Дунейм щыхъыбархэр

ИлъэсыщIэ махуэшхуэхэм ехьэлIа зыгъэпсэхугъуэхэм тхьэмахуитIкIэ
пащэну къыхалъхьэ

Коронавирус узыфэм иубыда «гъунапкъэхэр» дызыхуэкIуэ щIымахуэми имыутIыпщынкIэ, уеблэмэ щытыкIэр нэхъри гугъу хъункIэ мэшынэ цIыхухэр икIи дэнэкIэ удаIуэми зэхэпхыр аращ.

Арауи къыщIэкIынущ «Урысейм и коммунистхэр» партым Iуэхур зытрищIыхьар - щэкIуэгъуэм и 11-м абы УФ-м и Правительствэм зыхуигъэзащ дызыхуэкIуэ 2021 гъэм и ИлъэсыщIэ зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм щIышылэм и 24 пщIондэ пащэну. Пандемием и зэранкIэ цIыхухэр зэрыдэсым щхьэкIэ лэжьакIуэхэм я улахуэхэр ямыубыдынуи къыхалъхьэ.
«Урысейм и коммунистхэр» партым и Комитет Нэхъыщхьэм къыбгъэдэкIыу сыныволъэIу ИлъэсыщIэм, Хьисэ бегъымбарыр къыщалъхуам ехьэлIа махуэшхуэхэр (2021 гъэм и щIышылэм и 1 - 10-хэм къриубыдэхэр) щагъэлъапIэкIэ цIыхухэм ­зыщагъэпсэхуну ягъэува зэманым иджыри тхьэ­махуитIкIэ пащэну, нэгъуэщIу жыпIэмэ, щIышылэм и 11-м къыщыщIэдзауэ и 24 пщIондэ лэжьакIуэхэр дэгъэсыным теухуауэ къыхэтлъхьэ Iуэхум фы­хэплъэну. Мыбдежым, 2020 гъэм и гъатхэм зэращIам хуэдэу, езыхэм я зэран хэмылъу цIыхухэр дэсын хуей щыхъуам абыхэм я улахуэхэр зэрыратам хуэдэу, иджыри апхуэдэ хуитыныгъэ яIэныр тэмэмщ», - щыжеIэ партым и ЦК-м и унафэщI ­Сурайкин Максим и тхыгъэм. Абы къызэрилъытэм­кIэ, сымаджэхэм я бжыгъэр кIуэ пэтми нэхъыбэ щыхъу, нэхъыкIэжыращи, дунейм ехыжхэри щымымащIэ мы лъэхъэнэм ар хэкIыпIэфIу щытщ узыфэр зэтеIыгъэнымкIэ, цIыху­хэр коронавирусым нэхъыфIу щыхъума хъунымкIэ. Нэхъ мыхьэнэ мащIэ иIэкъым ди къэралым къыщыщIагъэкIа вакцинэхэр цIыхухэм куэду ирахьэлIэным зыхуэгъэхьэзырынымкIэ Iэмал къазэрыритынуми. Партым къызэрилъытэмкIэ, апхуэдэ щIыкIэкIэ къэрал мылъкум хэIэбэн хуей зэрыхъур ирагъэкъужыфынущ бюджетым и гъэтIылъыгъэхэмкIэ, сыту жыпIэмэ, цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуа хъун папщIэ апхуэдэ хэкIыпIэхэр къагъэсэбэпыныр тэмэмщ. IэмалыншагъэкIэ унэм щIэсын хуей щыхъу зэманыр цIыхухэм трагъэкIуэдэфынущ я унагъуэхр зыхуей хуэгъэзэным, сабийхэм, адэ-анэхэм гулъытэ нэхъыбэ хуащIыным, дэтхэнэми и щIэныгъэм хигъэхъуэным, я псэупIэхэр зэрагъэпэщыжыным - хэти ищIэн игъуэтынщ.
«Урысейм и коммунистхэр» партым жэрдэмыр къызэрыхилъхьэу, ар зэрыдимыIыгъыр къигъэлъагъуэу абы пэджэжащ УФ-м ФедерацэмкIэ и Советым Социальнэ политикэмкIэ и комитетым и унафэщIым и япэ къуэдзэ Рязанский Валерий.
«Си гугъэкъым ар пхуэгъэзэщIэн Iуэхуу. Сабийхэм я зыгъэпсэхугъуэ зэманри ирикъунущ цIыхухэр зэхэмыхьэу щытынымкIэ, узыфэм зиубгъуныр къызэпыбудын папщIэ», - жиIащ абы.
«ЩIышылэм и 24 пщIондэ цIыхухэр дэбгъэсыным къокI щIышылэ мазэр, къанэ щIагъуэ щымыIэу, мылэжьэгъуэ пщIыныр - ар бюджетым и Iыхьэ епщыкIутIанэ мэхъу икIи а ахъшэр экономикэм зегъэужьыным хуэдунэтIын хуейуэ аращ, армыхъумэ апхуэдэу щIипкъухьын щхьэусыгъуэ щыIэкъым», - къыхигъэщхьэхукIащ Рязанскэм.
Москва къалэм и правительствэм сатумрэ цIыхухэм Iуэхутхьэбзэ яхуэщIэнымкIэ и департаментым и Iэтащхьэ Немерюк Алексей къалащхьэм щыIэ щытыкIэм и гугъу щищIым жиIащ илъэсыщIэ зэхыхьэхэри концертхэри зэрырамыгъэкIуэкIынур. Апхуэдэу щытми, цIыхухэр уэрамхэм къыдэмыхьэу унэхэм щIэсыну паубыдынукъым. ХьэрэкIытIэхэр драгъэлъэтейуэ, къакIухьу ИлъэсыщIэр кърагъэхьэну хуит ящIыну аращ жиIар. ИлъэсыщIэ жэщым ресторанхэмрэ клубхэмрэ зэрымылэжьэнумкIи хъыбар яригъэщIащ къулыкъущIэм.
ИлъэсыщIэр къихьэным мазэрэ ныкъуэм щIигъу иIэщ икIи абыхэм утепсэлъыхьыныр пасэIуэу къыщIэкIынущ, ауэ а Iуэхухэм иджыпсту и гугъу щIащIыр цIыхухэр зыкIи къамыгъэгугъэн, нэхъапэм хуэдэу Iэтауэ гуфIэгъуэр ирагъэкIуэкIыным щамыгъэгугъын щхьэкIэ хъыбар яригъэщIауэ аращ къызэрыбгурыIуэнур.
МыдэкIэ, партым къыхилъхьа Iуэхум къытебгъэзэжмэ, абы зэкIэ къэрал унафэ игъуэтакъым, ар зэлъытауэ щытынури Рязанскэм и Iуэху еплъыкIэрауэ къыщIэкIынукъым. Сурайкин Максим жиIар нэхъ текIуэнкIи хъунщ, къэралым узыфэм зэрызыщиубгъу щIыкIэм елъытауэ - абы хэкIыпIэ къыхуагъуэтыным ар тегъэщIапIэ хуащIу.

Нобэ

Нэфхэм я дунейпсо махуэщ
♦Гуапагъэм и дунейпсо махуэщ
♦Урысейм радиацэм, химическэ, биологическэ Iэщэхэм защыхъумэным хуэгъэпса и дзэхэм я махуэщ
♦Урысей Федерацэм Къэрал щэхур хъумэнымкIэ и IуэхущIапIэр къыщызэрагъэпэща махуэщ

1758 гъэм Москва къалэм и лъабжьэр щагъэтIылъащ Япэ медицинэ институтым (иджыпсту Сеченов И. М. и цIэр зэрихьэу Москва дэт медицинэ академиерщ).
1851 гъэм Москварэ Санкт-Петербургрэ зэпызыщIэ Николаевскэ (иджы Октябрьскэ) гъущI гъуэгур лажьэу яутIыпщащ.
1872 гъэм Толстой Лев и «Азбука» тхылъым и етIуанэ къыдэкIыгъуэр дунейм къытехьащ.
1918 гъэм Рязань къалэм къыщызэрагъэпэщащ хьэуа-десантыдзэхэм я унафэщIхэр щрагъэджэну училищэр.
1921 гъэм Москва къалэм къыщызэрагъэпэщащ Вахтангов Евгений и цIэр зезыхьэ Къэрал академие театрыр.
1850 гъэм къалъхуащ Шотландием щыщ тхакIуэ цIэрыIуэ, усакIуэ, «Остров сокровищ» романыр зытха Стивенсон Роберт.
1914 гъэм къалъхуащ совет инженер-конструктор, Мазэм кIуэным хуэгъэпса кхъухьхэр къэзыгупсыса Бабакин Георгий.
1929 гъэм къалъхуащ АР-м и цIыхубэ сурэтыщI, Адыгэ Республикэм и Гербыр зыщIа Мерэтыкъуэ Долэт.
1955 гъэм къалъхуащ зэдзэкIакIуэ, радиожурналист Мэремкъул Ларисэ.
1955 гъэм къалъхуащ США-м щыщ актрисэ, Америкэм и киносаугъэт нэхъыщхьэ псори - «Оскар», «Грэмми», «Тони» и «Эмми» жыхуаIэхэр - зыхуагъэфэща Голдберг Вупи.
1976 гъэм къалъхуащ урысей биатлонисткэ, Олимп Джэгухэм я чемпионкэ, дунейпсо зэпеуэ куэдым щытекIуа Ахатовэ Альбинэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 6 - 10, жэщым щIыIэр градуси 3 - 2 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Бейм я гугъу ящIурэ, тхьэмыщкIэм я уэздыгъэр мэс.

 

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

27.03.2024 - 15:00 НОБЭ
26.03.2024 - 08:01 НОБЭ
25.03.2024 - 12:07 НОБЭ
22.03.2024 - 15:54 Псым и махуэ