Си адэм и макъ къыхоIукI

Ди адэ-анэм насыпыфIэу илъэс 62-рэ къызэдагъэщIащ. ЛъэныкъуэкIэ укъыщеплъмэ, къыпщыхъункIэ хъунут зи дуней еплъыкIэрэ зи хабзэрэ зиIэж лъэпкъ зырызым къы­хэкIахэм я нэчыхьыр быдэ ­мыхъуну. Ди адэр илъэс 24-рэ, ди анэр - 20 щыхъухэм зэ­пызыщIа гурыщIэ къабзэм ­гъащIэ кIыхь къыщIэлът. Сыт хуэдизу къабзэу щытын хуейт атIэ а гурыщIэр, зауэми, гъащIэм къахуигъэува адрей гъэунэхупIэ гугъухэми гурэ-псэкIэ зэщIыгъуу пхыкIыфын папщIэ?! ГъащIэм и бэIутIэIу псоми пэлъэщащ а тIум я гурыщIэр. Гухэлъ къабзэрэ пэжыгъэрэ лъабжьэ зыхуащIа унагъуэм къихъуа бынхэр псэ хуабагъэ зэи ды­щы­щIакъым, сыт и лъэныкъуэкIи адэ-анэм я лъагъуныгъэм дыкъихъумэрт. Ди адэр дунейм ехыжа нэужь, ди анэм къызитыжауэ щытащ абы и Iэрытххэр щызэхуэхьэса, зэманым фагъуэ ищIа папкэ ­Iувышхуэр. Абы дэлът щы­зэ­рыцIыхуа махуэм къыщы­щIэдзауэ ди адэм ди анэм къыхуигъэхьа письмохэр. Абы сыкъеджэжыху, си тхьэкIумэм къоIуэ си адэм и ма­къыр, абы и псэлъэкIэр, и гушыIэкIэ дахэхэр, адыгэ лъахэм ехьэлIа хъыбархэр. Хэку зауэшхуэм щыгъуэ си анэмрэ си шыпхъу нэхъыжь Татьянэрэ къахуигъэхьа тхыгъэхэм се­джэжмэ, къызгуроIуэ ди адэм псалъэ хуабэкIэ а тIум зэрахуэсакъыфар. АдэкIи, дунейр мамыр хъужа нэужь, Налшык икIыу командировкэ жыжьэ­хэм щыкIуэхэм къытхуитхауэ щы­тахэм яхэлъ лъагъуныгъэр си гум щыкIуэщIыркъым.
1945 гъэм, зауэр щиухам, си адэр Прибалтикэ фронтым майору щыIэт. «Бгыщхьэ хужьым укъеплъыхмэ» автобиографическэ повестым абы щетхыж Сальск бжьэпэм къыщыщIэдзауэ Кёнигсберг нэсыху къикIуа и зауэ гъуэ­гуанэр. Нэхъапэм ар саперу, иужькIэ дзэ корреспонденту щытащ. Ажалымрэ зауэ­лIымрэ зы лъэбакъуэ фIэкIа ямызэхуакуу псэзэпылъхьэпIэ сыт хуэдизрэ ар ихуа, сыт ­хуэдиз гугъуехьи игъэвын­ хуей хъуа - абыхэм зэи я гугъу ищIакъым. Ауэ 1942 гъэм бадзэуэгъуэм и 2-м къигъэхьа тхыгъэм и гугъу щищIырт апхуэдиз укIыгъэрэ лейрэ зылъэ­гъуам зыхищIахэм ящхьэж зы Iуэхугъуэ. КъызэрысщыхъумкIи, ар абы имытхыжыни ­ху­зэфIэкIынутэкъым. Зауэм къригъэха тхыгъэхэмкIэ пхуэ­гъэнэIуэжынукъым абы зэ­пича гъуэгуанэр зыхуэдэр, ­зауэм и кIэуххэрщ ар здэ-                   щыIэ щIыпIэхэр нэхъ къыщигъэлъагъуэ хъуар:  Кёнигсберг, иужькIэ Либавэ, Ригэ ­къритхыкIахэм здэщыIар итщ. А къалэм къригъэха те­леграм­мэм «СынокIуэж» - зы псалъэрт итар…   
КIыщокъуэ Еленэ.

Фронтым къикI тхыгъэхэр

Япэ письмо

Уузыншэм, Надеждэ!
Сыныпхуэтхэну сыщыхуэ­хъухэм деж а Iэмалыр зы­IэщIэзгъэкIыркъым. Куэди щIа­къым сынызэрытхэри, иджыри, мис, сыщысщ. Сэ сыфIщ, сыузыншэщ. Газетыр зэпыу имыIэу къыдыдогъэкI, псори хъарзынэу йокIуэкI. Сэр щхьэкIэ уэ зэи умыгузавэ, зэзэмызэххэщ щытыкIэ гугъу сыщихуэр. Сэ къызжаIэ ди хъыджэбз цIыкIур нэхъыфI зэрыхъужыр, абы хуабжьу сыщогуфIыкI. Ирехъуж нэхъ псынщIэу. А цIыкIур хуиткъым сымэджэну - уставым иткъым апхуэдэ. И уна­фэщI­хэм хуит дымыщIарэ къы­дэ­мы­даIуэу сымэджэныр къы­щыхилъхьакIэ, тIэкIуи детхьэкъун жызоIэ.
Иджыблагъэ ахъшэ тIэкIу нэзутIыпщащ, иджыри незгъэхьынущ, ауэ зэкIэ къы­сIэрыхьакъым. Ауэ уэ гъатхэмрэ щIымахуэмрэ фIыуэ зыхуэгъэхьэзыр. (Сэ езыри ­гъатхэм сынэкIуэжынкIэ ­хъунщ). Мыщэр пщIэркъэ, мэ­зым губзыгъэу зэрыщыпсэур - гъэмахуэ псом мэгъэтIылъэ, къыкIэлъыкIуэну илъэсым мы­мэжэлIэн хуэдэу. Уэри ап­хуэдэу щIыи, ущыуэнкъым. Гъэ­тIылъыгъэм уи жыпыр иугъуэнкъым, ахъшэ къыбжиIэркъым. Мэлыл бгъуэтмэ, къэщэхуи гъэгъу. Уэ пщIэ­жынщ нэхъыфI зэрыхъунур. ИтIанэ, адыгэхэм кхъуей ­ягъэгъу. Апхуэдэ къэпщэхуа­къэ? Уэ пщIэрэ ар куэдрэ зэ­мыкIуэкIыу зэрыщылъыр? Апхуэди зэгъэпэщ.
Хъунщ, ерыскъы гугъур къэдгъэнэнщ. Уэ, зэрыхъукIэ, яужь ит сэ стеухуауэ нрагъэхь сомыр бадзэуэгъуэм, шыщ­хьэуIум нэхъ фIэмыкIыу зы­Iэ­рыбгъэхьэну. А зэманхэращ гъэ  псор  зэрипхыну ерыскъыр щызэбгъэпэщыфынур. Уигу игъэлъ.
Иджыблагъэ сэ зы щIыпIэ гуэрым сыщыIащ. Зэи срихьэлIакъым апхуэдэ нэщ­хъеягъуэ. Нэмыцэхэм зэтрау­кIащ жылэдэс, мамыру псэу ди цIыхухэр. Абыхэм яхэтт сабийхэри. Сэ слъэгъуащ цIыхубз щIалэ дыдэм и пхъум и Iэпкълъэпкъ цIыкIухэр зэ­хуихьэсыжу, абы къилъы­хъуэрт а сабийм и Iэ лъэны­къуэ цIыкIур, ауэ игъуэтыжакъым. НэгъуэщI зыгуэрми и дэлъху цIыкIум и хьэдэр апхуэдэу зэхуихьэсыжырт. Апхуэдэурэ псоми я хьэдэ ­къупщхьэхэр къащыпыжырт. Ар сыту гуузт. Мыпхуэдэ ­гуауэр цIыхум щыгъупщэну? Зэи щыгъупщэнукъым.
Уэ унасыпыфIэщ, си дахэ, ап­хуэдэ гуауэ умыгъэвам и мызакъуэу, икIи плъэгъуа­къым. Согугъэ икIи апхуэдэ игъащIэкIэ уи нэгу щIэмыкIыну.
ЗэкIэ хъунщ, узыншэу!
Алим.
ППС1580
п/я №1 политотдел
2.7.42 гъэ

P.S. СагъэлъапIэу тыгъэ къыс­хуащIа щIыхь тхылъыр ныпхузогъэхь, хъумэ ар.
Бгъуэтынумэ, письмо щимэм дэлъу, тутыныр зыкIуэцIашыхь тхылъымпIэм хуэдэ къысхуегъэхь.

ЕтIуанэ Письмо
 
Уузыншэм, Надя!
Уи тхыгъитI къысIэрыхьащ. Хуабжьу сыщыгуфIыкIащ ха­дэ зехьэным узэрегугъум. Тэмэму уощIэ. Мы гъэр, ди жагъуэ зэрыхъущи, ерыскъыпхъэкIэ егъэлеяуэ гугъуу щытынущ, аращи, уи къа­рум къихьыху лажьэ. Сэ сыбдэ­Iэпыкъунщ сомкIэ. Мы ма­зэм икухэм аттестат нэстхынщ.
Сэ сыфIщ, сыузыншэщ. Уэ Кулиевым зыхуэбгъэгусащ госпиталым сызэрыщIэлъыр нызэритхам папщIэ. Сэ абы сыщIэхуэнкIэ мыхъуну уогупсысри аращ. Иджы, си щэхур къыщыщIэщакIэ, бжесIэнщ фронтым сы­зэ­ры­Iухьэрэ госпиталым тIэуней-рэ сыщIэлъын хуей зэрыхъуар - щIышылэмрэ мэлыжьы­хьым­рэ. Сэ ар ныпхуэстхыну сыхуеякъым.
Уэ уощIэ сэ си гъащIэ еплъыкIэмрэ си хьэлымрэ.
Мыгувэу си гъащIэм зэ­хъуэкIыныгъэ гуэр къыщыхъуну къыщIэкIынщ, ауэ сэ абы си гур фIы къищIыркъым.
Михай зэрыпсэур, зэ­рыу­зыншэр егъэлеяуэ си гуапэщ, ауэ зауэр къызэрыхъейрэ зы тхыгъэ кIапэ къысIэригъэхьакъым. Ар си жагъуэ сщIыркъым - езыми щыму сыподжэж. Зауэр иухрэ сы­нэкIуэжыну си насып къихьмэ, сэ абы хуэфащэу сетхьэ­къужынкъэ.
Си жагъуэ хъуащ Дугоевыр. Зауэм хэтакъым, ауэ хэкIуэдащ. Ар гуауэщ. Зауэм ущы­хэкIуэдэну ухуитщ, тылым хъунукъым…
Уэ зыри къысхуэптхатэкъым ЩоджэнцIыкIум            теу­хуауэ. Ар апхуэдэу хэкIуэдар пэжмэ... Къэбэрдей литературэм и лъабжьэр зыгъэтIы­лъар мыпсэужмэ, утемыу­кIы­тыхьу ди литературэм зи цIэ къыщипIуэн пашэ щыIэжкъым. Ар ди щIыпIэ уна­фэщIхэм зыкIи яхуэбгъэгъу хъунукъым. ЛъэпкъылI пажэу диIэр дыгъужьхэм иратри ирагъэшхащ. Напэ зезыхьэу яхэ­тыр мащIэщ!
Уэ къысхуэтх, къэбэрдей ­газетым и редакторыр хэтми, хъумэ, хуезгъэхьынщ си ­тхыгъэ. Ар зы щхьэгъэуз гуэру щымытмэ.
Керим нэкIуэжауэ къы­щIэ­кIынщ. Плъагъумэ, схущIэуп­щIэж. НэкIуэжамэ, Iэмал имыIэу ныхуэстхынщ.
ЗэрыжыпIэмкIэ, ди хъы­джэбз цIыкIур къэжэпхъащ. Ар сыту фIы. Сэ абы къы­зэрымыкIуэу сыщогуфIыкI. И адэм игу зэрилъым хуэдэу, езыми и адэр щремыгъупщэ.
Абы ныхузогъэхь адакъэм теухуа си рассказыр.
Мыдрей си рассказхэри сыхуейт уэ ныпхуезгъэхьыну, ауэ нэсыну пIэрэ уи деж. Усэ куэди стхауэ сиIэщ. Уэ уи деж ахэр нэхъ хъума щыхъунт, ауэ ныпIэрымыхьэу кIуэдынкIэ ­сошынэ. Си лэжьыгъэхэр кIуэдмэ, гугъуехьыр псыхэ­кIуадэ хъунущ, щIэрыщIэу къы­щIэздзэжын хуейуэ.
ЩIэх-щIэхыурэ къатхэ, нэхъыбэми я гугъу къысхуэщI.
Р.S. Цагъуэр дауэ щыт? Псэумэ, узыншэмэ, сэлам ­схуехыж. Сэ абы щхьэхуэу сы­ныхуэтхэнщ.
Хъунщ, къыздалъхуахэми, псоми сэлам схуехыж.
Алим.
2.06.43 гъэ

Ещанэ письмо

Уузыншэм, Надя
КъысIэрыхьащ уи тхыгъэмрэ газетхэмрэ. Егъэлеяуэ псом щхьэкIи фIыщIэ пхузощI. Хуабжьу си гуапэщ, сы­ны­зэролъэIуу хъуар зэрыбгъэ­защIэм папщIэ. Уэ уи фIыгъэ­кIэ абыкIэ къыщекIуэкIыу ­хъуам сыщыгъуазэщ. ГуфIэгъуэшхуэщ ди хъыджэбз цIы­кIур зэрыузыншэр, тэмэму ­зэ­рызиужьыр. Уэ псори тэ-   мэ­му, фызыхуэныкъуэ щы­мыIэу къыщыптхкIэ, сыт хуэ­дэу сыфхуэмызэшми, гукъы­дэж согъуэт. Сэ сощIэ ­­сы- ­щы­нэкIуэжынур тIуми къыф­­­хуэмыгъэсу фыкъызэ­ры­зэжьэр.
Уи тхыгъэм сыкъыщеджащ конкурсыр адэкIэ зэрадзам. Ар сэркIэ фIыщ. АпщIондэху зыгуэр стхыну хьэзыр сыхъу-ну къыщIэкIынщ. ЩIэщы­гъуэу зы ныкъуэтх гуэр сиIэщ. Ауэ… тхыгъэ лъэщ къэбгъэщIын ­папщIэ, уи гупсысэр хьэзаб гуэрым пхыкIын хуейщ. Мыр сэ си фIэщу жызоIэ. ЦIыхум псэкIэ зыхищIэ гуэрым имыгъэпIейтеймэ, зыгуэрым зэхэзехуэн имыщIмэ, фIагъ зиIэ тхыгъэ  къыхуэгъэщIынукъым. Сэ зи гугъу сщIыр тха­кIуэхэмрэ, усакIуэхэмрэ, ­ху­дожникхэмрэщ. Лъэщу зыгуэр къэбгъэщIын папщIэ, апхуэдэ дыдэу лъэщу зыгуэр ппкърыузыкIын хуейщ, нэ­гъуэщIу жысIэнщи, уи Iэп­къ­лъэпкъ псор зэщIиIыгъэу, зы лъынхуэ цIыкIу къэмынэу ­игъэлажьэу, укъызэщIиIэтэу зы гупсысэ емылыдж гуэрым уиIыгъын хуейщ, зы дакъикъэкIи уимыутIыпщу. Мис а къигъэщIым езыр зэрыщыту хыхьэпа нэужь, телъыджэм упэплъэ хъунущ. Зэчий зыбгъэдэлъ цIыхухэр адрейхэм къащхьэщыкIыу, нэгъуэщI гуэру щIэгупсысэри аращ. Ар тэмэмщ, зыми емыщхь цIыху ахэр зыщIри аращ.
Пэжщ, сэ, конкурсым щхьэ­кIэ схуэтхынукъым зыми емыщхь апхуэдэ тхыгъэ, ар иджыпсту си зэфIэкIым къимытIэсэнщ. Ауэ, сыхуейщ, си гупсысэмрэ си къарумрэ фIыуэ къызэщIэзгъаплъэу, зэ­рыхъукIэ нэхъыфIу сытхэну. Абы селIэлIэнущ.
Иджыпсту фэ, дауи, гъатхэм и гуакIуэгъуэм фыхэту къыщIэкIынущ. Татэ дыгъэ бзийхэм зригъэурэ, гъатхэм, удзхэм щыгуфIыкIрэ, мыувыIэу къижыхьу къыщIэкIынщ. Сэ гъатхэ сиIэкъым. МыбыкIэ щыпшагъуэщ, уэшхи къыщошх.
Си гугъэмкIэ хъунщ. Псоми схущIэупщIэж.
Алим.
16.04.45 гъэ

ЕплIанэ письмо

Уузыншэм, Надя!
Уи письмор, уи гугъэмрэ уи гур зэрызэщыуамкIэ гъэн­­щIар, къысIэрыхьащ. Зы­щIэсIэ­жьэм и щхьэусы­гъуэм узэ­рыщIэупщIэр згъэ­щIэ­гъуащ. «ЗыIэжьэн» псалъэр мы дэ дыздэщыIэм къы­щыбгъэ­сэбэп хъуххэнукъым. Зы­тIэ­жьэркъым, ды­щыIэу аращ.
ГурыIуэгъуэращи, зэкIэ зы­ри гурыIуэгъуэкъым. Дэ псоми къэхъунур къэтщIэну ды­хэту аращ. Ауэ хэт а къэ­хъунур зыщIэр?
Зауэр иухащ, ауэ а кIэухыр дэ иджыри зыхэтщIакъым. Газетхэм ущеджэкIэ, къып­щохъу зэ­кIэ зауэм кIэух имыгъуэтауэ. Сыт хуэдэу щымытми, узэригугъэм хуэдэу, щIэх­фэх ды­зэ­хуэзэжыну фэ тет­къым.
Наурызыр зэрыхэкIуэдар куэд щIауэ сощIэ, си жагъуэ хъуащ ар. Хьэбашэ теухуауэ схужыIэнур зы закъуэщ. Мыбы сыщрихьэлIащ абы и псэр щыхэкIа дакъикъэхэм дэ­щIыгъуа гуэрым. Хьэбашэ гъэру яубыда нэужь, нэ­мы­цэхэм яукIауэ аращ. Ар пэжщ. Нэхъыжьхэр абы пры­ре­мыплъэ. НахуэкIуэжынукъым ар абыхэм. Ауэ ар абыхэм яжу­мыIэ.
Си поэмэр тхын сухащ икIи нэзутIыпщащ. Фэ ар мыгувэу ныфIэрыхьэнущ. Сэ абы фIэсщащ «Адэ». Иреджэхэ. Сэ ар къыдэмыкI щIыкIэ иджыри зэ сеплъыжыну сыхуейт.
Иджы сэ аргуэру къутырым сыдэсщ. Махуэ бжыгъэкIэ къа­лэм дыщыпсэури, мыбы къэдгъэзэжащ. ФIы дыдэт, псыежэх щыIамэ. ИхъуреягъкIэ шэдылъэщ, зыгъэпскIыпIи зыщIыпIэкIи щыIэкъым. ЩIы­пIэ щIагъуэкъым мыхэр.
Хъунщ ар зэкIэ. Узыншэ дыдэу.
Алим.
Мэкъуауэгъуэ  мазэ,
1945 гъэ.

КIыщокъуэ Еленэ
Поделиться: