Евгений Онегин

Пушкин Александр и роман

(КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр №72-м итщ).

XXVIII

Зэбийщ! Куэд щIа-тIэ зэпэIэщIэ,
Зэрыхъурэ ахэр, лъы зыгъэж?
Тхьэмахуэ хъуа, зэхуэкIуэу хьэщIэ,
Зэгъусэу, зэжраIэу пэж,
Щызэдэшхам. Зыр зым хуэбзаджэу,
ЖыпIэнщ, игъащIэм IурыщIаджэу,
ЗэхамыщIыкIыу тIуми зы,
ЛIэныгъэ Iуэху ягъэхьэзыр;
Иджыри къэс уи фIэщ пхуэмыщIу,
Зэрыгъэделэу къыпфIэщIынщ:
ТIэкIу уежьэм, тIури дыхьэшхынщ,
Къагупсыса хъунщ мыр, зэрыщIэу… -
Ядэн къэзбжахэр гуп Iэтам,
УкIытэ нэпцI Щхьэ уи псэр птам?

XXIX

Мэлыд кIэрахъуэр, шэехухыр
Иралъхьэр лэдэхыбэ къум,
КIэщIоуэр уадэр, ирекъухыр,
Шэр итIысхьэхукIэ, здэкIуэ хъум.
Мис ещIыр кIакхъум япэ тIыркъыр,
ТракIутэр дапхъэм гын ирикъур,
ГъэпкIа кIакхъущхьэм хэтщ щтауч,
Хьэзырщи Iэщэр, хъуащ лIыукI.
Iэнкуну IуокI Гильо; щIалитIым
ЩIыIутелъхэр щахри, традзэр щIым,
Лъэбакъуэрыбжщи, хъуауэ щым,
Зарецкэр щымыуэн тIэкIунитIэ:
Къибжа зэхуакур щэщIрэ тIущ,
Иджы кIэрахъуэм и чэзущ.

XXX

«Хъунщ, фызэхуэкIуэ». ПIейтеиншэу,
Зэрамыгъапщэу, зэбиитI
Бэкъуахэщ захуэу тIэу, макъыншэу,
Ячащ аргуэру лъэбакъуитI;
Нэхъ щIэх зыгуэрым и ажалыр
Хъуащ лъэбакъуиплIкIэ; нэхъ Iэмалыр
Евгений ищIэу, макIуэ ар,
КъеIэт кIэрахъуэ узэдар.
Иджыри лъэбакъуитху мэбакъуэ,
Владимир и нэр щIиукъуэнцIащ,
Иригъэпщэн иджы щIидзащ,
КъоIу асыхьэту уэгъуэ закъуэ:
УсакIуэм усэр иухуащ,
КIэрахъуэр Ленскэм Iэпыхуащ.

XXXI

Бгъэм трелъхьэ хуэму и Iэ хьэлъэр,
Мэджалэ. И нэр пшатхъуэ Iейщ,
Псэхэхым ар зэрыIэщIэлъыр
Болъагъу, щIэх зыхьу уIэгъейщ,
ХокI псэри узри ещхьу, гуэхуу,
Уэсукхъуэ бгым къызэрехуэхым.
Псы щIыIэ зэуэ зытракIам
Онегин хуэдэщ; иукIам
ИмыщIэу, йоджэр щIалэм пщIэншэу,
ПщIэнIауэ щымыIэж Iэмал,
КIуэдащ усакIуэр, бетэмал!
КъэмыгъэгъакIэу, щысхьыгъэншэу,
Пщэдджыжь борэным исыжащ,
И мафIэр фIэункIыфIыжащ!..

XXXII

Имыхьэлауэ, щылът, мыхъейуэ,
И нэгум уиплъэм, нэхут, мамырт,
Бгъэ щIагъым, шэр здэкIуам, къыщеуэм,
Иджыри къэс лъы къижыр пщтырт.
Дакъикъэ закъуэкIэ Iэбэжи,
Мы игу лъыкъуалэр къызыдэжым
Хэтт псэ гумащIэ, щIыхь мыкIуэд,
Илът, нэмысауэ, гугъэ куэд,-
Иджы къэнащи унэр нэщIу,
ЦIыхумэр кIуэду, хъунущ кIыфI,
Щэху хъунущ, щIыIэ - сыт нэхъыфI?
ЩхьэгъубжэIупIэхэм гухэщIу
Зыгуэр еплъынщ. Хэт къыщIыхьа,
И унэгуащэр хуэпыхьа?..

XXXIII

ФIыщ, птхыуэ эпиграммэ бзаджэ,
КъыфIэбгъэхуну и щхьэр бийм,
Зэрилъым, губжьу, бжьакъуэ ладжэр
Уеплъыну, ар зэрикIым хъийм,
Плъагъуну ар зэриплъэр гъуджэм,
КъимыцIыхужу и лъэхъуджэр,
ЗыкъицIыхужым - нэхъыфIыжщ,
КIийм, - сэрщи, зызоумысыж!
НэхъыфIщ сыт нэхъри, бгъэдэпшэфым,
ПцIы умыупсу, и домбейм,
Егъапщэ Iэщэр е, ухуейм,
ТхылъымпIэм псори тыботхэфыр:
КъалэмкIэ, къэбукIауи, щIыгъу -
КIэрахъуэ дыдэкIэ нэхъ гугъущ.

XXXIV

Сыт пщIэнур, уэ бгъэуа кIэрахъуэм
Ныбжьэгъур, щIалэр иукIам,
Щыуами, псалъэм къыхэбжьахъуэу,
Мыхъунур къыщыжьэдэкIам;
Бащырбэм фэ фыщыбгъэдэсым,
Ущегуэуауэ фи зэхуэсым,
Лъыгъажэм уэ ухуриджам,
СыхьэткIэ уи гур хуэбзэджам,
КъызжеIэт, сыт хуэдэ гурыщIэ
УиIэнур, уи ныбжьэгъумэ бийр,
И хьэдэр плъагъумэ зэрыдийр,
Къызэрагъэпсэуж умыщIэм,
Дэгу хъуакIэмэ, уигъащтэу, щэху,
Къомыжьэу, гуапэу уэ уеджэху?

XXXV

Езыри, бампIэу гур, псэтенэу,
Бгъэдэтщ, икъузу Iэщэ уар,
Нэщхъейуэ Ленскэм йоплъ Евгений,
«ХэкIащ-тIэ псэр», - а макъ къэIуар
Зэхех, жиIар къэжа Iэжьэгъум,
БгъэдокIри, сыт, иIам ныбжьэгъуу,
Онегиным къреджэр цIыху;
И Iуэхур и кIэм нигъэсыху,
Зарецкэм зэпеплъыхьыр хьэдэр,
Ар трелъхьэр, сакъыу, Iэжьэ щтам,
ЩIадзащ ентIэIуу, къыщащIам
Яшэжыр шыхэми зыхуэдэр,
Iупс защIэу шхуэIухэр зэрадзащ,
Лъэтахэщ ещхьу шабзэ дзам.

XXXVI

Ныбжьэгъухэ, ди гухэщIщ. УсакIуэм,
Къару илъыгъуэу, гугъэ куэд
Къигъанэри, хьэзэбшэчакIуэ
Ар хъуащ, ухуейми, фIэщ псэкIуэд;
ЩIалэIуэу къухьэжащ и дыгъэр,
Иджы, иIа хущIэкъуныгъэр,
Гупсысэ лъагэр, хьэл пIейтейр,
ГурыщIэ дахэр - хэт зыхуейр?
ЦIыхуфIт, егугъурт и лэжьыгъэм,
КъищIэну псори и мурадт,
ПщIэр ихъумэн - зыщIэкъур арт,
Хущытт пэжыIуэу лъагъуныгъэм;
ДгъэщIам щыщ куэдыр нэкъыфIэщIщ,
Усыгъэ лъагэу дджыр нэгъуэщIщ!

XXXVII

Ар тщIэркъым хъунутэм цIэрыIуэ,
ЗыIыгъ ди гъуазджэм и бэракъ,
И лирэм, афIэкIа къэмыIум,
Фэеплъ хуащIынум, тхьэгъуш макъ,
Ягъауэу, дэнкIи ягъэлъапIэу,
И кхъащхьэр къыхахауэ кIуапIэу;
ЛъагапIэм къыщыпхрыпсам,
УсакIуэм, жыжьэ нэмысам,
ЖиIэнт, IуигъэкIуэтам и щIыхьым:
Здихьащ, къытхуэмыщIэну щэху,
Трамыухуам сыт хуэдэ Iуэху,
БлэкIынкъым кхъащхьэм и къэухьым,
КъищIэнкъым щиIэ пщIэр дунейм,
ЩIэблэщIэр и щIэиным хуейм.

XXXVIII. XXXIX

И гъащIэ Iыхьэр ди усакIуэм,
Хэт зыщIэр, хъуам къызэрыгуэкI,
Зэхуэдэу махуэхэр здигъакIуэм,
Теужым жьыбгъэр, къохъу зэгъуэкI,
ФIэкIуэдыжынт и жыджэрыгъэр,
ЩIалэгъуэм и щхьэхуитыныгъэр,
Къишэнти фыз къэзыгъэпцIэф,
Щытхъэнт и къуажэм, хъунт ныбэф;
Хъэлат щыгъынт, зэрыIуэхуншэм
КъыхэкIыу, тIэкIу зэшынт, ефэнт,
И пIалъэм деж къэсымэджэнт,
ЛIэжынт ар, хэлъу и пIэ тыншым;
ЩыIэнт фыз къом унагъуэ зейм,
Хьэкъугъ кърашу, лIар щагъейм.

XL

Сыт хъуами-тIэ, си щIэджыкIакIуэ,
ЩIалэщIэр, пщащэм егуэкIуар,
ХъуэпсапIэм ехьэлIа усакIуэр,
Ныбжьэгъущ зыукIар, дыщIэщхьэкIуар!
Къуажапщэм дэкIи, ядзу жьауэ,
Щытщ нэрэтитI, зэпыкIэжауэ,
Я щIагъым деж псы цIыкIу йожэх,
СэмэгурабгъумкIэ - нэхъ щIэхщ
УкIуэнум, здэпсэуам нэс пыплъхьэм;
ВакIуэлIхэм загъэпсэху абдейм,
Кхъуэщынхэр фызхэм щыхуабейм
Псым халъхьэр: мэхъухэр щIыIэ, хэплъхьэм;
Псы цIыкIум Iуткъым и кхъэм фIэкI,
Тетщ кхъащхьэм сын къызэрыгуэкI.

XLI

Жыг щIагъым (гъатхэ уэшх щытешхэм
Щхьэмыж къэкIыгъэ къыхэкIам)
ЩIэсщ Iэхъуэ, еху кIэрэхъ, зэпешыр
Уэрэд пэжыжьэр къыздикIам,
Индыл деж, хъыр щалъэфым, кърашыр;
Е къалэм щыщ набдзэ къурашэр,
ЩыхьэщIэр къуажэдэс Iыхьлым,
КърешалIэ и гум, гущIэгъулым;
Шым тесу щыжэм, къыщилъагъум
Мы кхъащхьэ закъуэр, сын хэтIар,
КъегъэувыIэ шы пщIэнтIар,
Тетхам ар къоджэри, и жагъуэу
IуокIыж, и нитIым щIэзу нэпс,
ЛъоIэсыр уанэми зы ткIуэпс.

XLII

ИщIауэ и шыр хуэм, гупсысэу,
Ар макIуэ, дэнкIи губгъуэ нэщIщ,
Хуэмейми, зыхищIауэ и псэм,
ЛIэкIейти Ленскэр, гур хегъэщI;
«ЗдэщыIэр дэнэ цIыху зыгъейхэр,-
УпщIэнт, - сыт Ольгэ, сыт адрейхэр?
Я нэпсхэр щIэх ялъэщIыжа,
ТхьэмыщкIэр ящыгъупщэжа?
Сыт и хъыбар и шыпхъу нэхъыжьым,
Ныбжьэгъум, нэщхъ зэхэукIам,
УсакIуэ щIалэр зыукIам,
Яхуэхъум цIыхуу хъуам пэжыжьэ?»
И пIалъэкъым дыщынэщхъейм,
ИужькIэ вжесIэжынщ, фыхуейм…

XLIII

Иджыкъым, ауэ. Гурэ псэкIэ
СыхуэфIми сэ фхуэсщIам лIыхъужь,
СыхуэкIуэжынщ абы тIэкIу дэкIым,
Гупсысэхэр IупщI сщIа нэужь;
Си ныбжьым жеIэр хъущIэ-щIатэу,
Тхын хуейуэ стхыр хъыбарыIуатэу,
Зэран си рифмэ псынщIэм хуохъу,
Нэхъ хуэми усэхэм садохъу.
Иджы апхуэдэу сэ схуэщIыжкъым,
ТхылъымпIэр лъатэу, къасщтэм ар,
Зыр зым кIэлъыкIуэу напэ стхар;
Си пщIыхьхэр, гугъэхэр иныжкъым;
КъысфIощIыр сиIэу Iуэху нэгъуэщI,
Сыхъуащ нэхъ щIыIэ, нэхъ щIагъуэщI.

XLIV

ЗыкъызигъэцIыхуащ гухэщIым,
СиIам щыщ симыIэж гухэлъ,
СыкъигъэпцIэжыркъым къысфIэщIым,
ГухэщIми къыхэхъуэн и хьэлщ.
ХъуэпсапIэхэ! Щхьэ фи IэфIыгъэм
Епха щIалэгъуэр? Хъуэпсэныгъэм
ДызыIэпишэу сытри тщIэфт.
Иджы псэхугъэр щхьэ нэхъ тфIэфI?
ТIэкIу хэслъхьэу фэрыщIагъ усыгъэм,
ЖысIар (жысIами, сымыщIэж)
- Си гъатхэр блокIыр, мэхуэдэж…-
Хъуам пэж, къысхуэкIуэжам, си ягъэ?
СхуэщIа Iа илъэс щэщI сыхъуху?
Пщэдей си мардэм и кIэух?

XLV

Зызумысынщ, щIэзмылъхьэу фIыншэ:
Си гъащIэм нобэ и махуэбгщ,
ЩIалэгъуэ, дызэпокIыр тыншу,
Къызох, сиIами сэ лъахъэбг!
ПхузощIыр фIыщIэ псэгъухэм щхьэкIэ,
Дызэрытхъам щхьэ, тхузэфIэкIыу
Дефэн е дыIэуэлъэуэн,
Ттын тыгъэ, дызэхуэгуфIэн;
ПхузощIыр фIыщIэ, дызэгъусэу
Дытехьэфам гъуэгу дызыхуейм;
Гур хэхъуэрт дэ дыщыпIейтейм,
Мамыру, гуапэу дыщыщысым.
Хъунщ ар! Гу къабзэу, схуэщIэр сщIам,
СыхуокIуэр сызыIумыщIам.

XLVI

СызоплъэкIыж. Си пэш пэIущIэ,
Къысхуэбгъэгъунщ: сиIар мыбдей,
Иджы къэзгъанэр нос си гущIэм:
Пкъым щхьэ тыншыгъуэр, псэм - пIейтейр.
ДызэпыкIами, си щIалэгъуэ,
СхуэхьэщIэ, къашэ дэрэжэгъуэр,
Iуэху сымыщIахэр хъумэ куэд,
ЩIэх-щIэхыу къакIуэ, умыкIуэд;
УсакIуэм и гум уэ хуумыдэ,
УпщIыIуу, хъумэ ар залым;
Апхуэдэр хуэмеиж къалэм,
Щыхъуам деж и гур мывэ быдэ,
Хыхьэжым гуп хэгъэфIыкIам,
Хилъафэм, мытхэу афIэкIа!

ЗэзыдзэкIар Хьэмыз Русланщ.

(КIэлъыкIуэр 3-нэ нап.)

Поделиться:

Читать также:

25.03.2024 - 15:30 Си жэнэт
21.03.2024 - 11:30 Ахъмэт и фо изщ