ЛIыгъэр зыхуэдэм яхутопсэлъыхь

Урысей гвардием Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ къудамэм ведомствэм щIэмыт и хъумакIуэхэм IэнатIэм и ветеранхэр я гъусэу иджыблагъэ щыIащ Ислъэмей къуажэм и курыт школ №1-м. Хэкум и ХъумакIуэхэм я махуэм ­теухуауэ абыхэм еджакIуэхэм драгъэкIуэкIа дерсыр къызэрагъэпэщат «Урысей гвардиер ЛIы­хъужьхэм ятеухуауэ» Iуэхум хыхьэу.

Полицэм и подполковник Багъэтыр Эдуард, полицэм и капитан Унэж Руслан, полицэм и майор Улымбащ Аслъэнбэч, полицэм и полковнику отставкэм щыIэ Хужокъуэ Руслан сымэ ныбжьыщIэхэм жраIащ ТекIуэныгъэр къытхуэзыхьахэм, зауэ IэнатIэхэм Iутахэм сыт щыгъуи пщIэ зэрыхуащIыпхъэр.
- ЛIыгъэ зезыхьа къэралым дыщопсэу. ЩIэблэм ар ящIэн хуейщ. Абы и лъэныкъуэкIэ щхьэпэнущ мыпхуэдэ зэхуэсхэр. НыбжьыщIэхэм егъэцIыхупхъэщ ди лIыхъужьхэр, я Хэкум ирипагэу къэхъунымкIэ абы мыхьэнэшхуэ иIэщ, - жиIащ Багъэтыр Эдуард.

 

Къанщауэ Мэлычыпхъу.
Поделиться: