Гъуэгум щысакъын зэрыхуейр аргуэру ягу къагъэкIыжIуащхьэмахуэ щIыналъэм и автоинспекторхэмрэ жылагъуэ лэжьакIуэхэмрэ иджыблагъэ ирагъэкIуэкIащ гъуэгум зэрыщызекIуапхъэ мардэхэм цIыхухэр зэрытетыр къэпщытэным, хабзэхэр уэим пщIы зэрымыхъунум абыхэм иджыри зэ гу лъегъэтэным теухуа Iуэху. Нэхъыбэу абы къыхашар рулым дэс цIыхубзхэрщ. Я унагъуэхэм, сабийхэм узыншэу, бэIутIэIуншэу яхыхьэжынымкIэ гъуэгум щысакъыным мыхьэнэ къызэрымыкIуэ зэриIэр ягу къагъэкIы-жащ абыхэм. Акцэр къызэрагъэпэщащ Урысей МВД-м Iуащхьэмахуэ щIыналъэм щиIэ къудамэмрэ а IуэхущIапIэм епхауэ лажьэ жылагъуэ советым хэт Газаевэ Зухрарэ.
Поделиться:
Читать также:
18.04.2024 - 17:15 →
ХьэщIэщхэмрэ хьэщIэхэмрэ
18.04.2024 - 14:10 →
Ди щIыналъэм и щIыпIэ дахэхэр
18.04.2024 - 09:58 →
Зэману дахэ, сумыгъэпIащIэ…
17.04.2024 - 18:00 →
Мошенники звонят от имени Центробанка. Как их вычислить?
17.04.2024 - 12:53 →
Урысеймрэ ислъам дунеймрэ
|