МЭРЕМ ПШЫХЬ

Хабзэ
Нэмысымрэ лIыгъэмрэ

Уи щхьэ ущытхъужыныр, умыщIа лIыгъэ пIуэтэныр, пкIэрымылъ щытхъу зыкIэрыплъхьэныр, къомыкIун Iуэхум зыкIэрыпщIэныр адыгэ хабзэмкIэ емыкIуу ялъытэрт.
Пасэрей адыгэхэм емыкIуу, лIыгъэншагъэу ябжырт илэжьа Iуэху «сыхъуат», «сыщIат» жиIэу иIуэтэжыныр. Ар адыгэлIым и щхьэм хуигъэфащэртэкъым. «Сеуэри сыуIащ», «сеуэри сыукIащ», - жиIэу хъыбар пхуиIуэтэнутэкъым. «Сеуащ», - жиIэну и щхьэ трилъхьэртэкъым. АтIэ, хъыбарыр щиIуэтэжкIэ: «Си Iэм IэщIэлъ къамэр ехуэхри, лIыр уIэгъэ хъуащ», «Си Iэм IэщIэлъ фочыр уэри лIыр джэлащ», - жиIэрт. Езым и Iуэху хэмылъу, ауэ къэхъуа хуэдэут зэриIуатэр.
ХьэщIэм хуэдэу нэхъыжьхэми нэмыс хуащIырт. Нэхъыжьым андез ищтэмэ, абы и пыIэр щхьэрихырти, иIыгъыу щхьэщытт нэхъыщIэр. Ауэ апхуэдэм нэхъыбэу щхьэщытыр цIыхубзт. И пыIэр иIыгъыу, и дамэм напэIэлъэщIыр еупцIэкIауэ щхьэщытт, андез щтэн иухыху. Андез щтэн зэриухыу, напэIэлъэщIымкIэ зригъэлъэщIырти, и пыIэр щхьэритIэгъэжырт. Ауэ андез зыщтэм псыр тракIэурэ ирагъащтэ хабзэкъым, езым и IэкIэ зытрикIэжырт.
«Анэмэту узот», - жаIэрэ зыгуэр ирагъэхъумэну иратарэ, ар хуэмыгъэзащIэмэ, емыкIушхуэт. Апхуэдэ Iуэхур умыгъэзэщIэныр Iэмал имыIэу адыгэ хабзэм къигъэувырт. «Анэмэтым гъерэт ухуэмыхъу!» жыхуаIэ псалъэр абы къытекIащ. Абы къикIыр - «анэмэтым уемыпцIыжу хуэгъэзащIэ!» - жыхуиIэщ.
АдыгэлIым нэпцIу Iэщэ кърихтэкъым, кърихами, хуэфащэ имыщIауэ ирилъхьэжыртэкъым. Ирилъхьэжами, лIыгъэншэт. «НэпцIу Iэщэ къыумых, къипхами, хуэфащэ ирумыщIэу йомылъхьэж!» - жаIэу псалъэжь щыIэщ.
Адыгэм къадэгъуэгурыкIуэ хабзэхэм ящыщщ: жэм къащэхуамэ, пщIантIэм къызэрыдыхьэу хугу Iэбжьыб къыщIахырти, абы тракIутэрт, «Ялыхь, мыпхуэдизкIэ тхуэгъэбагъуэ», - жаIэрти.
ЦIыхухэр зэдэIэпыкъуу, хабзэ яку дэлъу щытащ. Зыгуэрым хьэгъуэлIыгъуэ иIэмэ, мэл зиIэхэм я деж кIуэрти елъэIурт: «Мыпхуэдэ Iуэху сиIэти, зы хьэщIэныш щхьэкIэ лъэIуакIуэ сыкъыпхуэкIуащ», - жиIэрти. А здэкIуам тIэкIунитIэ цIыхугъэ хэлъу щытмэ, ныш къримыту къигъэкIуэжыртэкъым. Нышу нэхъыбэрэ ятыр щынэт.
Адыгэм ижь лъандэрэ къыдэгъуэгурыкIуэрт зыгуэрым и щыгъын, и хьэпшып нэгъуэщI къехъуэпсауэ: «Мыр сыту дахэ», - жиIамэ: «Уехъуэпсамэ, узот!», - жиIэрэ тыгъэ хуищIу. «Узот» жыIэныр хабзэщи, жиIэт, ауэ апхуэдэ тыгъэр псоми Iахыртэкъым. «УщехъуэпсакIэ» жиIэу лIыгъэкIэ езыти щыIэт. Ныбжьэгъу, гъунэгъу хуэдэхэрт апхуэдэ тыгъэр нэхъыбэу зэIэпызыхыр..
Адыгэм Iэщ, псом хуэмыдэу, шы фIыуэ ялъагъуу къекIуэкIащ. Шым епха Iуэхухэм щIалэгъуалэр дахьэхырт. Къызэдэжэну, шыбгъэрыуэ зэдэджэгуну, щы жэрыжэм тесу еIэбыхыурэ зыгуэрхэр къащтэнкIэ зэныкъуэкъуу щытащ.
ЦIыхубзхэм нэхъыбэу я лэжьыгъэр щIакIуэ щIынырт, упщIэ гъэпцIэнырт, цей зэIущэнырт.
Адыгэхэм я гуфIэгъуэ Iуэхухэр джэгуакIуэхэмрэ ажэгъафэхэмрэ ягъэдахэу щытащ. Абыхэм сыт хуэдэ Iуэхури нэгузыужьу къызэрагъэпэщырт, ахэр зыхэмыт зэхыхьэр мыхъуауэ къалъытэрт.

Щоджэн Хьэзешэ.

Псалъэ шэрыуэхэр
Насыпыр мылъкум епхакъым

Аркъэныр щыфIыр щыкIыхьырщи, псалъэр щыфIыр щыкIэщIырщ.
Акъылыр губжьым пIэщIихамэ, дахагъэ псори пфIэкIуэдащ.
Зи щхьэ закъуэм нэмыщI зыри фIыуэ зымылъагъур ещхьщ губгъуэм игъухьауэ и закъуэу ит жыгыжьым.
Мылъку зи куэд нэхърэ акъыл зиIэ.
Лъагъуныгъэр унагъуэм и дыгъэщ.
Уи пщIантIэпскIэ къэблэжьыжам нэхъ IэфI щыIэкъым.
Уи щыуагъэр уэзыгъэлъагъуж бийр нэхъыфIщ, ар пщызыгъэпщкIу ныбжьэгъум нэхърэ.
Уи бынхэм гъэсэныгъэ тэмэм ептыфамэ, фIыгъуэшхуэкIэ уахуэупсам хуэдэщ.
ЦIыхум фIагъыу хэлъыр къыумыщIауэ, и ныкъусаныгъэхэм утепсэлъыхьын щIумыдзэ.
Мастэ къидыгъуу есэри, Iэщ къидыгъуу щIидзащ.
Насыпыр мылъкум епхакъым.
Пэжыр хущхъуэм хуэдэщ: икIи щхьэпэщ, икIи дыджщ.
Шхэгъуэм деж узыншэщ, лэжьэгъуэм деж быкъшыкъщ.
Къомылэжьауэ къыпхэхъуэр хьэлэлкъым, абы ущымыгуфIыкI.
Уи гъащIэкIэ пхузэфIэмыкIыну уигугъа Iуэхур гузэвэгъуэм псынщIэ дыдэу уегъащIэ.
Гугъэм зэи кIэ иIэкъым.

КIурашын Алий.

ДжэдыкIэшхуэ
Iуэтэж

Iэнэ хъурейр Iуихыжурэ Мэскухъан и къуэрылъхум йопсалъэ:
- Сэ щIыунэм сехынщ, Мышэ, кIэртIофыр тIэкIу сымыгъэкъабзэмэ, кIуэдыпэнущ. Уэри мы уэлбанэм пщIантIэм щыпщIэн щыIэкъым, нэху, зэхэпха? УщIэмыкI, щIалэ, сурэт еплъ, сэ сщIэрэ, мес уи къэрэндащхэмкIэ зыгуэрхэр итхъэ…
Нанэ хуабэу зехуапэри Мышэ и щхьэм Iэ дилъэурэ щIыбым щIокI. ЩIалэ цIыкIур щхьэгъубжэм Iуохьэ. Уэшх тIэкIу къошх. ПщIантIэр нэщIщ, хъуреягъыр щымщ. Лъэбыхуи гъуэм ипщхьэжащи, и тхьэкIумэхэр теуплIэнщIауэ мэщхьэукъуэ. Нэщхъейуэ зеплъыхь Мышэ. Адрей пэшым щIохьэри сурэт зэмыфэгъухэр зэтрех, зэтрелъхьэж. Хуейкъым нобэ сурэт ищIыну. Мышэ дадэ нэхъ и гъусэщ. Дадэ щыдэмысым деж, езыри унэм щIэзагъэркъым. ЩIалэшхуэщ ар - илъэс еплIанэм итщ, и закъуэ щIыбым щIэкIми, зыри къешхыдэнкъым…
Хуэм цIыкIуурэ бжэр Iуехри пщIантIэм доплъэ. Лъэбыху зигъэхъейркъым. Жей хъунщ… Мэжей. Абы хэту джэдэщымкIэ «Хуоп-хуоп!» - жиIэу макъ гуэр къоIукI. Плъэмэ, нанэ и гуэгушыр джэдэщым къыщIэувыкIащи, и дамэхэр иукъуэдийуэрэ зеутхыпщI. ТIэкIу щотри и лъакъуэ кIыхьыжьыр ятIэм хиупцIэурэ хадэм йохьэ. Мышэ мэдыхьэшх:
- Гуэгуш щхьэзэ, сыт иджы хьэсэ псыфыжьым ущIыхэджадэр? Абгъуэ хуабэшхуэм уизагъэркъэ, къэкIухь лъакъуэжь! Зэт… Догуэт…
Гуэгуш анэм и абгъуэр Мышэ зэи илъэгъуатэкъым.
- ДжэдэщыкIуэ щIалэ цIыкIути сымылъагъужар! - жиIэурэ нанэ ар къыIуигъэщтырт. «Дауи зы гъэщIэгъуэн гуэр щIэлъщ абы… Зэ сыплъэнти!» - хьэфэ ботитIым йоувэри Мышэ джэдэщымкIэ мажэ. Бжэм щынэсым къоувыIэри зеплъыхь, ауэ «гъэщIэгъуэныр» игу пыкIыркъыми, «жьгъумпI» - жиIэу джэдэщым зыщIегъахуэ. КIыфIыбзэщ. Мышэ и нэхэр еуфIыцI, зэтрехыжри зеплъыхь.
- Уохьо! Плъэгъуа мывэ! - мэкIуатэ ар.
Абгъуэм хужь хъуреишхуэхэр изу илъщ. Мышэ мэгупсысэ:
- Зэхуэдизыпсу дэнэ мы пIащэжьхэр къыздикIар? ДжэдыкIэуи? НтIэ, Iейуэ… СщIэркъэ сэ джэдыкIэр зыхуэдэр! ХьыI! Зэт… Догуэт… ДжэдыкIэшхуэмэ-щэ? - мэIэбэ Мышэ.
… Уэрамым ирижэ псыхьэлыгъуэ цIыкIухэр ботитIымкIэ зэблиутхыкIыурэ Мышэ Дахэлинэхэ дежкIэ зэпрож. Куэбжэм щеIунщIым, хьэр банэу къыщIопхъуэ, абы ирихьэлIэуи бжэщхьэIум къытохьэ Дахэлинэ:
- Мыр сытым укъытхуихьа, лIы цIыкIу? - къыщогуфIыкI ар. - НакIуэ-накIуэ, зумыгъэуфэнщI, - жиIэурэ къыщыIэбэкIэ:
- Линэ, мыр сIэпоху, - жери и Iэгъуапэр хуеший.
Мышэ и Iэгъуапэм къищ джэдыкIитIым еплъурэ Линэ:
- Сыт мы къепхьэкIхэр? Дэни къипха?
- Гуэгушым къыфIэзды..., къеIыс… Абгъуэм илъти, сэ езым къэсщтащ! - Мышэ и натIэ къыщIоплъ.
- А, сымыгъуэт! Къуртым укIэщIэIэбауэ ара?!
- Аракъым-тIэ…. Къуртыр щIэстэкъым…. ЗыщIыпIэ кIуат!
- Ы-хь-ы. Абгъуэм куэд илът мыпхуэдэу?
- Къомбэу… Iэджэжьу… Сэ тIу къудейщ къыхэсхар…
- ГурыIуэгъуэщ. УемыIусам нэхъыфIт, цIыкIу. Сыту пщIыну мыр?
- Дгъавэурэ тшхынщи, аракъэ?
- Аркъым, нэпIыжьэ, - мэдыхьэшх Линэ, - къуртым къыфIэбдыгъуар тшхымэ, тIури уэгуш дыхъунущ… ПщIэрэ ар?
Мышэ и пэр къыпылэлащ: «Аращ сыт щыгъуи… Псори сфIызэхозэрыхь. Иджы сыт? Нанэ джэдыкIэхэр ибжынущи - мэ! Дадэ сыжриIэжынущи - мэ!»
- Аркъым дэ тщIэнур, - жеIэ Линэ, - иджыпсту ди Iэхэр дотхьэщIри, сэ зы IэфI гуэр пхузопщэфI, апщIондэху уэ мо пIэм удопщейри, сурэт иботхъэ. Хъункъэ?
Мышэ и щхьэр ещI.
Дахэлинэ пщэфIауэ тепщэчхэр къыдихырт, ауэ Мышэ зишыхьыжарэ и Iупэ цIыкIухэри зэтехуауэ жейрт:
Мэскухъанрэ Дахэлинэрэ джэдыкIэшхуэхэр ябжри ябж, ябжри ябж! Мэскухъан мэгуфIэ. Дахэлинэ мэдыхьэшх…
Мышэ и Iэгъуапэр икъузурэ мэлъаIуэ:
- Ялыхь-ялыхь, мо тIури хегъабжэ; Мо тIури…

Къармэ Iэсият.

ГушыIэ
Хъуэжэ щхьэгъусэ къишэну зегъэхьэзыр

Хъуэжэ зы пщэдджыжь гуэрым жьыуэ къэтэджауэ унэлъащIэр псори зэригъэдзэкIырт. Блыным фIэлъ алэрыбгъур зэригъэдзэкIри фIидзэжащ, гъуэлъыпIэри, Iэнэри, шэнтхэри я лъакъуэр дэгъэзеяуэ игъэуващ. Ар щилъагъум и анэм къэуIэбжьауэ жиIащ:
- Анна, Хъуэжэ, сыт пщIэр, делэ ухъуа?
- Хьэуэ, си анэ, делэ сыхъуауэ аракъым, ныщхьэбэ нысэ къыпхуэсшэнущи, абы зыхузогъэхьэзыр, - жриIащ и анэм.
- Анна, нысэ къысхуэпшэнумэ, хьэпшыпхэр зэгъэдзэкIауэ, дэгъэзеяуэ, къегъэзыхауэ гъэувын хуей-тIэ! - кIиящ и анэр.
- А къасшэм псори къызэригъэдзэкIынущи, абы щыгъуэ тэмэму псори я пIэм иувэжынщ, - жиIэри Хъуэжэ щIэкIащ.

Махуэ  Iэлисэхь.

Хэт нэхъ бзаджэ?
Псысэ

МэзкIуэрейкIэ еджэу Дыгъужьыкъуей къуажэм зы щIалэ дэст. Джэрихъант абы и цIэ дыдэр, ауэ я жылэм абы нэхъыбэрэ мэзым кIуэ зэрыдэмысым къыхэкIыу ар цIэ лей хуэхъуат.
Еуэри зы махуэ гуэрым щIалэр мэзым кIуащ. Пхъэ гъэсын зэхуихьэсу здэщытым, абы пэмыжыжьэу бажэ гъуэжьыфэ-плъыжьыфэ, кIэ баринэ дахэ хъужауэ къилъэгъуащ. Нэхъ гъунэгъуу ар зригъэлъагъуну щыкIуатэм, бажэм и кIэ баринэр илъэфу щIэпхъуэжащ. Абы иужькIэ МэзкIуэрей зыкъомрэ а бажэм ирихьэлIакъым, ауэ езыр абы и дахагъым дихьэхати щIэх-щIэхыурэ игу къэкIырт. Уеблэмэ абы зэ Iуплъэныр и хъуэпсапIэу мэзым нэхъ кIуэрей хъуат.
Апхуэдэу екIуэкIыурэ, махуэ гуэрым а тIур зрихьэлIащ. МэзкIуэрей жыгыр къигъэуауэ и щхьэкIэхэр пиупщIыну зигъэхьэзырауэ плъэмэ, а уэ пщIэ кIэ баринэр и пащхьэ дыдэм къыщытIысауэ къелъагъу. ПщIэнтэкъым абы и пащхьэм и Iупэхэр плъыжьу лауэ, бостей гъуэжьыфэ-плъыжьыфэ зыщыгъ, зи щхьэцыгъуэр лъэдакъэпэм теуэ, туфлъэ лъэдакъэ лъагэм тет хъыджэбз зыкъизых и пащхьэм къиувауэ фIэкIа. ЩIалэм жыг щхьэкIэ пыупщIыныр и Iуэхужт? И джыдэри IэщIэхуауэ и пащхьэ къитIысхьам и нэр къытримыгъэкIыу еплъырт. Бажэми ар фIэхьэлэмэту и нитIыр къицIыщхъукIыу ­къеплъырт. Тэлай дэкIауэ щIалэм зыкъищIэжри, моуэ нэхъ гъунэгъу зыхуэсщIынщ жиIэу зы лъэбакъуэ щичым, бгъуэтмэ къащтэ, бажэр зэуэ бзэхыжащ.
Абдежым МэзкIуэрей мурад ищIащ дауэ ищIми а бажэр къиубыдыну. Мэз щыкIуэкIэ кIэ баринэм и гъуэмылэр щхьэхуэу иIыгът, щIэп кIапсэм къыхэщIыкIа аркъэнри сытым дежи къыздрихьэкIырт.
Махуэ гуэрым щIалэм жыг къудамэхэр пиупщIу здэщытым, къыздикIари имыщIэу къыкъуэхуащ бажэр. Лъэбакъуэ зэрыхуичу икIуэтыжырт, къэувыIэмэ, езыри и пIэ икIыртэкъым. Хэт бажэм и хьилагъэр зымыщIэр? Ар бзаджэщ, къэгъэпцIэгъуейщ, фIырыфIкIэ абы и гурылъыр къыпхуэщIэнукъым. «Сыту пIэрэ мы кIэ баринэм къысхуимурадыр?» - егупсысырт МэзкIуэрей.
Абы иужькIэ зы тхьэмахуэ дигъэкIри, и шыд пэхур зыщIищIэри аргуэрыжьти мэзым кIуащ щIалэр. Шыдыгум из пхъэ игъэхьэзырауэ, тIэкIу зызгъэпсэхунщ щыжиIэм, а уэ пщIэ кIэ баринэр жыжьэу къилъэгъуащ. Япэхэм хуэдэу ар бажэм хуэкIуэтакъым. «Сыт си Iэмалыр? Дауэ къэзубыда хъуну мы кIэ баринэр? Шхын хуэзгъэтIылъари игу иримыхьарэ, еIусакъым. Си гурылъыр къимыщIауэ пIэрэ мы хьилэшым?» - гупсысэрт МэзкIуэрей. И аркъэныр къигъэхьэзырри, ар хуэмурэ бажэм дежкIэ кIуэтащ, кIэ баринэри мыпIащIэурэ ежьэжащ. Апхуэдэу зэм хуэм, зэм псынщIэ защIыурэ мэзым и курыкупсэм нэсауэ, бажэр етIысэхащ. «Мис иджы укъысIэрыхьа, бажэжь цIыкIу», жиIэу МэзкIуэрей и аркъэныр идзыну зыщигъэхьэзырым, къыгурыIуащ бажэм къыхуимурадыр. ЛъэныкъуэкIэ дыгъужь яжьафэр къаплъэу щытт. КъызэрыщIэкIымкIэ, бажэм дыгъужьым и псэупIэр ищIэрти, абы и хэщIапIэм къришэлIауэ арат.
- Бажэ уещэурэ сэ укъысIэрыхьа, уэри уи шыд пэхури иджыпсту фысшхынкъэ, - жиIащ дыгъужьым. - И чэзу дыдэуи укъыспэщIэхуащ, шэджагъуашхэр къэблэгъащ.
- Сэ сыпшхкIэ уи мэжащIалIэр икIын уи гугъэрэ, - бзаджагъэ хуекIуэну мурад ищIащ МэзкIуэрей. - Абы нэхърэ си деж уезгъэблэгъэнщи нэхъыфIщ, хьэщIэ ныш пшэр пхуэзукIынщ. Лы пшэрым хущIэ пIастэ и гъусэу уэзгъэшхынщ, лэпси утефыхьыжынщи, уи пщэдыкъым мэлым я нэхъыфIыр дэсу мэзым бгъэзэжынщ.
Дыгъужьым ар зэрызэхихыу и гурыIупсым къызэпижыхьащ. МэзкIуэрей къыжриIар игу ирихьащ абы.
- Ауэ, - жи МэзкIуэрей, - иджыри зы лъэIу пхузиIэщ.
- Сыт иджыри къэбгупсысар?
- Хъунумэ, бажэри гъусэ зыхуэщI.
- Бажэр сэ къысхуэгъэдэIуэну?
- КъыпхуэгъэдэIуэнщ. УзэрызгъэхьэщIэну щIыкIэр жепIэнщ, къищынэмыщIауэ, бажэм и Iэрылъхьэу джэдым яхэт адакъэпщыр и пщэм дэсу къызэрезгъэжьэжынур жепIэнщ. Хэт ищIэрэ, ахэри уи гъэлъэхъум и гъусэу шхыныфI дыдэ пхуэхъунщ, - дыгъужьыр къызэрыдихьэхын Iуэху зрехуэ МэзкIуэрей.
- Хъунщ, - арэзы хъуащ дыгъужьыр, - ауэ унэм хьэ фиIэ?
- СлIожь, куэд щIа уэ хьэхэм уащышынэ зэрыхъурэ?! Зы хьэмаскIэ цIыкIу диIэу аращи, ар уэркIэ шынагъуэкъым.
- ХьэмаскIэм зыгуэр етщIэнщ, жиIэри пыгуфIыкIащ дыгъужьыр.
ЗэрызэгурыIуа пIалъэр къэсри, дыгъужьымрэ бажэмрэ МэзкIуэрей деж еблэгъащ.
МэзкIуэрей ахэр екIуу иригъэблэгъащ. Бажэ кIэ баринэр занщIэу джэдэщымкIэ ишэри, абы щIиубыдащ, мыдэкIэ и мэлыхъуэхьэ Хьэмыщэ къиутIыпщри, дыгъужьыр макIуэ мэлъей. Хьэмыщэрэ хьэблэ хьэхэмрэ дыгъужьу плъагъур ирахужьэжащ.
Мис апхуэдэу МэзкIуэрей бажэ кIэ баринэр зыIэригъэхьащ.

Пщыбий СулътIан.

НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ
19.04.2024 - 16:23 НОБЭ