«Къэгъэзэгъуэ»

Налшыкдэсхэм ­къинэмыщIауэ, ди къалащхьэм щы­хьэ­щIэхэр я гуапэу здашэ «Тамерис» шхапIэр зей Едыдж Нихьаи зэрыадыгэгум щыхьэт техъуэ лэжьыгъэшхуэ ищIащ. Абы итхащ «Къэгъэзэгъуэ» зыфIища тхылъ. ГурыIуэгъуэщ Iуэхуншагъэм къы­зэрыхимыхар. Лъэп­къым хуиIуэтэжын иIэт Тыркум щыпсэу адыгэхэм ятеухуауи, и сабигъуэм къы­щыщIэдзауэ игу ириубыдамрэ и нэгу щIэкIамрэ итхыжащ, дызэригъэхъуэ­псэжын, ди хабзэ, ди бзэ, ди Хэку жыдигъэIэн папщIэ.

Нихьаи зи гугъу къытхуищIыр езым и къуажэжь Елэмэращ, Анталие къалэм километр 200 хуэдизкIэ пэжыжьэр.
- Си къуажэ Елэмэм дэсхэм Хэкур зэры­рагъэбгынэрэ илъэси 150-м нэблэгъащ. А пIалъэм къриубыдэу къуажэм зихъуэжащ, псэукIэм нэмыщI, бзэми, хабзэми,   гупсысэкIэми ехьэлIауэ. Псом ящхьэ­ращи, адыгэбзэр зэрытIэщIэхур нахуэу къэлъагъуэ хъуащ. АнэдэлъхубзэмкIэ дытхэну, деджэну, тредгъэдзэну, дгъэ­лэжьэну дызэрыхуимытам къытхуихьащ ар. Уэрэдхэр, джэгукIэхэр, щIагъыбзэхэр мэкIуэдыж. Аращ си къуажэ дэлъа бзэр, абы щаIуэтэж хъыбархэр, джэгукIэхэр       стхыжыну яужь сыщIихьар. Илъэс 40-кIэ     стхыжащ къуажэм теухуауэ сыт зэхэсхами. Си ныбжьэгъухэм сытрагъэгушхуащ зэхуэсхьэсар тхылъу къыдэзгъэкIыну, - жеIэ Нихьаи.
Едыдж Нихьаи и гугъу ещI Хэкур щIабгынам, Анта­лие къызэрыщыувыIам, елэмэдэс­хэм я IуэхущIафэм, нысашэ хьэгъуэлIы­гъуэр зэращI щIыкIэм, я къуажэм дэса лIа­къуэхэм, зи лъапсэ хэкIуэдэжа уна­гъуэхэм (цIыхухъу зэрамыIэжым къы­хэкIыу), Анталие Адыгэ Хасэ зэрыщау­хуам, дыщегъэгъуазэ къуажэхьхэм, псалъэжьхэм, псалъэ шэрыуэхэм, щIагъы­бзэхэм, псалъэ щып­къэ­­хэм, сабий джэгукIэхэм, къэкIыгъэцIэ­хэм, уэрэдхэмрэ ма­къамэ­хэм­рэ. Иужь-
­рейм теухуауэ гъэщIэгъуэныщэщ къиIуэтэ­жыр.
Шэгудж Хьэж­ефэн­ды «пщащэхэмрэ щIалэхэмрэ къы­зэ­дэ­фэ­ныр хьэ­рэмщ», жиIэу джэгухэм хэ­лъадэурэ башкIэ яхэуэу щIи­дзат. Арати, щагъэтащ.
1967 гъэм Нихьаи Анкара къалэм пшы­нэ къыщищэхури,   къуа­жэм ихьащ. Пшынэ еуэфу къуа­жэм д­э­сы­жым щы­щIэупщIэм, Хьэт­къуэхэ япхъу Хьэбибэ и гугъу къы­хуащIащ. ЩIалэр а нанэм деж кIуэурэ магнитофоным тригъэтхащ адыгэ макъамэхэр. ИтIанэ езым зригъэщIащ пшынэ еуэкIэ. Апхуэдэурэ мащIэ-мащIэурэ яублэжащ пщыхьэщхьэ зэхэсхэр.
Сыт мыр нэхъ къыщIыхэзгъэщхьэхукIар? Ди зэманым къафэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр аращ. ЩIалэгъуалэ хэхэсхэми хэкурысхэми адыгэбзэ зымыщIэ яхэтщ, ауэ къафэм димыхьэх щыIэкъым, абы зэрегъэцIыхуж ди щIэблэр. Аращ ­Нихьаи а зэманым игу къэкIам мыхьэнэ иIэу къыщIэслъытэр, зауэмрэ гугъуе­хьымрэ зигу ирауда лъэпкъым гупсэху­гъуэ къызыхих адыгэ пшынэр пэбу­быдыжыныр емыкIуу икIи гуэныхьу зэрыщытам и гугъ умыщIыххи.
«Къэгъэзэгъуэ» тхылъыр кIахэ псэ­лъэкIэмкIэ 2013 гъэм Мейкъуапэ къы­щыдэкIащ. Иджы ар къэбэрдей диалектым ­къригъэзэгъащ Нихьаи и ныбжьэгъу Абазэ Ибрэхьим.
Тхылъым сурэт куэд, пшыналъэхэр нотэкIэ тхыжауэ итщи, Елэмэм щагъэзащIэу щыта макъамэхэр къэзыгъэщIэрэщIэ­жыну хуей пшынауэхэмкIэ гъэщIэгъуэн зэрыхъунум шэч хэлъкъым.

 

Мэсей Маринэ.
Поделиться: