ЩIэблэр зэгъэдэIуэныр хэкIыпIэщ

 

Запасым щыIэ полковник Къуэдзокъуэ Жамболэт.

 

КъБР-м ЩIалэгъуалэм дзэ-хэкупсэ гъэсэныгъэ ядегъэ­кIуэ­кIынымкIэ и Жылагъуэ советым и унафэщI, МЧС-м и ветеранхэм я зэгухьэныгъэм хэт, «Союз народовластия и труда» урысейпсо политикэ жылагъуэ зэщIэхъееныгъэм дзыхь иригъэзу Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ, полковник Къуэдзокъуэ Жамболэт нобэми жыджэру мэлажьэ, и къэухьым, и щIэныгъэм зэрыхигъэхъуэным хущIэкъу зэпыту.

- Мы лъэхъэнэм дзэм щызесхьэ къулыкъур гъэсэныгъэм пыщIащ. Адыгэ лъэпкъым къы­хэкIахэм я нэхъыбэр щыпкъагъэм, цIыхугъэм, хабзэм дыщIапIыкIащ. Ауэ, нобэрей ди щIалэгъуалэм ятеухуауэ гукъеуэ гуэрхэр сиIэщ, къищынэмыщIауэ, си лэжьыгъэм ехьэлIауэ, лъэпкъ хьэл-щэн гуэрхэм гу лъыстащи, си гуапэт ар зыхуэгъэзахэм сызэхащIыкIамэ. Дзэм къулыкъу щызыщIэхэм чэ­зукIэрэ къалэн гуэрхэр я пщэ къыдалъхьэ. Псалъэм папщIэ, кIэртIоф ирагъэукъэбз, хьэкъущыкъу ирагъэтхьэщI е лъэгу ирагъэлъэс. Ди адыгэ щIалэхэм апхуэдэ лэ­жьыгъэр напэтехыу къа­лъытэри, псалъэмакъ къаIэт, ауэрэ здекIуэкIым, хьэргъэшыргъи къагъэхъу. Дзэм и хабзэхэм утетыну, къыщыпхуащI унафэхэр бгъэзэщIэну псалъэ щыптакIэ, узэувэлIар Iыгъыж, къыбжаIэр гъэзащIэ. Абы емыкIу хэлъкъым, ар напэтехкъым. Дзэ къулыкъум, цIыхубз лэжьыгъэ, цIыхухъу къалэн жаIэу, зэхэдз щащIыркъым. Абдежым уи щхьэ ухуэIэбэжу ущагъасэу аращ, - къыддогуашэ нэхъыжьыфIыр.
Къуэдзокъуэм зэрыжиIэмкIэ,­ псо­ри къыщежьэр унагъуэращ, адэ-анэм я дежщ. Сабийр щы­цIыкIум пIэщIэкIамэ, къыдэкIуэтея иужькIэ, абы и гъэсэныр нэхъ гугъу мэхъу.
- Абы къыхэкIыуи, щхьэпэт курыт школхэм хабзэм щыхурагъаджэ сыхьэт бжыгъэ хухахамэ, адэ-анэр я быным зэрыкIэлъыплъым арэзы дыкъищIу, хъунри мы­хъунри зэхрагъэщIыкIыу къытщIэхъуэ щIэблэр къагъэтэджамэ, ­щIа­­лэгъуалэм яIэ­щIэкI мыхъу­мыщIагъэхэм щы­теп­сэлъыхь, къуан­шагъэр укIытэгъуэу щагъэув цIыхубэ зэгухьэныгъэхэр ныбжьыщIэхэм нэхъыбэу ядэлэжьамэ.

Зэманым декIур лIыфIщ

Телъыджэр аращи, зи ныбжьыр илъэс 87-м нэблэгъа Къуэ­дзокъуэ Жамболэт мы зэманми, дзэм ­ираджа щIалэгъуа­лэм я Iуэху зэрихуэу, къэралым и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм къы­щыщIедз. Ар ди щIалэхэр здэщыIэ гарнизонхэм кIуэурэ, ящыщ гуэрхэр зыхэхуа Iуэху мыщхьэпэхэм зыбжанэрэ къыхишыжыфащ. Зи гугъу ищIым и щыхьэту, Жамболэт дегъэлъагъу Республикэм и дзэ ­комиссариатым ар здиIуэхуа частхэм я Iэтащхьэхэр къаIущIэну, хуей хъумэ, къадэIэпыкъуну зэрелъэIу псалъэхэр зэрыт гъуэгуанэ тхылъхэр.
- Дзэм къулыкъу щрахьэкIыну ди республикэм ираша ди щIалэ­хэм ящыщу лъэпэрэпахэр тIэкIу егъэлеярэ ткIииIуэу хабзэм щра­шалIэкIэ, абыхэм сакъыщхьэщыжын хьи­сэп­кIэ, щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэ­хэм нобэр къыздэсми сокIуэ. Ап­хуэ­дэу, нэгъабэ сыщыIащ Мурманск областым хыхьэ Североморск къалэм дэт дзэ частхэм ящыщ зым. Абдежым хьэпсым ира­дза­уэ зи суд ящIэ, ди республикэм щыщ сэлэтиплIым я Iуэху щызес­хуащ. Дапхуэдизу а щIыпIэм гугъу сыщемыхьами, ди щIалэхэр хеящIэм къаIэщIэсхыжри, сыкъы­щыкIуэжым къыздэсшэжащ. Абы ипэкIэ Будённовск сыщыIащ, ди республикэм щыщ щIали 10-м я Iуэху щызесхуэу. Абыхэм унафэ къыхуащIат дзэм щрахьэкI хабзэ лэжьыгъэм хуэдэ жэщ-махуэм къриубыдэу ягъэзэщIэн ­хуейуи, абыкIэ зэрымыарэзыр къагъэлъа­гъуэу, «хьэуэ» къыхагъэкIат. Ди щIа­лэхэр бэлыхь зэрыхэхуар къы­щысщIэм, а щIыпIэм занщIэу сы­кIуащ. Арати, хабзэм ткIийуэ ирашэлIэным зы тIэкIу фIэкIа къа­хуэмынэжауэ, ахэри хеящIэм къаIэ­щIэсхыжри, зыхэта частым хезгъэгъэхьэжащ, - жеIэ Къуэдзокъуэм.
- Апхуэдэ щIыпIэхэм узыгъа­кIуэ­хэм щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэу ягъэлъагъуэр сыт, Жамболэт?
- Схуагъэхьэзыр тхылъхэм нэхъы­бэу иратхэр ди республикэм щыщ щIалэхэр дзэм къулыкъу щрахьэкI гарнизонхэм зыхуей зэрыщыхуэзэ сытхэм теухуауэ я Iуэху зыIутыр, апхуэдэуи, лъэпкъ зэмылIэужьы­гъуэхэм къахэкIа дзэлIхэм я зэ­хуаку дэлъ зэхущытыкIэхэр зыхуэдэр зрагъэщIэн мурадкIэ сагъакIуэущ. Псалъэм папщIэ, Мурманск областым хыхьэ Североморск къалэм къулыкъу щезыхьэкI ди щIалэхэр трибунал Iуэху зэрыхэхуам теухуауэ тхыгъэ къысIэрыхьащ. Республикэм и дзэ комиссариатым тхылъ схуегъэхьэзырри, а щIыпIэ жыжьэм сожьэ. СыздэкIуам прокурорым зыхузогъазэ: «Сэ республикэм срилIыкIуэщ. Ди щIалэхэм яхуэгъэзауэ къэфIэта уголовнэ Iуэхум теухуауэ лъэбакъуэ фчыху абыкIэ хуит фызыщI тхылъхэр сывгъэлъагъу…» Сытми, ди щIалэхэр зэрагъэкъуаншэмкIэ зэрагъэпэща тхылъхэр нэмыщIысауэ къы­щIокI. Мис апхуэдэу дызэны­къуэкъум-ды­зэдауэурэ, ищхьэкIэ зи гугъу сщIа щIалиплIыр, я къулыкъур зэ­рырахьэкIын хуей пIалъэр сахэтыху и кIэм нэблэгъати, зыубыдахэм ­къаIэщIэсхыжри, къыздэсшэжащ, - и гукъэкIыжхэмкIэ къыддогуашэ Къуэдзокъуэр.
Жамболэт куэд щIауэ щIалэгъуалэм жылагъуэ-хэкупсэ лэ­жьыгъэ зэрадригъэкIуэкIыр, а Iуэ­хум хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуи­щIар, къэралым къыщыхъу-къы­щы­щIэхэм набдзэгубдзаплъэу зэ­рыкIэлъыплъыр, социальнэ гъа­щIэм жыджэру зэрыхэтыр къалъытэри, абы политикэ партхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм къабгъэдэкIыу фIыщIэ тхылъхэр зыбжанэрэ къыхуагъэфэщащ.
 
И зыгъэпсэхукIэри екIущ

- Ди республикэр уи нэгу зыщебгъэужьынкIэ, уи узыншагъэр щебгъэфIэкIуэнкIэ зихуэдэ щымыIэ щIыналъэу къэзылъытэхэр мащIэкъым. Уэ абы дауэ уеплърэ, Жамболэт?
- Уи упщIэм ехьэлIауэ мыр къыхэзгъэщынут. Сэ иджыблагъэ мазэ псокIэ сыщыIащ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым Эльбрус посёлкэм щиIэ базэм. Абы щылажьэхэм къахуэ­кIуэхэр яхуэарэзыщ, дахэу къа­­зэрыхущытым, къазэрыхуэсакъым, къазэрелIалIэм къыхэкIыу. ПщафIэхэм ягъэхьэзыр шхыны­гъуэхэр Iум иткIухьу гурыхьщ, IэфIщ. Турбазэм и пщIантIэшхуэр ихъуреягъкIэ метритI зи лъа-          гагъ гъущI хъаркIэ къахухьащ. Жы­гышхуэхэм я нэхъыбэр уэздыгъейщ. ЩIэщI цIыкIухэр адэкIэ-мыдэкIэ дащIыхьащи, укъыщыувыIэурэ зыщыбгъэпсэхуи, ущы­­зэдэуэршэри мэхъу. Къэ­жы­­хьыпIэ папщIэу яукъуэдия, зи кIыхьагъыр километрым щIигъу лъагъуэри и къабзагъэкIи зэIузэпэщ зэращIамкIи, узэ­хъуэпсэнщ. Абы и Iуфэхэм, сэмэгумкIи ижьымкIи, метр 50 къэс тетIысхьэпIэ зыкъизыххэр Iутщи, ­хуейм зыщригъэщI мэхъу. Апхуэдэуи, пщIантIэм къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ къыщ­хьэщыт бгым и лъабжьэм деж концерт гъэлъэгъуапIэ инышхуэ щытщ. ЩыхьэщIэхэм унафэщIым псыгуэн нэгъунэ къа­хузэригъэпэщащи, абы хэс бдзэ­жьейхэр къэзыубыдым ахэр асы­хьэтым, зэрыхуейм хуэдэу, хуа­гъажьэ. Зыщызыгъэпсэхухэм ди­ректорыр зэман-зэманкIэрэ яIуо­щIэ, дунейм къыщекIуэкIхэм яхутопсэлъыхь, хъыбарыщIэхэмкIэ ядогуашэ. ЩIыбым ущыдэткIэ, узэрыщыбауэ жьыр сыт и уасэ? Зы псалъэкIэ къыжысIэнщи, мыбдежым псори зыхуэщIар тэмэму зыщыбгъэпсэхунымрэ уи узыншагъэр щебгъэфIэкIуэнымрэщ. Илъэс къэс мы щIыпIэм мазэ псокIэ сыщоIэри, гу зылъыстар аращи, Iутхэм я лэжьэкIэри, я цIыху бгъэдыхьэкIэри, унэхэм я зехьэкIэри ефIакIуэ зэпытщ. ПщIантIэр зыхъумэхэм дзэ частым къулыкъу щрахьэкIым хуэдэщ. Зы цIыху щымыщу дагъэхьэнукъым. ХьэщIэщ бэлыхь яIэщ, я тепIэнщIэлъынкIи, унэлъащIэкIи, цIы­хур нэхъ зыхуэныкъуэхэмкIи къы­зэгъэпэщауэ.
Ди псалъэмакъым и кIэухыу жысIэнур аращи, сэ ноби сы­хьэ­­зырщ лъэпкъым, хабзэм, нэ­мысым тегузэвыхь дэтхэнэми седэIуэну, акъылэгъуи дэIэпыкъуэгъуи, зэрахуэфащэкIэ, сахуэхъуну, чэнджэщ естыну. Гупсысэ узыншэ зыбгъэдэлъ, ар нахуапIэ сщIарэт жызыIэм зыщIэзгъэкъуэфынущ, и Iуэхур згъэкIуэтэфынущ. Сызипашэ цIыхубэ зэгухьэныгъэм хэщIапIэ иIэщ - Налшык къалэ, Ахъуэхъум и цIэр зезыхьэ уэрам, 137-нэ унэ, 36-нэ пэш, телефоныр - 77-75-30.
- Упсэу, Жамболэт. Уи къару илъу, лъэпкъым жыджэру ухуэ­лажьэу Тхьэм иджыри куэд­рэ уигъэпсэу!

 

Тхыгъэри сурэтри КЪУМАХУЭ Аслъэн ейщ.
Поделиться: