэ IэфIхэм чэф ящIа бзу цIыкIум гу лъитакъым къытеуа къашыргъэм: япэщIыкIэ абы къыфIощI къудамэ псыгъуэ зытесар жьым пиуду ирихьэжьауэ, итIанэ къыщохъу Iэпхлъэпх ящIу бгы шынагъуэ гуэрым щадзауэ. Ауэрэ зыкъещIэжри и дамэхэр ишэщIыну бзу цIыкIур хущIокъу – зыри къикIыркъым, къыдэплъейуэ зубыдар зэригъэщIэну мурад ещI - ари хулъэкIыркъым. Къашыргъэр епIэщIэкIыу бгыщхьэм мэкIуэж. Тхьэрыкъуэ гуакIуэр къызэремыхъулIам къанлы ищIащи, бзу цIыкIм и кIий макъми и гъы макъми хуэдэгущ, хуэгунэфщ. Ар жыжьэу бгым долъэтыкI, гъуэжькуийм иIэта тхылъымпIэм ещхьу жьыбгъэм епхъуатэри бгышхуэ гуэрым и сыджым щхьэдедзых, итIанэ и дамитIыр бгъунж ещI, зынредзыхри и хэщIапIэ бгъуэнщIагъ цIыкIур жьыпэу бгы задэм и блыным къыщелъыхъуэж.
ТIэкIу зигъэпсэхуу и гур къызэрыгъуэтыжа нэужь къашыргъэр пщыхьэщхьэшхэм бгъэдотIысхьэ: мэжэлIати, къупщхьэри къабзийри дигъакIуэу, бзу цIыкIур ешх. Бзу цIыкIум и хулъэм къилъэлъа шыкIуртIым жылэхэр куэд дэмыкIыу бгъуэнщIагъ цIыкIум къыщыхэжащ мастэ щхъуантIэ зыбжанэу, ауэ абыхэм ящыщу зыщ къэзыухъуреихь дуней ахъырзэманым зыщиузэщIыну зыхулъэкIар. И лъабжьэхэр бгы къэча зэвхэм нэхъри куууэ дигъапщхьэм, сабэу зэхихьэжауэ жьыбгъэм кърихьэкI щIыгулъхэр лъэхъыцкIэ зэщIиубыдэурэ, бгъуэнщIагъым зыкъыщIешиикIри уэздыгъей цIыкIур Iэчлъэчу докIей. Бгы шынагъуэмрэ мылылъэм и уаемрэ а жыг цIыкIум ягурегъаIуэ гъащIэр зэрыерыщыр…
- Аращ къыр дамэм щыкIа уэздыгъей жыг закъуэм щхьэкIэ зэхэсхар, - хъыбарыр и кIэм нигъэсащ мэзхъумэ лIыжьым. ИтIанэ, и пыIэр дригъэкIуэтейри, бгым кIэрыт уэздыгъейм еплъурэ, къыщIигъужащ: - Мы мэзри а жыг закъуэм къыпыщэща шыкIуртIымхэм къарылъэлъа жылэхэрщ къызытехъукIар…
Бгы лъапэм щIэж псы цIыкIум и IуфитIыр кусэ кIыхьышхуэу зэщIэзысея уэздыгъей мэзыщIэр уфафэрт, бзу цIыкIухэр щыбзэрабзэу.

Елмэс Iэулэдин.

ГушыIэхэр

Инатыр щыту малIэ

Зыгуэрым, жиIэр пэж яфIищIыну, «лэныстэщ» жиIэрт.
Псоми «лэныстэкъым» жаIэрт. Езым зэпымыууэ:
- Лэныстэщ! Лэныстэщ! Лэныстэщ! - жиIэрт.
ЖрамыгъэIэн щхьэкIэ, къащтэри псым хадзати, и Iэр къыхигъэжауэ, и Iэпхъуамбэхэр лэныстэм хуэдэу зыIуигъабзэрт.

Сыт а зым къыщIыкIэлъажыхьыр?

Хъуэжэ топджэгум кIуэхэм здашащ. Джэгуныр зэфIэкIа нэужь къежьэжри:
- А зы топ закъуэм зыр зым жьэхэуэу, еIунщIу, зафыщIыжу къыщIыкIэлъажыхьыр сыт?! Еплъхэри ямыгъэгузавэу топ зырыз зэрагъэпэщу тэмэму щIэмыджэгухэр сыт? - жиIэурэ къэкIуэжащ.

Жылау  Нурбий.

Псалъэ пэжхэр

УкIытэ зымыщIэм Iуэху Iэджи зэIещIэ

ЗыхузэфIэмыкIым зыщIэбгъакъуэмэ, езыри зэ дэIэпыкъуэгъу къыпхуэхъужынщ.
Зи щхьэм фIэкIа нэгъуэщIхэр фIыуэ зымылъагъуфыр насыпыншэщ.
Зи гъащIэр IэфI защIэу къэзыгъэщIа щыIэкъым.
Пэжагъыр цIыхугъэм и къежьапIэщ.
Иджырей зэманым зи гупкIэ уисыр фIыуэ къыумыцIыхуауэ и уэрэдым удемыжьумэ нэхъыфIщ.
ГущIэгъуншагъэр псэншэ узщ.
Дагъуэ гуэр зимыIэ ныбжьэгъу лъыхъуэурэ ныбжьэгъуншэу зыгуэр къэнауэ жаIэ.
Куэдрэ къамыгъэсэбэп псалъэхэм я мыхьэнэр мэкIуэд.
Зыри къызэрымыкI псалъэ куэд къыупсэлъ нэхърэ, зыри жумыIэххэмэ нэхъыфIщ.
Тхылъыр егъэджакIуэ нэхъыфI дыдэхэм ящыщщ - фIыщIи пщIэи зэи пIихыркъым.
ПIащIэу зи гъащIэр зыхьхэм дунейм и дахагъэр зыкIи зэхащIэркъым.
ГъащIэр зищIысыр къызэрызгурыIуэм кIуэ пэтми кIэроху, ауэ фIыуэ зэрыслъагъур нэхъ куу мэхъу.
Жыжьэ щыIэ сомым укIэлъыкIуэ нэхърэ уи унагъуэм уисыжу къэблэжь сом ныкъуэр нэхъыфIщ.
Псалъэ пэжым гъащIэшхуэ иIэщ.
ПIащIэу уи унэм къыщIыхьами узыхумей псори елъагъу.
Лъагъуныгъэр гъащIитI зэпыщIэщ.
УкIытэ зымыщIэм Iуэху Iэджи зэIещIэ.
Пасэу къалъхуаи кIасэу лIэжаи щыIэкъым.
МащIэми куэдми псы икIутар из пхуэщIыжынукъым.
Хьэ къобэнырейм ущымышынэ, зыри жимыIэурэ и кIэр пхуэзыгъэджэгум хуэсакъ.
КIурашын  Алий.

Прозэу тха усэ

ПыжьпытIыгурэ Мэмлацэрэ

Зы ныбгъуэ закъуэ си лъапэ дыдэм къыщыхэлъэтри фийуэ зиIэтыжати, абыи схутегъэхуакъым. Бзу лIэужьыгъуэу е хьэкIэкхъуэкIэу къэбукIынышхуи щыIэтэкъым мы щIыпIэм. Сэри абы сыщыгъуазэт. ИтIани - хэт ищIэрэ жысIэри - си закъуэрыуэжьыр си плIэм илъу нышэдибэ къэзунэтIат илъэс 20 ипэкIэ фIыщэу сцIыхуу щыта мэз цIыкIумкIэ.
Дысабийуэ пхъэ гъур щыпэ куэдрэ дыкъакIуэрт мыбы. Дэнэ деж сыт хуэдэ жыг итми, псынэ иIэми, дэтхэнэ гъуэгум дэнэ уишэнуми а лъэхъэнэм тщIэрт.
Сэ къэзгъуэтыжащ пхъэ пхыр зырыз тIыгъыу кIапсэлъэрышэу дыкъызэрыкIуэжу щыта лъэс лъагъуэр. Джабэм дыкъыдэкIыжа нэужь зыгъэпсэхупIэу диIэ бгыпэ тIэкIури къэзгъуэтыжащ. Гъуэгубгъум пэмыжыжьэу псынэ зэриIэр къызэрысщIэжу, абы щыщ семыфэнкIэ Iэмал имыIэу псы сыхуэлIащ; езы псынэри слъэгъуащэрэт жысIэу сигу къихьащ.
Гугъущэ сыдемыхьу къэзгъуэтыжащ пcынэр зыхуэзэр, ауэ куэд щIат ар зэрысеижрэ. Гъуэгубгъу лъэныкъуэр нэхъ уэхт икIи псыIэ-псыIэу щытт, мащапIэр иджыри къыхэбелджылыкIми, кумбыр хэгъуэщэжын нэсат, удзи къикIэжат.
Абы сыхэтурэ шэджагъуэ нэужьи хъуащ, уафэр зыIэзыбжьэм къызэщIэуфIыцIэри уэшх пIащэ зырыз къызэпхидзу щIидзащ.
Мэзым къыхэзгъэзыкIыжащ, си занщIэр си гъуэгуу.
Лъэбакъуэ зытхух нэхъ къэзмыкIуу мей ныкъуэжьым сыкъыIууащ. Ар занщIэу къэсцIыхужащ, сымыщIэххэуи къызжьдэлъэтащ: «ПыжьпытIыгу!»
Сэ иджыри сщIэркъым а псалъэм къикIIауэ. ИгъащIэми зэхэсхакъым а зэм фIэкI. Щызэхэсхари мыбдежщ. Мей ныкъуэжьыр мыхъуамэ, сщIэжыххэнтэкъым апхуэдэ псалъэ щыIэуи.
ПыжьпытIыгу… ПыжьпытIыгу… Абы нэгъуэщI зы псалъи и гъусат… А псалъэр, зи пкъыр пIэщIэгъупщыкIыжа уэрэду си жьэм жиIэртэкъым, си гум щыпIэжьажьэрт.
ПыжьпытIыгу… ПыжьпытIыгу… Иджыпсту слъагъу хуэдэу си нэгу щIэтщ. Нэхъ къуейщIей дыдэу къытхэт Нурхьэлий, псори дызэхъуапсэ и хьэмкIутIей баш цIыкIур иIэтри, жиIащ: «Хэт мо мей ныкъуэжьым щIэувэу, и гупэр БещтокIэ гъэзауэ, «ПыжьпытIыгу! Мэмлацэ!» - жиIэу кIиифми, си башыр абы ейщ!»
Мэмлацэ… Арат къысхуэмыщIэжу сызэлIэлIа псалъэр. «ПыжьпытIыгу! Мэмлацэ!» жызыIэфын къытхэкIакъым илъэси 9-10-м ит щIалэ цIыкIу гупым. Дэ къэтфIэщIа хъунт ар пабжьэм къыхэжу дызыIурызыдзэн псэущхьэ шынагъуэ гуэрхэм я цIэу. Апхуэдэу къытфIэмыщIынкIи Iэмал иIэтэкъым асыхьэтым Нурхьэлий зылъэгъуа дэтхэнэ зыми: абы и щхьэц плъыжьым зрисат, зы бэлыхьлажьэ къызэрыхъунум пэплъэ хуэдэ, и пкъыр жат, ушынэнумэ, уигъэшынэн къудейуэ и макъым зригъэхъуэжат, и нитIыр къижырт.
Хахуэ къыщытхэмыкIым, Нурхьэлий ину къэдыхьэшхащ, езыр лъэбакъуэхъуу кIуэри мей ныкъуэжьым щIэуващ, и гупэр БещтокIэ игъазэри и макъ къызэрикIкIэ: «ПыжьпытIыгу! Мэмлацэ!» - жиIэри кIиящ.
Мей ныкъуэжьым нэхъ гъунэгъуу секIуалIэри, илъэс 20 и пэкIэ къысщыщIа щIэщхъур згъэзэкIуэжу, сыкIиящ: «ПыжьпытIыгу! Мэмлацэ!»
ЗэрызгъэщIэгъуэнур сымыщIэу гурым макъ ин гуэр къэIуащ, абы иужьым кIэщIу иту, мэз псор дэпсалъэу, Iэуэлъауэ макъышхуэ зэхэсхащ.
Сэ иужькIэщ къыщызгурыIуэжар уафэр гъуагъуэу щыбли зэрыуар…
Къэжэр  Хьэмид.

Хабзэ

КхъуейплъыжькIэрыщIэ

Мыр унагъуэм къахэхъуа сабийм кIэлъызэрахьэ хабзэ дахэхэм ящыщщ. КхъуейплъыжькIэрыщIэр щащIыр щIалэ цIыкIу къахэхъуауэ щытмэщ. Абы пасэу зыхуагъэхьэзырын щIадзэ: фэ кIапсэ дагъэм быдэу ирагъафэ, матэ кхъуейр ягъэгъу, ерыскъы зэмылIэужьыгъуэхэр ягъэхьэзыр, кIэралъхьэну хьэпшыпхэр къащэху.
Метрих-блы я лъагагъыу пкъоитI хасэ. ТIури къызэщIиубыдэу зы пкъо и щхьэм тралъхьэж. И щхьэм ику дыдэм фIэдзапIэ хуащIри, абы кIапсэр иращIэ. КIапсэм и лъэныкъуиплIымкIи зэпэмыжыжьэурэ ­фIэдзапIэ цIыкIу хуащI. Кхъуей плъыжь гъэгъуар кIапсэм пэгъунэгъуу пащIэ. ИтIанэ хьэпшып зэмылIэужьыгъуэ куэд кIэращIэ: бэлътоку, IэлъэщI, бостеяпхъэ, джанэ, нэгъуэщI цIыкIуфэкIу куэд. Иджыпсту абы къыхэхъуащ хьэпшып лъапIэ куэд.
КхъуейплъыжькIэрыщIэм кърохьэлIэ унагъуэм я благъэхэр, я гъунэгъухэр. КIапсэм дэпщеину зи къарум къигъэгугъэхэр псори зэхэтщ, я чэзум йожьэри. И щхьэм нэсыр, япэщIыкIэ кхъуейм едзэкъэн хуейт, итIанэт адрейхэр еIусэну щыхуитыр. Хуиту кIэращIауэ джэрэз кхъуейр жьэкIэ къэбубыду уедзэкъэнри Iуэху псынщIэ цIыкIутэкъым. Бгыкъум кIэрыщIахэри къыпыпчыну гугъут. Иныкъуэхэр ищхьэм нэмысыфу къещэтэхыжт, абы нэсауэ кхъуейм едзакъэфри нэхъ мащIэжт.
Зэхьэзэхуэр гъэщIэгъуэну ирагъэкIуэкI, пкъом хьэпшып гуэр къыфIэзыхахэм псори йохъуэхъу, мыдрейхэм гушыIэ, ауан хэлъу хъуэрыбзэ гуэрхэр къыхуагупсыс.
Нэхъыжьхэр гуфIэгъуэр къызыхуаIэта сабийм йохъуэхъу, щIалэгъуалэр къофэ, мэгушыIэ.

Бгъэжьнокъуэ  Барэсбий.

Бажэмрэ хьэхэмрэ

Шыпсэ

Хутыкъуауэ къарихьэлIэри, бажэр хьэхэм щIагъэIащ. КърахуэкIыурэ ягъэпщащ. «Абы фIэкIмэ, хьэхэр къысщIыхьэнущ», - жери, бзаджагъэ хуекIуэн мурад ищIащ бажэм.
- Уа, хьэхэ! - къызопсэлъэкI бажэр, бауэбапщэу здэжэм.
- Сыт ар? - щIоупщIэ хьэхэр.
- Махуэ псом дыкъызэрохуэкI, дешащи, пщIэнтIэпсыр къытпоху. ДыкъэувыIэрэ дызэгурыIуэмэ, мынэхъыфIу пIэрэ?
Хьэхэр къэгуфIащ:
- Ар жыпIэртэкъэ алъандэм. КъыпкIэлъыджыхьурэ, къару къытхуэнэжакъым.
Бажэр къызэтоувыIэ, хьэхэм я пащхьэ йотIысхьэри зызэпелъэщIыхь:
- Си гъащIэм слъэгъуакъым сэ фэ нэхърэ нэхъ хьэ джаур… Сывгъэпщащ.
- Дэри дыбгъэпщащ, - жаIэ хьэхэм. - Апхуэдизрэ зыкъыдумыгъэхуэкIыу занщIэу зыкъэдбгъэубыдамэ, уэркIи дэркIи нэхъ псынщIагъуэт.
- Сэ зывэзмыгъэшхыну аратэкъым зыкъыщIывэзмыгъэубыдыр.
- АтIэ сыт? - ягъэщIагъуэ хьэхэм.
- Фыкъыстежрэ фыкъыстемыжрэ сеплъынути, аращ…
- Зыдгъэшх-тIэ иджы! - я гурыIупсыр къожэ хьэхэм.
- Зэ фыкъытримыч. ТIэкIу дывгъэбауэ, - жеIэ бажэм. - Уэ хэт урихьэ? - йоупщI ар хьэхэм ящыщ зым.
- Сэри? Сэ джэдыхъуэм срихьэщ.
- Джэдыхъуэм жыпIа? А тхьэмыщкIэм джэд Iэджэ фIэсшхащ сэ, и щIыхуэ стелъщ. Уэ сыпшхкIэ, емыкIу къэпхьыркъым.
Джэдыхъуэм и хьэм и кIэр егъэкIэрахъуэ. Бажэр етIуанэ хьэм йоупщI:
- Уэ хэт узихьэр?
- Мэлыхъуэм срихьэщ.
- Мэлыхъуэм и зы джэд лъакъуэ фIэкI си джий ехакъым, ари пхъэнкIийм хэлъу срихьэлIати, сыблэкIыфакъым.
Бажэр ещанэ хьэм йоупщI:
- Уэ хэт жыпIа узихьэр?
- Шыхъуэм срихьэщ.
Бажэм и дамэр дрегъэуей:
- Шыхъуэми? Дунейм тетми темытми сщIэркъым а жыхуэпIэр. Дэнэ къуажэ?
- Балъкъ щыщщ.
- А къуажэм игъащIэм сыдыхьакъым.
Шыхъуэм и хьэр къопсалъэ:
- Сызихьэм зыри щыфIумышхакIэ, сэ сыт щхьэкIэ усшхын? Модэ зи щIыхуэ птелъхэм я хьэхэм урырашх.
Ар жеIэри, шыхъуэм и хьэм IуегъэзыкIыж.
- Мэлыхъуэм зы джэд лъакъуэ фIэкI щыфIумышхакIэ, уи нэр къижу дауэ усчэтхъэн! - жеIэри, мэлыхъуэм и хьэми IуегъэзыкIыж.
Бажэм джэдыхъуэм и хьэм зыхуегъазэ:
- АтIэ, джэдыхъуэращ зи щIыхуэ стелъри, абы ущрихьэкIэ – сышх.
Джэдыхъуэм и хьэр и закъуэу къыщынэм къошынэ:
- Хьэуэ, итIанэ дызэхуэзэнщи, нэхъыфIщ. Иджыпсту сымэжалIэркъым…
Абыи IуегъэзыкIыж. Бажэр хьэхэм якIэлъоджэ:
- Арат апхуэдизрэ сыкъыщIефхуэкIар? СыхулIэ фэ хуэдэхьэ!... И пэмкIэ щIым етIэхъуу, бажэр и гъуэгу техьэжащ.
 

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ
19.04.2024 - 16:23 НОБЭ