МЭРЕМ ПШЫХЬ

ГушыIэ

Си ныбжьэгъум къызищIар

Си ныбжьэгъу Хьэшыр зымахуэ «Уа, иджыри куэдрэ фызкъэмышэу упсэуну уи мурад?» - жиIэри, си щхьэр сэзыгъэужэгъуа псалъэмакъым къыщIидзащ.
ГъэщIэгъуэнщ мы цIыхухэр! Си Iыхьлыи, си ныбжьэгъуи сэ фIэкIа Iуэху ямыIэж хуэдэщ. «Сытым щыгъуэ къыщыпшэнур?» «Иджыри къэпшакъэ?» - ахэращ къысхуэзэр къызэрызэупщIыр. Сытуи ямыужэгъурэ, гъуэгу махуэрэ! АпхуэдизкIэ си щхьэр щIызагъэхьащи, иджы си цIыхугъэ гуэр сыхуэзэмэ, япэ зызогъэщри жызоIэ: «Къэсшакъым иджыри! Уэлэхьи, къэзмыша!» Апхуэдэу жысIэу сызэрыхуежьэрэ тIэкIу нэхъ сытыншащ, «къэпшэн хуейти, арати, мырати» жаIэу, кIыхьу кърагъэкIуэкIыркъым, сызэгуагъэуду.
АтIэ, сытми, Хьэшыр сыхигъэзыхьащ: «Тхьэ соIуэ, емыкIукIэ! Илъэс плIыщIым ущIигъуащ, зиунагъуэрэ. Мис дэ, уи ныбжьэгъухэм, къыдэплъ - ди бынхэр ин хъуащ».
Хьэшыр фэрыщIагъ хэмылъу, фIыкIэ къысхуэупсэу къызэрызэпсалъэр сщIэрти, гу щабэ сыкъэхъури жесIащ:
- Уэлэхьи, Хьэшыр, узахуэм. Псори къызгуроIуэ, итIани... Ар жыпIэнуи емыкIущ, ауэ, Тхьэ соIуэ, сэ сызыхуейм хуэдэ сымыгъуэткIэ, лIо сыбгъэщIэнур...
Хьэшыр ней-нейуэ къызэплъащ, зыри жимыIэу. ТIэкIурэ гупсысэри, къыпищащ:
- Уэлэхьи, зы хъыджэбз гуэр и гугъу пхуэсщIынутэм. Си гугъэмкIэ, уэ узыхуей дыдэм хуэдэщ ар... И ныбжькIэ щIалэщ, езыр тхьэIухудым хуэдэу дахэщи, и нэгу ущиплъэкIэ «Ярэби, цIыхуу пIэрэ хьэмэру сурэту ящIа?» - жыпIэу шэч къытепхьэу уи нэр тонэ, малъхъэдисым узыщIишам хуэдэу. И набдзэ фIыцIитIыр IэкIэ тралъхьа фIэкI пщIэнкъым...
Хьэшыр и псалъэр зэпигъэущ, тIэкIурэ щысри, аргуэру къыпищащ: «Хьэмэрэ абы зы Iэпкълъэпкъ иIэщи! И бгыр IэмыщIэм ижыным хуэдэщ. И щхьэцращи, вындыржьычу фIыцIэрэ мы си Iэдийм хуэдиз и гъумагъыу ухуэнауэ и бгым щедзыхащ. Езыр щIыкIафIэщ, щэныфIэщи, и нэр къиIэту къоплъыфыркъым...»
Сэ си тхьэкIумэр тегъэхуауэ си ныбжьэгъум содаIуэ, сигукIэ жызоIэ: «Тхьэ соIуэ, къэзгъуэта си гугъэм... Ярэби, нытIэ иджыри къэс къыщIэзмышар а тхьэIухудым си насып хэлъу арауэ пIэрэ?!»
Хьэшыр мащIэу къысхущIоплъ. Дауи, гу лъитагъэнущ, сфIэгъэщIэгъуэну, гукъэкI гуэрхэри сигъэщIу, абы жиIэм сызэредаIуэм.
- Хъыджэбзым и унагъуэр хуабжьу хуэщIауэ мэпсэу, цIыхур зэхъуапсэм хуэдэщ. И адэ-анэм къуажэдэсхэм пщIэшхуэ къыхуащI. И дэлъхуитIыращи, Тхьэм къузэритынщ: нэхъыжьыр хьэрычэтыщIэщ, нэхъыщIэр щIэныгъэхэм я кандидатщ, университетым щрегъаджэ. Езы хъыджэбзыр дохутырщ. Лъыхъу куэд иIэу жаIэ, ауэ зэкIэ зыри зыбгъэдигъэхьэркъым.
Хьэшыр елъагъу сыдихьэхауэ сызэредаIуэр.
- Уэлэхьи-тIэ, сымыщIэ нэгъуэщI узыхуейр, - жи.
Сэ абы и дамэпкъыр соубыд:
-    Хъунущ, хъунущ а уэ зи гугъу пщIыр! Сыгъэлъагъу, дэнэ здэщыIэр? Уэлэхьи, мис ар къэсшэну сыарэзым!
Хьэшыр къысхудэплъейщ, «уэхьэхьэхь!» жиIэу ину зыкъомрэ дыхьэшхри, зыри къызгурымыIуэу сыздэщытым, и Iэ ижьыр си плIэм къридзэри жиIащ:
- Уэри сыгъэлъагъу, уэри къызжеIэ апхуэдэ хъыджэбз здэщыIэр, си ныбжьэгъужь! Тхьэр згъэпэжащ, уэ дэнэ къэна, сэри сылъымыхъутэм абы, щхьэгъусэ сызэриIэр къищIэу къыздэмыкIуэну щытми! Еууей, тхьэмыщкIэ! Уэлэхьи, уэ щхьэгъусэншэу иджыри Iэджэрэ узэрыщысынур къызгурыIуам. Еплъ ар зылъыхъуэм!
Къагъырмэс  Борис.

ЖыIэгъуэхэр

ЩIыхь зиIэм и псалъэр
жыжьэ мэIу

ФIы пхужыIэнумэ, Iей умылъыхъуэ.
Хьэпшыпыр зейм уасэри ейщ.
Жей хуэлIар щхьэнтэ лъыхъуэркъым.
Псышхуэри псынэпсу къежьащ.
Псы цIыкIур псышхуэм здехь.
Псыр къумым илъадэмэ, бахъэщ.
Псынэ здэщымыIэм лъагъуэ щыхаш.
Лейр пуд мэхъу.
ЩIыхь зиIэм и псалъэр жыжьэ мэIу.
Гъуэгу темыхьэр гъуащэркъым.
Унафэ зыхуащIыр унафэщIкъым.
Къофыгъуэ нэхърэ - къохъуэхъу.
Зи Iуэху ефIакIуэм щапхъэ техи, къыпхуэныкъуэм сэбэп хуэхъу.
Хъийм икIар хабзэми текIащ.
Iуэхур щымыхъум узэджэр гъунэгъущи, уи дзыхь зэбгъэзыр - ныбжьэгъущ.

Джэтауэ Исуф.

Гупсысэр - псалъэкIэ

ГукъэкIыжхэр

Фи Хэкум ноби ситщ. Фи деж зыщысплъыхьынкIэ срикъуркъым. Си гугъэнтэкъым гукъэкIыжхэм апхуэдиз щэху фхэлъу. Къытезгъэзэжурэ мызэ-мытIэу сывблэкIаи хуэдэщ. ИтIани, сыкъэкIуэху щIэ гуэрхэр, нэхъапэм фщызмылъэгъуа телъыджэхэр къызыкъувопхъуэт. ЛъащIэ имыIэу ара фи пхъуантэм? Е, сызыпэмыплъа хъыбар куэдыIуэ зэуэ къыстефтхъуэмэ, уIэгъэ зи куэд гум зэрыхуэмышэчынур къывгурыIуэрэ? Ара си къэкIуэгъуэ къэс хъыбарыщIэ гуэр къыщIызэвутIыпщыр? Хьэуэ, фэ зыгуэр вдэзгъуэу аракъым. Уеблэмэ, псэм апхуэдизкIэ фыкъоIэфIэкIри, сызыщыщ зэманри сIэщIэгъупщыкIыжурэ сыфхэджэразэу сыщыфхэгъуэщэжыр нэхъыбэщ. ФызэрыблэкIар е фыкъызэрызгъэнар къыспкърошэсэжри… Аракъэ сызыукIыр?! Сэ нэгъазэ сызэримыIэри фэ фызэрызэзмышэлIэжыфынури къызгуроIуэри, блэкIам сыхуозэш. СыхуэзэшкIи къигъэзэжынукъым абы. Сэлам дыди къызимыхыжу ежьэжащ…
Хуэмурэ фызоутIыпщыж. ЗыфщызогъэпщкIу. ГъащIэм сыхокIуэтэж. Сесэжи хуэдэщ. Ауэ итIани сыфхуэныкъуэ мэхъу, фысхуолIэри, фи лъыхъуакIуэ сыножьэж. СыфкIэлъоIэбэ. СыфкIэлъопIастхъэ. Фэри ффIэфIыпсу фыкъыслъохьэ. СызэщIывоIулIэ, си гъащIэм зыкъыхывоутхыпщIэ, фи гупсысэр къыстывоунащIэ.
Сыщыфхузэгуэп къысхуохуэ куэдрэ. Ауэ екIуэлIапIэншэ сыхъуа, гуитIщхьитIыгъэм и къапхъэным сриубыда нэужь, згъуэтыжыр фэращ. Фэращ сызэкIуалIэр, сызэжалIэр. Сытывогъэуж, фыкъызодэхэщIэж, си нэпсыр схуволъэщIыж. Апхуэдэхэм деж согупсыс: сыту фIыщэу фызиIэт гукъэкIыжхэр! Си гум щызэтрихьа гуныкъуэгъуэхэри а гупсысэм лъэныкъуэкIэ ирегъэкIуэтэкIыж.
Гугъуэт Заремэ.

Гукъинэ хъыбар

Жэмри гъырт

Мазэ зытхухкIэ фашистыдзэм яIыгъа Зеикъуэ колхоз цIэрыIуэр гъатхэ техьат зэрывэн шыи выи имыIэжу. Ауэ псоми къагурыIуэрт гъатхэм щIым хыумылъхьар бжьыхьэм къызэрумыхьэлIэжынур. Арати, унагъуэ жэмхэр пхъэIэщэм щIащIэн хуей хъуащ. Абы бгъэдэтри лIыжьхэмрэ щIалэ цIыкIухэмрэт.
Ди бригадэм пхъэIэщитху игъавэрти, абы выми жэмми 40 щIэщIэн хуейт, абы цIыху 18 егъэбыдылIауэ. Япэ ит пхъэIэщэм и пхъэIэщэжьыр и нэ лъэныкъуэм щIыIуху зэрытелъым щхьэкIэ зауэм ямыгъэкIуа, Зулъкъэрней зи цIэ лIы балигъырт. ВакIуэ гупым ди унафэщIри, Iуэхур зэрекIуэкIымкIэ япэу зэупщIынури арат.
Дэ ди унагъуэ жэми хэтт пхъэIэщэм щIащIэхэми, щысхьынущ жаIэрти ар сэ дзыхь къысхуащIыжыртэкъым. А къомыр зэщIэбгъэуIуэу пхъэIэщэхэр ебгъэжьэнырт псом нэхърэ нэхъ гугъур. Ди жэмыр щIэзыщIэну пхъэIэщэм езыхулIа щIалэ цIыкIур абы пэмылъэщу вытIощыщIэм зыIэщIиудри щIэпхъуэжащ. Арати, жэмри мажэ, щIалэ цIыкIури кIэлъожэ. Сытми, щIалэ цIыкIум кIапсэ кIапэр къыIэрыхьа щхьэкIэ, жэмыр хуэмыубыду Iуащхьэ гуэрым зэрызехьэурэ къуэлъэдащ.
Зулъкъэрней мэкIий: «Мы Iейр жэмым и гъусэу кIуэцIрыхуаи. Алъандэм зэ дыкъекIуэкIат…» ИтIанэ ар си дежкIэ къогуо: «КIуэи плъэт а чыцIыщхьэм деж. ТIысауэ щысми, тщIэркъыми». Къытпэщылъ махуэ лэжьыгъэр зыхуэдэр сщIэрти, си псэр схуэмыкIуэу, си лъакъуэхэр хуэм дыдэу IуащхьэмкIэ йожьэ. «ПсынщIэу!» - къыскIэлъокIий Зулъкъэрней и макъ тхъунщIа пхъашэм къызэрикIкIэ. Сэ си лъэбакъуэм хэзмыгъахъуэу, нэщхъ сщIауэ сыгъумэтIымэурэ сыкъызоплъэкI. ПхъэIэщэжьым кхъуэхьэнцэ папщIэу иIыгъ бжэгъу кIэщIыр си щхьэмкIэ фийуэ щхьэпролъэтри, си япэкIэ щохуэх. Сэ абы сытоувэри адэкIэ сокIуэ, сызэрымыпIащIэм хуэдэурэ. Iуащхьэм секIуэкIмэ, солъагъу: вытIощыщIэм и кIапсэр шэщIауэ иIыгъыу щIалэ цIыкIур щысщ, и щIыбагъкIэ мащIэу еIэ щIыкIэу жэмыр абы и пащхьэм итщ. ТIури хьэлъэу мэбауэ, зыр адрейм еплъу. «СкIэрыкI, сэ сыкъызыхуалъхуар сывэну аракъым, сылъхуэну, сыкъашыну аращ», - жиIэ хуэдэт жэмым. ЩIалэ цIыкIур гъырт зэщыджэу: «Сэ сыкъызыхуалъхуар мыпхуэдиз хьэзаб сшэчыну аракъым», - жэуап иритыж хуэдэт абы жэмым.
- Сыт ущIэгъыр? - соупщI щIалэ цIыкIум.
- Еплъыт мобы, - жеIэри щIалэ цIыкIум и щхьэр жэмымкIэ ещI.
Сэ сыплъэмэ, жэмым и нэпсыр къыщIэжырт -ар гъырт. Сэ жэмым сыбгъэдыхьэри и пщэм зесшэкIащ. Ауэ сымыгъыу зысIыгъыфащ. А махуэм сэри сыгъыну къызэрыспэщылъыр сщIакъым.
«Удэфа» фIащри ди жэмыр дакъэм щIащIащ, си лъэIури хьэ бэнауи кърамыдзэу. Си щхьэмкIэ фийуэ щхьэпрылъэта кхъуэхьэнцэр зи щIыб иджэгухьу махуэ псом дакъэм щIэта Iэщ тхьэмыщкIэр пщыхьэщхьэм вагъэмбэкъум дэукIуриящ.
Зулъкъэрней иIыгъ бжэгъу кIэщIымкIэ жэм щылъым зытIущрэ кIэщIэуащ. АрщхьэкIэ зигъэхъеякъым. Сэ схуэшэчыху зысIыгъащ, арщхьэкIэ Iэщ хейм техуэ удыныр нэхъыбэ щыхъум, схуэмышэчу сыбгъэдэлъэдащ:
- УмыукI мы ди жэмыр!
- ТекIуэт, щIалэжь цIыкIу, уэри къыптехуэну ухуэмеймэ. Ар иджыпсту фи жэмкъым, атIэ колхозывщ.
- Уэлэхьи, ди жэммэ икIи уэзмыгъэукIын.
- ТекIуэт жысIакъэ! Бригадирыр къэсмэ, нормэмкIэ зэупщIынур уэракъым. Дэ иджыри зэ дыкъекIуэкIын хуейщ. - Зулъкъэрней и бжэгъу кIэщIыр игъэдалъэу шынагъуэу кIийрт.
Сэ ар иджыпсту схуегъэщхьыжыртэкъым щIымахуэ кIуам щхьэл сыкъикIыжу къысхуэзэу къыздэIэпыкъуа цIыху гущIэгъулым.
Жэмыр лIэрт. Сэ сыгъырт.
КъухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ зауэр щекIуэкIырт.
Къэрмокъуэ Мухьэмэд.

Псалъэ шэрыуэхэм къарыкIыр

Пшхын уимыIэмэ, щIым езауэ

Псым щхьэтепIэ имыIэмэ, къабзэ хъуркъым. Бзылъхугъэхэм ятеухуащ. «КъакIэлъыплъын, къахуэсакъын яIэн хуейщ» жыхуиIэщ.
Псыпэр зэрыжэм псыкIэри ирожэ. Гъэсэныгъэм ехьэлIауэ нэхъ къагъэсэбэп хабзэ псэлъафэщ: бынхэр (нэхъыщIэхэр) я адэ-анэхэм (нэхъыжьхэм) ядоплъей, я щапхъэм ирогъуазэ, абыхэм я лъэужьыр езыхэми яху.
Псыр псэхэлъхьэжщ. «Зыуегъэужьыж, къару къыпхелъхьэж» жыхуиIэщ.
Пшыналъэр бгъунлъэмэ, лъэпкъыр мэукIытэ. «Лъэпкъыр зыгъэукIытэн умылэжь» жыхуиIэщ.
Пшхын уимыIэмэ, щIым езауэ. «Гъавэ ухуейм, щIым елэжь» жыхуиIэщ.
Пшынауэм езым фIэфIыр кърегъэкI. Езыр нэхъ къыздикIынумкIэ къыщоуэ, и псалъэр абыкIэ ешэ.
Пщэдджыжь хьэщIэ гъэхьэщIэгъуафIэщ. «Куэд хуейкъым, шей къудейкIи зэфIокI» жыхуиIэщ.
Пщым и щIыб джатэ щагъэдалъэ. ЦIыхум и нэщIыбагъкIэ хуэдалъэ зи хабзэ «къуэгъэнапIэ фочауэхэм» ятеухуащ.
«ПыIэр къэхь» жысIати, щхьэр къихьащ. Iуэху бгъэдыхьэкIэ пхэнж зиIэм теухуащ.
Щауэ Къэлидар.

IуэрыIуатэ

«Жэбагъы захуэщ»

Къэбэрдейм я хеящIэр, Уэрарэ дадэ, жьы дыдэ хъуат - илъэсищэм щIигъуат. Жьы хъуами, хеящIэм текIыртэкъым Уэрий дадэ. «ЗгъэукIытэнщи, згъэтIысыжынщ», - жери Жэбагъы Уэрарэ деж кIуащ.
- Уэрарэ, - жиIащ Жэбагъы, - зыгуэркIэ сыноупщIынущи, къикIыр къызжеIэ.
- Хъунщ, къызэупщI, - жиIащ Уэрарэ.
- ПщIыр - бзу, пщыкIутхур - чыцI, тIощIыр - дыгъужь, плIыщIыр - аслъэн, хыщIыр - вы, пщIейр - пэщащэ, щэр - джэдыкIэ. Сыт къипхрэ?
Егупсыса щхьэкIэ, Жэбагъы и псалъэр хузэхэхуакъым Уэрарэ.
- Абы къикIыращ, - жиIащ Жэбагъы. - ИлъэсипщI ныбжьым щитым деж цIыхур бзум хуэдэщи, золъатэ. Илъэс пщыкIутхум нэсамэ, чыцI къуейщIейм ещхьщ. Илъэс тIощI ирикъуамэ, дыгъужь хуэдэ мэгушхуэ. Илъэс плIыщIым итыр, аслъэн хуэдэ хахуэщ. Илъэс хыщI ирикъуар, вы хуэдэ гуащIафIэщ, и акъыли ирикъуащ. Илъэс пщIейм нэсмэ, пэщащэ фIэкI, ищIэжышхуэ щыIэкъым. Илъэсищэ ирикъуа цIыхур джэдыкIэ шкIумпIым хуэдэщ.
Уэрарэ дадэ илъэсищэм щIигъуати, хеящIэм текIащ:
- Жэбагъы захуэщ, - жери.

Лэжьыгъэм емыкIу
илъкъым

«Жэбагъы зэдгъэлъагъунщ, акъыл къыпытхынщ», - жари шу гуп къыхуепсыхащ Къэзанокъуэм. Шу гупыр епсыха щхьэкIэ, Жэбагъы къыпежьакъым. ПщIантIэм зы щIалэ дэтти, еупщIащ:
- Жэбагъы дэскъэ? - жари.
- Дэсщ, - къажриIащ щIалэм. - Бжьын епщIэ, фызым щIыгъуу.
- Фызым щIыгъуу бжьын зыпщIэм акъыл къыпытхынкъым, - жари шу гупыр шэсыжын хъуауэ, Жэбагъы хадэм къикIыжащ, шу гупыр хьэщIэщым иришэри Iэнэ къахуигъэуващ. Iэнэм здыпэрысым, шу гупым я нэхъыжьыр Жэбагъы къехъурджэуащ:
- Фызым бжьын дыбопщIэ, ар емыкIукъэ? - жери.
- Лэжьыгъэм емыкIу илъкъым, - жиIащ Жэбагъы. - ЕмыкIур лэжьыгъэм зыщызыдзейрщ.
ЛIы гупыр арэзы хъуауэ Жэбагъы и пщIантIэм дэкIыжащ.
 

НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

27.03.2024 - 15:00 НОБЭ
26.03.2024 - 08:01 НОБЭ
25.03.2024 - 12:07 НОБЭ
22.03.2024 - 15:54 Псым и махуэ