Курп Ищхъэрэм и тхыдэ жыжьэр

«История аула князей Ахловых» фIэщыгъэм щIэту ДыщэкI Хъызыр тхыдэр зи лъабжьэ тхылъ гъэщIэгъуэн иджыблагъэ къыдигъэкIащ.

«Принт Центр» типографием дунейм къыщытехьа тхылъ Iувым Алъхъо (Къаншыуей, Курп Ищхъэрэ) къуажэ дэс, дэса лIакъуэхэм ятеухуауэ дэфтэр хъумапIэхэм къыщигъуэта тхыгъэхэр, пасэрей сыныжьхэм къаIуэтэжхэр, лъэхъэнэ зэхуэмыдэхэм къуажэдэсхэм яIа псэукIэр, нобэрей гъащIэр къыщыгъэлъэгъуащ. Апхуэдэуи Хэку зауэшхуэм жылэдэсхэм къыщагъэлъэгъуа лIыгъэр, къэмылэнджыгъэр, къуажэм къыдэкIа цIыху цIэрыIуэхэр, нэгъуэщI куэдми ятеухуа тхыгъэхэм сурэтхэри дэщIыгъужу ущрихьэлIэнущ абы.
Нэхъ гъэщIэгъуэнхэм ящыщщ 1825 - 1905 гъэхэм къриубыдэу къуажэм щыпсэуа унагъуэхэр къыщыгъэлъэгъуа Iыхьэр. Ар щхьэпэщ зи адэжьхэм я цIэхэр къэзылъыхъуэ, къызыхэкIар зыщIэжыну щIэхъуэпс щIэблэм дежкIэ.
ДыщэкIыр илъэсих хъуауэ зэлэжь тхылъым и IыхьэфIыр Куржым щыIэ дэфтэр хъумапIэхэм къыщигъуэтащ. ЩIэщыгъуагъыу абы хэлъхэм язщ - унагъуэ спискэхэм бзылъхугъэхэм я цIэхэри къызэрыщиIуар. ЗэрытщIэщи, и нэхъыбэм бзылъхугъэхэр щхьэ бжыгъэкIэ къагъэлъагъуэу щытауэ аращ. Апхуэдэуи Хъызыр къигъуэтыжащ къуажэдэсхэм пасэм яIэу щыта шы дамыгъэхэр.
«Лъэпкъхэр» Iыхьэм нэхъыжьхэм щхьэж я лъэпкъым и хъыбарыр къызэраIуэтэжар щитхыжащ.
Тхылъыр дунейм къызэрытехьэу, Къаншыуей къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм лъэтеувэ щыхуащIащ. Абы кърихьэлIат щIыналъэм щыпсэу нэхъыжьыфIхэр, къуажэдэсхэр, администрацэм и лIыкIуэхэр. Ахэр тепсэлъыхьащ тхылъым къуажэм, къыдэкIуэтей щIэблэм я дежкIэ иIэ мыхьэнэм, ДыщэкIым илэжьа Iуэху щхьэпэм, фIыщIэ гуапи хуащIащ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, мы къыдэкIыгъуэр ДыщэкI Хъызыр и ещанэ лэжьыгъэщ. Нэхъ ипэкIэ абы дунейм къытригъэхьащ «Аулы Большой и Малой Кабарды 1862 г.» (2017 гъэ), «История аула Инарокова» (2019 гъэ) тхылъхэр.  

 

Щомахуэ Залинэ.
Поделиться: