Лышхыр дуней псор зыпэщIэт узыфэщ

Языныкъуэхэм жаIэ лышх узыфэ шынагъуэр цIыхум и зыужьыныгъэм къыдэунэхуауэ, цIыхур щIыуэпсым пэжыжьэ зэрыхъуам, ерыскъы тэмэм зэримышхым, хьэуар зэрымыкъабзэм къыхэкIауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм, Урысейм и адрей щIыналъэхэми хуэдэу, щыхэхъуащ лышх узыфэр зыпкърытхэм я бжыгъэм. Ди щIыналъэм щыпсэу цIыху 2543-м 2017 гъэм къалъыкъуэкIащ лышхыр (2016 гъэм - 2398-м).

Сыт лышхыр зищIысыр?

Лышхыр зэрыцIалэ узкъым, псом япэращи. ЦIыхум и зэхэлъыкIэр апхуэдэу зэтеухуащи, зэрызэпкърылъ пкъыналъэхэм (клеткэхэм) ящыщ мыузыншэмэ, езыр-езыру щыкIуэдыж, «зыщиукIыж» къохъу. А Iуэхугъуэм зэреджэр апоптозщ. Ауэ, иныкъуэхэм деж апхуэдэ пкъыналъэхэм замыгъэкIуэдыжын папщIэ, захъумэж щIыкIэу, загуэшын, хэхъуэн щIадзэри, дызытепсэлъыхь лышх шыкъырыр къоунэху. Аращ а узым и екIуэкIыкIэр - пкъыналъэ «Iейр» машхэ, къыбгъурылъ пкъыналъэхэм хохьэ, хохъуэ, цIыхум и гуащIэр, къарур щIихыу. Абы зэреджэр канцерогенезщ. Хуэм-хуэмурэ, лышх шыкъырыр хэхъуэху, цIыхум жьы хуримыкъуу, къару имыIэжу, мышхэжыфу, ишхIами емызэгъыу, плъыржьэрыр щхьэщымыкIыу, махэ мэхъу.
Канцерогенезым хуэкIуэным щхьэусыгъуэ куэд иIэщ: щIыуэпсыр, дыгъэм, техникэм къапкърыкI радиацэр, шхын мыузыншэр, дуней тетыкIэр, тутыныр, узыншагъэмкIэ зэран зыпылъ лэжьыгъэр, анэдэлъху узыфэр, нэгъуэщIхэри.
УрысыбзэкIэ абы дызэреджэ «ракыр» къызытекIари, лышх шыкъырыр теплъэкIэ елыркъэшым ещхьщи аращ.
ЗэрыгурыIуэгъуэщи, лышхыр зы лIэужьыгъуэм икIыу адрей лIэужьыгъуэм хуэкIуэурэ хохъуэ. Ар цIыхум и щIыфэм е бзылъхугъэм и бгъэм къыхэкIамэ, гугъуехьыншэу гу лъыптэнущ, ауэ кIуэцIым щыIэмэ, къыпхуэмыщIэурэ хэтIэсэнущ.

Лышхым и лIэужьыгъуэхэр

ЦIыхум лышхыр къеузу къыщахутам деж «лIэужьыгъуэ» псалъэр дыщIагъу. Лышх шыкъырым зэрызиужьар къигъэлъагъуэу аращ абы. КъызэрыгуэкI цIыхум ицIыхур лIэужьыгъуиплIщ икIи псом хуэдэу еплIанэм нэхъ щошынэ, ауэ дохутырхэм нэхъыбэу зэщхьэщагъэкI лышхыр:
• 0 лIэужьыгъуэм деж лышхыр къыщыунэхуа щIыпIэм иджыри къыхэщыркъым, хэхъуакъым, ауэ Iэмал гуэркIэ къахутэмэ, лъэужьыншэу яхуогъэхъуж;
• 1-нэ лIэужьыгъуэм деж Iэпкълъэпкъым лышх шыкъыр зэрыхэлъыр къэгъуэтыгъуейкъым, сыту жыпIэмэ, хохъуэри зыкъыуегъащIэ. Апхуэдэ лIэужьыгъуэм деж лышхым Iэпкълъэпкъыр зэщIищтэну (метастазэ) хунэскъым, и чэзум уеIэзэн щIэбдзэмэ, хъужынкIэ угугъэ хъунущ;
• 2-нэ лIэужьыгъуэм деж шыкъырыр нэхъ ин мэхъу, кIуэцIфэцIым щыщу нэхъ зыпэгъунэгъухэми хохьэ, лимфоузелышхуэхэм зрет. НобэкIэ нэхъыбэу къахутэр 2-нэ лIэужьыгъуэм ит лышхыр аращ. Къыхэгъэщыпхъэщ 2-нэ лIэужьыгъуэр гъэхъужынымкIэ ехъулIэныгъэфIхэр зэрыщыIэр;
• 3-нэ лIэужьыгъуэм деж лышх шыкъырыр инщ, кIуэцIфэцIхэм щыщхэм, лимфоузелхэмрэ лъымрэ хэтщ. Апхуэдэм деж лышхыр къахуэгъэувыIэнымрэ сымаджэр яхуэгъэхъужынымрэ куэдым елъытащ: шыкъырыр зыхэлъым, цIыхум и узыншагъэм, ныбжьым, нэгъуэщIхэми. 3-нэ лIэужьыгъуэр щагъэхъужи щыIэщ, операцэм Iэпкълъэпкъыр пэмылъэщу цIыхур щылIи къохъу е, операцэр сэбэп мыхъуауэ, цIыхум ар къыхуонэ, адэкIи зеужь;
• 4-нэ лIэужьыгъуэр псом нэхърэ нэхъ хьэлъэщ икIи яхуэгъэхъужыркъым: шыкъырыр инышхуэщ, Iэпкълъэпкъым хуиту зриубгъуащ, цIыхум къыхуэнэжыр - узыр щхьэщызых хущхъуэ зрихьэлIэнырщ. Арами, лышхым и 4-нэ лIэужьыгъуэр зыпкърыт цIыхухэр илъэс бжыгъэкIэ щыпсэужи къохъу.

Лышхыр къызыхэкIыр

Лышх узыфэр цIыхум куэд щIауэ ицIыхуми, ар къызыхэкIыр нобэр къыздэсым къахуэщIакъым. Дауи, щыIэщ Iуэху еплъыкIэ зыбжанэ. Ахэр зэхэплъхьэжрэ уриплъэмэ, цIыхум нэхъыбэу зытригъэчыныхьыр дыкъэзыухъуреихь дунейм къыпкърыкI радиацэмрэ щIыуэпсыр Iей зэрыхъуамрэщ. Лышхыр вирус зэмылIэужьыгъуэхэм къыхэкIыу къэзылъытэ щIэныгъэлIхэри щыIэщ. Пэжыр пэжщ - а псори зэщIыгъуу цIыхум и узыншагъэм йогуауэ, и ДНК-м зэран хуохъу.
КъищынэмыщIауэ, цIыхум къыдалъхункIэ хъунущ а узыр. Псалъэм папщIэ, цIыхум и адэ-анэм, адэшхуэ-анэшхуэм ефыкIамэ, езыри бэлэрыгъынкIэ Iэмал иIэкъым - а узыр анэдэлъхуу иIэнри хэлъщ.

Лышхыр зэрагъэхъуж Iэмалхэр

Лышх узыр зэрагъэхъуж Iэмалу 3 ецIыху нобэрей медицинэм: операцэ, луч терапие, химиотерапие. Къыхэгъэщыпхъэщ: цIыху къэс езым и узыншагъэм, лышхым и лIэужьыгъуэм, зэрызиубгъуам, и анализхэм тещIыхьауэ йоIэзэ. Къагъэсэбэпыну Iэмалыр зыхуэдэнум и унафэр дохутыр зыбжанэм ящI, зочэнджэщри.
Лышхыр къызэрахутэу, занщIэу еIэзэн щIадзэ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ищхьэIуэкIэ къызэрыхэдгъэщащи, «Iейр» псынщIэу хохъуэ, зэман дэпхынкIэ Iэмал иIэкъым.
Мыхьэнэшхуэ иIэщ узыкIэлъыплъыжынми. Дуней псор къапщтэмэ, 2000 гъэм лышх узыр зэфыкIхэм я бжыгъэр цIыху мелуани 10 ирикъурт, 2020 гъэм а бжыгъэр мелуан 16-м нэсыну жаIэ. Ар къэмыхъун папщIэ, дохутырхэр щIэх-щIэхыурэ зыкIэлъыгъэплъын хуейщ - лышхым и 1 - 2-нэ лIэужьыгъуэхэр хъарзынэу къахутэ икIи яхуогъэхъуж, хэбгъэтIасэмэ - ухъужыныр нэхъыбэм елъытащ.
А узыфэ шынагъуэр зыпкърытхэм я бжыгъэр Европэм процент 20-кIэ нэхъ мащIэ щыхъуащ, цIыхухэм тутын ефэн щагъэтыжа, я шхэкIэр тэмэму зэтраубла, дыгъэм нэхъ зыщахъумэу щIадза нэужь.
ЦIыхум и кIуэцIым лышхыр къыщыунэхуамэ, хэтIэсэху зыкъригъащIэркъым, къызэремыузым, узэремыIусэфым, зэрумылъагъум, шыкъырыр IэпэкIэ къызэрумыхутэфым къыхэкIыу. Апхуэдэу тхьэмщIыгъур процент 69-кIэ, чэр - 66,7-кIэ, тхьэмбылыр - 35,6-кIэ, лъатэр - 34,4-кIэ, кIэтIийр - 29,4-кIэ хэтIэсауэ къыщахутэ Къэбэрдей-Балъкъэрым. ИрагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, хэтIэсахэм я процент 54,6-р къызыхэкIар узыр зэрызыхамыщIэрщ, 36,9-р - къеузу, ауэ къафIэмыIуэхуу, зэман ямыIэу е сымаджэщым кIуэн шынэу езы сымаджэхэм я къуаншагъэщ, проценти 6,4-м - зрагъэплъын ядэххакъым, проценти 2,1-м - зэман куэдыIуэрэ кIэлъыплъу кърашэкIыурэ хагъэтIэсащ.

Бжыгъэхэр

Къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, лышх узыфэр гъэхъужынымкIэ дуней псом япэ увыпIэр щызыIыгъыр Израилыр аращ. Абы я Iэмэпсымэхэр нэхъ лъэщщ, узым и лIэужьыгъуэри зэрекIуэкIри нэхъ пэжу къащIэ.
Урысейр къапщтэмэ, цIыхухэр нэхъыбэу зыхьыр гу узыр аращ, етIуанэ увыпIэм щытщ лышхыр. Псалъэм папщIэ, Чувашием и цIыху мин 24,8-м къофыкI а узыфэ шынагъуэр. Апхуэдэу лышхыр щыетащ Челябинскэ областым. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, сымаджэ хъухэм я бжыгъэр проценти 10-кIэ хохъуэ илъэс къэс.
Языныкъуэхэм жаIэ лышх узыфэ зэфыкIхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым, Дагъыстэным, Ингушым щынэхъыбэу. Ауэ ар пэжкъым. КъБР-м цIыху мини 100-м хуэзэу цIыху 278-м лышхыр япкърытмэ, УрысеймкIэ цIыху мини 100-м хуэзэу 408-р сымаджэщ.
Урысейм зы илъэсым къриубыдэу а узыфэм цIыху мин 300 щолIыкI, абыхэм я процент 47-р цIыхубзщ, 53-р - цIыхухъущ. 2012 гъэм Урысейм сабий мин 20-м къефыкIырт лышхыр, икIи зи ныбжьыр илъэс 17-м нэмысауэ сабий мини 3,4-рэ къыхохъуэ а бжыгъэм гъэ къэс.
Лышхым цIыхушхуэ щолIыкI Венгрием, Новэ Зеландием, Данием, Канадэм, США-м. Ар къызыхэкIыу зыхуагъэфащэр мы къэралыгъуэхэм лыхэкI куэду зэрашхырщ. Гу лъытапхъэщ а узыр Македонием зэрыщымыцIэрыIуэм, къызэфыкIхэми я бжыгъэр зэрымащIэ дыдэм.
Шотландием, Ирландием, Великобританием тутын ефэхэр щыкуэдщ. Арауэ къыщIэкIынущ а къэралыгъуэхэм зи тхьэмбылыр лышхым иубыдахэм я бжыгъэм щIыхэхъуэр къызыхэкIыр.
КIэртIоф, прунж, крахмал куэдыIуэ щашх къэралыгъуэхэм зи лъатэр лышхым иубыдахэр щыкуэдщ. Апхуэдэщ Урысеймрэ Япониемрэ.
Азием и Ипщэ-КъуэкIыпIэ лъэныкъуэм, Африкэм и кум щыIэ къэралыгъуэхэм лышхым нэхъ иубыдыр тхьэмщIыгъуращ.

Зэрызыщыфхъумэнур

«Уз псори нервым къыхокI» жыIэгъуэр къэгъэсэбэпыпхъэщ мы Iуэхум епхауэ. Пэжщ, Iейм Iей къешэ. ЗэрытщIэщи, цIыхур зэрызэпкърылъ пкъыналъэхэм информацэшхуэ зэрахьэ. Абы къыхэкIыу, зэпымычу убампIэ, угубжь хъунукъым.
Лышх узым пэщIэдзэ хуэхъункIэ хъунухэм (канцерогенхэм) ящыщщ иджыпсту куэдым къагъэсэбэп компьютер томографиер (абы нэхърэ рентген сурэтыр нэхъыфIщ), пластикэ хьэкъущыкъухэр, машинэхэм къапиху Iугъуэр, тутыныр, куэдрэ щылъ ерыскъыпхъэхэр (ахэр щылъын папщIэ щхъухь зэмылIэужьыгъуэхэр халъхьэ), щIыгъэпшэрхэр, ерыскъы пшэрыр, асбестыр, илъэс куэд щIауэ зэрамыхъуэкIа бжьамийхэм къиж псыр, дагъэкIэ гъэжьа шхыныр, куэдрэ ягъэжьа, кIэрисхьа лыр (бгъавэмэ нэхъ сэбэпщ), хьэкъущыкъу зэратхьэщIхэр, щхьэр зэрахущIхэр, сабын зэмылIэужьыгъуэхэр, нэгъуэщIхэри.

Лышхым зэрызыщахъумэ Iэмалхэм ящыщщ:

• цIыхум махуэм ишхым и процент 20-рщ е нэхъ мащIэщ лыхэкIым хуэзэн хуейр;
• хадэхэкIрэ пхъэщхьэмыщхьэрэ куэду шхын хуейщ, зэрыцIынэу е бахъэкIэ гъэвауэ;
• дыгъэм зэрыхъукIэ зыщыфхъумэ;
• фи щIыфэм анэл тетмэ, фыкIэлъыплъ. Абы и фэм, и инагъым зэрызихъуэжым елъытауэ, «Iей» щыхъуж щыIэщ;
• IугъуэкIэ ягъэхьэзыра ерыскъым фыхуэсакъ, гъэвам нэхъ тевгъащIэ;
• бзылъхугъэхэр нэхъыбэрэ лъхуэныр, я сабийхэр быдзышэкIэ япIыныр фIыщ;
• микроволновкэкIэ шхыныр щывгъэхуэбэжкIэ, целлофаным ивмылъхьэ, абы хуэщIа хьэкъущыкъу зивгъэIэ;
• шхыныр пщтырыIуэу фымышх, шейр къэкъуалъэу фемыфэ - абы лъатэр, тэмакъыр, Iур Iисраф ещI;
• дзэ Iупх-Iуплъхьэ щевгъэщIкIэ, ар къызыхащIыкIым фыкIэлъыплъ, нэхъыфIыр нэхъ лъапIэрщ жыхуаIэр пэжщ;
• илъэсым зэ дохутырхэр зыкIэлъывгъэплъ.

Къыхэгъэщыпхъэщ, лышхым илIыкIхэм я нэхъыбэм къефыкIар я тхьэмбылыр арауэ дунейпсо къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуари.

ФЫРЭ Анфисэ.
Поделиться:

Читать также: