Шэрджэс Екатеринэ

«Екатерина Черкеза» цIэмкIэ тхыдэм къыхэна бзылъ­хугъэр Молдовэ къэралыгъуэм и пащтыхь Лупу Васи­лий и щхьэ­гъусэу щыта адыгэпхъут. «Молдовэм и тхыдэм зи цIэ къыхэна зы бзылъхугъэ - Шэрджэс Екатеринэ» («Екатерина Черкешенка - жена гос­подаря Василия Лупу. Судьба одной женщины в истории Молдовы») - ар и фIэщыгъэщ нобэ ди щIэ­джы­кIакIуэхэм фи пащхьэ итлъхьэну тфIэи­гъуэ лэжьыгъэм. Ди лъэпкъэгъу бзылъхугъэр нэхъ гъунэгъуу къыдэзыгъэцIыху Заболотная Лилие Молдавием щыщ тхыдэджщ, а къэралым ЩIэ­ныгъэ­хэм­кIэ и академием и лэжьакIуэщ.

Лупу Василийрэ Екатеринэрэ щхьэ­гъусэ зэрызэ­хуэхъуам теухуауэ тхыдэ щIэныгъэм нобэр къыздэ­сым къыджиIэр мащIэщ, упщIэ куэд жэуапыншэу ­къонэ. Япэрауэ, сыт хуэдэ политикэ щхьэусыгъуэт Лу­пу ­Василий адыгэ пщащэ къишэн хуей щIэ­хъуар? ЕтI­уанэрауэ, сытыт а нэчыхьыр ятхыным апхуэдизу щIепIэ­щIэкIар? Ещанэу, хъыбархэм къы­зэрыхэщымкIэ, пащтыхьыр и шэрджэс къэ­шэным иджыри и япэ ­щхьэгъусэр псэууэ щIэуп­щIа хуэдэу мэхъу. Сытыт ар къызыхэкIар? ЕплIанэу, сытыт ­Лупу Ва­силий и нэ­чыхьыр тырку сулътIаным ­къабыл ищIын щIыхуейр? Апхуэдэ унафэ къыщащтэр Европэм щыпэрыт пащтыхь унагъуэхэр благъэ щызэ­хуэхъум дежт. Адыгэхэм ящыщ лъэпкъ щхьэхуэхэр ­тырку сулътIаным и унафэ щIэту къалъытэрт а ­зэ­маным.
Дин тхыдэтх Костин Ми­­-рон пащтыхьым и унагъуэм теухуауэ мыр къыджеIэ: «Лупу ­Василий и къуэ Иоан сымаджэ­рилэти, ягъэ­хъу­жын папщIэ Царьград иригъэша щхьэ­кIэ, щIалэм зыри сэбэп хуэмыхъуу и псэр хэкIауэ щытащ. Куэд дэ­мыкIыу и ­къуэм кIэлъыкIуэжащ Василий и щхьэ­гъусэ Ту­доскэ. Гуащэр дунейм ­ехыжа нэужь, господарым (апхуэдэущ молдаванхэм я пащтыхьым зэреджэр) и лIыкIуэ Катаржи ­Енаки Шэрджэсейм щыщ мыр­зэ гуэ­рым и пхъум лъыхъу хуигъэ­кIуащ».
Нысашэр КърымымкIэ къызэрыкIуэцI­ры­кIам щы­хьэт тохъуэ а зэманым а щIыпIэм щыIа католик дин къыхуеджа­кIуэ Барси Ник­колэ. «Къэгъэзэжыгъуэр. 1639 гъэ» зы­фIища гукъэ­кIыж тхылъым Барси щы­топсэлъыхь «Шэрджэсейм щыщ нысащIэ дахащэр ­господарым хуэзышэ Ка­таржи Енаки хуэзэну насып къызэрыхуихуам». «ЛIы­кIуэм­ Шэрджэсей къэралыр зэрыщыту къызэхикIухьащ, а къэшэн дахэ дыдэр къигъуэтын ипэкIэ, - къыпещэ адэкIэ Барси. - Абы пщащэм и адэм дукат 1000; и анэм - 500; хъаным - 1000 яритащ. (А зэманым Къры­мым щытепщэр тэтэр хъан Бэхъэдыр Джэрийт). Ны­сащIэр я гъусэу лIыкIуэхэр сэри сыздэщыIэ Бэхъ­шы­сэрейм 1639 гъэм, шы­щхьэу­Iум и 19-м къэсри, ­хъаным и нэIэ щIэт цIыхуи 150-рэ зыхэт гупыр иджыри молдаван 60 ядэщIыгъуу Очаков бы­дапIэм пэгъунэ­гъуу щепсыхахэт. Арати, жэ­щым, сыхьэтитIым ирихьэ­лIэу, абыхэм я деж Силист­рэм и пэщэ Нэсухь Хъусейн и цIыхухэр йокIуалIэри, шэрджэс пщащэр я тепщэм ­папщIэ къратыну унафэ  ящI. Молдаванхэм я нэхъыжьым жэуап къаритащ: нысащIэр пащтыхьым и ­къэ­шэнщ, кърым хъаным и анэмэтщ, ягъэпуду идэнукъым. Пэщэм и лIыкIуэр цIыху губзыгъэти, молдаванхэм ящыщу цIы­хуитI-щы и гъусэу ягъэкIуэну чэнджэщ яритащ, Нэсухь Хъусейн гурыIуэн папщIэ. «Мус­лъымэн диным ит хъы­джэбзыр чыристан пащ­ты­хьым щхьэгъусэ хуэхъункIэ Iэмал иIэкъым», - жиIэурэ шхы­дэрт ар. Молдаванхэм я лIыкIуэм хъы­джэбзыр зэры­чыристаныр щыжиIэм, я фIэщ хъуакъым. Iуэхур зэ­хагъэкIын ­папщIэ, адыгэ ­пщащэм аргуэру лIыкIуэ хуа­гъэ­кIуэну мурад ящIащ. Мол­даван лъыхъухэм ­хъы­джэбзыр тыркухэм къра­мы­гъэгъуэтын щхьэкIэ гуимэ гъэщIэ­рэщIам кърагъэ­тIысыкIри шэрхъитI зы­щIэт гум ирагъэтIысхьат. ИтIани, ар къагъуэтам къыщымы­нэу, абы ехъуэпса ­пэщэм зэры­муслъымэнымкIэ зы­къиу­мысыну пиубыдащ пщащэм. Зылъэгъуа­хэм ­зэ­ра­Iуэтэ­жым­кIэ, пщащэм гъуэгыурэ тхьэ иIуэрт жаIэ зэры­чыристанымкIэ, уеблэмэ пэщэм и нэкIэ ­илъагъуу кхъуэл ишхырт. Молдаван лIы­кIуэ­хэми замы­гъэгувэу          я зиусхьэным хъыбар лъагъэIэсати, господарым кърым ­хъанымрэ тырку сулъ­тIа­нымрэ «къыдэIэпыкъуну» захуигъэзащ.
ЯпэщIыкIэ хъаным пащэм лIыкIуэ ­хуегъакIуэ, хъыджэбзыр зэрычыриста­ным нэ­мыщI, молдаван пащты­хьым и къэшэнщи, зэран ухуэмыхъуу и гъуэгур къы­хузэIух, жеIэри. Нысашэр езыгъэжьа Лупу Василий пщащэм ехъуэпса пэщэм дукат 3000 къыхуригъэхьа щхьэкIэ, мыдрейм иджыри зрилъэфыхьырт. Ауэ тырку сулътIаным и лIыкIуэхэри къэсу, пщащэр имыу­тIыпщ­мэ, укIкIэ тезыр зэрытралъ­хьэнумкIэ хъыбар ирагъэщIа нэужь, адыгэ хъы­джэбзыр къызэры­лъы­мы­сынур къызыгурыIуа Нэсухь Хъусейн иджыри дукат 2000 иратыну япиубыдри, нысащIэр адэкIэ яшэну хуит ищIащ».
1639 гъэм и фокIадэм ­пащтыхьым и лIыкIуэхэм лъыхъу къалэнхэр зэфIагъэкIри, Молдовэм и къалащхьэ Яссы къэсыжакIэт.
Езы нысащIэми абы и унагъуэм теу­хуауи зыми ды­щыгъуазэкъым. Тхыдэтх­хэмрэ дин къыхуеджа­кIуэ­хэмрэ я тхыгъэхэм къыхощ пщащэр лъэпкъ хэIэ­тыкIам зэрыщыщыр. Абы и Iуэхум езы кърым тэтэр хъаныр къыкIэлъыплъырт. Езыми, и адэ-анэми, и гъусэу кIуа и дэлъху нэхъыщIэми я цIэхэр тщIэркъым. «Ека­теринэ» цIэр чыристаныцIэу аращи, ­пщIэну щыткъым, нэчыхьыр къабыл ящIын ­папщIэ ди­ныр ирагъэхъуэжауэ къы­щIэ­кIынри хэлъщ.
Гу лъытапхъэщ нысащIэм и Iыхьлым зэрыгурыIуа щIы­кIэми. Муслъымэн хабзэм­кIэ псэлъыхъум уасэ къытехуэу ­къалъытэ. Молдаванхэм я нысашэ лIыкIуэхэр ­муслъымэн унагъуэхэм щы­зэрахьэ хабзэм хуэхьэзыру зэрагъэпэщат. Лъыхъухэм нысащIэм и адэ-анэм иратын хуей ахъшэр яIыгът. Абы ищIы­IужкIэ, молдаван господарым кърым ­хъанми и Iыхьэ лъигъэсат, адыгэ пща­щэр къишэну арэзы хъун ­папщIэ. Иужь­кIэ, Силистрэм и пэщэ Нэсухь Хъусейн нысашэр къыщиугъэувыIэм, Молдовэм икIа лIыкIуэхэм абыи уасэ иратат, зэран къахуэмыхъун папщIэ. Мыхьэнэ иIэщ ­нысащIэр «къызэращэхужа» уасэм и ­инагъми. Пщащэм и адэми тэтэр хъан ­Бэгъэтыр Джэрии дукат 1000 зырыз яIэрыхьащ. НысащIэм и анэм - тIукIэ нэхъ мащIэ - дукат 500. Пэщэм дукат 3000 ­иратащ - адэми анэми иратам нэхърэ тIукIэ нэхъыбэ.
Барси Никколэ зэритхыжымкIэ: «Тхьэ­Iухуд хъун папщIэ Афродитэ бзылъху­гъэм зэрыхуэупсэ псори зыбгъэдэлъ пщащэт Екатеринэ». Лупу Василий и щхьэ пщIэ хуэзыщIыж пащтыхьт икIи политик жыжьаплъэт, къэкIуэнур и нэгу къыщIигъэхьэфу. Абы и мурадт и тепщэгъуэм ­нэхъри зригъэубгъуну. И къуэ закъуэ Иоан Валахием и тепщэ ищIыну зигъэхьэзыра щхьэкIэ, щIалэр дунейм ехыжа нэужь, и мурадхэм зэрызихъуэжам ищIыIужкIэ, лIэужьыншэу къэнати, фIыуэ къыгуры­Iуэрт и ужь къинэн щIэблэ зэригъэпэщын зэрыхуейр. Абы къыхэкIыу бын узыншэ къызыщIэхъуэн, узыншагъэ быдэ зиIэ щхьэгъусэ щIалэ къилъы­хъуэрт. Зыхэда псоми Шэрджэс Ека­теринэ ­къахихащ. Ар къызэрыхъуа ­щIы­кIэм щыхьэт техъуэ дэфтэрхэр мащIэ дыдэщ. Ауэ тепсэлъыхьыжхэм зы­жьэу жаIэ пащтыхь унагъуэр политикэ лъабжьэ иIэу, молдаванхэмрэ тэтэрхэмрэ зэ­рыубыдын плъапIэкIэ зэраухуар.
Шэрджэс Екатеринэ и теп­лъэм теухуа хъыбар къы­зэ­рымыкIуэ къыщIэнащ 1644 - 1650 гъэхэм Молдовэм щы­Iа католик ­щихънагъ Банди­ни Маркэ. 1647 гъэм екIуэкIа махуэшхуэм и гугъу ищI­кIэрэ, абы итхыжырт: «Господарыр тахътэм ист. ЛъэбакъуипщI хуэдизкIэ абы пэIэщIэу сэмэгурабгъум­кIэ илъэсипщI, илъэсибл ныбжь­хэм ит и къуитIыр нэ­гъуэщI тахътэм ист. Лъэбакъуэ тIощIкIэ пащтыхьым, лъэбакъуипщIкIэ и къуэхэм япэIэщIэу ­пащтыхь гуащэр ещанэ тахътэм ист, и щIалэхэр тыншу илъагъун хуэдэу, и тIы­сыпIэр и кум ­хуэгъэзауэ.
Псоми я щIыбагъым шу 10000 нэс зыхэт шуудзэр къыщытт, асыхьэтым шы­хэм ­къепсыхауэ. ЦIыхубэм я бжыгъэр 20000-м нэсынт. Езы пащтыхьыр щыгъын ­лъапIэкIэ зэщыхуэпыкIат, и фащэм дыщэ ахъшэ 10000 и уасэнт. Гуащэр дукат     400000-м нэблэгъэн зи уасэ нал­къутышхуэхэмрэ ­мы­щIэплъхэмрэ зыхэгъэ­тIысхьа Iэпщэхъу, Iэлъын, лэрыпсхэмкIэ гъэщIэрэ­щIат. Пащтыхьыр лъагэ ­ды­дэтэкъым, ауэ лIы зы­Iэ­щIэлът, къа­мылыфэт, и нэкIущхьэ тхъуэплъыр лыд­рэ и натIэ лъагэм къытещ набдзэхэри, и пащIэ-жьа­кIэри фIыцIэу. И щхьэгъусэ уардэм хуэфащэ, Iэпкълъэпкъ зэкIуж зиIэ гуащэм         и нэкIу лъагъугъуафIэм ­гущIэгъурэ гу щабагърэ ­къищырт, езыри цIыху гумащIэт, и унафэ щIэтхэм зэра­хуэгуапэр наIуэу».
Екатеринэ къыщIэхъуа щIалищым ящыщу тIур сабийуэ дунейм ехыжат. ­Пащтыхьым и япэ щхьэ­гъусэм дигъуэта хъыджэбзитIым - Мариерэ Руксанд­рэрэ - анэфI яхуэхъуат ­гуащэр, ипхъу дыдэ фIэкIа ямыщIэу. Екатеринэ чыристан тхьэелъэIупIэхэм зэре­лIалIэмкIи къы­хэнащ тхы­дэм. Челеби Эвлия зэритхыжымкIэ, пащтыхь гуащэм Голия цIэр зезыхьэ къулъ­шырыфым и ухуэны­гъэм мылъкушхуэ хилъхьащ. Дунеяплъэ цIэ­рыIуэм зэритхыжымкIэ, а тхьэелъэIу­пIэм «адыгэхэм къахэкIа ­гуащэм и цIэр зэрихьэрт, зэрыжаIэмкIэ, ар Деруиш Мэхь­муд пэщэм и шыпхъум ипхъут».
Екатеринэ теухуауэ иужь­рей тхыгъэм дыщрихьэлIэр 1666 гъэм гъатхэпэм и 1-рщ. ИпэжыпIэкIэ Молдовэм и тхыдэм къыхэна мы шэрджэс бзылъхугъэм и къе­кIуэкIыкIар нобэми нэгъэ­сауэ джа ­хъуакъым. ИтIани, напэкIуэцI куэдым къы­хощ Шэрджэс Екатеринэ «бзылъ­хугъэ лъагъугъуафIэ дыдэу, и щхьэгъу­сэм гурэ псэкIэ етауэ, езым къыщIэхъуахэми и мылъ­хубынхэ­ми яхуэгумащIэу, чли­сэ­хэмрэ къулъ­шы­рыф­хэмрэ мылъкушхуэ ятри­гъэкIуа­дэу, Iуэху зэ­хэзэ­рыхьы­гъуэ­хэм деж акъы­лышхуэ къы­зыкъуи­хыу зэ­рыщытар».

Зыгъэхьэзырар ЧЭРИМ Марианнэщ.
Поделиться: