Гум псори къонэ

Тыркум щыттхыжа адыгэ IуэрыIуатэхэр лIэу­жьы­гъуэ куэд мэхъу, нэхъыбэрэ узрихьэлIэр хэкум здраша хъыбарыжьхэрщ, уэрэдхэрщ, тауры­­хъ­хэрщ, псысэхэрщ, псалъэжьхэрщ. Абыхэм ящыщ гуэр къыбжезымыIэфын яхэткъым илъэс щэ ныкъуэ-хыщI зи ныбжьхэм; нэхъыжь гурыхуэ куэдми дыщрихьэлIащ Тыркум, абыхэм яхэтщ нарт хъы­бархэмрэ пшыналъэхэмрэ зыхъумэфахэри. Куэд дыдэщ Урыс-Кавказ зауэм и зэманым яуса гъыбзэхэр, уэрэдхэр, абы щыгъуэ зи лIыгъэкIэ цIэрыIуэ хъуауэ щыта дзэпщхэм, шу пашэхэм, хэкум и хуи­тыныгъэм щIэзэуа шу щхьэмыгъа­зэхэм теIукIа хъыбархэр, ахэр нобэрей щIэблэм гукIэ зэрахъу­мэр уи гуапэ мыхъупIэр иIэкъым. Хэкум ираха Iуэры­Iуа­тэхэм нэмыщI, дэ дрихьэ­лIащ иужьрей илъэси 150-м хамэ щIыналъэм щызэхалъхьа уэрэдхэм, хъыбархэм - ахэри, гу зэрылъытэгъуа­фIэ­щи, адыгэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ къадэгъуэ­гу­рыкIуэ IуэрыIуатэм и фащэхэмкIэ, и хабзэхэмкIэ гъэпсащ.
УНЭРОКЪУЭ Рае,
«Тыркум щыпсэу адыгэхэм я IуэрыIуатэ» тхылъыр зыгъэхьэзыра, филологие щIэныгъэхэм я доктор.

МафIэм ухэтын плъэкIынукъым

ЛIыжь Iущ гуэрым, Щауэ Мухьэрэм жыхуаIэм, къи­Iуэтэжауэ зэхэсхар мыращ. Урыс пащтыхьыр адыгэм я деж къакIуэри, къажриIащ:
- Зы илъэс нэхъ физгъэ­сы­жынукъым фи хэкум: е Уэсмэнлым фыкIуэнщ е Сы­бырым фысхунщ.
Ар къащыжриIэм, адыгэм я тхьэ­мадэхэр Уэсмэнлым къагъэ­кIуащ, сулътIан Хьэзизым деж.
СулътIан Хьэзизым къаж­ри­Iащ:
 -Ахъшэ фэстынщ, щIы­гу фэстынщ, унэ фхуезгъэ­щIынщ, Кавказым сыт хуэдиз адыгэ исми, си деж къре­кIуэ.
Тхьэмадэхэм ягъэзэжа нэ­ужь, зэхэтIысхьэри, ма­зищ­кIэ зэхэсащ. Инджы­лызми ягъэкIуащ. Абыи къаж­ри­Iащ:
- Си деж фыкъакIуэ.
Ауэ ар нэхъыжьхэм ядакъым.
- Уэсмэнлым дыкIуэмэ, жэ­­нэ­тым дихьэнущ, - жа­Iащ, ар цIыхум я фIэщ ящIри, мы­быкIэ къэкIуащ.
Дузджэм итIысхьахэр кхъухь­кIэ къызэпрыкIащ хым. Ахъчэшэхьыр деж хы Iу­фэм адыгэ куэд щыкIуэдащ, я кхъэлъахэхэр иджы­ри уолъагъу...
- Урысейм дыкъызэрикIа ва­къэкIэ жэнэтым дихьэнкъым, - жаIащ хьэжрэтхэм, я вакъэхэр хым хадзэри, кхъухьым лъапцIэу къикIащ.
ЩIыр дыгъэм къигъэп­лъауэ пщтырти, я лъэгур   къис щыхъум, шапсыгъхэр губжьащ:
- Мыпхуэдэ мафIэм ухэ­тын плъэкIынукъым! - жари.
ЗаIэтыжри, Щам лъэны­къуэмкIэ Хьэлэбым кIуащ.

ПсэупIэ яхуэхъуар

Амасием* и гъунэгъуу зы адыгэ жылэ тIысати, илIы­хьащ, щIыри псыри щIа­гъуэтэкъыми. Унагъуэ заул къэнати, Беслъэнеймрэ Ярбашымрэ** яхэтIысхьэжащ. АкIэжьхэ ейт ахэр, шапсыгът. Шапсыгъ жылэр зэрысам (Амасие деж) зыри итIысхьэжакъым иужькIэ, зэрыщIыпIэ нэщIщ. Абдеж илIыхьахэм я кхъэлъахэхэр зэрыщытщ иджыри, «Шэрджэс мэзарлыкъ» (кхъэ) жиIэу тет­хауэ. АкIэжькуейкIэ еджэу щытащ. Къэбэрдейхэми къра­та щIыпIэр ягу ирихьакъым, дыгъэр щыгуащIэти. «Дэ мы щхьэплъыжьхэм*** дагурыIуэнкъым», - жари ежьащ, заIэтыжри. Зы къуэ­ладжэ дыхьэри, дыжьын къа­мэкIэ щIыр къратIыкIащ.
- Ди жылэжьым и мэ къы­щып­­щIехьэ мыбдеж, - жари, къэ­бэрдейхэр къуэладжэм дэ­тIысхьащ. ДурачайкIэ йо­джэ къэбэрдей жылэм. Гугъу­ехь куэд ялъэгъуащ а щIы­пIэм изэгъэху. Иджы Iэщри я куэдщ, я гъавэри къо­хъулIэ.

* Амасие - Тыркум ит къалэ.
** Ярбаш - тырку жылэ цIыкIу.
*** Щхьэплъыжь - алавит.

Гур зэрыгъум...

Адыгэр Тыркум къэсри (Урыс-Кавказ зауэм и ужькIэ), Дузджэ лъэны­къуэмкIэ яутIыпщащ:
- Фи нэ къыфIэнэм деж псэу­пIэ фхуэхъун къы­щы­хэфх, - жари.
Тхьэмадэхэр ежьэри, куэд­рэ заплъыхьащ. Иужьым, ягу зэщыуауэ, етIысэхащ ахэр. Я щхьэр къыфIэхуауэ, хоплъэри щысщ.
- Щхьэ фыхэплъэрэ? Фигу ири­мыхьыр сыт? - къеу­пщIащ тхьэмадэхэм.
- Мы щIыпIэр псэупIэ тхуэ­­хъунукъым, - ядакъым абыхэм.
- Сыт щIыфхуэмыхъунур?
- Итырыгъу фIэкIа, пщIащэ пыту зы жыг дыщрихьэлIакъым мы лъахэм. Мыбдеж псэупIэ тхуэхъумэ, дэри аращ къытщыщIынур - дыкIуэдынущ.
 - Фи Тхьэ фызэреплъщ, - къыжраIащ адыгэхэм.
 Сыт ящIэнт: абдежым щетIысэхын хуей хъуащ.
Гур зэрыгъум дыгъур иро­жэ: абдеж щетIысэхахэм къа­щыщIар аращ.

АдыгэкIэ узэджэ хъунур

Зы хьэщIэщ дисти, зылI и псалъэм къыхэхуэ зэпытт: «Адыгэ! Адыгэ! Адыгэм хуэдэ щыIэ!» - жиIэурэ.
- Хэт адыгэкIэ узэджэ хъу­нур? - сеупщIащ, и жьэр щы­мыувыIэм.
Зы къэбэрдей къытхэсти, абы къыхедзэ:
- Къэбэрдейращ адыгэкIэ узэджэ хъунур!
- Шапсыгъыращ адыгэр! - идакъым шапсыгъым.
Абэзэхэм жиIащ:
- Абэзэхэращ адыгэр!
- Хьэтыкъуейращ адыгэр! - жиIащ хьэтыкъуейм.
Зы нэхъыжь къытхэсти, псоми я псалъэм едэIуа нэужь, мыр жиIащ:
- ХьэтIохъущокъуэ Мы­хьэ­мэт Iэшэ и хъыбар зы­щIэр - ар зы, хэкум дыщисам щхьэж и жылэ здисар зыщIэжыр - ар тIу, лIэужьыр бжьиблкIэ мауэ­ри, ебланэ лIэужьым нэс къызжезыIэр - ар щы, Сосры­къуэ щхьэкIэ «лъапэкIэ­рыхъ - жэмы­хъуэрылъху» щIы­­жа­Iар зыщIэр - ар плIы... Мис а плIыр зыщIэращ адыгэкIэ узэджэ хъунур. А плIыр къызжефIэмэ, фыадыгэщ.
Къэбэрдейми, шапсыгъми, абэзэхэми, хьэтыкъуейми я жьэр яубыдащ абы и ужькIэ.

Шэрджэсым хуэдэ дэнэ къипхын!

Дзэм сыздыхэтым, зы пэщэ псэлъэгъу сыхуэхъуащ. Пэ­щэр IуэхукIэ къытхыхьауэ арати, ежьэжын щыхъум, шы IумпIэмрэ лъэ­рыгъыпсымрэ субыдри, згъэ­шэсыжащ. ТIэ­кIуи сы­дэ­кIуэ­тащ. Пэщэр къы­зэ­плъэкIри, къызэджащ:
- Мыдэ къызбгъэдыхьэт, - жери.
Сыбгъэдыхьащ.
- Хэт ущыщ? - къы­зэуп­щIащ пэщэр.
- Сыадыгэщ, сышэрджэсщ, Дузджэм сыщыщщ, - жесIащ.
- Сыщыбгъэшэсыжым, гу лъыстащ узэрыадыгэм, - жи­Iащ пэщэм. - Адыгэ фIэкIа, ап­хуэдэ хабзэ къыпкIэлъызезыхьэн щыIэкъым. МащIэ фыхъуащ, армыхъу адыгэм хуэдэ дэнэ къипхын!
Ар жери, пэщэр ежьэжащ.

* * *
Ди нэхъыжьхэм къыджа­Iэрейт: «ЦIыху тIощIитIыр зы матэм дигуауэ дыкъикIащ ди хэкум».
Зэхэгуауэ, лъэ увыпIэ ямыгъуэту, хэкум кхъухькIэ къы­зэ­рырашаращ апхуэдэу щIыжаIар.

* * *
«Адыгэр зы щIыпIэм щывмыIыгъ, зы щIыпIэм щыфIыгъмэ, фыхущIегъуэжынщ», - жери урыс пащтыхьым тырку сулътIаным апхуэдэ чэнджэщ къритауэ щытащ хэ­кум дыкъыщрашым щыгъуэ. Тыркум дыкъэсри, адыгэр дра­къухьащ, адэ-мыдэкIэ дыхагуэшащ, ды­зэ­­къуачын щхьэ­кIэ.

* * *
ЩIымахуэм щIыIэм ­у­и­­сынщ, гъэмахуэм хуабэм уиу­кIынщ, адыгэ хабзэр зепхьэн хъумэ. УцIыхумэ, аращ. УмыцIыхумэ, щIы­Iэри хуа­бэри зыхэпщIэнукъым.

Адыгэ бгырысхэр зауэм Iутщ.
Сурэтыр Гагарин Григорий ищIащ. 1842 гъэ

 

Поделиться: