И адыгэгур хамэ щIыналъэм щызыхъумэфа КIубэ Щэбан

Адыгэ усакIуэ, IуэрыIуа­тэдж, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ КIубэ Щэбан къы­зэралъхурэ илъэси 130-рэ ирикъуащ.

Лъэпкъым и тхыдэм хэмыгъуэщэн лъагъуэ, Iэужь дахэ къэзыгъэна адыгэ щIалэр 1890 гъэм Адыгейм хыхьэ ХьэкIуринэхьэблэ къыщалъ­хуащ. Я къуажэм дэт курыт еджапIэр, мыдрисэр къиуха иужькIэ, 1917-1919 гъэхэм Налшык къалэ щыIэ дин ­Iуэ­ху­щIапIэм щеджащ. 1925 -1927 гъэхэм Ленинград (иджы Санкт-Петербург) дэт семинарием и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ. Ар езыгъэджахэм ящыщщ академик Марр Николай. 1926 гъэм КIубэ Щэбанрэ Шумэныкъуэ Гуащэнагъуэрэ унагъуэу тIысыжащ.
1928 - 1934 гъэхэм Щэбан Краснодар дэт педагогичес­кэ, театральнэ техникумхэм адыгэбзэр щригъэджащ. Лу­начарскэм и цIэр зэрихьэу Москва дэт Театр гъуазджэ­хэмкIэ институтым ирагъэб­лагъэри, илъэситIкIэ щылэ­жьащ. Адыгейм и щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым адыгэб­­зэмрэ IуэрыIуатэмрэ джыным щелэжьащ. 1943 гъэм КIубэ Щэбан IэмалыншагъэкIэ хэкум икIын хуей ­хъуащ.
Илъэс 30-м щIигъукIэ хамэ щIыпIэ щыпсэуами, Щэбан къызыхэкIа лъэпкъым махуэ къэси хуэлэжьащ. ИлъэсищкIэ Германием щыпсэуа иужь­кIэ Тыркум Iэпхъуэри, а къэралыгъуэм зэрыщыIа зэманым сэбэпынагъышхуэ пылъу къигъэсэбэпащ. Тыркум и адыгэ къуажэхэр къызэхикIухьурэ, IуэрыIуатэр зэ­хуихьэсыжащ, уэрэдыжьхэр итхыжащ. Апхуэдэуи Иорданиемрэ Сириемрэ щыпсэу адыгэхэм ящIэж IуэрыIуатэм­рэ уэрэдыжьхэмри мымащIэу зэщIикъуэжащ абы.
1956 гъэм ар Франджым  Iэпхъуэри, илъэсищкIэ Кан­ны щыпсэуащ. Зэхуихьэса лэ­жьыгъэхэр а лъэхъэнэм гуп­сэхуу зэригъэзэхуэжащ. Дуней псом къыщацIыху щIэныгъэлI Дюмезиль Джордж КIубэр иригъэблагъэри, Париж дэт Сорбонн университетым адыгэхэм я лъэпкъ творчествэр илъэсиплIкIэ щригъэджащ. Абы иужькIэ Америкэм и Штат Зэгуэтхэм Iэп­хъуэри, щыпсэуащ. 1974 гъэм, и ныбжьыр илъэс 84-м иту, ар Паттерсон къалэм (США) дунейм щехыжащ. ЩыщIалъхьэжари аращ.
Лъэпкъ щэнхабзэм зегъэу­жьынымкIэ КIубэ Щэбан къы­зэрымыкIуэу лэжьыгъэшхуэ ищIащ. Ар усакIуэт, тхакIуэт, уэрэдуст, уэрэджыIакIуэт, курыт еджапIэм щIэсхэр зэ­ре­джэну тхылъ япэу зыгъэ­хьэзырахэм ящыщт. Уэрэ­дымрэ къафэмкIэ япэ Адыгей ансамблым и художественнэ унафэщIу щытари аращ. IуэрыIуатэдж, щIэныгъэлI, адыгэхэм я япэ критикхэм хабжэ. Лъэныкъуэ куэдкIэ зэфIэкI лъагэхэр къэ­зыгъэлъэгъуа а адыгэлIым и цIэр лъэпкъым и тхыдэм дыщэ хьэрфкIэ хитхэжащ. Абы щыхьэт техъуэ Iуэхугъуэ куэд щыIэщ.
«КIубэ Щэбан адыгей Iуэ­рыIуатэр фIыуэ зыщIэж зырыз­хэм ящыщщ, абы цIыху­бэ уэрэдыжьрэ «нарт» эпо­сым хыхьэ уэрэду 300-м щIигъу гукIэ ещIэ. Адыгэхэм я лIакъуэхэм я уэрэд гъэIукIэм иIэ щхьэхуэныгъэхэм фIы дыдэу щыгъуазэщ, езым уэрэд дахэ дыдэхэр зэхелъхьэ» - «Адыгэ уэрэдхэр», «Адыгские (Черкесские народные песни и мелодии» тхылъым щитхащ Гребнев А.
«ЗэфIэкI лъагэ зыбгъэдэлъ КIубэ Щэбан усакIуэщ икIи уэрэдус Iэзэщ. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIа уэрэдхэм я нэхъыбэр адыгейм къафэмрэ уэрэдымкIэ и ансамблым егъэзащIэ, щыхьэт тохъуэ «Большевик» газетыр 1923 гъэм.
КIубэ Щэбан и тхылъих хамэ къэралхэм адыгэбзэкIэ къыщыдэкIащ. Зауэм ипэ лъэхъэнэм КIубэм абы и уэрэдхэр «Апэрэ лъагъу» (1929 гъэ), «Шахъо» (1939 гъэ), къыдэкIыгъуэхэм ­ ­ихуащ.
«Шахъом и оред», «Лэ­жьэкIо оред», «Мыекъуапэ - тимэфэкI мафэ» нэ­гъуэщIхэри, апхуэдизкIэ цIыхум я гум дыхьащи, цIы­хубэ уэрэду фIэкIа зымыщIэр нэхъыбэщ. Сыт и уасэ и сабий уэрэдхэр - нобэр къыздэсым абыхэм я щIэупщIэр кIуэ­щIыркъым.
КIубэ Щэбан и лэжьыгъэ нэхъыщхьэхэщ «Алфыбэ», хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр зэ­реджэн ­«Уитжыд» тхылъхэр. Апхуэ­дэуи абы и къалэмым къы­щIэ­кIащ «Гъундж», «Адыгэ пщы­налъ»,«Адыгэ орэ­дыжь­хэр», «Адыгэ псалъэхэр», «Адыгэ IуэрыIуатэ» къыдэкIыгъуэхэр.
Хэкум, адэжь щIыналъэм пэIэщIэу илъэс куэдкIэ псэуа КIубэ Щэбан зыгъэхуабэр абы хуилэжь IуэхуфIхэрт. ИкIи и IэдакъэщIэкI зыбжанэ Адыгейм хуигъэпсащ. И иужьрей лэжьыгъэхэм ящыщщ куэ­дым фIыуэ ялъэгъуа «Си оред» уэрэдыр. Ар хэкур зыфIэкIуэда, абы пэIэщIэу псэуа Щэбан и гъыбзэу къалъытэ.
КIубэм и щхьэкIэ ­къе-­ мыхъу­лIар и Iэдакъэ­щIэкI­хэм яхузэфIэкIащ - адэжь хэку ­къагъэзэжауэ щыпсэу къудейкъым, атIэ ахэр адыгэ унагъуэ куэдым щохьэщIэ, икIи  зэхыхьэ щIагъуэ къанэркъым ящыщ щамыгъэзащIэу. Абы нэхъ насып сыт щыIэ апхуэдиз илъэс­кIэ хамэ щIыпIэм зи адыгэгур хуэсакъыу щы­зыхъу­ма, лъэпкъым хуэлэжьа адыгэлIым дежкIэ?!

Щомахуэ Залинэ.
Поделиться: