Мэрем пшыхь

ЖыIэгъуэхэр
Напэр зэщ зэрытекIыр

♦Ауану зэхэлъыр ауан щIынкIэ ерыщщ.
♦БэмпIэгъуэ блэжьмэ, бампIэ ущыщIэнукъым.
♦ГущIэгъу зимыIэм и диныр фэрыщIагъкIэ гъэнщIащ.
♦ГъащIэм къемызэгъыж хабзэм зэраныгъэ ­къешэ.
♦Зи мурад мыдахэм псалъэ дахи къыжьэдэкIыркъым.
♦Зи псалъэ зыгъэзащIэм гъащIэри доIэпыкъу.
♦Къилэжьакъым жаIэу, хьэдрыхэ зыри къыщIахужакъым.
♦Къыумылэжьа пщIэм жыжьэ унихьэсынукъым.
♦ЛIыгъэр зыфIэкIуэда лIым и гъащIэр кIэщIщ.
♦ЛIыжьым и пащIэр бупскIэ, щIалэ хъужынукъым.
♦МащIэ зыщIэм нэхърэ хуащIэр зыфIэмащIэр нэхъ нэпсейщ.
♦МыхъумыщIагъэр зи нэрыгъым и гъащIэр кIэщIщ.
♦Напэ зимыIэм и жейр Iувщ.
♦Напэр зэщ зэрытекIыр.
♦НэгъуэщIым бампIэ тезылъхьэр езыр бампIэм ехьыж.
♦Нобэ зумыхьа цIыхугъэм пщэдей умылъыхъуэж.
♦Псалъэ гуауэр шэм нэхърэ нэхъ гуащIэу мауэ.
♦ТхьэмыщкIэм и ныкъусаныгъэ мащIэри ину къыхощ.
♦Уи пщIэ хуэмейм пщIэ хуумыщI, чэнджэщ мылъыхъуэм иумыхьэлIэ уи чэнджэщ.

ГубэщIыкI Владимир.

ХьэкущIэ лIыжьым и пщIыхьэпIэ

Хъыбар

Къуажэ гуэрым зы хьэкущIэ лIыжь щыпсэурт. Зэгуэрым, нэхущхэм деж, къаджэ макъ зэхихащ абы. «Нэхущым къысхуей хъуар хэту пIэрэ?» - жиIэурэ дэкIащ ар куэбжэм. ТешанкIэ зыкъизыхым зы щIалэ мыцIыху къиувыкIауэ щытт.
- Къеблагъэ, щIалэ, - жиIащ лIыжьым. - Къуажэм ущыщ хуэдэкъым, сытым укъытхуихьа?
- Уи пщэдджыжь фIыуэ, дадэ. Жыжьэ сыкъикIащ, зэмани сиIэкъым, лъэIукIэ сыкъыпхуэкIуауэ арат, - жиIащ абы. - КъызыхэкIар къызгурыIуэркъым, си анэр дунейм зэрехыжрэ пщэфIапIэм щIэтым къищынэмыщIа, хьэкуу диIэм Iугъуэ имыкIыж хъуащ. Хэт едмыгъэплъами, зыри тхуращIэфакъым. Уи хъыбар зэхэсхати, усшэу уезгъэплъыну арат.
ЩIалэр лIыжьым хуэгъэщIэхъуакъым. Гъуэгу здытетым, нэхъ гъунэгъуу зэрыцIыхуахэщ. Я уэршэрыр нэхъ кIащхъэ щыхъум, лIыжьыр Iурихащ. ЗдэкIуэнум нэблэгъэпауэ ар къызэщыуащ икIи пщIыхьэпIэ гъэщIэгъуэн зэрилъэгъуар щIалэм жриIащ, ауэ иIуэтэжакъым.
ЩIалэм я куэбжэпэм щыIухьам, лIыжьыр къэуIэбжьащ. Абы илъэгъуа пщIыхьэпIэр щIалэм и анэ Хьэлимэтт зытеухуар. ПщIыхьым хэту бзылъхугъэр здэщыта куэбжэрт ахэр иджыпсту зыIутыр.
ЛIыжьыр хьэщIэщымкIэ щIашэри, ягъэшхащ, итIанэ къыщIэкIуа Iуэхум иужь ихьащ. Хьэкухэм здеплъым, лажьэ зиIэ къыхуэгъуэтакъым, псоми мафIэ ирищIэри, Iугъуэр хъарзынэу икIащ. Ар щIалэм игъэщIэгъуащ икIи хуабжьу гуфIащ. Хьэку имыщIами, лIыжьым хъугъуэфIыгъуэ куэд къратри и унэ яшэжащ.
КъыкIэлъыкIуэ махуэм аргуэру щIалэр къэкIуащ лIыжьым и деж.
- Къеблагъэ, си щIалэ. Сыт хуэдэ щхьэусыгъуэкIэ къытебгъэза? - жиIащ лIыжьым.
- ФIым дыхуиблагъэ, дадэ, хьэку тхуумыщIу хъунукъым, Iугъуэм къигъазэу хуежьащ, - жиIащ щIалэм.
- Сэ хьэку сщIыну сыщхьэхыркъым, ауэ неблагъи гъуэгум щыслъэгъуа пщIыхьэпIэр пхуэсIуэтэжынщ. Абы иужькIэ Iугъуэм къыщIигъазэр гурыIуэгъуэ пщыхъункIэ хъунщ, - къыпидзащ лIыжьым.
Арати, щIалэр унэм щIешэри, лIыжьым пщIыхьэпIэр къиIуэтэжын щIедзэ.
- Фи куэбжэпэм Iут хуэдэт уи анэ Хьэлимэтрэ абы и шыпхъу закъуэмрэ. Хьэлимэт и плIэм IэлъэщI морэ зэпрыдзышхуэ теубгъуат, трахынкIэ шынэ хуэдэ, и пщэм деж быдэу щиIыгът, и IэмыщIэм дэп жьэражьэ илът, «си щIалэ закъуэр щIыIэм еукI» жиIэурэ и Iэр унэмкIэ нишийрт, ауэ пщIантIэм дыхьэн Iуэху зэрихуэртэкъым. И шыпхъум зэкIуэцIылъ тIэкIу иIыгъыу, куэбжэ сэхым зригъэщIауэ нэщхъей дыдэу щытт. Аращ, си щIалэ, пщIыхьэпIэр зэрыхъур, абдежым сыкъэушащ.
ХьэкущIэ лIыжьым и благъэт Хьэлимэт. Ар зыхэхуа унагъуэ бейм насып зэрыщимыгъуэтам щхьэкIэ игу щIэгъуми, хьэкущIэр зыкIи дэмыIэпыкъуфу къекIуэкIащ. ЗыкъызыфIэщIыжа бейхэм Хьэлимэт и лъэныкъуэкIэ зыри зыкIэлъагъэкIуакъым, езыри лъагъунлъагъу ягъэкIуэжакъым.
ЩIалэм лIыжьым фIыщIэ хуищIри, ежьэжащ. Зэрынэсыжу унэIутхэм ящыщ зы цIыхубз хэкIуэта къриджащ.
- Сэ сызэрыщыгъуазэмкIэ, си анэм дзыхь къыпхуищIу щытащ. Дауи, абы иIа гукъеуэхэри бощIэ. Абы и Iуэхум теухуауэ пщIэр къызжеIэ, си зэран уэзгъэкIынкъым, - жиIащ щIалэм икIи хьэкущIэм и пщIыхьэпIэр хуиIуэтэжащ.
- Бзылъхугъэ зэтетт уи анэр, икъукIэ бэшэчт, - жиIащ унэIут цIыхубзым. - Шыпхъум хуэдэу къысхущытащ ар, сыт и лъэныкъуэкIи и дзыхь къызигъэзу. Алыхьырщ, абы и ужькIэ сэр мыхъуамэ, бампIэм пасэу зэгуиудынт а тхьэмыщкIэр. Гуащэ-тхьэмадэм икъукIэ гугъу ирагъэхьащ ар. Унагъуэ хуэмыщIам къызэрыхэкIар хуагъэгъуакъым. Уи адэ-анэм хуэдэу фIыуэ зэрылъэгъуа жаIэуи яIуатэуи зэхэсхакъым, абыкIэ IупщIт а тIур куэдрэ зэрызэдэмыпсэунур. Сыт къращIэми, сыт кърапэсми, уи адэм зэи хуэтхьэусыхакъым, гукъеуэ гуэр иIэу зыкъригъэщIакъым. «УкъызыхэкIа унагъуэр зыщыгъэгъупщэ, факъырэ гупыр думыгъэлъагъу, уэри лъагъунлъагъу жыпIэу укIуэжыну уигу къыумыгъэкIыххэ», - къыжраIэрт. Уэ укъалъхури куэд дэмыкIыу, Хьэлимэт и анэр дунейм ехыжат. Абы щыгъуэм лIыжь-фызыжьым ямыдэ щхьэкIэ къимыгъанэу, уи адэм Хьэлимэт ишэжри, и анэм Iуигъэплъэжауэ щытащ. И адэр дунейм щехыжам ягъэкIуэжакъым. «Уи дыщ укIуэжмэ, уи гупэ мыбыкIэ къыумыгъазэ, щIалэри уэдгъэлъагъунукъым», - къыщыжраIэм япэувыфакъым. Абы щыгъуэм уи адэр псэужтэкъым. Илъэсищ ухъуауэ арат ар зекIуэ кIуэуэ къыщимыгъэзэжам. ПцIыр хьэрэмщ, сыт хуэдизу бзаджэу щымытами, лIыжь-фызыжьым уэ фIыуэ укъалъэгъуащ, ауэ уи анэм уи гур хуэщIыIэу укъагъэхъуащ. Къэпша нысащIэми, фи зэхэтыкIэм гу лъитэри, абыи уи анэр зыуи къримыдзэу хуежьат. Абыи гу лъыптакъым уэ, уи анэр пщIантIэм дэсми дэмысми къыпфIэIуэхуакъым. Сымаджэу пIэм щыхэлъми, ущIыхьэу ущIэупщIакъым, унэIутхэм «зыхуей хуэвгъазэ» яжепIэрти, абыкIэ зэфIэбгъэкIырт. И псэм апхуэдизу бэлыхь телъу щIэпсэуар уэращ. Уи зы псалъэ гуапэ щIэхъуэпсу и гъащIэр ирихьэкIащ. Зэгуэрым, зекIуэ ущыIауэ, IэлъэщI морэ зэпрыдзышхуэ къыхуэпхьат. А IэлъэщIым пищIын щымыIэу псэуащ, махуэм и плIэм дэлът, жэщым и лъапэм триубгъуэрт. «Си къуэ закъуэм къысхуихьащ», - жиIэурэ иригушхуэрт. Зы шыпхъу дунейм щиIэжти, и хъыбар къищIэну хущIэкъуакъым, лIыжь-фызыжьым ящышынэрти. ЗэрызэхэсхамкIэ, уи анэ шыпхъур псэущ, сымаджэу хэлъщ.
Езым бын иIакъым, и щхьэгъусэр дунейм ехыжащ. Ар зэпшэлIэжрэ зыхуей хуэбгъэзамэ, хэт ищIэрэ, уи анэ тхьэмыщкIэм и псэр нэхъ зэгъэнт. Апхуэдэ гукъеуэ зэриIарагъэнщ пщIыхьэпIэм къикIыр.
ЩIалэм зимыIэжьэу ежьэри, и анэ шыпхъур къигъуэтащ. Ар и деж къишэри, и анэр зыщIэлъа пэшым щIигъэтIысхьащ, абы кIэлъыплъу щыта унэIут цIыхубзыр и гъусэу.
Бжьыхьэ кIасэт, пэшыр щIыIэти, хьэкум мафIэ иращIэну унафэ ищIащ, «хэт ищIэрэ Iугъуэ икIым деплъынщ», жиIэри. Пхъэ гъур къахьри, мафIэ ящIащ, ахэр пIэнкIыу исырт, Iугъуэри уэнжакъым иришырт.
- Тобэ ярэби, мыр сыту гъэщIэгъуэн, - жиIэри щIалэр етIысэхащ.
 Абдеж ар куэдым егупсысащ икIи къыгурыIуэжащ и анэм зэрекъуэншэкIар. АрщхьэкIэ зэманым къыпхуегъэгъэзэжынутэкъым. Иджы анэ палъэу къыхуэна анэ шыпхъум хуэфащэ гулъытэ хуищIкIэрэ къэзылъхуам и деж къыщихьа гуэныхьыр зэрипшыныжыным хущIэкъурт.
Апхуэдэу хьэкущIэ лIыжьым и пщIыхьэпIэм и фIыгъэкIэ щIалэм, гувами, зыхищIащ анэм и лъапIагъыр зыхуэдэр.
Мэремыкъуэ Марие.
Ерокъуэ къуажэ.

ГъэщIэгъуэнщ
Сыт абы хэлъыр?

- Мы истхъар нэхъ кIэщI зыщIыфын къыфхэт, фемыIусэу, къыпывмыщIыхьыжу? - щIэупщIащ егъэджакIуэр, доскам мелкIэ зы екъуа къыщритхъэри. Псори щымт. Зы еджакIуэ «сыт абы хэлъыр?» жыхуиIэу къыхэдыхьэшхыкIщ, къэтэджри, доскам бгъэдыхьащ. ЕгъэджакIуэм иритхъа екъуам ищхьэкIэ нэхъ кIыхьу езыми екъуа ирищIыхьащ.
- Мис, уи екъуар нэхъ кIэщI сщIащ, семыIусэу.
Мыр гъащIэщ
ЛIы гуэрым шы закъуэ иIэти, дэкIри кIуэдащ.
- Дауэ ухъуну иджы уи шыр уимыIэжу, - къыхуэгузэващ гъунэгъухэр.
- Алыхьращ зыщIэр а къэхъуар Iейми фIыми,- жиIэщ, и Iэр иридзыхри, ежьэжащ лIыр.
МахуитI докIри, шым къегъэзэж зы гуартэ и ­гъусэу.
- Сыту уехъулIа, мылъкушхуэ уиIэщ иджы! - жаIащ гъунэгъухэм.
- Абы фIы кърикIуэнрэ къримыкIуэнрэ Алыхьырщ зыщIэр,- абы къыфIигъэкIакъым аргуэру лIым.
ЛIым и къуэр шыхэм я зым тетIысхьэну иужь ихьэри, мо шы мыгъасэм къриутIыпщхьэхри, щIакъуэ ищIащ.
- Аууей, уи щIалэ закъуэр щIакъуэ хъуащ,- жаIащ гъунэгъухэм.
- Абы кърикIуэнур Алыхьырщ зыщIэр. Аращ гъащIэр,- жиIащ лIым.
Зэман кIэщI дэкIри, зауэ къэхъеящ, щIалэщIэу къуажэ цIыкIум дэсыр дашащ, лIым и щIалэ щIакъуэр къагъанэри.
- Дэ ди къуэхэр тлъагъужыни дымылъагъужыни, уэ уи къуэр зыщIыпIи яшакъым - сыту уехъулIа! - жаIащ аргуэру гъунэгъухэм.
- Абы кърикIуэнури Алыхьым ещIэ! Мыр гъащIэщ! - жиIэрт лIым.
Нэщанэ
ШабзэкIэ уэнымкIэ гъэсакIуэм жыгым нэщанэр фIидзэри, и гъэсэнхэм еупщIащ:
- Сыт флъагъур?
- Жыг солъагъу, абы нэщанэ фIэлъщ, - жиIащ зым.
- Жыгыр, тхьэмпэхэр, дыгъэр, бзухэм къызэралъэтыхьыр…. - жиIащ адрейм.
Адрейхэми апхуэдэурэ жэуап ятащ.
ИтIанэ гъэсакIуэр нэхъ гурыхуэу фэ зриплъым еупщIащ:
- Уэ сыт плъагъур?
- Сэ зыри къысхуэлъагъуркъым, нэщанэм нэмыщI, - жиIащ абы.
ГъэсакIуэм адрейхэм закъыхуригъэзэкIри жиIащ:
- Фэ гупым шабзэкIэ Iэзэу уэфу зезыгъэсэфыну къыфхэтыр мы зыращ!
 

Нэмыцэ сырыхужьыр

ГушыIэ
«Пирот!» - жаIэщ аби, зы махуэ гуэрым дыкърахужьэри, дыкъахум, дыкъахуурэ, Дон дыкъэсри, пхъэ закъуэ лъэмыж телъти, сыкъытехьащ. Псыкум сыкъэса къудейуэ, зы нэмыцэ сэмэлотыжь, дзэлыкъуэбгъэ хуэдиз хъууэ, къытщхьэщыхьэри, сэмэгурабгъумкIэ зы бомбэ фIыцIэжь къридзыхщ аби, псы щIагъым къыщыуэри, аргъей щитхурэ зы пащIэкIапсэрэ къыдридзеящ, я ныбэгу хужьыжьхэр къыдэгъэзеяуэ; ижьырабгъумкIи зы бомбэ щхъуантIэжь къридзыхщ аби, ар псы лъащIэм къыщыуэри, аргъей щиблрэ хьэлабгъуэ зыхыблрэ къыдридзеящ, я ныбэгухэр лъызащIэу; ещанэр сэ къыстригъапсэ пэтрэ, си фоч зэгуэтымкIэ сыдэуейри, сэмэлотыр зэпкърызудри, щыкъуей-щыкъуейуэ псым къыхэлъэлъэжащ. Абыхэм ящыщ зы мы си жьэпкъыпэм къытехуэри, мыпхуэдэу дыкъуакъуэ зыщIар аращ.
Сэ Дон сыкъызэпрыкIри, шэджагъуэ нэмэзым сытеувэн щхьэкIэ, андез сщтэуэ сыщысу, сеплъэкIри - нэмыцэ къом пхъэ закъуэ лъэмыжым къытехьауэ си лъэужьыр къаху. Iэдакъэжьауэ сщIырэ къэзбжмэ - инэралитIрэ Iэфицарищрэ сэлэтищэрэ хъурт. Лъэмыж кIапэр къэсIэтри, фашист къомыр езгъэлъэлъэхщ аби, езгъэтхьэлащ зы къэмынэу. Сэлэтхэр хъуанэу, инэралхэр шхыдэу щIэтIысыкIри, бдзэжьейхэм яшхыжащ.
«Зэпытрэ зэкIэсу фыкIуэ» - жысIэри си шэджагъуэри сщIыщ аби, тIэкIу седзэкъэну сытIысауэ, уафэм къохуэхри, зы лIы сырыхушхуэ си пащхьэм «барф!» - жиIэу къохуэ. Ар нэмыцэ сэмэлотчикырат: и сэмэлотыр щызэпкърызудам щыгъуэ дрихуейри, иджыпсту къехуэхыжауэ арат. Си флашкэм и щхьэр къыIусIуэнтIыкIщ, зы сто грамыжь IурыскIэри, занщIэу къэплъэжащ:
- Уэра ныдэуеяр? – жи.
- Алэхьэ, сэрам!
Убалъэ хуэдиз хъу и IэштIымыжьымкIэ къауэри, тIэрабгъуу сриудащ.
Ар сэ абы хуэзгъэгъунт? Сыкъыщылъэтыжщ, зездзщ аби, мо вэнвей ныбэжьыр къэсIэтри, и блэгущIэм къэскIэ щIы цIынэм хэстIащ. Нобэми хэтщ ар, ныжэбэми хэтщ къыхамычыжыфу. И пщэм церп ирадзэу танккIэ къеIа пэтми, алэхьэ, къыхамычыжыфа нэмыцэми сэвецкэми - апхуэдизкIэ хэжыхьати! «Бэгъуэн ХьэзрэIил хитIам хэт пэ­лъэщын!» - жаIэри къыханэщ аби, зэбгрыкIыжащ.
Япэм, фашистами, чыристэнкъэ, жаIэурэ, урыс цIыхубзхэм кIэлбэса, кашэ, борш, пIэтIрэжан сыт хуахьурэ ягъашхэу щытащ: иджы унэшхуэ щхьэщащIыхьащи, туристхэр пщIэкIэ ирагъэплъ: сэвецкэхэр сом зырызкIэ, хамэ къэрал къикIахэр - тумэн зырызкIэ.
Мелуан бжыгъэкIэ ахъшэ къыщIах абы, мелуан бжыгъэкIэ! ИтIани ар зи IэщIагъэ сэ, алэхьэ, фадэбжьэ уасэкIэ ягу сыкъэмыкI.
Нало Заур.

Гупсысэр - псалъэкIэ
Пэж

Сытым хуэдэу си гум укъэкIа! Сынаджэ, сынэлъаIуэ пэтми, уи ныбжь къудейм гущIэгъуншэу сыхубогъэныкъуэ. Узэхэсхыну, сыпIущIэну, си дунейм укъыхэсшэну си нэ къызэрыпхуикIыр къысхуэмыIуэтэнкIэ сошынэ. Сошынэ, куэду сопIейтей, афIэкIа зэи узыхэзмыщIэжыну, уэркIэ сымыIуэтэжыну къысщохъури. ЗэкIэ ущымщ, удэгу сэрощ. Уэрэ сэрэ дызэпэжыжьэщ, дызэпэжыжьащэщ. Закъуэныгъэрэ зэш зэфэзэщкIэ укъызэтэурэ си фэр ибох, укъысхуэхъуркъым зыкIи бампIэдэх. Зи нэм бжэгъуу укъыщIэуэ уи бий къомым я кIэн къикIауэ яуфэбгъуащ мы дунейр, къаплъэнэфымрэ пцIыIуэпцIышафэмрэ я фащэр хуэфIыпсу зыщатIэгъа дуней домбейр. Уи лъапсэр яунэщIыну, уи къуэпсыр ягъэгъуну щIэхъуэпсхэм я мурадым гъуэгу игъуэтынкIэ зы Iэмали иIэкъым. Зэгуэр дуней жьэгум урижьантIэдэсу зэрыщытар, фIэщхъуныгъэмрэ дахагъэмрэ я нуркIэ угуашэу къызэрекIуэкIар псоми яIэщIэхужыпэмэ, мис итIанэщ шынагъуэм и лъахэм щхьэхуимыту дыкъыщихутэнур.
Уэращ, зи нэр щапхыкIыу щIэткIукI-щIэсыкIыр къызыхуагъакIуэу щыхупIэм тIэкIу-тIэкIуххэурэ щхьэщагъэува уэращ дыгъэм и гъэфIэн закъуэр, мазэм и гур щыз зыщIыжыфыр, уафэм и фэр къизыгъэхьэжыфыр, щIылъэм щызекIуэ псоми я лъэр щIэзыгъэкIыр. Уэ зыращ. ПщIэрэ, тегушхуэгъуафIэ узыщIа уи жагъуэгъу мыфэмыцхэм уазэрытекIуэн, зэрыхэбгъэщIэн къару лъэщ пкъуэлъщ уэ. ЕбгъэрыкIуэ, тегушхуи зыIэрыгъэхьэж тепщэгъуэр. Къыпхуиухащ уэ уи хьэмтетыгъуэ зэфэзэщу ущызекIуэну мы щIым, ущыпсэуну, уахуэупсэну цIыхупсэм уи ижэгъухэм я нэхейкIэ, я губжьым уепэбжьауэу, я икIагъэм кIэ епту, я щэху пцIышыпсэхэм ураIэщакIуэу, си Пэж.
КхъуэIуфэ Рабия.
 

НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар НэщIэпыджэ Замирэщ.
Поделиться:

Читать также:

27.03.2024 - 15:00 НОБЭ
26.03.2024 - 08:01 НОБЭ
25.03.2024 - 12:07 НОБЭ
22.03.2024 - 15:54 Псым и махуэ