Дунейм щыхъыбархэр

2021 гъэм и махуэшхуэхэр

Урысей Федерацэм и Правительствэм и УнафэщI Мишустин Михаил Iэ щIидзащ дызы­хуэкIуэ илъэсым и махуэшхуэхэу цIыхухэм зыщагъэпсэхунухэр щыубзыхуа унафэм. Нэхъапэм хэмытауэ мы гъэм абы зэхъуэкIыныгъэу хэлъыр 2021 гъэм и дыгъэгъазэм и 31-р мылэжьэгъуэ махуэу зэрагъэуварщ.

Гъэр къызэIузых щIышылэм и япэ махуипщIыр - мазэм и 1-м къыщыщIэдзауэ и 10 пщIондэ - Илъэ­сыщIэ зыгъэпсэхугъуэу щытынущ. Мазаем махуищкIэ дыдэсынущ - Хэкум и хъумакIуэм и махуэм и щIыхькIэ мазаем и 21 - 23-хэм зыдгъэпсэхунущ. ЦIыхубзхэм я дунейпсо махуэр - гъатхэпэм и 8-ри махуищкIэ дгъэлъэпIэнущ.
Накъыгъэм хиубыдэ гуфIэгъуэхэм папщIэ ма­хуихкIэ дыдэсынущ. Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ я махуэм и саулыкъукIэ мазэм и япэ махуищым - и 1 - 3-хэм - цIыхухэр дэсыну ягъэуващ. ТекIуэныгъэ Иным и махуэм и щIыхькIэ накъыгъэм 8 - 10-хэр мылэжьэгъуэ махуэщ. Урысейм и щхьэхуитыныгъэм и махуэ мэкъуауэгъуэм и 12-м махуищ зэкIэлъыкIуэкIэ дыдэсынущ - мэкъуауэгъуэм и 12 - 14-хэм.
Бжьыхьэр къихьэхукIэ махуэшхуэхэр зэпоу. КъыкIэлъыкIуэ махуэшхуэр - Урысейм и щхьэхуитыныгъэм и махуэ щэкIуэгъуэм и 4-р махуэкуу тохуэри, махуиплI зэкIэлъыкIуэкIэ цIыхухэр дагъэсыну траухуащ.
Унафэм щIыгъущ ягъэIэпхъуа махуэхэм ятеухуа гурызыгъаIуэхэри. Къапщтэмэ, мэремым техуэ щэкIуэгъуэм и 5-мрэ дыгъэгъазэм и 31-мрэ мылэжьэгъуэ махуэу щIагъэувым и щхьэусыгъуэр къыбгурегъаIуэ абы. Япэм къагъэIэпхъуэ 2021 гъэм и щIышылэм и 2-р, етIуанэм щIышылэм и 3-р. Ахэр илъэсыщIэ махуэшхуэхэм хохьэ, арыншами цIыхухэр дэсын хуейуэ. Аращи, щыIэ хабзэм ипкъ иткIэ, ахэр нэгъуэщI махуэхэм бгъэIэпхъуэу цIыхухэр дэбгъэс хъунути, апхуэдэу ящIащ.
Щэбэт, тхьэмахуэ зыгъэпсэхугъуэхэм нэмыщI, илъэсым и кIуэцIкIэ цIыхухэр махуэ 29-кIэ дэсынущ. Псори зэхэплъхьэмэ, дызыхуэкIуэ илъэсым и махуэ 365-м щыщу мылэжьэгъуэу щытынущ 118-рэ.

Нобэ

♦ЦIыхубзхэм залымыгъэ якIэлъызехьэным пэ­щIэтыным и дунейпсо махуэщ. ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм 1999 гъэм дыгъэгъазэм и 17-м къищта унафэмкIэ ягъэуващ ар.
♦Урысейм и мамырщIэкъу дзэхэм я махуэщ
♦Боснием и къэралыгъуэм и махуэщ
♦1339 гъэм
Москва Кремлым жыгейм къыхэщIыкIа и блынхэр зэтелъхьэн щIадзащ.
♦1735 гъэм ягъэжащ Пащтыхь-тхьэгъушыр.
♦1741 гъэм Черкасский Алексей (адыгэщ) и пщэ иралъхьат Пётр Езанэм ипхъу Елизаветэ императрицэр и къулыкъум зэрыпэрыувэну манифестымрэ абы ищIыну тхьэрыIуэмрэ зэхилъхьэну.
♦1867 гъэм Швецием щыщ химик, инженер Но­бель Альфред иратащ динамитыр къызэригупсысам щыхьэт техъуэ патентыр.
♦1935 гъэм СССР-м щагъэуващ «ЩIыхьым и Дамыгъэ» орденыр.
♦1942 гъэм Iэ щIадзащ совет-франджы зэгурыIуэныгъэм. Абы ипкъ иткIэ къызэрагъэпэщауэ щытащ кхъухьлъатэзехуэхэм я «Нормандие - Неман» эскадрилье цIэрыIуэр.
♦1810 гъэм къалъхуащ урыс хирург, академик Пирогов Николай.
♦1925 гъэм къалъхуащ СССР-м и цIыхубэ артисткэ Мордюковэ Ноннэ (и цIэ дыдэр Ноябринэщ).
♦1927 гъэм къалъхуащ литературовед, критик, УФ-мрэ КъБР-мрэ щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ яьакIуэ лэж Шэвлокъуэ Пётр.
♦1933 гъэм
къалъхуащ тхакIуэ, публицист, АР-м щIыхь зиIэ и журналист ЛIыхъусэжь Хьэжрэтбий.
♦1973 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэм я доктор, АКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик ХъуакIуэ ФатIимэт.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэс къыщесынущ. Махуэм хуабэр градуси 2, жэщым щIыIэр градуси 3 - 1 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Анэ шыпхъу анэ палъэщи, адэ къуэш адэ палъэщ.

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

27.03.2024 - 15:00 НОБЭ
26.03.2024 - 08:01 НОБЭ
25.03.2024 - 12:07 НОБЭ
22.03.2024 - 15:54 Псым и махуэ