Щхьэхуитыныгъэм и хэщIапIэ

Сыт ахэр зэгъунэгъу зыщIыр?

ЩIыналъэ дахэм малъ­хъэ­­дису цIыхур зы­щIе­шэ. Ижь-ижьыж лъан­­дэ­рэ Кавказ лъа­хэм къэ­рал Iэджэхэр къы­щIэ­хъуэпсу къокIуэкI. И да­ха­гъэм и мыза­къуэу, ахэр ди лъахэм къыхуэпабгъэрт мыр «КъуэкIы­пIэм и хэгъэгухэм уа­зэ­­рыхыхьэ куэбжэ­шхуэу» зэрыщытым къы­хэкIыу. И дахагъэм­рэ географие теухуа­уэ иIэ мыхьэнэшхуэмрэ бэ­лыхь мащIи хагъэтакъым жэ­нэт пэлъытэ ди лъахэр. Кавказым и курыкупсэм ису, абы и джэлэс пэлъытэу псэуа адыгэхэм а бэлыхьхэм я нэхъыбапIэр къалъысащ. Зауэмрэ банэмрэ хэ­мыкIыу къэ­гъуэгуры­кIуэ лъэпкъхэм я щхьэ­­хуитыныгъэм щIэ­­зэу­уэ лъыуэ ягъэжар къэ­зы­лъы­тэфын щы­­Iэкъым.
Ауэ Кавказыр IэщэкIэ яу­­бы­дыну щIэхъуэпсхэм я мы­за­къуэу­, мыбы къа­кIуэрт ли­­терату­рэм­, ­гъуа­зджэм, щэн­­хабзэм я лэжьакIуэ цIэ­­­ры­­Iуэхэри. Къа­кIуэрти, бгы­­рыс щIы­на­лъэм зэ­ри­тхьэ­къуар абы­хэм я тхыгъэхэм къы­щагъэлъэ­гъуэжырт.
ИлъэсищэкIэ екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэм пащ­ты­хьы­дзэм IэщэкIэ щы­ху­зэфIэмыкIыр урыс тха­кIуэ­хэм, усакIуэхэм яху­зэ­фIэкIырт - я тхыгъэ да­­хэ­хэмкIэ бгырысхэр ятхьэ­къу­фырт. Пащтыхьым зэрихьэ залымыгъэри, щхьэхуи­тыныгъэм зыри пэзымыщI бгырысхэм я щIыналъэр зэрахъумэжри къызыгу­ры­Iуэ а лIы щэджащэхэм яхэтт Толстой Лев, Лермонтов Михаил, нэгъуэщIхэми хуэдэу, Кавказым щыпсэуахэр. Яхэтт махуэ бжыгъэ фIэкIа щымыIахэри. Ауэ а махуэ бжыгъэри усакIуэ, тхакIуэ нэс­хэм яхурикъурт ди щIыналъэр игъащIэкIэ ягу къи­нэн щхьэкIэ. Языны­къуэ усакIуэхэр, псалъэм папщIэ, Лермонтовыр, бгырысхэм, псом хуэмыдэжу адыгэхэм, езыхэм я лъэпкъ усакIуэу фIэкIа къащыхъу­жыркъым. Ап­хуэдэу щIы­щы­тыр абыхэм Кавказым къыхуаIа лъагъуныгъэр я тхыгъэхэм зэрыщагъэлъапIэр аращ.
Нобэ теддзэхэр зи къалэмыпэм къыщIэкIа урыс уса­кIуэхэр я цIэ­рыIуагъкIи IэзагъкIи зэхуэдэкъым. Ауэ ахэр зэрешэлIэж ди лъахэм хуаIэта усэ сатыр гъуэ­зэджэхэм. Ар и щыхьэтщ, зауэр сыт хуэдизкIэ залымыгъэу щымытами, гуапагъэрэ цIыху лъагъу­ныгъэкIэ гъэнщIа псэхэр зэ­рызэIыхьлым.

УЭРЭЗЕЙ Афлик,усакIуэ, зэдзэкIакIуэ.

«Гнедич К. Н.» усэм щыщщ

ХъуэпсапIэ нэхур зи гурыщIэм, гурыщIэ ушэм и гъэфIэным
Усэ телъыджэм и пшыналъэр бгы лъахэм ину щыбгъэIуа?
Хиос-хьэфизым и уэрэдым, хулъэкIыу псэр игъэгуфIэну,
Кавказ къуршыжьхэр щIэдэIуа?

Дуней телъыджэм и дахагъэм хулъэкIыр уэ езым уолъагъур,
Къыр абрагъуэхэм я щыгур зэщIегъэлыдэр я мыл джанэм,
Аузым дэзу и толъкъунхэр, йожэх псы уэрыр бгым щIэбжьахъуэу,
Къызэролъэлъ дыжьыну!

Къуршыщхьэ тхъуахэм я уэс нурыр уэгу лъащIэ щхъуантIэм щракъухьыр.
Жызум къудамэхэр къуэм доплъэ, щыхупIэ куухэм къащхьэщыту.
Уи лъабжьэм пшахъуэм зыщешыхьыр,
 къыщеджэдыхьыр мыкIуэмытэу,
Псыр гъуахъуэу нэпкъым къолъэр!

Уолъагъу жыжьаплъэу: къыр зэхуакухэр къызэхикIухьу итщ бгырысыр,
Тхьэхэм я мафIэр къафIихьыну тегушхуэфар зрапха бгыжьым
Щхьэхуитыныгъэм, лIыгъэм, шыфIым зи гъащIэр щIэзытыф шэрджэсым
КъытонэIукIыр и лъэужьыр.

Бгым ирапхами, и щхьэр зыми
 хуигъэлъэхъшакъым а лIыхъужьым,
КъигъэIурыщIэрт, уеблэм, хуэму езы Щыблэтхьэдыдэм и гур.
КъыщеплъкIэ Тхьэшхуэр, къэгубжьауэ,
 лIыхъу къэмыланджэм и Iэужьым,
ИкIэзызыхьырт щыблэр Iэгум!

КОЗЛОВ Иван.

Кавказым и гъэр

(Повестым щыщ Iыхьэхэр)

Адыгэр хуэму мэуэршэр.
Ягу къагъэкIыжыр я шы жэр,
Псэ зэпылъхьэпIэ щита зауэр,
ЗекIуэ шынагъуэм и IэфIагъ,
Бийм къылъыбгъэсу гузэвэгъуэр,
Щхьэхуитыныгъэ дэрэжэгъуэр
УщиIэ махуэм и дахагъ.
Уэркъ хьилэшыхэм я бзаджагъэр,
Абы я сэшхуэм и гъэбзэкIэр,
Шабзэшэу бийм якIэлъысар,
Бийм и жылагъуэу ягъэсар,
Гъэр тхьэIухудхэм я гуфIэкIэр.

*    *   *
Сурэт щэджащэхэм я теплъэ!
Уахътыншэ уэсхэм я шэнтжьейм
Замыгъэхъейуэ пшэхэр илъу
КъыпфIощIыр, уеплъым уэс чэщейм.
Абы я куэщIым щхьэмыж тхьэхуу,
ЗэщIэлыдэжу и щхьэ тхъуар,
КъыхотэджыкIри Iуащхьэмахуэ,
Къащхьэщоувэ бгыуэ хъуам.
Уэлбанэпежьэ уафэгъуагъуэр,
Игъауэу щыблэ, къыщысам,
Нэщхъейуэ щIалэр, щхьэр и жагъуэу
Бгы щыгум дапщэрэ теса!
И лъабжьэм пшэ хьэлъэжьхэр щIэпщу,
Етауэ, тафэм жьыр щытепщэу;
Къижыхьырт, щтауэ, зы мэз бжэн,
Къилъыхъуэу щхьэр зрихьэлIэн;
КъытелъэтыкIырти къыр сыджым,
Уафэгум бгъэхэр щызэпэджэрт.
Зэхыуигъэхыжкъым жьы щыкIам
Я макъ жэм бум, шы зэрызехьэм...
Уафэгум пшэ къыщыхъуэпскIам
ТрекIэр губгъуэм уэшхыр щхьэхьу;
Толъкъунхэм джабэхэр къалъэс,
Мывэ хьэдзэжьхэр зэлъыIуитхъуу
Къожэхыр псыхьэлыгъуэр гъуахъуэу, -
Гъэр щIалэ бгыщхьэм зэрытесщ;
ШыIэншэу поплъэ дыгъэ бзийм,
И закъуэу, къиту пшэм я щыгум,
ЗилIэжми щыблэм, мыгужьей,
КъыпфIощIыр мы зэрыхьзэрийм
ГуфIэгъуэ гуэр кърилъхьэу и гум.

Ауэ щIалэщIэр гъэщIэгъуэну
ЗыIэпишат лъэпкъ зыхэхуам;
КIэлъыплъырт, зыри къимыгъанэу,
Адыгэм хабзэ къыдалъхуам,
Я гъащIэр, хьэлыр щыхъут гурыхь,
ЗэуапIэм гур зэрыхуэпабгъэр;
Я хьэщIэм зэрыхуащIыр щIыхь,
Я жыджэрагъыр, яхэлъ лIыгъэр.
Адыгэ щIалэм и шагъдийм
Къызэхижыхьу къуакIи бгыкIи,
Гухэхъуэу зэрызиукъуэдийм
КIэлъыплъыфынут махуэ псокIэ:
Шыбг лантIэм исщ. Абы йокIупс
И пыIэр, и адыгэ щIакIуэр.
НыбжьыщIэм зауэм зыхуегъэпс,
Уанэгум ису IэкIуэлъакIуэу.
И Iэщэ-фащэ ямылейм
Дехьэх, икIауэ и нэхъуейр.
И Iэщэр, и шыр арщ адыгэр
ЗыкъуэгушхукIыр, зэрыпагэр:
Шабзалъэр, къамэр, мэIу, фокIэщI,
Аркъэныр, шабзэр, зым пимыщI
И сэшхуэр ибг ищIащ Iэпэгъуу
Зыщигъэпсэхуи зауэ губгъуи.
ЗауэлIым зы къемыхьэлъэкI,
Зы макъ имыщI щылъэси шууи.
А зэрыщытми зи темыкI, -
ЗэрызауэлI езэгъыпIэншэщ.
Къэзакъ жьэрыплъэм и ажалщ
И къулеигъэ и шы мафIэр,
Бгы щыгу ирапIыкIауэ Iэлщ
И ныбжьэгъу пэж къыхуэIумпIафIэр.
БгъуэнщIагъым, пабжьэ зэщIэкIам
КъыхолъэтыкIри накIуэпакIуэу,
Шабзэшэ щIагъэфиикIа
ПфIэщIыну пожьэ бий къыхуэкIуэм.
НапIэIэтыгъуэщ ар зыхуейр,
Бийр къыщIидзэну и шы бгъэгум.
Аркъэным зедзри блэ нэхъей,
КъреутIыпщхьыкIыр ар уанэгум.
И лъэгум хъуаскIэр щIэлыдыкIыу,
И нитIым къилыдыкIыу губжь,
Пхелъэфыр гъэрыр къуакIи бгыкIи,
Къыщинэу гъуэгум лъы лъэужь;
Лъэпощхьэпо къыхуэхъу щымыIэу,
Поджэжыр шы лъэ макъым бгыр.
Толъкъунхэр зыр адрейм кIэлъеIэу,
Къохутэр пащхьэм къуршыпс уэр.
КIуэрыкIуэу холъэр, псыкум гъэр
Хидзам ирефыр псы утхъуар.
Ажал щIолъэIур хэкIыпIэншэр,
Хуеижкъым зы, ажал нэмыщI...
Арщхьэ адыгэ щIалэм и шым
Ар зэпрех псы адрыщI.

*   *   *
Дунейр къэхъужмэ зэ мамыр,
Пщыхьэщхьэ пшагъуэ уэлбанэгъуэм
Жьэгу хуабэм дэсу мэуэршэр
Адыгэр хэсу и унагъуэм.
И пщIантIэм къыщыхуепсыхам,
Жэщ къытехъуауэ, гъуэгурыкIуэ,
Ирегъэблагъэ накIуэпакIуэу, -
Адыгэ Iэнэр зэIухащ.
Къыпожьэр хьэщIэм хэгъэрейр,
И фIэхъус гуапэр и пэ иту,
Хъуэхъубжьэ дахэр къыхуиIэту,
ИрегъэIэтыр мэрэмэжьейр.
Нэху щыхукIэ, щIакIуэр теубгъуауэ,
ЙопщIыхьыр хьэщIэр пщIыхь мамыр.
Нэхущым мэшэсыжри шур,
Тохьэжыр гъуэгу, зигъэпсэхуауэ.

Къурмэн махуэшхуэм щIалэгъуалэр
Къуажэбгъум гупу щызэхуос.
Хэти и лIыгъэ зыдынэс
Щигъэлъэгъуэнущ джэгу яублэм.
Зэдоуэ шабзэ, пшэм я щIыбым
Щылъатэ бгъэр къраудых.
Мэз бжэну сакъыу къызэдох
Бгы нэкIуми, тафэм зыхаIубэ.
Къыщолъэтыжри зэуэзэпсэу,
Толъкъуну зэрехьэх къуршыпсу
Зэдолъ, къызэранэкIыу сабэр.

ПУШКИН Александр.

 

Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:41 Япон усэ зыбжанэ
18.04.2024 - 10:01 Тхылъ тыкуэным
15.04.2024 - 14:41 Адэм деж письмо
12.04.2024 - 17:57 Сыфхуоупсэ