ХЪУЭХЪУ

ПщIэ зыхуэсщI Мухьэмэд Мусэбий и къуэ!
Уэри узиунафэщI «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэхэми си гуапэу сынывохъуэхъу Урысей печатым и махуэмкIэ!
ЛIэщIыгъуэм нэблэгъауэ фи газетыр щытщ къэхъукъащIэхэм я пэжыпIэр я анэдэлъхубзэкIэ щIэджыкIакIуэхэм ялъэзыгъэIэс Iэмал нэхъыщхьэу. Ар я Iэпэгъущ нэхъыжьхэми, нэхъыщIэхэми, IэщIагъэ зэмылIэужьыгъуэхэм ирилажьэхэми.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щызэрагъэпэща тхыдэ-щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр гъэбэгъуэным, лъэпкъхэм яку дэлъ мамырыгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ гъэбыдэным, анэдэлъхубзэр хъумэным «Адыгэ псалъэм» хуищIа хэлъхьэныгъэр къыпхуэмылъытэным хуэдизщ.
«Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэхэм узыншагъэ, насып, зэIузэпэщыгъэ яIэну, я зэфIэкIым хэхъуэ зэпыту лэжьэну, я IэдакъэщIэкI гъэщIэгъуэнхэмкIэ щIэджыкIакIуэхэр дяпэкIи куэдрэ ягъэгуфIэну си гуапэщ!

    Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
    и Парламентым и УнафэщI           ЕГОРОВЭ Татьянэ.

Поделиться: