Насып зэхэгъэкIыпIэ

(КIэлъыкIуэр.
ПэщIэдзэр дыгъэгъазэм и 2, 4, 9, 11-хэм итщ).

*  *  *

ЩIалэм нэхъ зыкъищIэж, и акъылым къихьэж хуэдэу хъуащи, укIытэми ехь, ауэ апхуэдэу щыткIэ къызэримыкIынуIар ещIэри, а лIым зыхуегъазэ:
- Къысхуэгъэгъу, хъыджэбзыр здэщыIэр, зэрыхьа унагъуэр хэтми,къыщызгъуэтынур дэнэми къызжеIэ.
- Дыщыгъуазэкъым, дэ къыджаIакъым зыри, Арсен и пхъур унагъуэ зэрихьарщ тщIэр.
 Зыри абыхэм къазэрыпимыхыфынур къыгурыIуарэ, зэхихи къыфIэIуэхуи щымыIэу, и щхьэр псынщIэу Iуихмэ, нэхъ къищтэу, а щIыпIэр къебгынэ.
Дэнэ ар здэкIуэр, уэшх къежэхым щхьэ зригъэуфэнщIрэ? ИщIэркъым езыми. Ауэ къыгуроIуэ, и лъакъуитIым здахьымкIэ япэрымыуэу зэриунэтIыр.
- Зыплъыхь, щIалэ! - машинэм сигнал къритщ, лIы мыцIыхум абджыр дригъэжеижри ежьэжащ. Зы IэпапIэ гъущэу уэшхым къыхимынэу иуфэнщIащ.
КъэкIуащ ар Динэрэ езымрэ «фIыуэ зэрылъа­гъухэм я лъэмыж» зыфIащауэ щыта щIыпIэм. Уэшхыр теуами, жьы къепщэр зэрызэпымыуам къыхэкIыу, щIалэр щIыIэм зэригъэгулэзыр къапщIэу, мэкIэзыз. Лъэмыжым фIэдза IункIыбзэ къэбым и нэр тенауэ йоплъ. ИтIанэ зэуэ и IитIыр хуехьри, телъэщIыхь щIыкIэу, гукъэкIыжхэм зэщIаубыдарэ, и гур къызэфIэзэрыхьауэ щытщ. Зыхуэубыдкъым. НетIэ зыгуэрурэ зызэтриIыгъами, иджы и макъыр хуэгъэпщкIужкъым. МурадыфI ищIахэр хьэкъущыкъу яIэпыхуу щIым техуам хуэдэу къутэжакъэ? Сыт и Iэмал, щхьэ къыхуэгущIыIэ мы гъащIэр апхуэдэу?
ЩIалэр магъ, и макъыр Iэтарэ зызэтриумыбыдэжыфу. ЦIыхухъум нэпс щIигъэкIыу и макъ цIыхум зэхригъэхыныр емыкIушхуэу зэрыщытыр, зэрылIыгъэншагъэр езыми нэсу ещIэ, ауэ ар къарукIэ езым хуэдэ гуэрым къыхигъэщIауэ е зыгуэрым щышынауэ пикIуэтауэ аракъым. Абы и гъащIэр, и блэкIар, и къэкIуэнур игъеиж хуэдэщ, зыфIэтхьэмыщкIэжу.
Ар къызыгурыIуэнур абы игъэвыр зи фэм дэкIарщ. Апхуэдэ хьэзаб нэгъуэщI зыгуэрми тхьэм иримыгъэлъагъукIэ.
Мы дунейм тет цIыхухэр зэрызэхуэмыдэм ещхьу, щхьэ гуэша я насыпхэри? Языныкъуэхэм, ябгъэдэмылъ фIыгъуэ щымыIэми, насыпыфIэу забжыжыфыркъым. Заур зы закъуэт зыхуейр. Езым хуэдэ щымыIэу насыпкIэ тхьэр зыхуэупсахэм захибжэжын папщIэ, Динэ гъащIэ гъусэ хуэхъунырт. ЗыхищIэрт а пщащэр абы зэрымейр, ауэ ар жиIэну и жьэм къыхуегъакIуэртэкъым. Зыхуигъэфащэртэкъым а тхьэIухудыр, нэхъри ар къызыхэкIыр, Алыхьым къигъэщIа лъапIэныгъэу, абы хуэдэу дахэ нэгъуэщI щыIэу и фIэщ зэрыхуэмыщIырт. НтIэ псэ зыIут апхуэдэ фIыгъуэр а щIалэ къызэрыгуэкIым дауэ хуигъэфэщэнт?
Пэжщ, ищIэрт хъыджэбзым фIыуэ къызэрилъагъури, арат абы и дежкIэ нэхъыщхьэр. Лъагъуныгъэм къытекIуэн къару щымыIэу и фIэщ хъужати, къызэрыщIэкIымкIэ, абы къигъэпцIат.
ЩIалэр лъэмыж щIагъым щIэж псы къиуауэ ешкIурэхым хоплъэ.
Уэшх нэужьым къиуа псы утхъуар, къэгубжьа хуэдэ, къыпэщIэхуэр ирихьэхыну хьэзыру йожэх. Йожэх Заур и гум жьы дэхупIэ иригъэгъуэтыжу къыфIэщIыжу. Пэж дыдэу, псэм нэхъ зегъэпсэху, гур бгъэтIысу ущыгъыфым деж, гуауэри тIэкIу пщхьэщыкIуэт хуэдэу къыпфIегъэщI абы.
ЕплIанэ классым зэрыщIэс лъандэрэ къещтэри, и блэкIар зэпилъытыжу хуоплъэкIыжри, ищIэжыркъым нобэ хуэдэу игу хэщIу гъауэ. Хэт и жагъуэ къимыщIами, уеблэмэ я нэхъ Iейуэ къыщаубэрэжьами, гъын дэнэ къэна, и нэпс къудамэ цIыхум ялъэгъуакъым. ЛIыгъэкIэ езыр зыпэщIэувэжрэ, сыт хуэдэ удынри кIуэцIкIэ игъэвыфу есат. Ауэ нобэ зыхуэубыдакъым, гуауэр гум ибгъэвыхьмэ, уз хэпхыни.
ЩIыIэм ес, хьэуэ, ар къызыхэкIыр и щыгъыныр зэрыпсыфыр аракъым, атIэ Динэ и лъагъуныгъэм зэримыгъэхуэбэжынур зыхищIауэ абы и уаем ихьу аращ. И гум къэкIыжащ гухэлъ мафIэм ихьу, и гурыщIэр пщащэм хуимыIуэтэфу, гугъуехьу игъэвауэ щытар. Иджы абы ишэчыр нэгъуэщI хьэзабщ, нобэ Динэхэ я деж хъумакIуэр къыщеIунщIу и IэфракIэр зэрыкъутари зэрыузри зэкIэ зыхищIэркъым, абы къыфIэIуэхур, къехьэлъэкIыпэу и гур зыгъэузыр, пэIэщIэ хъуа хъыджэбзыр сыт хуэдэ IэмалкIэми, зыщигъэгъупщэн хуей зэрыхъунурщ. ЕщIэ, нэгъуэщIу псэуфынукъым. Ауэ хузэфIэкIыну ар абы? ЗэкIэ а упщIэр Заур дежкIэ жэуапыншэу къонэ.
Пщыхьэщхьэр хэкIуэтами, уэфI зыкъэзыщIыжа дунейм гуфIэгъуэкIэ пежьа хуэдэ, паркым зэхэзекIуэр къапщIэу нэхъыбэ щыхъуащ. Заур лъэмыжым кIэрытщ, псы ежэхым хоплъэри. Абы гу лъитэркъым блэкI, къыблэкIыж закъуэтIакъуэхэм.
Пшапэр зэхэуащ, щIалэр и щхьэр ехьэхарэ мыпIащIэу, парк хадэм къокIыж. Головком и уэрамым къыщысым, абы тет тыкуэным щIыхьэри, пивэ птулъкIэ къищтащ.
Сыт абы и мыхьэл къыщIиублэр? Зогупсысыж, къыгурыIуэркъым. ФадэкIэ и гу бампIэр дихыну мурад имыщIауэ пIэрэ? Апхуэдэ хьэл абы хэлъатэкъыми. Хьэуэ, гугъуехьыр лIыгъэкIэ игъэвынщи нэхъыфIщ, ауэ къищэхуар дэнэ къыщинэну? Пиващхьэр тречри и Iупэм хуехь, ауэ емыфэу къызэтоувыIэж, ирехьэхыжри, щIым егъэув. ЩIалэм фIы дыдэу къыгуроIуэ лIыгъэншагъэм зыдебгъэхьэхмэ, хьэзабыр нэхъри хьэлъэ зэрыхъунур. ЗыIуигъэхуэнкъым абы и узыншагъэм зэран хуэхъун лъэпкъ. Езыр фадафэу щымытми, афIэкIа зыIуилъхьэнкъым, пщIэну щыткъым абы узэресэнур. Фадэм и хъым ихуахэри ар я быдзышэу, а щхъухьым есауэ къалъхуакъым. ИщIэжкъэ абы Динэ чэнджэщу къриту щытахэр. И хъыджэбзым зэрыжиIэгъащи, езыр псори зыфIэлIыкI цIыху нэс къыхэкIын хуейщ, хуейщ ар хъун насыпыфIэ. А насыпри абы къыщилъыхъуапхъэри гъащIэрщ. Лъыхъуэнщ, щIэбэнынщ ар абы. ЛъэкI лъэпкъ къигъэнэнкъым. Ауэ зы закъуэщ а щIалэм къыгурымыIуэр, ар дауэ? Динэншэу насып щыIэну, сыт хуэдэу закъуэныгъэм зэресэнур? Ди щхьэщыгу ит Алыхь закъуэм фIэкIа зэрищIэжрэ зызыхуигъэзэнрэ и гукъеуэхэр псалъэншэу зыхуиIуэтэнрэ зыри иIакъым. Хьэуэ, сыт и гум къэкIыр, ди тхьэшхуэм къритауэ иIакъэ псэм пэгъунэгъу псэ, а тIур хуэпабгъэу щытакъэ зэгуэр зы щыхъуну махуэм?
Щытащ, ауэ… Сыту псалъэ жагъуэ мис а «ауэр».
Сыхьэтым йоплъ. ПщыкIуз хъуа къудейуэ аращ. ЗыщIыпIи пIащIэркъым. Сыт щхьэкIи пIэщIэн, унэм екIуэлIэжмэ, къызэрытам папщIэ гузэвэну, тIэкIуи ­къехъурджэуэну адэ-анэ е анэкъилъху зыри щимыIэкIэ. Пэжщ, и ныбжьэгъухэм ящыгъупщэнкъым, ауэ абыхэмрэ лъыкIэ уи гъунэгъу цIыхумрэ зы зэрымыхъунур фIы дыдэу ищIэркъэ абы?!
ПсэупIэмкIэ кIуэжыну и гум къыхуидэркъым, сыт пэш кIыфIыжьым щIыхьэжрэ Iурихахэр къигъэушыжкIэ. ТIум щыгъуэми, гупсысэхэм къаутIыпщу жейм зэремызэгъынур фIы дыдэу ещIэ. Динэхэ я уэрамымкIэ еунэтI, мыгувэуи абыхэ я бжэIупэм ноблагъэ. Зэманыр хэкIуэтами, абы я куэбжэпэм хамэ къэрал щащIа машинэ зыкъизыххэм хуэдищ щытщ.
«ХьэщIэхэр» хъуэхъуакIуэ къэкIуауэ къыщIэкIынщ - йогупсыс ар. Сыту пIэрэ иджыпсту Динэ ищIэр? ЗигъэщэныфIэу яхуэмытIысу плIанэпэм дэт е гъуэлъыжауэ IэфIу жейрэ? И щхьэгъусэ хъуам и гупэ хэлъмэ-щэ?»
Ар игу къызэрыкIыу, и фэм зихъуэжащ, абы и нэгум къыхущIэгъыхьэркъым фIыуэ илъэгъуа хъыджэбзыр зыгуэрым игъафIэу, хамэIэ къеIусэу. Сыту Iей ар. Хьэуэ, и фIэщ хуэщIыркъым. Жып телефоныр къещтэ, кIуэркъым, гъэуфIынкIащ хъыджэбзым ейр. И гур зыгуоуд.
- Ди…н…н…э…э, - и макъ къызэрихькIэ мэкIий .
- КъыпщыщIар сыт, делэ ухъуа? - къызэрыщтар ­къапщIэу, фыз мыцIыху гуэрым и макъ къыщызэхех и щIыбагъымкIэ.
- Къысхуэгъэгъу! – зыщхьэщигъэкIмэ нэхъ къищтэу, хуэм зещIри фызыр блегъэкI.
- ГурыIуэгъуэкъым иджы щыIэ щIалэгъуалэм я дуней тетыкIэр! - и щхьэм хуэпсэлъэжурэ, цIыхубзыр пэжыжьэ мэхъу.
Апхуэдизу фIыуэ илъагъур пэжмэ, и пщащэр здэщыIэм кIуэуэ щхьэ къыщIимышыжрэ. Дэнэ здэщыIэри. ЛIыгъэншэщ Заур, езым апхуэдэущ зэрибжыр. Сыт хуэдэу щрети, хуэхъумакъым абы хъыджэбзыр. Дапщэрэ къриIуэкIа зыгуэр и ужь къызэритыр, къыфIэIуэхуакъым, ищIэрти ар зыми зэрыримытынур. Ауэ иритаи-тIэ, игъащIэ псокIэ хамэм…
Щхьэ и фIэщ хъурэт лъагъуныгъэм и къарур инрэ абы пэлъэщын щымыIэу? ЩIалэм дежкIэ IупщI ­хъуаращи, мы гъащIэм, ажалым къищынэмыщIа, Iэмал зимыIэ зыри щыIэкъым. Ауэ сыту кIасэу къыгурыIуа ар Заур.
«Динэ, къысхуэгъэгъу! Къысхуэгъэгъу, плъэкIынумэ, сэ уэ фIыуэ, фIыщэу узолъагъу! СщIакъым апхуэдэу зэпэIэщIэ дыхъуну. КъысхуэщIэркъым сызэрыхъунур, дауэ уэрыншэу сызэрыпсэунур? СэркIэ IупщIкъым икIи жэуапыншэу къонэ ар. Сынасыпыншэу си гъащIэ Iыхьэр есхьэкIыну натIэ схуэхъуауэ къыщIэкIынут сэ. СощIэ, си насыпыр жэнэт бзу цIыкIуу си Iэгум илъэтыкIыжащ, зы цIыкIукIэ сыщIэбэнакъым ди лъагъуныгъэр схъумэну. Пэж дыдэу, сылIыгъэншэу пIэрэ, си гум щхьэ къэмыкIарэ а узымыгъэпсэууэ щыта щIалэр къэзгъуэту и пIэм изгъэзэгъэжын зэрыхуеяр. Дауэ дунейм хуиту тезгъэта ар нобэм къэскIэ. Сыщоуэ, усхуэфащэтэкъым сэ. Схуэдэ цIыху къызэрыгуэкIт уэ натIэ узыхуэхъун хуеяр? Я дэ ди тхьэу тхьэшхуэ, сынолъэIу, къысхуэщIэ мы сызэрынолъэIу закъуэр. ­Хъуххэнумэ, Динэ насыпыфIэ щIы, сынолъэIу сыщыбгъэгъупщэну. Абы и гум силъу, зыхуэлъытэнукъым насыпкIэ ухуэупсауэ. Ди гъащIэр зы щымыхъуакIи, дэ дяку дэлъа лъагъуныгъэ къабзэм хуэдэ а тIум я зэхуаку къыдэлъхьэж.
ЗэхызощIэ - си гур мывэм хуэдэу жыри, IукIыбзи иратыжащ, зыри имыхьэфыну, нэгъуэщI фIыуэ хуэмылъагъуну.
СхузэфIэкIынукъым уэ усщыгъупщэну, ауэ, хэт ищIэрэ, сэркIэ нэхъыфIу къыщIэкIынут, гум уизгъэхужыфамэ. СощIэ, псом нэхърэ нэхъыщхьэу къысхуэнэжырщи, сыпсэунущ гукъэкIыж IэфIхэмкIэ. Лъагъуныгъэу зэгуэр удз гъэгъам ещхьу къызэрыкIауэ щытар гъужыну зэрыхунэмысар къагъэлъагъуэу, уэ ущыпсэунущ мы си гум. Лъагъуныгъэ нэсыр цIыхум зэи щымыгъупщэу жаIэ. Ар зэрыпэжым шэч къытесхьэну сыхуейкъым, гукъэкIыжхэмкIэ сыпсэунущи…»
Гупсысэ хьэлъэхэр зи щхьэм щызэрызехьэ щIалэм и гугъэ закъуэр IэщIахами, фIы дыдэу къыгуроIуэ къэкIуэну махуэщIэм и гур хузэIухауэ пежьэн зэрыхуейр. Аращ абы и дежкIэ нэхъыщхьэр.
Общежит унэм нэсыжа щIалэр щIэмыхьэжу къызэтоувыIэри, уафэм доплъей, уэгур уфауэ зэрыщытым къыхэкIкIэ вагъуэхэр ирилъагъуэркъым. Зеплъыхь, езым зригъэщхь вагъуэ закъуэр къригъуэтэну гугъэу…

*     *     *
Шэджэмыжь йожэх. Ди щхьэщыгу итым мы ди щIылъэр къызэригъэщIри апхуэдэщ - ипщэкIэ къыщыщIедзэри, ищхъэрэкIэ йошкIурэх. НтIэ, ипщэкIэ дэжеин, апхуэдэ хабзэ физикэм иIэ? ГъащIэри мы псым зы лъэныкъуэкIи сыту ещхь, пэжщ, пэ зиIэу кIэ зимыIэ зыри щыIэкъым, мы псыри зызэман жэщIыжыну къыщIэкIынущ. Нэхъапэхэм, лIэщIыгъуэ, илъэс мин бжыгъэкIэ узэIэбэкIыжмэ, куэдкIэ нэхъ уэру ежэхыу зэрыщытам щыхьэт тохъуэ псы Iуфэм и бгъуагъкIэ къыщылъ «мывэ губгъуэ» абрагъуэхэр. Хъызыр фадэм игъэутхъуа и акъылымкIэ зэригъэзахуэу доплъэ мы аузым. Ярэби, мыбы и бгъуагъым дэмыхуэу ежэхыу щытауэ пIэрэ-тIэ мы псыр?
Уэшх нэужьым мы къуэм дэмыхуэу, къыпэщIэхуэ псори ирихьэхыну хьэзыру къежэхыу щытауэ нэхъыжьхэми жаIэж. Ди зэманым апхуэдэ къару хэлъыжу гу лъыптэркъым. Къыщыхъу щыIэщ, уэшхыр куэдрэ къешхамэ, псым и жапIэр ихъуэжрэ мывэхэр ириудэкIыу зэлъыIуитхъуурэ езым и кIуапIэр къыщигъуэтыж. Ар гъащIэми и хабзэщ, и гъуэгур къилъыхъуэжу. Хъызыри зэрыцIыкIурэ хъуапсэ зэпыту ди нобэм къэсащ. Ауэ ар зэи пылъакъым дунейм щIытетым егупсысыну, хуеплъэкIакъым и къэкIуэнум, и пщэдейм. Сыт щыгъуи а лIыр зэрыпсэуар къэунэхуа махуэмкIэщ. ЩищIалэгъуэм жиIэу щытакъэ: «КъэкIуэнум утелажьэу упсэукIэ, Алыхьым иухамэ, абы щхьэкIэ нэхъыфI ухъунукъым. Ди тхьэшхуэм къыпхуэупсэну мурад ищIамэ, а пщэдейм насыпыр къыздихьынурэ къэкIуэнущ». КъэкIуат-тIэ а зыпэплъар, и гъащIэр, и псэукIэр нэхъыфI хъуа?! ЖиIэрейтэкъэ гъащIэр лотерейнэ билету, къэпщэхурэ бгъэджэгумэ, къэпхьыну иухамэ, машинэ е унэ уафэм къехуэхыу уи пащхьэм къихуэну? Пэж дыдэу, Хъызыр сыткIэ нэхъыкIэ апхуэдэу къамылэжьауэ мылъку, хъугъуэфIыгъуэхэр къызыIэрыхьэхэм нэхърэ?
БалигъыпIэм зэриувэрэ, уеблэмэ зэрысабийрэ аракъэ зыщIэхъуэпсыр. Иджыри насып Iэрымылъхьэм и гугъэр хихыжкъым. ПщIэмыкIа пщIэнтIэпсыр Iэпкълъэпкъым зэремыжэхым хуэдэу, къыумылэжьа мылъкур хъер хъуну? И щхьэм къэкIыркъым абы егупсысыну. Хуэныкъуэкъым икIи зыкIи, ахъшэр къещэщэхыу иIамэ, зыхуей насыпыр къыхуэщэхунутэкъэ? Ауэ къриткъым - Алыхьыр хуея хъункъым ар нысыпыфIэ хъуну, аращи, уи щхьэщыгу итым къуимытар къыпхутехынукъыми, мэпсэу гугъэу нобэрей гъащIэмкIэ. Я гъунэгъу хьэжы Табукъан зымахуэ жиIэу зэхихакъэ псори Алыхьым и IэмыщIэм илъу. Ар хуеймэ, хузэфIэмыкIын щымыIэу. Хъунут, къызэригъэщIар щымыгъупщэжамэ.
Хъызыр цIыхуфIщ. Сыт-тIэ, фадэм дихьэхамэ, ефэхэр мытэмэму ара?!
Дунейм къызэрытехьэрэ ищIэжыркъым зыгуэрым и жагъуэ ищIауэ е едыгъуауэ. Ар дэтхэнэ зыми хуэдэу, зи дуней еплъыкIэ зиIэжхэм ящыщ къудейщ. Хъуэпсэн тIэкIур фIэфIщ, сыт хъуапсэмэ, зыгуэрым ефыгъуэрэ, сиIарэт жиIэкIэ ар зыми зэран хуэхъуркъым.
ПтулъкIэр егъэщIейри, щысхьыпэ хуэдэ, и щхьэр быдэу трипIэжурэ, псыхъуэм доплъэ.
- Мы мывэри зыгуэрым и IэмыщIэм илъщ, - IэкIэ къищтам еплъурэ, жеIэ: - Захуагъэ, зым псори иритрэ, адрейм ишхын дахэ-дахэу имыгъуэту. Къезэгърэ мы куейм и тетым ищIэр? ЦIыхум псэуалъэ ящIыну, абы и Iизыныншэу мы къуэм мывэ дашыну хуимыту унафэ къыдигъэкIарэ, езым гъущI гъуэгу иригъэукъуэдияуэ Мэзкуу нэс мафIэгукIэ мывэр иригъашэурэ ещэ.
- Ныбжьэгъужьыр щхьэ ухэплъэрэ? – зэпиудащ и гупсысэхэр къыбгъэдыхьа Хъусен.
- Си зэш тызогъэу, уэ щхьэ укъыдэгъуэща мы лъэгум?
- Уи лъыхъуакIуэ сынежьауэ арат, дыгъуасэрейм щыщ узэфэ хъун зыгуэр къэнэжа?
- Мэ, еIуб иумыгъэлейуэ, мы зыращ диIэжыр!
- Уэху, си щхьэр сыбгъэщIыжащ, махуитIкIэ дагъэтхъат, махуэ къэс къебгъашэ хъуни а уи гъунэгъу щIалэм, апхуэдэ фадэ Iэнэм дыбгъэдэсыну тщIэ закъуэмэ.
- НтIэ, ирырегъэкIыжи, нэгъуэщI къыхуэдгъуэтынщ.
- Уей, здэнтэм, дэтшхын зыри пIыгъкъэ?
- ЗакускэкIэ уефэну аристократ ухъуа уи гугъэж, уиIэIамэ, зэгъэзэгъ.
- Хъунщ мыр, умыгъумэтIымэ, пщэдджыжьым мо си щхьэр здэузым, сышхэфатэкъыми сыноупщIауэ аращ.
- УэI, плъэт модэкIэ, плъэт, Хъусен!
- Сыт абыкIэ щыIэр, зыри слъагъуркъым.
- Куэншыб къыдэзышауэ изыкIутыр плъагъуркъэ? Мес, гу цIыкIур къегъэкъэбзэж.
- Сыщымыуэмэ, Хъызыр, ар Лиуан си гугъэщ.
- Аращ, зы бжьэ уасэ имыIыгъыр пэжкъым абы, кIуэи умыщхьэхыу къеIых зыгуэр.
- Нэхъ гъунэгъуу мы лъэныкъуэмкIэ щыблэкIыжкIэ делъэIунщ.
- Уэ укъилъэгъуауэ гъунэгъу зыкъыпхуищIын уи гугъэ?
- Лиуан, - иоджэ Хъусен лIы блэкIыжым, ауэ адрейм зэхимых зищIауэ, къэмыувыIэу макIуэ. - Дэгуу ара ар?
- Къыдбгъэдыхьэну и щхьэ трилъхьэ хъункъым, уей сэри сыкIуэу семылъэIун апхуэдэурэ зызыщIым. А дыкъызэзымыпэсыжыр къыщалъхуам дыгуфIащ.
- Абыхэм фIэкIа шэрей зимыIэхэм Iумпэм уащIыну дауэ къыпщыхъурэ?
- Я щхьэ зэрыхьщ, дегъафэ мыбы иджыпсту, зыгуэр къэдулъэпхъэщынщ.
- Мы дыгъэвэхым дыхыумыгъэту зы жьауапIэ гуэр дыщIэгъэтIысхьэ.
- Псым тIэкIу дыхыхьэнщи, зыдгъэщIыIэтыIэнщ, - идэркъым Хъызыр.
ПщыхьэщхьэхуэкIуэщ, гъэмахуэ дыгъэр къуэмыхьэжауэ уэгум итщ, Хъызыр и щхьэр зэрихьэрэ, зебыршэу пщIантIэм дохьэж. ЩIыбагъымкIэ йокIуэкI, ауэ нэмысу мэлъэпэрапэри, мэджалэ. Щхьэхынэ-щхьэхынэу къыщопщыж. Ирифам къигъэзэжыну къоныкъуэкъу. Сыту Iей чэфым и Iуэхур, и кIуэцIыр къратхъым хуэдэщ. Уэху…ху. Къигъэзэжащ. И гум жьы дихужаи. И щхьэр зэрихьэу унэм щIохьэж. Зыри щIэскъым. Мэгъуэлъ, жейр къытоуэ. Быдзышэ ефэу зи ныбэ из хъуа сабийм хуэдэу Iурихакъэ ар?!
Зэманыр гугъуу жаIэ, Хъызыри, уеупщIамэ, аращ­ къыбжиIэнур, ауэ къыгурыбгъэIуэфынукъым­ а гугъуехьым абы зэрызыдигъэшыр, хьэзабым уде­кIуэкIыныр зэрылIыгъэншагъэр, ар щхьэзыфIэфIагъэу зэрыщытыр.
И псэр пыхуу, ищам нэхърэ бэзэрыпщIэрэ гъуэгупщIэу игъэкIуэдар нэхъыбэу къыщIыхьэжащ и щхьэгъусэр.
- Щхьэгъэуз, кхъуэм хуэдэу ефэри, къысхуэкIуэжауэ щылъщ, - и лIым зэрыIуплъэу, фызыр Iэл фIыцIэу къызэкIуэкIащ. – Ущызгъэлъынкъым хуиту, тэдж иджыпсту, уэракъэ жыхуэсIэр! – Назифэ и лIыр игъэсысу хуежьащ.
- Ы… ы… сыт узыхуейр?
- Нобэ гуэрым щхьэ уефа, щыбгъэтыжыну тхьэлъанищэ дыгъуасэтэкъэ щыпщIар? Узужэгъуащ, пщIэуэ щытмэ, узимыщIэщыгъуэжу.
- СкIэрыкIи, сыгъэжей, хъуну щытмэ, хуиту.
- Сыту сытхьэмыщкIэт сэ уэ натIэ сыщыпхуэхъуам, нэгъуэщI мыхъуми, щхьэ уемыгупсысрэ уи щIалитIым, хьэмэрэ къуитI я къэшэгъуэ хъуауэ узэриIэр пщыгъупщэжауэ ара? Схуэхьыжкъым, щхьэ гу лъумытэрэ зи унэ лъапсэр зыухауэ зи бынхэм машинэ къахуэзыщэхуф адэхэм.
- Уэ щхьэ уемыплърэ зи фыз хамэ къэралхэм кIуэуэ хьэпшып къашэхэурэ мелуанырыбжэ хъуахэм? Абыхэм ялIхэри ягъэпсэуф, езыхэми я щхьэр япIыж, уэ пхуэдэу бэзэрым кIуэрэ шхынхэкI сыт ящэрэ факъырэIус къыхахыу тесхэкъым.
- Сэ нэгъуэщI мыхъуми, унагъуэр зэрызмыгъэмэжэлIэн яужь ситщ, уэ пяницэжьыр уефэрэ уукIурийжмэ, псори зэфIэкIауэ къыпщохъу. СщIэркъым сщIэнур, балигъ хъуа сабиищыр мыхъуамэ, куэд щIат си дыщым сызэрыкIуэжрэ.
- УкIуэжынумэ, зыми уиIыгъкъым, сыт щIауэ жыпIэрэ, сабиищыр мыхъуамэ, мор мыр мыхъуамэ, урахужьэжкIи уахуэкIуэжынукъым уэ.
- Ди быным я напэр тесхыу утыкум къизмынэну сщIащэрэт, зы махуэ сыббгъэдэсыну сызэрыхуэмейр нэрылъагъу пщысщIынт тхьэ. Уэ пхуэдэу укъанэ нэхъри…
- Уэ зэплъыж.
- Уэлъытауэ тхьэ иджыри пщIэ себгъашэ хъуным.
- Гъуджэм бгъэдыхьи зэплъыжыт-тIэ!
ЦIыхубзым зыхуэмыубыдыжу мэгъуэг, зыфIэтхьэмыщкIэжщ, мы унагъуэм къызэрихьэрэ къыхуэщIэжыркъым насыпыфIэу зы махуэ щигъэкIуауэ. Сыту ехъуапсэрэ машинэ псынщIэ зиIэ зэщхьэгъусэхэм, ауэ апхуэдэ гуфIэгъуэ дэнэ кърихынт абы. И щхьэ лъагэу иIэтрэ цIыхухэм ярихыхьэну щыгъын зи цIэ иIэкъым. Бэзэрым къытрихIамэ, унагъуэ шхын ещI, къыдэхуаIамэ, езым и щхьэм фIехри, щIалитIым яхуогъэтIылъэ. Насып иIэти, ипхъу закъуэр унагъуэ тэмэм хэхуащи, щогуфIыкI. Хъыджэбзыр зэрылъэкIкIэ къазэрыдэIэпыкъуным яужь итщ. Зэрысми ямыубыду, щIэх-щIэхыурэ къагъэкIуэжри, абыи щогуфIыкI. Иджы щIалитIым къашауэ илъэгъуамэ, нэгъуэщI зыри хуейтэкъым. Ауэ цIыхубзыр зэмыгупсыс щыIэкъым, къыгурыIуэркъым мыпхуэдэ лъапсэм цIыху къызэрыдэпшэнур, е унэкъым, е пщIантIэкъым. Къыдэмыхьэ щIыкIэ дэкIыжынмэ тхьэ.
Пэжщ абы жиIэр, цIыхум зыкъыхуагъазэу къыжрамыIэфIа щхьэкIэ, фызым гу лъимытэу къанэркъым языныкъуэхэм Iумпэм къызэращIыр. Мы зэманым уи унэр зэтемытмэ, адрейхэм уакъыхэщу ахъшэ уимыIэмэ, къыпщIэупщIэнIа дэнэ къэна, къоплъыххэнукъым. Насып диIэщи, цIыху псори апхуэдэкъым, ауэ, итIани…
Назифэ и гупсысэхэм и щIалэгъуэм ягъэзэж. Хэт и гугъэнт ар мыпхуэдэу къэнэжыну, игъащIэкIи и пщIыхьэпIи къыхэхуэнтэкъым. Зыкъыпезыгъэх щIалэ дапщэ пригъэха. И пагагъым я нэхъ мыхъумыщIэрщ натIэ къыхуищIар. Арат къыхихар гъащIэ гъусэу, и гугъащ езыхэм хуэдэ щымыIэу, псоми ягъэщIагъуэрэ, таурыхъым хуэдэу зэдэпсэунхэу. Ауэ, бетэмал, гъащIэм зэрыхуейм хуэдэу псори я пIэм ирегъэувэж. БлэкIар блэкIащ, абы укIэлъыгъи укIэлъыбжи хъунукъым, тIум щыгъуэми къэгъазэ щимыIэнукIэ, сыт и мыхьэнэ?! Зэман дахэу блэкIар гум къэбгъэкIыжу ухуеплъкIыжын хуейуэ аращ. Щыуагъэ гуэр зыIэщIэмыкIи щыщымыIэкIэ, ар бгъэвыфу зегъэсэн хуейуэ аращ.
ГъэщIэгъуэнщ мы дунейр! Дыкъытохьэ, допсэу, дытокIыж. Ауэ а псалъищым яку дэлъ гъуэгуанэр сыту гугъу зэпыпчыну, улIэжынуи нэхъ тыншу къыщIэкIынкъым. Апхуэдэущ ар зэрегупсысыр, цIыхубзым и щхьэцыр кIыхьу щыт щхьэкIэ, и акъылыр кIэщIу жаIэ, хэт ищIэрэ, щыуэнкIи мэхъу.
Абы дежкIэ нэхъыщхьэ дыдэу щытыр я гуфIэгъуэ илъагъуу и бынхэм папщIэ псэунырщ, аращ гурыфIыгъуэ нэхъыщхьэ дыдэу иIэри.
Сыт щыIэ бын гуфIэгъуэ нэхъ насып? Зыри. Ар зыхищIэркъэ фызым.
Дапщэрэ и ужь ихьа, сыт хуэдизрэ хущIэкъуа и щхьэгъусэм и ефэныр щригъэгъэтыну, Iэмалу зыхуемыкIуаи къигъэна? Зыри къикIакъым. Фадэ ефэну зыфIэфIым уэ сыти ещIэ, узыхуейри жеIэ, тIум щыгъуэми, фадафэр хуэмеяуэ, зыри къыгурыIуэнукъым. Апхуэдэщ Хъызыр и Iуэхури. Зыми ищIэркъым абы и гъащIэр зэтрикъутэу зыщIигъэунэхъужыр. А щэхур къыбжезыIэфыну щыIэр езырами, хэтщ ар лIым зэрибзыщIынум. Ауэ иужьрей зэманым хущIокъу унагъуэм ар къагурыIуэу яжриIа зэрыхъунум. КъызэтезыгъэувыIэр зы закъуэщ, ар къазэрыщыхъунур зэримыщIэрщ. Пэжыр игъащIэкIэ бзыщIа зэрымыхъунур фIыуэ къыгурыIуэми, лъэкIкъым и жьэм къригъэкIуэн. Псом хуэмыдэу, и щхьэгъусэм фIолIыкI, абы нэмыщIауи и бынхэм. Сыт хуэдэу щрырети я къэшэгъуэщ, пхъури куэд щIащ унагъуэ ихьэу хъыджэбз дыгъэ цIыкIу зэригъуэтыжрэ. Абыхэм я напэр трих хъурэ?!
ЦIыхухэм къыхужаIэнур-щэ, абы щхьэкIэ къигъэнэнтэкъым, есэжакъэ фадафэри мыкIуэмытэри къыхуамыгъанэрэ языныкъуэхэм я нэр къыхузэрагъэдзэкIыу зыкъызэрыхуащIхэм. ДыгъуэгъуакIуэу дэтщ жыпIэнщ. КъыгуроIуэ, гувами-щIэхами, а псалъэмакъыр къызэрыпэплъэр.

*      *      *
Дахэщ Мэзкуу, абы занщIэу гу лъитащ Заур. Къэралым и къалащхьэм хуэдэу егъэлеяуэ унэшхуэхэр дэмытми, къыздикIа лъахэм пэхъун зэрыщымыIэр IупщI щыхъуам и мызакъуэу, зыхищIащ уи хэку щыщ хьэуа къабзэкIэ убэуэныр, уи щIыналъэм къыщыщIэж псынэпс IэфIым уефэныр зэрынасыпышхуэр. ТхьэмахуитI хъуауэ аращ щIалэр мы къалэм къызэрыдэхутэрэ, итIани, сыту хуабжьу хуэзэшрэ къигъэна щIыпIэм. Щхьэ къэкIуа ар мыбы, сыт псори хыфIидзэу щIэмыкIуэжыр? КъыгурыIуэркъым, хьэзабу игъэвыр фIэмащIэу, аргуэру бэлыхь зыщIыхигъэтыр.
Мы дунейм сыт щыIэ ущыхамэ, я жьэм къыжьэдэкIыу уэ зэхэпхыу жамыIэфми, Iумпэм ущащI щIыпIэм ущыпсэун нэхърэ нэхъ Iей?! ЩIалэм и гур зэгуоуд, къыгурыIуэркъым мыбы илъэсиплIкIэ зэрыщыIэнур. НэгъуэщI мыхъуми, адыгэбзэкIэ епсэлъэну зыгуэр игъусами аратэкъэ. Пэжщ, балъкъэр щIалэ дэщIыгъущи, ари Алыхьым и фIыщIэщ. Зы пэшми зэгъусэу щIэсхэщи, зэрыгъэзэшхэркъым, езыхэри зэрамызакъуэ дыдэм щогуфIыкI.
ЦIыхуфIщ Жэмал, сыт щыгъуи щIалэм щIэгъэ­къуэн къыхуэхъуну хэту, чэнджэщи къриту апхуэдэщ. Ауэ щыхъукIи, ар Заур нэхърэ зэрынэхъыжьыр зы илъэс закъуэщ. Зы махуэ еджапIэм цIыхугъэ щахуэхъуа урыс щIалэр къабгъэдыхьащ. Жэмал сэлам кърих щIыкIэу и Iэр къиубыдри, и ныбжьэгъур къигъэнати, ар щыхуимыдэм, мобы и Iэ сэмэгур и жыпым илъу ижьыр къишияти, къэгубжьщ, зыхуэмыIыгъыу зишэщIри еуащ. ИужькIэ къыгурыIуауэ аращ мыбыкIэ я дуней тетыкIэри я псэукIэри дыдейм куэдкIэ къызэрыщхьэщыкIыр.
ЕщIэж Мэзкуу къыщыкIуагъащIэм псори фIэщIэщыгъуэу, зэми мыр зи инагъым дэмыгъуэщыхьу зэрыдэтынум егупсысу, тIэкIуи шынэу ихъуреягъыр къиплъыхьырт. Иджы зыри къридзэжыркъым. Метром япэу щехам щIы щIагъым нэгъуэщI дуней щыIэу къыфIэщIат. Апхуэдэущ иджыпстуи къызэрыщыхъур, цIыхуу мыбы щызэхэзекIуэр зэбгъэщхь хъунур Iуву зэхэт хъумпIэцIэджхэрщ. Яхэтщ абыхэм мы ищIагъым зи гъащIэ ныкъуэр щызыгъакIуэхэри, мес, зи Iэр шияуэ гу цIыкIум ис ныкъуэдыкъуэр махуэ къэскIэ елъагъу, пщэдджыжьми пщыхьэщхьэми апхуэдэщ. Мобдеж щыт ашычым ис джэдухэр зей цIыхубзми щIэх-щIэхыурэ урохьэлIэ.
Сыту гъэщIэгъуэн мы языныкъуэ цIыхухэр, а фызым джэдухэм я шхын къызэрищэхун ахъшэ щхьэкIэ мэлъаIуэ, абыкIэ езым и щхьэр зэрипIыжыр блэкI-къыблэкIыжхэм къагурымыIуэ хуэдэ. ЩIалэм сыт щыгъуи фIэфIщ метром уезышэх дэкIуеипIэм тету ехын, мы щIыпIэрщ абы апхуэдэ щилъэгъуар, станц къэс зэрызэмыщхьым, зым и дахагъкIэ адрейр къызэрыщхьэщыкIым гу лъыуегъатэ культурэм и къарур зэрыиным. Сурэт зэмыфэгъу-зэмылIэужьыгъуэхэм, тхыдэм, литературэм, искусствэм щыщ нэгъуэщI Iыхьэхэм епха теплъэгъуэхэм уемыплъу ублэкIын плъэкIыркъым.
Сыт хуэдэу щрети, щIалэр щеджэну къагъэкIуащ дыщыпсэу къэралым и къалащхьэм. Насыпкъэ-тIэ ар?!
Абы щIэхъуэпсу зыхузэфIэмыкIа дапщэ щыIэ?! ­Хуейщ езыми апхуэдэу къызыщигъэхъуу, насыпыфIэу зыкъилъытэжыну. Ауэ ар и гу бампIэр зыщигъэ­гъупщэу закъуэныгъэм пэIэщIэ зищIыну хэту аращи, къызэремыхъулIэр езыми фIы дыдэу къыгуроIуэж. Зы махуэ Утыку Плъыжьым щыIащ. ФIэгъэщIэгъуэну, зэми гушхуэу къыщикIухьащ къэрал лIыщхьэхэр исрэ парадышхуэхэр щекIуэкIыу телевизоркIэ илъэгъуауэ щытахэр и гум къигъэкIыжу. Ауэ и жагъуэ хъуащ Ленин и мавзолейр гъэбыдауэ къызэрыщIэкIар. КIуэжмэ, сыт хуэдэу жриIэжынт ар Уэлий. ЛIыжьри, шэч хэмылъу, гуфIэнт. Дунейр иджыри къутэжкъым, абыи хунэсынщ.

(КъыкIэлъыкIуэнущ).

НАФIЭДЗ Мухьэмэд.
Поделиться:

Читать также: