МЭРЕМ ПШЫХЬ

Псалъэ пэжхэр
Гуапагъэр лейкъым

КъэкIуэнум фемыгупсысмэ - апхуэдэ фиIэнукъым.
Закъуэныгъэракъым цIыхум дежкIэ нэхъ Iей дыдэу щыIэр, атIэ уи Iэр зэтедзауэ ущысынырщ.
Дэтхэнэри цIыху пэжу щытыным хущIокъу, ауэ куэдым къайхъулIэркъым.
ЛIэныгъэм Iейуэ хэлъри? Уэ дунейм утокIыжри, фIыуэ плъагъу псори къонэ.
Гуапагъэр - зи лейри зэран мыхъу хьэлщ.
Лъэпощхьэпохэм щышынэ лъагъуныгъэр лъагъуныгъэкъым.
ГушыIэныр зыхэвмын. ЦIыхум дежкIэ гушыIэр зыхуэдэр розэм къыпих мэ гуакIуэрщ.
Делэращ псори ищIэу жызыIэфынур.
ГъащIэм нэхъ Iейуэ хэлъхэм ящыщщ, пщIар зэпхъуэкIыжыну Iэмал ущимыIэм деж.
ЦIыхум пщIэ яхуэпщIыным къикIыр уи щхьэм пщIэ хуэпщIыжынырщ.
ЦIыху псори зэщхьщ: зэрахузэфIэкIкIэ нэхъыбэ къащтэ, ауэ ятыр нэхъ мащIэщ.
Гухэлъыр мэкIуэд, жьыбгъэм щыхэбутIыпщхьэм деж.
ЦIыхум укъызэрыщыхъур уэ зыкъызэрыбгъэлъагъуэм хуэдэущ.
Лъагъуныгъэм псори зэрехъуэкI, ар дуней псом щытепщэщ, щIэрыщIэуи къигъэщIыжыфынущ. Лъагъуныгъэр ди псэм и дыгъэщ икIи и жьыбгъэщ. Языныкъуэхэм дежи уэшх тхуохъу…

Голсуорси Джон.

ГукъэкIыж
Телефон

Ди гъунэгъу щIалэ цIыкIу Валерэ бауэбапщэу къыдэлъэдащ пщIантIэм. Абы хъыбар гуапэ къызэрытхуихьыр и нэгум къищырт. «Хьэмыщэ нобэ къуажэкум телефон кIапсэ пхришынущ!» - зэкIэлъигъэпIэщIащ абы. Къаншыуей жылэм телефон дэнэ къэна, ток къудеи абы щыгъуэм жылэдэсхэм иджыри яIэтэкъым. ЗэрысщIэжымкIэ, 1953 гъэ пщIондэ апхуэдэ Iуэхухэм яужь ихьатэкъым.
Зэныбжьэгъу цIыкIухэм - ПIытIатIэ (Володя), Сэлэдин (Вовэ), сэ, Валерик - сымэ, «телефон мастер» цIэр зытедгъэIукIа Хьэмыщэ къытхэту, зи гугъу сщIы зэманым илъэситху-хы ныбжьым диту арат. Хьэмыщэ и ныбжьым хуумыгъэфэщэну нэхъыжьыфэ епплъырт. Илъэситху щыхъуам, абы еджэкIэ езым зригъэщIэжат. ИкъукIэ щIалэ губзыгъэ цIыкIут. Хьэлэмэтрати, абы япэу къищта тхылъыр алыфбейратэкъым, атIэ радио зэрызэпкъралъхьэм теухуарт.
ЗэрыцIыкIурэ сымаджэрилэти, ар зэпымыууэ унэм щIэсын хуей хъурт. Дэ зэрытлъэкIкIэ Хьэмыщэ къызэрыдэтхьэхыным иужь дитт, и адэ Шэмсэдин (Хэку зауэшхуэм хэтат) зэпымыууэ абы къыхуихь хьэпшып гъэщIэгъуэнхэм ящыщ дэри зыIэрыдгъэхьэну дыхуейти. Зэгуэрым ди ныбжьэгъум и адэм тыгъэ къыхуищIащ нэмыцэ рацэрэ телефон трубкэрэ. Хьэмыщэ дызэрыщымытхъуа къэдгъэнакъым, нэхъыщхьэрати, и лIыгъэр зыхуэдэр къыхэдгъэщырт. Iуэхум хьилагъэ хэлъу дэнэ щищIэнт абы, псалъэ дыгъэлхэм я ужькIэ, езыри къэгумащIэрти, дызыхуейр къытIэрыхьэрт. ТфIэхьэлэмэту зэпытплъыхьырт Шэмсэдин къыхуагъэфэща орденхэмрэ медалхэмрэ. Езы Шэмсэдини куэд къыджиIэжырт зауэм теухуауэ: тIасхъэщIэх зэрыкIуар, «бзэгу» къаубыдауэ зэрыщытар, иужькIэ а псом дамыгъэ лъапIэхэр къызэрыпэкIуар.
Зы махуэ гуэрым ар къыдэлъэIуащ радиоприемникхэмрэ передатчикхэмрэ зэпкърилъхьэнымкIэ Хьэмыщэ дыдэIэпыкъуну. ТщIэн къэдгъуэтаиххэ жытIэщ, дыгуфIэри, телефон кIапсэр зытешыхьа шэрхъышхуэр къетхьэжьащ. Абы ди хадэкIэм къыпылъ къуэкIийнэфым и Iуфэм зыщедгъэубгъуащ. Мураду диIэр кIапсэр кIарц жыг щхьэкIэхэм фIэтщIэнырт. Дыерыщми, сабий къарур а Iуэхум зэрыпэмылъэщынур къыщыдгурыIуэжым, нэхъыжьхэр къедджэн хуей хъуащ…
КъуэкIийнэфыр езыр щIыпIэ хьэлэмэтт. Абы удыхьэмэ, куууэ псынэпс щIыIэмыл къабзэу къыщыщIэжырт. И кIыхьагъкIэ къуэкIийр метр 400-м нэблагъэ хъурт. Абы и IуфитIымкIэ кIарц жыг баринэ лъагэхэмрэ хьэцыбанэхэмрэ екIуэкIырт. Бжьыхьэм жыгхэр пцIанэ хъуа нэужь, абыхэм пащIыхьа къуалэбзу абгъуэ куэдыкIейхэр къыщIэщыжырт. Абы псыхэуэхэми ущрихьэлIэнут, хьэндыркъуакъуэ, блэ е шындырхъо къаубыдыну къуэкIийнэфым къыщыдэзэрыхь щыIэти. Зэзэмызэ абы къыщыхутэрт бабыщ джэдыкIэхэм ещэ бажэ-дыгъуэгъуакIуэхэри. Зи абгъуэмрэ зи шырхэмрэ «хахуэу» зыхъумэ бабыщ анэхэри къикIуэтынутэкъыми, бажэхэм абыхэм гъунэгъу зыкъыхуащIыртэкъым, къызэрагъэлъеинур ящIэ хуэдэ. КIарц гъэгъам, хьэцыбанейм, псым къыщыкI аIуудзым (лилие) къапих мэ IэфIым дунейм тет гъудэ-бадзэр къришалIэрти, къуэкIийнэфыр мэз дыдэу къыпфIагъэщIырт. Сабийхэр абы дысакъыу дыкъыпекIуэкIырт, къуэкIийнэфым удэхуэмэ, къуацэ-чыцэмрэ хьэдзыгъуанэмрэ «узэрызэхафыщIэнум» фIыуэ дыщыгъуазэти.
…ПкIэлъей нэхъ кIыхь дыдэр (зы метри 10 хуэдэ хъууэ) къетлъэфэлIащ телефон кIапсэм зыщедгъэшэщIыну щIыпIэм. АрщхьэкIэ ар апхуэдизкIэ кIыхьти, жыгым едупсеину тхузэфIэкIакъым. Ди ныбжьэгъу щIалэ нэхъыжь зытIущ къыIухьащ. Заур, Ахьмэд, СулътIан, Бидон, ПIетIро, Мыцэ сымэ къыддэIэпыкъури, пкIэлъейр дгъэуващ, кIарц жыг щхьэкIэхэм кIапсэм зыщедгъэшэщIын щIэддзащ. Ауэрэ шэджагъуэхуэкIуэ хъури, ди адэм и къуэш нэхъыщIэ Хьэжпагуэрэ Хьэмыщэ и адэ Шэмсэдинрэ къытхыхьэжащ.
Махуэ псом пкIэлъейр зэм зы жыгым, зэм адрейм едгъэувалIэурэ телефон кIапсэм зедгъэубгъун тхузэфIэкIащ. Телефонхэр Хьэщхъуэжь Валерикхэ, ди деж, ПIытIатIэхэ щIэдгъэуващ. Сигналыр къэзыт Iэмэпсымэр (передатчикыр) Хьэмыщэхэ деж щIэтт. Щхьэж и унэ екIуэлIэжащ, икIи япэу а махуэм ди адэ-анэхэр телефонкIэ зэпсэлъащ. ЩытхъукIэ дэри къытлъэIэсащ, дауи. ИтIанэ, сабийхэм чэзур къытлъысри, зым-зым деж дыпсэлъэн щIэддзащ. СыхьэткIэрэ дызэпсалъэу телефоныр тIыгът, уеблэмэ къуажапщэми къуажэкуми къикIыурэ цIыкIуми инми, зэрыжаIэу, ар къагъэсэбэп хъуащ. Зыгъэпсэху диIакъым махуэ зыбжанэкIэ - цIыхур чэзууэрэ ди деж щызэблэкIырт. Ауэ тхьэмахуитI дэкIри, цIыхухэр нэхъ сабырыжащ, зы мазэ хуэдэкIэ телефонхэр тетхыжри, Хьэмыщэ Iэрыдгъэхьэжащ. Телефонхэр къэзуужыртэкъым. Пэжыр жыпIэмэ, Хьэмыщэ и закъуэт ар зи жагъуэ дыдэ хъуар.
Абыхэм япIэкIэ, зэгъунэгъуу псэу зэныбжьэгъухэм къэдгупсысащ мафIэдз пхъуантэ нэщIхэр Iуданэ IувкIэ зэпыщIауэ абыкIэ «дызрипсэлъэну». Апхуэдэ Iэмэпсымэм урипсэлъэфыну жыпIэныр тIэкIу егъэлеят. Ауэ механикэ макъхэр абы иризэхэпхырт. Къэнэжыр Морзэ и азбукэр къыдгурыIуэнырти, Хьэмыщэ ари дигъэщIащ. Зы мазэ хуэдэкIэ ар къэдгъэсэбэпу дежьэжащ.
1954 гъэм зэныбжьэгъухэр зэгъусэу япэ классым дыкIуащ. Хьэмыщэ школым мыкIуэми (унэм щрагъаджэрт), дэ псори дызэхэту дыкъапщтэмэ, ар и IущагъэкIэ къыттекIуэрт. ПэщIэдзэ классхэр къыщыдухым, ар щIагъэтIысхьащ курыт еджапIэм. ЕгъэджакIуэхэм зэпымыууэ Хьэмыщэ щапхъэу къытхуахьырт. Ар Iэсэлъасэт, щэныфIэт, псом нэхърэ нэхъыфIу еджэрт. Хьэмыщэ щIэныгъэлI Iэзэ хъуну траIуэрт, дэ, къуейщIейхэм, Iэщыхъуэ фIэкIа къытхэмыкIыну къыджаIэрти, мащIэу дризэгуэпырт.
Хьэмыщэ школым щIэсу ди щIыналъэм щумыгъуэтыну передатчик нэхъ лъэщ дыдэ зэпкърилъхьэфауэ щытащ. Школыр ехъулIэныгъэ иIэу къиухри, ар Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и радиотехникэ факультетым щIэтIысхьащ. Абы къыхуагъэлъэгъуат университетым егъэджакIуэу щылэжьэну, арщхьэкIэ къуажэм къигъэзэжауэ щытащ. Мы зэманым абы радиоэлектроникэм хурегъаджэ, Налшык щопсэу.
Сабиигъуэм зэрыIыгъа зэныбжьэгъухэр гъащIэм дызэбгридзащ, ауэ ди гукъэкIыжхэм «дызэпащIэу» согугъэ.

КIэрашэ Михаил.

Фэ фщIэрэ?
Къуалэбзухэм я цIэхэр

Галка альпийская - Къуалэпэгъуэ
Огарь - Къазплъыфэ
Каравайка - Шэмэджыпэбзу
Овсянка камышовая - КъамылкIырыкъ
Кваква - Псыхэуэпщагуэ, псыхэуэпщэкIэщI
Мухоловка - Жьыкъан
Пеночка - ЦIужьомэ
Сверчок - Бзужэр, бзубгъэгуху
Галстучник - Щхьэщ, пшахъуэджэд
Выпь - БгъэкIэхь, къамылджокъ
Кеклик - Къуршджэд
Поползень - КъэбцIацIэ
Снегирь кавказский - Бзупагуэ
Волчок - БгъэкIэхьцIыкIу
Пеликан кудрявый - Жьэдзыуэин
Сип белоголовый - Бгъэпщэху, бгъэпщэпцIанэ
Улар - Жумэрэкъ, къуршгуэгуш, къущхьэхъуджэд
Вяхирь - Тхьэрыкъуэпщэху
Дубонос - Дубэкъ
Сорока - Къанжэ
Глухарь - Бзудэгу
Султанка - НатIэплъджэд.

ЦIыкIухэм папщIэ
ЩIыпыч

ЩIалэ цIыкIуи хъыджэбз цIыкIуи мэджэгу, зэхэтуи щхьэхуэ-щхьэхуэуи. Лъэбакъуищ-плIы я зэхуакуу башитI хатIэ е мывэ ягъэтIылъ, тур тращIэу. Абы я зэхуэдитIыпсыр гъунапкъэу иратхъэ. Иджы къыщIэзыдзэнур пхъэидзэкIэ зэхагъэкI. Зи пхъэ къикIар техьэу аращи, ар гъунапкъэ иратхъам и лъапэхэр нэмысыпэу мэуври, лъакъуэ зэбгъурыткIэ малъэ. Абы и лъэдакъэр зытеувам и лъапэр къэс къудейуэ адрейр къоуври, къолъэж. Апхуэдэххэурэ хэт япэ и ныкъуэкъуэгъум и турым нэсми, токIуэ. ЩIыпыч гупитI защIауи мэджэгу. Мыбы щыгъуэ гупхэм хэтхэр тхьэмадэхэм я унафэкIэ лъэуэ аращ. ЛъэкIэм и IуэхукIи джэгухэр зэрызэгурыIуэщ: лъакъуэ зэбгъурыткIэ, хьэмэрэ лъакъуэпцIэрыхьу.

МафIэдз Сэрэбий.

Чэнджэщхэр
ШатэкIэ ящIа шыпсыр куэдрэ щыткъым

Нартыху пIастэ хуабэрэ бжьыныщхьэ укъэбзарэ шыгъум хагъауэурэ зышхрейхэр фIыуэ мэжей, абы лъыр фIыуэ зэрегъакIуэ, нэкIу зэлъахэми зрегъэшэщIыж.

* * *

Шха иужькIэ бжэмышхри гуахъуэри Iубауэ ягъэтIылъыркъым, гуэныхьышхуэ пылъщ жаIэ.

* * *

Къалмыкъ шей пщтырым адыгэ шатэ Iувыр хэпкIэмэ, тхъууэ мэжабзэ. Апхуэдэу мыхъун щхьэкIэ, шатэ Iувым псы тIэкIу хакIэ, зэIащIэри итIанэ къалмыкъ шейм хакIэж.

* * *

Ямылейуэ ялъэса мэл е Iэщышхуэ лъатэм кхъуей щIагъуэу хихыжынукъым.

* * *

ШатэкIэ ящIа шыпсыр щIэх зокIуэкIри, куэдрэ щыбгъэт хъунукъым.

* * *

Щэ щагъэвэжкIэ бэлагъкIэ зэIащIэркъым, бэлагъыпэр песыкIри. ЗэрызэIыщIэн хуейр чымчыркIэщ.

* * *

Къаз, бабыщ дагъэ гъэткIуар мафIэм иса щIыфэм щыпхуэмэ мэхъуж.

* * *

ГъэтIылъыгъэ ящIу ягъэува кхъуейм и шэжыпсыр и щхьэм къыдэкIуейрэ кхъуейр и лъабжьэм кIуэмэ - уэшх къешхынущ, кхъуейр и щхьэм къакIуэрэ шэжыпсыр и лъабжьэм ехмэ - уэгъу хъунущ жаIэу щытащ.

* * *

Лы щтар псым (хуабэми щIыIэми) халъхьэу къагъэвыжыркъым - и IэфIыр щIокI.

* * *

Шэ щагъэпщткIэ ар зэрагъэпщтыну хьэкъущыкъум псы щIыIэ ирагъэжыхь, шэр щIимысыкIын щхьэкIэ.

* * *

ДжэдыкIэ ивыкIар псынщIэу псы щIыIэм хэплъхьэмэ, и фэр текIыгъуафIэ мэхъу.

Къубатий Борис.

Интернетым дыкъыщоджэ
Зы мелард зимыIэ бей

Ар Duty Free къызэзыгъэпэщаращ. Иджыпсту и ныбжьыр илъэс 80-м щIигъуащ, доллар меларди 7,5-рэ и уасэ мылъку бгъэдэлъщ. Ауэ щыхъукIи, зы машини иIэкъым, кхъухьлъатэ щитIысхьэкIэ эконом-классыр къыхех, фэтэрыпщIэ зыщIит унэ щIэсу аращ. Фини Чак доллар 15 зи уасэ Iэпщэ сыхьэтщ илъыр. Къыщалъхуа и хэкум, Ирландием, америкэ турист гуэру ягугъэщ и зыхуэпэкIэр апхуэдизкIэ къызэрыгуэкIщи. Ресторанхэм щIыхьэнукъым, шхапIэ цIыкIу игъуэту, дэрбзэр Iэзэ къилъыхъуэркъым, тыкуэн цIыкIу щыIэу, метро е таксикIэ къикIухьу аращ.
Зы кIэпIейкIэми щысхь лIыжь быдэ гуэру уи гугъэнт, иужьрей илъэс 30-м къриубыдэу псапащIэ Iуэхум доллар меларди 6 химылъхьатэмэ. А ахъшэр текIуэдащ США-м, Вьетнамым, Австралием, Африкэ Ипщэм, Ирландием, Бермуд хытIыгум щыIэ жьы хъуахэр щапIыж унэм щIэсхэм, щIэныгъэр, егъэджэныгъэр, узыншагъэр хъумэныр егъэфIэкIуэным. Ар иджыри къэувыIэну зигъэхьэзыркъым, икIи и мурадщ 2016 гъэр къэсыху къыхуэнэжа ахъшэр псори псапащIэ Iуэхухэм хилъхьэну.
Фини Чак а ищIэм папщIэ щIыхь къилъыхъуэркъым. Къилэжьа доллар мелардхэр щигуэшкIэ, зыми гу къылъимытэмэ, къытемыпсэлъыхьмэ нэхъ къещтэ. Ипэ илъэс 15-м ар ибзыщIыфат, ауэ и псапащIэ Iуэхухэм хуабжьу зиубгъури «къыщIагъэщащ». 2012 гъэр къэсыху абы интервьюи 5 итауэ аращ.
Чак - цIыху къызэрымыкIуэщ. ХьэрычэтыщIэ Iуэху цIыкIу иригъажьэри, къэрал 27-м цIыху 200 щылажьэ компаниехэр къыщызэIуихащ. Абы и мылъкур псынщIэ дыдэу багъуэрт, ауэ ахъшэу къыхэхъуэр езым къызэригъэпэща The Atlantic Philanthropies псапащIэ фондым кIуэрт.
«Сэ хьэкъ сщыхъуащ къэблэжьа ахъшэр зыгуэрым ептрэ сэбэпынагъ пылъу къызэригъэсэбэпыр, псалъэм папщIэ, сымаджэщ зэриухуэр плъагъуным гур зэригъэзагъэр. Ар куэдкIэ нэхъыфIкъэ, банкым хэплъхьэрэ багъуэу хэлъ нэхърэ», - жеIэ Фини.
Гейтс Билл жиIауэ щытащ Фини Чак щапхъэ зытехыпхъэ цIыху щыпкъэу зэрыщытыр.

Къэбарт Мирэ.

НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэщ.
Поделиться:

Читать также:

18.04.2024 - 16:13 НОБЭ
17.04.2024 - 11:43 НОБЭ
16.04.2024 - 11:18 Псалъэжьхэр