Зыгъэпсэхугъуэ махуэ

Тхыгъэ кIэщIхэр

МыIэрысейм и жэуапыр

Зэи зыри къызыпымыкIэ жыгыр мыIэрысэ куэдыщэм зи къудамэхэр кърищIэх мыIэрысейм щIэнакIэрт: «Еплъ абы и нэпсеягъым! ПхуэмыIыгъынум хуэдиз къэпщтауэ щхьэ уи къудамэхэр ебгъэкъутэрэ?! Гъэ къэси аращ къыпщыщIыр. Зэ губзыгъэ щхьэ умыхъурэ?!»
МыIэрысейм абы щэныфIэу жэуап ирет: «Пэжщ, си къудамэ зытIуи къутащ, яхуэIыгъакъым къапыкIам и хьэлъагъыр. Ауэ ар Iуэхукъым, сэ абы сыкъелынщ. Нэхъыщхьэр – къыпыкIа мыIэрысэ куэдым цIыхухэр зэрагъэгуфIэнурщ. Аракъэ атIэ насып жыхуаIэжыр?! Ауэ ар уэ къыбгурыIуэнукъым: уэ игъащIэм зы пхъэщхьэмыщхьэ цIыкIуи къыппыкIакъым, итIани укъысхущIобжэ, насыпыншэ!»

Бзу гъуабжэжь

Си щхьэгъубжэм къыIут пхъэгулъей жыгым пщэдджыжь къэс пызу къыпотIысхьэ щым дыдэу жэщыр зыгъэкIуа бзу гъуабжэхэр, икIи «хэт и макъ нэхъ ин» жаIэу зэпеуэ хуэдэ, зэрыгъэкIийуэ щIадзэ. УщIэдэIумэ, зы макъщ псоми ягъэIур: «КIыркъ-кIыркъ-кIыркъ!» Ауэ сэ къысфIощI абыхэм жаIэу: «Сыту фIыт – нэху щащ, дыузыншэщ. Иджы нобэ тшхын къыздитхынум дегупсысын хуейщ…»
Бзухэм яхэтщ зы бзуухъужь. Абы и макъыр нэхъ гъумщи, адрейхэм яйм хэгъуащэркъым. ГъэщIэгъуэнщ сэ а бзуужьым дэслъэгъуар…
Ди балконым тедгъэуват хугу зэрылъ кIэструл. Къытщыгъупщэри и щхьэр тетпIатэкъыми, бзуухъужьым къигъэунэхуауэ зигъэтхъэжырт.
Иджы нэхущым деж ар яхыхьэжыртэкъым «сыт тшхын?» жаIэу зэрыгъэкIий адрей бзухэм. Абыхэм закъримыгъащIэу, зэуэса ди хугум къэсырти ирикъуху ишхырт. Шхэн зэриухыу, адрейхэм яхэтIысхьэжырт. Ауэ гъэщIэгъуэныракъэ, иджы абы и жьэр зэтрихыжыртэкъым, щыму, зэми щхьэукъуэу, тест къудамэм. Бзухэм яхэс пэтми, яхэмытыж хуэдэт ар. Зэхихыжыртэкъым абыхэм жаIэр, ахэр зыгъэпIейтейр…
Апхуэдэурэ тхьэмахуэ хуэдиз дэкIауэ, зэрихабзэу, нэхущым бзуухъужьыр къос ди балконым. Зеплъыхь, илъагъур игу иримыхьу. КъепкIыхь, къелъэтыхь, мэгузавэ. ИтIанэ егъэзэжри адрей псоми нэхърэ нэхъ ину кIийуэ хуожьэ, жыгыщхьэм здыпысым. Ар зыкIэ «шхыдэрти»! Хьэ губжьа банэу фIэкI пщIэнтэкъым. Абы къызэщIигъэплъауэ, адрей бзухэми залIэжырт, къэхъуам зыри хамыщIыкI пэтми.
Сэ занщIэу къызгурыIуакъым бзуухъужьыр «щIэшхыдэр». ИтIанэ гурыщхъуэ гуэр сщIыри, балконым сихьащ. Хугу зэрылъ кIэструлыр зыдэлъ шкаф цIыкIум и бжэр зэхуэщIат…
Иджы бзуухъужьыр, адрей и ныбжьэгъу гъуабжэхэм яхэсу, пщэдджыжь къэс топсэлъыхь нэху зэрыщам, псэун зэрыхуейм, нобэ шхын къыздрахынум.

Щхьэмрэ лъакъуэхэмрэ

Щхьэм зигъэщIагъуэрт:
- Сэращ Iэпкълъэпкъым нэхъ губзыгъэ дыдэу хэтыр, нэхъ лъагэуи зызыIэтар!
Абы и жэуапу лъакъуэхэм жаIащ:
- Пэжщ, уэ угубзыгъэщ, Iэпкълъэпкъым щыщу нэхъ лъагэ дыдэу зызыIэтари уэращ. Ауэ, дэ, лъакъуэхэм, ди мыхьэнэри хыумыгъэкIуадэ, дэ укъедмыхьэкIыу щытамэ, дэнэ унэсынт уэ, сыти уи псэукIэнт?! Аращи, лъагэу уIэтауэ псэу, ауэ дэри дызыщумыгъэгъупщэ.
Щхьэр гупсысэри, абыкIэ арэзы хъуащ.
Къагъырмэс Борис.

ГушыIэхэр

Сэ махуэу згъуэтыжакъым

Хъуэжэ и шыдыр пщыхьэщхьэм игъуэтыжакъым. Жэщыбгым нэсауэ пщIантIэм Iэуэлъауэ гуэр щызэхихым:
- Си шыдыжьыр къэкIуэжауэ къыщIэкIынщи, щIэзгъэхьэжынщ, - жиIэри къыщIэкIащ.
Iэуэлъауэр здэщыIэр шыдыр здыщIэтымкIэти, кIуащ. Шыдым лъыхъуэу абы щIэт дыгъуакIуэхэм Хъуэжэ гу щалъитэм:
- Сэ махуэу сылъыхъуэри згъуэтыжакъым, фэ жэщу вгъуэтын фи гугъэу фызылъыхъуэр, - жиIэри къыIукIыжащ.

Абыи и щхьэр яупсу пIэрэ?

Дизыкъуажэ и щхьэр Нартыкъуэ къуажэ жьакIэупсыпIэм щригъэупсырт. Сэр жану къыщIэкIынтэкъыми, хуабжьу игъэдзыхэрт, ауэ лIыгъэм зригъэхьырти, зыри жиIэртэкъым. Асыхьэт дыдэм ирихьэлIэу уэрамымкIэ шыд гуэр къыщыкIиящ. Ар щызэхихым, Дизыкъуажэ къэпсэлъащ:
- А тхьэмыщкIэми и щхьэр яупсу пIэрэ?
Жылау Нурбий.

Псалъэ шэрыуэхэр

Гугъэм зэи кIэ иIэкъым

Лъагъуныгъэр гъащIитI зэпыщIэщ.
УкIытэ зымыщIэм Iуэху Iэджи зэIещIэ.
Ефэгъу зыгъуэтыр ныбжьэгъу хуэныкъуэкъым.
Лъагъуныгъэр зэи жьы хъуркъым.
Лэжьыгъэр фIыуэ зылъагъу цIыхур зэштегъэу хуэныкъуэкъым.
ЦIыху лъагъугъуейр щыгъын дахэкIэ лъагъугъуафIэ пхуэщIыжынукъым.
Мылъку зи куэд нэхърэ, акъылыфIэ.
Зэрыгъэпэж ныбжьэгъухэр занщIэу къыбоцIыху - «я псэр зы чысэм илъщ» жыхуаIэм хуэдэу зэдокIуэкI.
ЦIыхухэр зыгъэщхьэрыуэр зыри зэрамыщIэракъым, атIэ псори ящIэу къазэрыщыхъужырщ.
Уи бынхэм гъэсэныгъэ тэмэм ептыфамэ, фIыгъуэм я нэхъыщхьэмкIэ уахуэупсащ.
ЦIыхум фIагъыу хэлъыр къомыщIауэ, и ныкъусаныгъэхэм утепсэлъыхьын щIумыдзэ.
ПцIы зыупсу есахэр зэи плъыжь хъуркъым.
Мастэ къидыгъуу есэри, Iэщ къидыгъуу щIидзащ.
Жыжьэ щыпсэу уи Iыхьлым нэхърэ, уи гъунэгъу хамэр нэхъыфIщ.
Къомылэжьауэ къыпхэхъуэр хьэлэлкъым, абы ущымыгуфIыкI.
Сымаджэм щыщIэупщIэр хъужа нэужькъым.
Гугъэм зэи кIэ иIэкъым
Зумыпэсу узэлъэпэуар ущыгуфIыкIыу дзапэкIэ къэпщтэжынкIэ хъунущ.
КIурашын Алий.

Дахэм блэр гъуэм къреш

Хъыбар

Сэри сыщыхьэтIохъущыкъуейкIэ, ХьэтIохъущыкъуей хъыбар гуэрхэри щыстхыжкIэ, си гушыIэ тIэкIуи мыбы хэзгъэхьэкIэ емыкIу хъуну къыщIэкIынкъым.
- Щи-и… Дзэ узщ зи гугъу сщIынур. Абы нэхъ гушыIэ зыхэмызэгъэн щыIэ зэрыжыфIэнури сощIэ, итIани… Дзэ уз къайгъэ сиIэтэкъым сэ. Илъэс хыщIым сыщIигъуами, си зы дзи зэрымыхъеяр си ныбжьэгъухэм ягъэщIагъуэрт, къызэхъуапсэрт, къызэфыгъуэ гуэри къахэкIырт, «уэлэхьи, ар игъащIэкIэ жьы мыхъун…» къысхужаIэу. Пэжу, ар жызыIэр сэ нэхърэ нэхъыщIэми, нэхъыжьыфэ къытеуат, ауэ абы щхьэусыгъуэ иIэт – нэрыгъ хуэхъуауэ хьэл Iей хэлът. Ар нэгъуэщI псалъэмакъщ. Сэ зи гугъу сщIынур дзэ уз Iуэхущ.
Дзэ узкIи уеджэнкъым си Iуэхум. Си зы дзэщхьэл, гъуанэ хъуати, пщтыри щIыIи езэгъыжыртэкъым. АтIэ, перестройкэ, жаIэу къыщIадзэу къыттракъутэжа мы дуней къэлыдам пщтыри щIыIи къыхэмыхуэу хуабэ защIэ дэнэ къипхынт? Дохутырым сыкIуэн хуей хъуащ. Нэгъаби зы дзэщхьэл ку гъуанэ езгъэдыжауэ и пIалъэ сщIэрт сэ мы Iуэхум. Абы щыгъуэ, насып сиIэти, Тхьэ сIуакъым дзэ дохутыр деж афIэкI сымыкIуэжыну. Ауэ си дзэ ку гъуанэр къыщрахъукIым си нэвагъуэр зэрыслъагъужар сщыгъупщэжатэкъым, сызэрагъэкIияри сыбзыщIыжат.
КIэщIу жыпIэмэ, дзэ егъэхъуэным си щхьэфэцыр игъэтэджырт. Абы ищIыIужкIэ, сыкъызрихьэлIари плъагъуркъэ. СызытрагъэтIысхьа шэнтиуэм и гупэкIэ къитым тес лIышхуэр и дзэр зыхъуэ дохутыр фыз цIыкIум игъэгызырт. Нэгъабэ сагъэлъагъужа си нэвагъуэм хуэдэ иджы абы ирагъэлъагъужу къыщIэкIынут.
СыздэдаIуэм зэхызох:
- Умыдзыхэ, - жи дохутыр цIыхубз цIыкIум.
- Уэ сыбогъалIэ мыгъуэри, си шыпхъу цIыкIу, - мэгурым модрейри.
- Илъэс тIощI мэхъу дзэ зэрызугъуэнри, зыри сIэщIэлIакъым, си дэлъхушхуэ.
- Ахэм…
- Ахэм я дзэри ууейм хуэдэ дыдэу къупщхьэт, зэрызугъуэнари мы бру дыдэрщ, - жери цIыхубз цIыкIум IэщIэлъ кIапсэ кIапэр лIышхуэм хуегъэпIий.
- Сэ мыгъуэ…
- Уэ мыгъуэ улIыдзыхэшхуэщи аращ, - ар жиIэурэ, мыдэкIэ къыщысхэм нащхьэ къахуищIу пыгуфIыкIри, цIыхубз цIыкIум лIышхуэр игъэгызу щIидзэжащ.
     Сэри, «япэщIыкIэ тIэкIу сепэщэщынщи, итIанэ дзэ ку гъуанэр здыжынщ», жиIэу сызытригъэтIысхьа шэнтиуэм зизудыгъуащ, си чэзур къыщысынум си щхьэфэцыр хуэтэджу.
Гызыным зэ тегъуахъухьыжа лIышхуэм, и дзэр тэмэм дыдэу ядыжауэ къыщытэджыжым, зэрыдзыхар хигъэгъуэщэж щIыкIэу жиIащ:
- Си нэвагъуэ мыгъуэр сыбгъэлъагъужаи, си шыпхъу цIыкIу.
- КхъыIэ, гуфIэ, вагъуэбэ уэдмыгъэлъагъуу нэвагъуэкIэ узэрызэфIэкIам щхьэкIэ.
- Уи лIым нышэдибэ укъигъэгубжьа мыгъуэмэ, сэ сыт си лажьэ? – жи зигу къызэрыгъуэтыжа лIышхуэм.
- Ей, фэ лIы дзыхэжьхэри!.. Зэ закъуэ нэхъ мыхъуми, лъхуапIэ унэм фашамэ, итIанэ дыкъэфщIэнт, - жиIэри дохутыр цIыхубз гушыIэрей цIыкIур адрей пэшым щIэлъэдэжащ. ЛIышхуэм, мыбы нэгъуэщI зыгуэри зэхызимыгъэх щIыкIэ, жиIагъэнщ, и напэр иубыдыжри, и щхьэр щIихыжащ.
«Мо лIышхуэр мо цIыхубз цIыкIум апхуэдизу щигъэгызакIэ, сэ икIи сылIышхуэкъым, мы къысщхьэщыт фызышхуэм дауэ сыкъелыну пIэрэ? Сэра хъунщ иджы вагъуэбэр зрагъэлъагъунур», - жысIэу сыздэгузавэм, си щхьэм гурыфIыгъуэ тIэкIу къищхьэрыуащ. Езым сыкъимыцIыхужми, мы дохутыр цIыхубз хэкIуэтар сэ сцIыхурт. Ар ди къуажэ нысэт. Къыщашэм и унэишэ къепхъыхым ахъшэ IэмыщIэ къыщысщыпат, и IурыцIэлъыр яфIэзыхьа щIалэ цIыкIухэм сахэтат. Зауэм орденыбгъэу къикIыжа Назирт ар къэзышар.­ ХьэгъуэлIыгъуэм щыжаIа нэгъунэ сигу къэкIыжащ: «Назир и дзэ мыузым иригъэIэзэурэ, хъыджэбз тхьэIухуд къишащ…» Иужьым къыджьэдэнэжауэ щIалэ цIыкIухэм зэпэддзыжу жытIэу щытащ: «Дзэ мыузым иригъэIэзэурэ…»
Пэж дыдэу, апхуэдэут ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ щыщ лейтенант щIалэм ХьэтIохъущыкъуей Ищхъэрэм щыщ дзэ дохутыр хъыджэбз дахэр къызэришар.
- Си дзэр мэуз, - жиIэри Назир зэхъуэпса хъыджэбз дахэм хуэкIуащ.
Шэнтиуэм иригъэтIысхьэри, щIалэм и жьэ кIуэцIыр хъыджэбзым зэпиплъыхьащ:
- Тхьэ, уи дзэхэм лажьэ яIэу сымылъагъу, дэтхэнэра узыр, щIалэ?
- Сигуращ узыр.
- АтIэ, гу узым еIэзэ дохутырым деж кIуэ. Си деж щхьэ укъэкIуа?
- Сэ уэращ сэбэп къысхуэхъунур.
- Ар дауэ? Уигу узу къыщIэкIынкъым уэ.
- Мэуз. ЩIэузри, сэ сыкъанэу нэгъуэщIым уишэмэ, жери аращ…
Илъэс щэ ныкъуэ ипэкIэ екIуэкIа хьэгъуэлIыгъуэр зейхэм ящыгъупщэжар сигу къэзыгъэкIыжа дохутыр фыз хэкIуэтам си дзэм епэщэщын еухри, дыжыным зыхуигъэхьэзырурэ жиIащ:
- АтIэ уэри укIиину нетIэрей лIы дзыхэшхуэм хуэдэу?
- Сэ сынэхъ цIыкIущи, нэхъ цIыкIууу сыкIиинщ.
- Сыту хъуми, укIиинущ, жоIэ?
- Хьэуэ. ХьэтIохъущыкъуей кIийуэ плъэгъуа уэ?!
- Сэ слъэгъуа хьэтIохъущыкъуейр кIийртэкъым, - жиIэри иджыри къэс дохутыр къызэрыгуэкIыу къысхущыта цIыхубзыр къысхуэгуфIащ.
Си щхьэкIэ сыкъимыцIыхужми, си цIэкIэ сыкъищIэу къызжиIащи, си гур согъэфI. Ауэ итIани си гум щIыIэ-щIыIэу илъщ, мыбы сыкъыщIыхьэным сыпэплъэу сыздэщысым лIы гуэрым жиIар: «Нэхъыбэрэ лэжьакIэ пщIэнукъым дзэ дохутырым и Iуэхур. Iэзэм и мызакъуэу, гущIэгъунши мэхъу. УзэримыгъэлIэнур ящIэри, мо фэжьIужь хуэхъужар къыпщысхьыркъым. ИтIанэ, плани ятелъщи, мыпIащIэу хъуркъым…» Арат сэри кIииным хуэхьэзыру мыбы сыкъыщIыщIыхьар…
Сытми, си жьэ зэтешам гъущIыпэ жанымкIэ лъэкIыху дэтIыхьауэ, иджы убруун щIэзыдзэну си дохутырыр нэхъ щабэ къызэрыхъуам сыкъегъэгушхуэри, псоми зэхахыу жызоIэ:
- Мы ди ХьэтIохъущыкъуей нысэ дохутырым куэд щIауэ фыдолажьэ, ауэ фэ фщIэуэ пIэрэ зауэ нэужь зэманым абы нэхъ хъыджэбз дахэ, езыр икIи дзэ дохутыру, Къэбэрдей псом зэримысар? Я дзэ мыузым ирагъэIэзэну щIалэхэр къыхуэкIуэрт. АтIэ зэвгъащIэ, ар къэзышэфауэ щытари ХьэтIохъущыкъуей щыщ щIалэщ.
Си дзэ дохутырым и IитIыр и напэм Iуилъхьащ. Абы къыдэплъ и нитIыр къигуфIыкIыу къысхуеплъыхырт. Уэсу къетхъуха абы и щхьэцымрэ зауэ нэужь нысащIэ дахэм и щхьэц ухуэна фIыцIэмрэ яку дэлъ илъэс тхущI гъуэгуанэр зыхуэдэ псор сэ дэнэ щысщIэн. Ауэ нетIэрей лIышхуэр зыгъэкIия дохутыр цIыхубз цIыкIум жиIари мащIэкъым:
- Мис апхуэдэ щытхъу къыпхужаIэри аращ уэ жьы ухъуами, умытIысыжу дэ нэхърэ нэхъыфIу ущIэлэжьэфыр. Си Iуэхут нетIэрей лIышхуэри кIийтэмэ, апхуэдэу къысщытхъуамэ.
Зи гуфIэ нэпсыр къытелъэда дохутыр цIыхубз хэкIуэтам си дзэ ку гъуанэр куэдрэ кърихъукIащ а махуэм. Мыузами е узу зысшыIами, сщIэркъым. Ауэ сыкIиякъым, уеблэмэ сыщэIуакъым. Дахэм блэр гъуэм къреш, щIыжаIэжари, дауи, апхуэдэ зыгуэрщ.
Къэрмокъуэ Мухьэмэд.

 

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ
19.04.2024 - 16:23 НОБЭ
18.04.2024 - 16:13 НОБЭ