МЭРЕМ ПШЫХЬ

Мазэм адыгэхэр щопсэу
Шыпсэ

Дунейм и щIыпIэ куэдым щопсэу адыгэхэр. Уеблэмэ Африкэми абыхэм ущрихьэлIэ щыIэщ. Зи тхыдэр лIэщIыгъуэ жыжьэм къыщежьэ ди лъэпкъым и тхыдэр нобэр къыздэсым нэгъэсауэ зэфIэгъэувэжа хъуакъым.
Адыгэ тхыдэм и Iэужь къытещыжу IуэрыIуатэ, хъыбарыжь куэд ди нэхъыжьхэм къытхуагъэнащи, абыхэм ящыщ зым и гугъу фхуэсщIыну сыхуейт. Мы дунеижьыр щымыджэмыпцIэу адыгэ лъэпкъыр къызэригъэщIрэ дунейм и къэхъукъащIэхэм набдзэгубдзаплъэу кIэлъоплъ, нэхъыжьхэм гу зылъатар нэхъыщIэхэм хуаIуэтэж, апхуэдэурэ лъэпкъым и нэщэнэхэр зэрегъэпэщ, дуней хабзэм щыгъуазэ хуохъу. Си хъыбарыр адыгэм ижь-ижьыж лъандэрэ гу зылъита Iуэхугъуэщ зытеухуар.
Гъатхэпэ жэщу, мазэр бзыгъэу уэгум зигъэщIагъуэу ису, къэхъуащ си хъыбарыр. А зэман жыжьэм, жэщ кIыхьхэр хъыбар зэпэдзкIэ зэрагъакIуэм и мызакъуэу, дунейм и къэхъукъащIэхэм кIэлъыплъырт, зыгуэрым гу лъатэмэ, нэхъыжьхэр зэчэнджэщырт, къэхъункIэ хъунур абы къращIэн мурад яIэу.
Апхуэдэ жэщхэм языхэзым адэшхуэм и къуэрылъхур и гъусэу пырхъуэм тетIысхьауэ зэдэуэршэрырт.
- Плъагъурэ мазэщIэ къыкъуэкIар? - еупщIащ адэшхуэр и къуэрылъхум.
- Солъагъу, - къет мыдрейми жэуап.
- Ар щIэныкъуэр къызжепIэфын-тIэ? Мазэ ныкъуэр хэт зыдыгъуар?
- Дадэ, мазэ ныкъуэр зыми идыгъуакъым. Уэ умыщIэу ара, ар мазэщIэщи аращ апхуэдэу щIыщытыр. И ныбжьыр нэсмэ, хъарбызышхуэ хуэдэ из хъунурэ зыкърихыу къытхэплъэу къэтIысыжынущ, - къет жэуап щIалэ цIыкIум.
Адэшхуэм зэхихамкIэ арэзыуэ адэкIэ пищащ.
- Уэ пщIэуэ пIэрэ-тIэ, вагъуэхэм языныкъуэхэр нэхъ нэхуу адрейхэр нэхъ фагъуэу щIыщытыр? – аргуэру щIоупщIэ адэшхуэр, и къуэрылъхур игъэунэхуну.
ЩIалэ цIыкIум абы и жэуапыр зэримыщIэр къыщыгурыIуэм лIыжьым пещэж:
- Пэжым ухуеймэ, вагъуэхэр псори зэхуэдэщ, ауэ ахэр щIым зэрыпэгъунэгъум елъытауэ языныкъуэхэр нэхъ нэхуу, адрейхэр нэхъ кIыфIу къытщохъу. Вагъуэ быныр щызэхуэса уафэ нэкIур плъагъурэ? Ар алъпышым тес нартхэм я зекIуапIэу щытауэ жаIэж. АлъпышкIэ зэджэр шы къызэрыкIуэтэкъым, абы дамэ лъэщ тету уэри щIыри зэпигъазэрт, шы бэшэчт ар. Плъагъурэ мазэм ис мэлыхъуэ лIыжьыр, щIакIуэ теубгъуарэ бащлъыкъ дэлъу, и хьэ сакъри къыбгъэдэсу. Ар мыадыгэу пхужыIэн?
- Ар дауэ къызэрыпщIар?- Iэнкуну щIоупщIэ къуэрылъхур.
- И фащэмкIэ, тIу, и фащэмкIэ. Мазэм цIыху щыщыпсэукIэ псыи щыIэщ, Iэхъуэм щIакIуэ щытеубгъуакIэ е щIыIэщ, е уэлбанэщ. ЦIыхум псэупIэ гуэри абы зэрыщиIэр шэч къызытумыхьэнщ. Мазэм мэзи щыIэщ, армыхъумэ, ди Iэхъуэр зэрыпщэфIэн, щIымахуэм и псэупIэр зэригъэхуэбэн дэнэ кърихынт?! Мэзым хьэкIэкхъуэкIэри щыкуэдщ, къуалэбзухэри жыг щхьэкIэхэм щызэподжэж. Уеблэмэ, дыкъызытехъукIыжа нартхэр абы щыпсэухэм ящыщу щIылъэм къехауэ щытауэ къэзылъытэ щыIэщ.
- Дадэ, сыт хуэдэбзэ абы щыпсэухэр зэрызэпсалъэр, сыт хуэдэ хабзэ яIэр?
- УмыпIащIэ тIу, умыпIащIэ! Си алъпышым гъэ хъуныр къиухрэ илъэсыщIэм деж къигъэзэжмэ, и плIэм зытеддзэнщи хьэршым дылъэтэнщ, мазэм дыщетIысэхынщи, мэлыхъуэ щIалэм зыхуэдгъэзэнщ. Къэдгъэзэжмэ, мэлыхъуэм къытхуиIуэтэжахэмрэ мазэм щытлъэгъуахэмрэ ди ныбжьэгъу цIыкIухэм яхуэтIуэтэжынщ.

Пщыбий СулътIан.

ГушыIэ
Щхьэ укъызэупщIрэ-тIэ?

Мэз къикIыжрэ пэт, Хъуэжэ зылI кърихьэлIащ.
- Дэнэ ущыIа, Хъуэжэ? – къеупщIащ лIыр.
- Мэшых сыщыIащ, хукхъуэ къызошэ, - жиIащ Хъуэжэ.
- АтIэ уи гум илъыр пхъэи, мэз ущыIа хъунщ, - жиIащ лIым.
- Си гум илъри мэз сызэрыщыIари щыпщIэкIэ – емынэм узэрихуэрэ, щхьэ укъызэупщIрэ-тIэ? – жиIащ Хъуэжэ.

Гъэмахуэм хуабэ дыдэ мэхъу

ЩIымахуэт. Хъуэжэ и деж и цIыхугъэ гуэр хьэщIэу къеблэгъат. Унагъуэ бейм къыхэкIа, пэш хуабэм щыпсэууэ еса хьэщIэм игу ирихьакъым Хъуэжэ и хьэщIэ щIыIэр. ИужькIэ зыхуэмышыIэу ар Хъуэжэ къеупщIащ:
- Дауэ мыпхуэдэ пэш щIыIэм фыщIэсыф? Сыт щыгъуи мыпхуэдэу щIыIэ фи пэшыр? - жиIэри.
- Хьэуэ, сыт щыгъуи щIыIэкъым, гъэмахуэм хуабэ дыдэ мэхъу, - жиIащ Хъуэжэ.

Махуэ Iэлисэхь.

ЖыIэгъуэхэр
Къамэ зыгъэдалъэ нэхърэ, акъыл зыбгъэдэлъ

•Ер вы бжьакъуэм къикIыу жаIэ щхьэкIэ, ар къызэрыкIыр цIыху псалъэрщ.
•ГъащIэм и IэфIагъым хуэдизи и дыджагъщ.
•Ахъшэ и куэд щхьэкIэ бохъшэ къыхуэщэхуртэкъым.
•Мывэ хъурейр уи япэкIэ бгъэжэн хуей хъумэ, нэхъ цIыкIуу къыхэх, ущIегъуэжынкъым.
•Къамэ зыгъэдалъэ нэхърэ, акъыл зыбгъэдэлъ.
•Щхьэ зимыIэ цIыху щыIэкъым, акъылыр зыхуримыкъу гъунэжщ.
•Мыхъуапсэу псэу щыIэкъым.
•Фо зиIэр нэгъуэщI IэфI мэлъыхъуэ.
•ЗэгурыIуэ здэщымыIэм сыт хуэдэ Iуэхури щыхьэлъэщ.
•Сымаджэр узыншэм йохъуапсэри, узыншэр мылъкум щIохъуэпс.
•«Пщэдей» псалъэр куэдрэ къыбжезыIэм укъигъэпэжыну ущымыгугъ.
•Гуауэм Iумыуам, гуапэр зищIысыр ищIэнукъым.
•Щэхур хуэму зекIуэурэ псом я дежи нос.
•Акъылыр щытхуримыкъум деж къарур Iуэхум къыхохьэ.
•ФIы пщIамэ, Iейм щыгугъ.
•Зи акъылыр куум и псалъэр кIэщIщи, зи псалъэр кIэщIым и акъылыр куущ.
•Сызыхуейр къысхуэзымыщIэр цIыху икIэщи, си Iуэху къизыгъэкIыр цIыху дыщэщ.
•И къулыкъукIэ яIэт пэтми, и акъылкIэ яхуэIэтыртэкъым.
•Дыщэ здэщыIэм, дыжьыным щищIэн щыIэкъым.
•Уи япэкIэ умыплъэу лъэбакъуи умыч.

КIурашын Алий.

IуэрыIуатэ
Хъуэхъу

Зыпщ гуэрым къуэ къыхуалъхуати, хьэщIэ къыхуепсыхауэ здэхъуахъуэм, Къэзанокъуэ Жэбагъы пщым и жылэмкIэ зэрыблэкIыр къыжраIащ.
- Жэбагъы дгъэхъуэхъуэнщ, - жари хьэщIэщым ирашащ:
- Пщым ехъуэхъу, Жэбагъы, къуэ къыхуалъхуащ, - жаIэри.
- Нобэ дунейм къытехьа щIалэр хьэнэу, джэдыпэу, фызыгуу, и цIэкIэ къемыджэу гъэпсэу! – жери хъуахъуэщ, шэсыжри и гъуэгу техьэжащ Жэбагъы.
Гупыр егупсысри, Жэбагъы и хъуэхъур зэхащIыкIакъым.
- Къыдохъуэхъу жытIэурэ къыдэхъуэнащ: фыкIуи къевгъэгъазэ, - жари Жэбагъы шу лърагъэжьащ.
Жэбагъы жиIащ:
- Хьэм и нэм нэхърэ нэхъ жан щыIэкъым, джэдым и пэм нэхъ шэрыуэ щыIэкъым, жьэгум щыдэсым деж фызым нэхърэ нэхъ гушхуэ щыIэкъым, нэхъыжь щхьэщытыху, щIалэм и цIэкIэ еджэркъым. Нобэ дунейм къытехьа щIалэр нэ жан, шэрыуэ, гушхуэ зыкIуэцIылъ ирехъу, и нэхъыжь куэдрэ къыщхьэщрет. Аращ сызэрехъуэхъур.

«Делэм сэ сыфIокI…»

Жэбагъы и акъылрэ и псалъэкIэ цIэрыIуэ хъуауэ, зылI къыхуепсыхащ.
- Жылэр къодаIуэ, уи псалъэм фIэмылIыкI срихьэлIакъым, - къыжриIащ лIым. – СыткIэ зэгурыбгъаIуэрэ жылэр, цIыхум дауэ уазэрыхэзагъэр?
- Зыри хэлъкъым, - жиIащ Жэбагъы. – Делэм сэ сыфIокI, губзыгъэр езыр къысфIокI.

Си къуэш цIыкIу
Новеллэ

Газетым къыхэгъэжа сурэтхэр, статья зэхуэмыдэхэр, открыткэ гъэщIэгъуэнхэр Хьэсэнбий хуэсакъыурэ пхъуантэ цIыкIум къыдехри, къэзыухъуреихьа цIыхухэм ярегъэлъагъу:
- Мыр Темырщ, ар спортсмен Iэзэщ. Сыт хуэдиз зэпеуэхэм щытекIуа ар. Мы ди къэралым и закъуэкъым ар зыхэта зэхьэзэхуэхэр щекIуэкIар. Дуней псом къацIыху си щIалэ цIыкIур, - жиIэурэ.
Псоми зырызу сурэтыр яригъэлъэгъуа нэужь, пхъуантэ цIыкIум делъхьэжри, аргуэру нэгъуэщI зы къыдех.
- Мыр Тимурщ, адрей си щIалэ цIыкIуращ. А тIур зэтIолъхуэныкъуэщ. Ауэ Тимур Темыр хуэдэу спортым дихьэхыркъым. Ар уэрэджыIакIуэщ. Дуней псом къыщацIыху ар. Абы сыт хуэдэ концертхэр ит фи гугъэ? Мис, куэд мыщIэу иIэну концертым сыкIуэну къызэлъэIуащ. Абы зызогъэхьэзыр. Темыри и зэпеуэхэм язым сыкIуэу сеплъыну къэзгъэгугъащи, сыщыхуэхъунур сщIэркъым. – Зы дакъикъэкIэ и псалъэмакъыр зэпегъэури, къыбгъэдэсхэр нэщхъейуэ къеплъыхь. ИужькIэ мэдыхьэшхри къыпещэ: - Сабийм хуэдэщ, си щIалэ цIыкIухэр: зым деж укIуамэ, адрейм зегъэгусэ.
Абы и псалъэмакъым адрей пэшым щIэту едаIуэ Темыр нэщхъейуэ щхьэгъубжэм бгъэдыхьащ. Я гъунэгъущIэхэм зыхуэзыгъэщIагъуэ адэм и псалъэмакъым нэхъри нэхъ нэщхъей къищIат щIалэр. Хьэсэнбий гуфIэжу и къуэхэм я IэщIагъэм тепсэлъыхь щхьэкIэ, зы сыхьэтым къалъхуа щIалитIыр илъэс хъуауэ зыр зым и нэгу зэримыплъэр ауи къыхигъэщыртэкъым. Абы щIихъумат Тимур куэд щIауэ и адэми и къуэшми и Iуэху къызэрызэримыхуэр. Ар иджы абыхэм зэралъагъур телевизоркIэт. Мис, уеблэмэ нобэ а тIур къыщалъхуа махуэщи, итIанэми, къищIу къехъуэхъуакъым и къуэшым. Ауэ сыт абы гъэщIэгъуэну хэлъыр?! Дапщэщ абы апхуэдэ гукъэкI щищI хабзэу щытар?! ГубжькIэ щIихъумэну хэтми, Темыр игу къэкIат и къуэшыр. Уеблэмэ, адрей махуэхэм емылъытауэ нобэ нэхъ лейуэ хуэныкъуэт ар абы. Сыт хуэдэ псалъэмакъ щымыIэми, япэ зыкъизыгъэщ хабзэ Темыр иджы ерыщ екIуати, хуейтэкъым Тимур деж япэу псэлъэну. «Сэ сыгузавэ щхьэкIэ, езым ауи игу дыкъэкIыж хъункъым, щIэс хъунщ зыщIыпIэ, фадэм дихьэхауэ. Къуэш хуей ар…», - егупсысырт щIалэр. Ауэ, итIанэми, нэр жэрт стIолым нэщхъейуэ телъ жып телефоным…
…Темыр и къуэшым хузэгуэпу щыщыт дакъикъэхэм, Тимур щIэщыгъуэ зыхэмылъыжу къыщыхъу и гъащIэм хэкIыжыну зигъэхьэзырырт. «ЦIыхум зыхуей псор къехъулIэн щIидза нэужь, абы зэшу щIедзэ. Сыт щыгъуи узыхущIэкъун уиIэн хуейщ», - жиIэ хабзэт адэм. Тимур аращ къыщыщIар. И мурадхэр къехъулIэри, зыщIэхъуэпса псор IэфIыншэу къыщыхъуащ. ЩIэщыгъуэ къилъыхъуэр хигъуэтакъым фадэми уэрэдми. Къэрал псом щит концертхэми и IэщIагъэм щыгуфIыкIхэми къыхуахьакъым зыщыгугъа насыпыр. Дэнэ щыIэ ар езыр - а псори зытепсэлъыхь насыпыр, гъащIэм и IэфIыгъэр? Ахэр мы дунейм тет е абы щIэхъуэпс цIыхухэм къагупсысауэ ара?!
И ехъулIэныгъэхэм зи щхьэр лъагэу иригъэIэта Тимур и щытыкIэр зигу иримыхь и къуэшыр бий ищIащ. «Сыт къэмыхъуами, уэрэ сэрэ дызэкъуэшщ, дызэфIэнэ хъунукъым», - жаIэрт абыхэм щыцIыкIум. Ауэ балигъ хъури, я тхьэрыIуэр ящыгъупщэжащ. Иджы, мис, къыщалъхуа махуэм и унагъуэм яригъусэным и пIэкIэ, лъэмыж кIыфIыжьым тетщ, гъущI хъарым ебакъуэу елъэну и мураду. Ауэ, итIанэми, гъащIэр IэфIщ, зыхуэбгъэдэн щымыIэу. Ажылым и Iэ щIыIэхэр зыхищIэми, гугъэм и уэздыгъэр иджыри маблэ… Ягъэ кIынкъым, зыри гугъу хэлъкъым абы. Уи нэр зэтыбопIэри уопкIэ…
Тимур гъущI хъарым щыдэкIуей дакъикъэм, жып телефоныр къеуащ. «Къытесхынкъым, хэтми аракъэ ар?» - игукIэ жиIэрт абы. Ауэ «зэ къэувыIэ, умыпIащIэ», жиIэ хуэдэ ар увыIэжыртэкъым. Тимур и жыпым йоIэбэри, телефоныр кърех, къытридза цIэми емыплъу трекъузэ:
- Алло!
- Си къуэш цIыкIу, укъыщалъхуа махуэмкIэ сынохъуэхъу! Алло…
Темыр и макъыр зэрызэхихыу Тимур и нэпсыр ежэхащ. Ар гуфIат, Iэджи жриIэнут и къуэшым, арщхьэкIэ зы псалъи къыхудэшейртэкъым. АпщIондэху Темыр и псалъэмакъым пещэ:
- Къалэм ущыIэмэ, къэкIуэж, папи плъагъунщ. КъэкIуэж унэм…
- СынокIуэж… Иджыпсту сынокIуэж, си къуэш цIыкIу…
ГъущI хъарым къехыжри, и нэпс ежэххэр имыгъэпщкIуу щIэпхъуащ Тимур. Ар пIащIэрт и унэ кIуэжырти. Анэкъилъхухэр къуэпс гуэркIэ зэрызэпыщIар иджы и фIэщ хъурт абы, армырмэ Темыр къищIэнт абы и псэм щыщIэр?! ИтIанэ, уи унагъуэм фIыуэ укъалъагъурэ уакъыгурыIуэмэ, дуней псор уи бийми уи дежкIэ сыт?! Ар гуфIэрт, гъырт, зы дакъикъи къызэтемыувыIэу хуэжэрт я унэм. ЩIалэм къежьэрт и адэмрэ и къуэш цIыкIумрэ…

ГъукIэ Маринэ.

Хъыбар зиIэ псэлъафэ
«Лыри лыщ, лэпсри лэпсщ, къундэпсо тIэкIур хъерыпсым хуэдэт» жызыIам нэхъей

Зы фызыжь цIыкIу къулейсыз дыдэу псэурт, зезыхьэни зыпIыни иIэтэкъым. И гъунэгъур къулейти, унагъуэм мурад ящIащ зрашалIэурэ ягъэшхэну. Фызыжьым къундэпсо фIэкIа иIэтэкъыми, и жагъуэ ямыщIын щхьэкIэ, езыхэр абы хуэныкъуэ хуэдэу, ар къахуихьыну ираухылIащ. Фызыжьым къундэпсор къихьт, ар лэпсым хакIэрти, шхэрт. Шха нэужь: «Лыри лыщ, лэпсри лэпсщ, къундэпсо тIэкIур хъерыпсым хуэдэщ», - жиIэрти тэджыжырт фызыжьыр.
КъыхуащIэр фIыщIэ зымыщI, езым ейм мыхьэнэ нэхъыбэ иритыну хэт цIыхухэм щхьэкIэ жаIэ.

Зытхыжар Шал Мухьэмэдщ.

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ
19.04.2024 - 16:23 НОБЭ