Хэкужь щалъытэ, хамэщІ щахутэ

Коларуссэ Джон

Канадэм щыщ бзэщІэныгъэлІ Коларуссэ Джон илъэс 75-рэ ирокъу

Мы тхыгъэр зытеухуа щІэныгъэлІым и гугъу щІын едмыгъажьэ щІыкІэ, «Адыгэ псалъэ» газетым еджэхэм зы гукъэкІыж гуэркІэ сывдэгуэшэну ­сы­­хуейт. «ХамэщІ щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм бзэр ­къабзэу яхъумащ, уа­хы­хьэу ящІэж ІуэрыІуатэр зэхуэпхьэсыжыну уасэ иІэ­тэкъым», жаІэу си егъэджакІуэхэм сыщытрагъэгушхуэм, ІуэрыІуатэщыпэ гуращэр сиІэу 2005 гъэм щы­пэкІуэу Тыркум се­жьащ. ТхьэмахуитІкІэ щхьэ­­къэІэт димыІэу дадэ-нанэхэр дгъэуэршэрауэ, бысым щІалэм къыхилъ­хьэри, зыдгъэпсэхуну Истамбыл дишэгъат.

ТаксимкІэ еджэу иІэщ абы зы щІыпІэ, цІыхур Іуву щызэхэзекІуэу. Абы дрикІукІыу дыздытетым, и теп­лъэкІэ узыІэпишэу унэ фІэ­рафІэ гуэр дыхуэзащ. Къы­зэрыщІэкІамкІэ, члисэт. И кІуэцІыр слъагъуну сы­хуейуэ сфІэгъэщІэгъуэн щыхъум, дыщІыхьащ. Члисэм цІыхур щІэзу щІэтт, я дин хуэІу­хуэ­щІэхэр ялэжьу. Зыдмыгъэ­Іэуэлъэуащэу тхылъхэр щащэ плІанэпэм дыщекІуэталІэм, тыркубзэкІэ тхауэ ­«Инджыл» жиІэу зытет тхылъ фафІэр сыІэбэри къэсщ­тащ. «ГъэщІэгъуэнкъэ, Инджылыр тыркубзэкІэ щыІэщ, Тхьэр тыркубзэкІи мэпсалъэ», жысІэу си гъусэ щІалэм щэхуу щыжесІэм, тхылъ щапІэм тет лІыр къэпсалъэри, «Тхьэр тыркуб­зэм и закъуэкъым, ады­гэб­зэкІи мэпсалъэ», - жиІэри къызыпхигъэІукІащ. Асы-хьэтуи «ХъыбарыфІыр» жи­Іэу ину тетхауэ дыщэпсыр зытегъэлъэдэжа тхылъ щІы­хуш­хуэр къызыкъуихри, лІым ди зырызу къытхуишиящ. ДгъэщІэгъуэнур ды­мы­щІэу щІалитІыр Іэнкуну ды­зэплъыжащ: абдежым ады­гэб­зэкІэ тхауэ тхылъ къы­зэ­ры­щыдатарами уеплъакІэ адыгэу зэрыпщІэн щымыІэ лІыр адыгэбзэкІэ къызэ­ры­дэпсэлъарами, тфІэтелъы­джэр тхузэхэгъэкІтэкъым.
ЛІым къыгурыІуагъэнщ ­ди щытыкІэр зыхуэдэр, къы­дэкІщ, тІуми къыдбгъэ­дыхьэщ, ІэплІэ къыди­шэкІ­ри: «Апхуэдизу бгъэщІэ­гъуэн хэлъкъым, си адэр пхъащІэу адыгэ къуажэ гуэрым дэтІысхьэри дэсащ, дэри абы дыкъыщыхъуати, адыгэ сабийхэм дахэтурэ адыгэбзэр зэдгъэщІа ­хъуащ, - жиІащ. - Мы тхылъ­хэри Швецием щыщу ады­гэбзэр зэзыгъащІэ щІалэ гуэрым къыщІихьат, зэгуэр мыр зэрытха бзэмкІэ пса-лъэ къыщІыхьэ хъужы­къуэ­Іамэ, абы ет», - жиІэри. ­Къаб­зэу къэбэрдей адыгэбзэкІэ къыдэпсалъэ лІыр езыр лъэпкъкІэ ермэлыхэм ящыщт, Мкртчян унагъуэ­цІэр зрихьэу.
ХамэщІ къыщыхъуауэ ады­гэбзэм пэжыжьэ куэ-дым ар Іуэху ящІу зэрызрагъащІэр, къызэрахутэр гъэ­щІэгъуэн дыдэщ. Инджы­лым хуэдэ тхылъ адыгэбзэм къиплъхьэн папщІэ текІуа­дэр зы илъэскъым икІи илъэ­ситІкъым. Ар зэбдзэ­кІын щхьэкІи адыгэбзэр зэ­рылажьэ хабзэхэр нэсу къыб­гурыІуэн, лъэпкъым и дуней лъагъукІэми ущы­гъуэзэн хуейуэ къыщІэкІынущ. Загъуэрэ адыгэбзэр зи анэдэлъхубзэхэм гу зылъамытэ Іэджэм ар къызыдамылъхуахэм ялъагъу, ары­х­хэуи нэхъ щІэх зрагъэщІэну яхузэфІокІ. Армырамэ, ап­хуэ­дэ зэдзэкІыгъэшхуэхэр дунейм къытехьэныр фІэщ­щІыгъуейщ. Апхуэдэу щыт пэтми, а зэдзэкІыгъэм и ­закъуэкъым цІыхум къалъэ­Іэсар, абы адыгэбзэр зэпкъ­рызых къэхутэныгъэ куухэри дыщІыгъут.
Дуней щэхубэм я ІункІыбзэІухыр Кавказым щы­гъэпщ­кІуауэ игъащІэми къа­лъытэу къэгъуэг­у­ры­кІуэрт, зыплъыхьакІуэхэмрэ къэхутакІуэхэмрэ уэру щы­пэкІурт. Ятхыжыр лъэпкъ щэнхабзэм щыщ теплъэ­гъуэхэрами, къахьыр Іуэ­рыІуатэм щыщ щапхъэхэрами, зытепсэлъыхьыжыр ­мифологием щыщ Іуэху­гъуэхэрами, ди щІыналъэм къихьахэм гу зылъата куэ­дым адыгэр лъэ быдэкІэ дуней жылэм хагъэуващ, мы­хьэнэшхуэ зиІэ хъугъуэ­фІыгъуэхэр зэракъуэлъри къагъэлъэгъуащ.
Зыми хуэ­дэжкъым хамэщІ щыщ ­щІэ­ныгъэлІхэм адыгэбзэм ­дра­­гъэкІуэкІ къэхутэныгъэ­хэр. Адыгэ бзэхабзэр щызэпкърыхауэ сыт хуэдиз грамматикэ дунейм къы­техьар, бгъэдэлъ щхьэ­хуэ­ныгъэхэм ятещІыхьауэ сыт хуэдиз лэжьыгъэ хэІущІыІу ­хъуар, бзэр къахутэурэ ди тхыдэр иризэфІэбгъэувэ­жыну сыт хуэдиз зэгъэп­щэ­ныгъэ ящІар… Къы­зэ­ры­мы­кІуэу куэд мэхъу ахэр. Ап­хуэдэу Норвегием щыщ Фогт Ганс, Франджым щыщ Дзюмезиль Жоржрэ Пари Катринрэ, Голландием ­щыщ Куйперс Аерт, Куржым щыщ Рогавэ Георгийрэ ­Лом­татидзе Кетеванрэ, Канадэм щыщ Коларуссэ Джон, нэгъуэщІ куэдми ады­гэбзэм и джыным хэлъ­хьэ­ныгъэ хуащІар къып­хуэ­мы­лъытэну инщ, фІыщІэшхуи ябгъэдэлъщ. Абыхэм я цІэмрэ я ІуэхущІафэхэмрэ фІэкІыпІэншэу ищІэн хуейщ зыхуэлэжьа лъэпкъым.

ЩІэныгъэ гъуэгур, жылагъуэ Іуэхур

Адыгэ-абазэбзэхэм я зэ­гъэ­щІэным и мызакъуэу, Кав­казым щекІуэкІ гъащІэм фІыуэ щы­гъуазэ, уеблэмэ къыщылъэІэси къыхэкІыу, щІэныгъэлІ цІэрыІуэу ноби къытхэтщ  и  ныбжьыр  илъэс 75-рэ зэрырикъур мы ­махуэхэм зыгъэлъапІэ Кола­руссэ Джон. Ар 1945 гъэм мэ­къуа­уэгъуэм и 30-м ­Америкэм и Штат Зэгуэтхэм хиубыдэ Калифорние щІыналъэм щыщ Сан-Диегэ къалэм къыщалъхуащ. ЩІэ­ныгъэм пасэу гу хуэзыщІа щІалэр 1967 гъэм Корнелл гъуазджэмкІэ бакалавр  цІэр къы­щыхуагъэфэщащ, 1969 гъэм Норт-Вестерн ­гъуазджэмкІэ магистр щыхъуащ. И цІыкІущхьэр щигъэ­кІуа щІыпІэхэм пэ­мы­жыжьэу щыІэ Гарвард универ­ситет цІэрыІуэм и аспиранту­рэми щеджащ, 1975 гъэм бзэщІэныгъэм тещІыхьа доктор диссертацэр абдеж щыпхигъэкІащ.
Гарвард нэужьым Кола­рус­сэ Джон Венэ дэт уни­верситетым зы илъэскІэ щригъэджащ. Канадэ къэ­ра­лыгъуэм хиубыдэ Онтарио щІыналъэм хыхьэ Га­мильтон къалэм и Мак­Мастер университетым антропологиемкІэ къудамэм щрегъаджэ 1976 гъэм щегъэжьауэ. Мы зэманым Джон антропологиемкІэ про­фессорщ, бзэщІэныгъэмрэ иджырей бзэхэмкІэ департаментым и щІэныгъэ лэжьакІуэщ.
Коларуссэ Джон 1993 гъэм щегъэжьауэ 2000 гъэ пщІондэ Клинтон Билл и администрацэм чэнджэщэгъуу щылэжьащ. Ар хуэзащ икІи дэлэжьащ Урысейм и япэ президент Ельцин Борис и чэнджэщэгъуу щыта Паин Эмиль, и нэІуасэу щытащ Къалмыкъ Юрэ, Ардзинбэ Владислав, ­Дудаев Джохар сымэ. Коларуссэ Джон игу къызэригъэкІыжымкІэ, администрацэм щылажьэу Вашингтон щыдэса илъэсхэращ хьэкъыу щыпхыкІар къэрал ­къулыкъущІэхэм Кавказым теухуауэ зыри зэрамыщІэр (е ящІэр хьэдыгъуэдахэу зэрымащІэ ды­дэр), адыгэхэм я къекІуэ­кІыкІам, Куржым, Абхъазым, Осетием я тхыдэм зэрыщымы­гъуазэм.
Къэрал департаментым и лэжьакІуэхэр Коларуссэ щІэх-щІэхыурэ чэнджэщ къыпахыну зыкъыхуагъазэрт, Кавказым и ухуэкІэ-зэхэлъыкІэм ехьэлІауэ мызэ-мытІэу «щІэныгъэ» ябгъэдилъхьэнуи къыхуихуэрт. Кавказым зауэрэ зэпэщІэувэныгъэу щекІуэкІам кърикІуэнкІэ хъуну­ри къищІэу зэрыщытами щІэныгъэлІыр Іэджэрэ щыхьэт то­хъуэж, ахэр къыумыгъэхъуфыну зэрыщытари къыхегъэщ. Коларуссо зэгуэрым Іэмал иІащ Картер и Центру Атлантэ дэтым иригъэкІуэкІа щІэныгъэ зэхуэсым абхъазхэмрэ куржыхэмрэ щы­зэІуигъэщІэну, я зэхуаку илъ Іуэхугъуэ мыщхьэпэхэр гъэкІуэда зэрыхъунум тригъэпсэ­лъы­хьыну. Псалъэмакъыр кІэщІ дыдэу щытами, кърикІуа щы­мыІами, зэІубз хъуат лъэныкъуитІыр зэрыпхузэшэлІэнур, абы щхьэкІэ я тхыдэм, я дуней лъа­гъукІэм, я лъэпкъ гупсысэкІэм щыгъуазэ, фІыуэ хэзыщІыкІ дэлэл яхуэщІын хуейуэ зэрыарар. ЗэгурыІуэныгъэм шэс хуэ­хъун нэгъуэщІ хэкІыпІэ абы фІэкІа зэрыщымыІэр Коларуссэ къыгурыІуат.
Коларуссэ иригушхуэу куэдрэ игу къегъэкІыж цІыху Іэпкълъэпкъыр зэтес зыщІыж хирургие Іуэхутхьэбзэ щІэнымкІэ щыІэ программэм къриубыдэу, Куржы-Абхъаз зауэм фэбжь бзаджэ зытридза бзылъхугъэ 400-м ядэІэпыкъуну зэрылъэкІар.
ИлъэсиблкІэ зыхэта политикэ лэжьыгъэм Коларуссэ фІыуэ къыгуригъэІуащ сыт хуэдэ Іуэхури, щІэныгъэ лъабжьэ имыІэмэ, жыжьэ зэрынэмысынур. Канадэм Іэпхъуэжа нэужь, Кола­руссэ щІэныгъэм зритыжащ. 1971 гъэм щегъэжьауэ нобэр къыздэсым абы иригъэкІуэкІ щІэныгъэ лэжьыгъэр зыхуэу­нэтІари зытещІыхьари адыгэбзэмрэ убы­хыбзэмрэщ, адыгэ ІуэрыІуатэрщ. Коларуссэ Джон щІэныгъэ статья къудейуэ 100-м щІигъу и Іэдакъэ къыщІэкІащ, адыгэ-абазэ лъэпкъхэм я щэнхабзэми куууэ тетхыхь зэпытщ.

И  ублапІэм зыщыхуэб­гъа­зэкІэ…

Кавказым и гугъу Коларуссэ япэ дыдэу щызэхихар Гарвард университетым и аспирантурэм щыщІэсырщ. Урыс литературэмкІэ курсым, езым фІэфІу къыхихам, куэд къыщищІащ Кавказым теухуауэ. Дихьэхыу зыщигъэ­гъуазэрт Достоевский Федор, Толстой Лев, Маяковский Владимир сымэ я ІэдакъэщІэкІхэм. ­Зэгуэрым Коларуссэ ирихьэлІащ Эйзенштейн Сергей Бгырыс ­шуудзэм теухуауэ триха кино­фильмым, дагъыстэнхэр къа­фэу абы хэт теплъэгъуэри и гум итІысхьащ. КъэфакІуэхэм я лъэм къыщІидз хъуаскІэр арами, я нэгум къищ нэхугъэр арами, абдежым Коларуссэ Кавказым малъхъэдисым хуэдэу зыІэпишащ, и гъащІэми щыщ хъуащ.
Коларуссэ Джон адыгэбзэм и джыным иужь щихьар 1971 гъэрщ, ауэ бзэщІэныгъэм нэхъ пасэу дихьэхащ - 1967 гъэм. Япэ­щІыкІэ абы зригъэщІащ пасэрей алыджыбзэмрэ пасэрей ермэ­лыбзэмрэ. ИтІанэ абы зритащ пасэрей къэжэрыбзэмрэ пасэ­рей куржыбзэмрэ. ЩІэныгъэгу зыкІуэцІылъ щІалэм а бзэхэр зэрищІэм иригъэувэлІащ нэхъ куууэ еІэбыхыну, бзэ зэлъапсэ­гъухэм я къежьапІэм и лъыхъуа­кІуи ищІащ. Ауэ ар итІанэт, нэхъ кІасэут, иджыпсту абы къы­пэ­щылът Кавказым щыпсэу лъэп­къыжьхэм я бзэр зригъэщІэну.
Коларуссэ и къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр къыдежьащ Инджылызым дэт Кембридж университет ехьэжьам и профессор цІэрыІуэ, абазэбзэм лэжьыгъэшхуэ езыщІэкІа Аллен Вильям Сидней (1918 - 2004) тришауэ абазэ текстхэр зытет кассетэр Гарвард университетым и егъэджакІуэ Уоткинс Кэльверт къызэрыритам. Абы макъ и лъэныкъуэкІэ лэжьыгъэ дригъэкІуэкІыну къелъэІуат. КІэщІу абы иужькІэ Коларуссэ Новергием и къалащхьэ Ослэ дэт университетым и профессор Фогт Ганс зыпищІэри, убыхыбзэм ехьэлІауэ ищІа Іэрытххэмрэ кассетэхэмрэ къритащ, убыхыбзэм елэжьын щыщІидзари абы щыгъуэщ. Абазэбзэм и макъхэр зэрызэхицІыхукІыфам Коларуссэ зэрытхьэкІумафІэр и фІэщ ищІри, убыхыбзэм гушхуауэ зритащ, ауэ, езым зэрызиумысыжымкІэ, макъ и лъэны­къуэкІэ нэхъ бзэ бей дыдэхэм ящыщ убыхыбзэм абы иужькІэ щыдэлажьэм, ар апхуэдэ дыдэу гугъу къыщыхъужакъым.
Гугъуехьыр зищІысыр Кола­руссэ щызыхищІар бжьэдыгъубзэм зрита нэужьщ. Коларуссэ Джон жеІэ: «ГъэщІэгъуэныщэу зы адыгэ диалектщ бжьэдыгъу­хэм я бзэр. Макъ дэгури, макъ жьгъыжьгъри, макъ пІытІари зэуэ къыхэбубыдыкІыфми, бзэ куэдым ущримыхьэлІэу макъ ­дэгу къыщиуд лІэужьыгъуэ гуэрхэр хэтщ абы, зэхэпхыу, ауэ къы­пхуэмыубыду. Ар ебгъэщхь хъунущ «къыттебэнащ», «къып­пэ­рыІэбащ» хуэдэ псалъэхэм тІуа­щІэу щызэтрихьэ макъ дэгухэм, ауэ зэхэжыхьарэ макъым иІэн ­хуей нэщэнэхэр псори пкърыту, мыхьэнэкІи нэгъуэщІ макъхэм япэувэу щыту. Арыххэуи, адыгэбзэр щызджым, сэркІэ нэхъ гугъу дыдэу къыщІэкІар бжьэдыгъубзэрщ, итІанэ убыхыбзэрщ, абы иужькІэ абазэбзэрщ».
Коларуссэ зэрыжиІэмкІэ, абхъазыбзэр иригъэкІуэкІ къэхутэ­ныгъэхэм уэру хилъхьэн хуэдизу фІы дыдэу ищІэркъым, абы нэхъ мащІэрэ зэрыдэлэжьар щхьэу­сы­гъуэ ещІ. Ауэ къэбэрдеибзэр хъарзынэу егъэшэрыуэ. Адыгэ-абазэбзэхэм ящыщу ар псом ­нэхърэ нэхъ псынщІэу икІи нэхъ къэщтэгъуафІэу къелъытэ. Къэ­бэрдеибзэм зэрызилъэщІар, стиль и лъэныкъуэкІи зэрызиужьар, Іуэхугъуэ зэхуэмыдэ куэди кърипІуэтэфыну зэрыщытыр Коларуссэ къыхегъэщ. Пасэрей адыгэбзэжьым ижь зыщІихуа осетиныбзэм и дигор диалектыр зригъащІэмэ зэран зэрымыхъунури къыгурыІуащ Коларуссэ. Ар сытым хуэдэуи къыщыхуэщхьэпэжа иужькІэ кърихьэжьа хъуа лэжьыгъэшхуэм! «Адыгэ-абазэбзэхэм дэтхэнэми, - жеІэ щІэныгъэлІым, - егъэлеяуэ гъэщІэгъуэн куэд яхэущэхуащ, бзэр зэзы­гъащІэхэм я дежкІи, абыхэм и тхыдэхэр къэзыхутэхэм дежкІи къызэрымыкІуэу хъугъуэфІы­гъуэшхуэщ».
Сыт хуэдиз интервью имытми адыгэбзэр зэрызригъэщІам и ­гугъу дэнэ щимыщІми, Кола­руссэ фІыщІэгуапэ яхуищІу игу ­къегъэкІыж бжьэдыгъубзэр я анэдэлъхубзэу Кавказым икІауэ щыта щІалитІыр - Дахэбзу Рашидрэ Тхьэркъуахъуэ Хьисэрэ. Ахэр ЕтІуанэ дунейпсо зауэм гъэр хъууэ къаутІыпщыжахэм ящыщт, иужькІэ Нью-Джерси псэупІэ ящІауэ абдеж адыгэхэм яхэсу щыпсэурт. ЩІалитІми я хэщІапІэр Гарвард университетым пэжыжьэтэкъыми, Кола­руссэ Іэмал хъарзынэ иІэт абыхэм щІэх-щІэхыурэ якІэлъыкІуэну. «А тІум къысхуащІар дунейм сытетыхукІэ сщыгъупщэнукъым, - жеІэ Коларуссэ, - шыІэныгъэ яхэлъу къызэрызбгъэдэсамкIи щымысхьу я зэманыр къызэ­рыстрагъэкІуэдамкIи фІыщІэшхуэ хузощІ».
Къэбэрдеибзэр къызыбгъэдиха Хьэвжокъуэ Мажди фІыщІэ мылъытэ хуегъэфащэ Кола­руссэ. «Бжьэдыгъубзэр зэгъэ­щІэ­ным яужь сихьэу илъэс 15 дэкІыжа нэужьщ къэбэрдеибзэм и къэхутэным сыщыхуежьар икІи къыхэгъэщын хуейщ ар нэхъ псынщІэу къызэрысщтари. Маждэ и адыгэбзэм хэхэс гъащІэм ижь къыщІихуами, Кавказым щыпсэу адыгэхэм я бзэм ебгъэпща нэужь, макъ, псалъэ, псалъэуха я лъэныкъуэкІэ абыхэм зэрамыхьэж, адыгэбзэм и тхы­дэм дежкІэ хуабжьу мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэхугъуэ куэд къы­хэщырт», - игу къегъэкІыж абы.
Дапщэрэ адыгэхэм яхэмыхьами, къыкІэлъызэрахьэ адыгагъэм, кърах хьэщІагъэм и гуапэу топсэлъы­хьыж. Адыгэхэм къадэгъуэгурыкІуэ щэнхабзэри сыт и лъэныкъуэкІи фІэхьэлэмэтщ. «ГъэщІэгъуэныщэщ икІи зэтепщІыкІыу апхуэдэщ адыгэхэм я зауэ щэнхабзэр, - къыхегъэщ зэпыт Коларуссэ, - демократием и хуэмэбжьымэ къыхихымрэ уэркъыгъэмрэ апхуэдизкІэ телъыджащэу щызэхэухуэнащи, нэгъэпщІыпщІу фІэкІа къыпщыхъуркъым. Я ІуэрыІуатэр, я нарт тхыдэжьхэр, къаІуэтэжу уедэІуэ­ныр, ятхауэ уеджэныр мащІэІуэщ, я къуэпсыр апхуэдизкІэ куууэ макІуэри. Адыгэ къафэри сфІэфІщ. Къыхощ зыІыгъыкІэ хабзэу хэлъымкІэ, зэрызэпІэ­зэрытымкІэ. Пкъыр зэриІыгъыр, купщІэ зэрыкІуэцІылъыр зыхыу­мыщІэнкІэ Іэмал иІэкъым. Уздрегъэплъей, узыІэпешэ».
Мы зэманым Коларуссэ адыгэ псалъэухам и синтаксисым йолэжь. Къэбэрдей адыгэбзэм и грамматикэм тІэуней монографие тритхыхьащ. Коларуссэ къызэрилъытэмкІэ, адыгэбзэр, убыхыбзэр, абазэбзэр къызытекІыжа пасэрей бзэмрэ индоевропей лъэпкъыбзэхэр къызытепщІыкІыжа бзэмрэ зэбгъапщэ хъунущ, щІызэбгъэпщэн щхьэу­сыгъуи щыІэщ, уеблэмэ ахэр зэрызэунэкъуэщым тещІыхьауэ къэхутэныгъэхэр ебгъэкІуэкІ хъунущ. Абы хуэгъэза лэжьыгъэ зыбжани иІэщ Коларуссэ.

Адыгэ-абазэбзэхэмрэ дунейпсо бзэщІэныгъэмрэ

Коларуссэ и лэжьыгъэ зыбжанэм къыщыхегъэщ индоевропей лъэпкъыбзэхэр къызытекІыжа бзэмрэ адыгэ-абазэбзэхэр зытеужьыкІыжа бзэмрэ зэбгъапщэ зэрыхъунур, уеблэмэ, зэры­зэлъапсэгъур къыщІэбгъэщыну Іэмал зэрыщыІэми трегъэчы­ныхь. Пасэрей адыгэ-абазэ лъэпкъхэр щыпсэуа щІыналъэм алыджхэр «Pontus Euxinus»-кІэ еджэу щытащ. А щІыпІэцІэм трищІыхьри, Коларуссо адыгэ-абазэбзэхэр къызытекІыжа бзэм понтиибзэкІэ еджащ, и къэху­тэныгъэхэми къыхэщыр а фІэщыгъэрщ.
Археологие тІыгъэу ирагъэкІуэкІахэм, лъыщхьэ (генетикэ) къэхутэныгъэу утыку къихьахэм трегъащІэри, илъэс мини 5 - 9 хуэдиз ипэкІэ, хы ФІыцэ Іуфэм щыпсэуа понтийхэр зэрыпсалъэу щыта бзэр индоевропей лъэпкъыбзэхэр къызытекІыжа бзэжьым жыжьэу зэрыгухьэм и щыхьэтыгъэхэр щІэныгъэлІым и лэжьыгъэхэм къыщызэкІэлъегъакІуэ. Хэхауэ абы и къудамэ гуэр­хэм нэхъ пэблагъэщ пху­жымыІэми, понтиибзэм и уней щхьэхуэныгъэхэр хэхауэ иІэжу, индоевропеибзэжьым ирипсалъэхэм япэІудзауэ зэрыпсэум къыхэкІыу нэщэнэ щхьэхуэхэр къыхэхъукІмэ, абыхэм заубгъуурэ къекІуэкІауэ къелъытэ Коларуссэ.
КъэхутакІуэм и лэжьыгъэхэм къызэрыхэщымкІэ, адыгэбзэм­рэ ар зытеужьыкІыжа бзэмрэ зэрымыиндоевропеибзэр, езы индоевропей бзэжьымрэ абы къытекІа бзэ къудамэхэмрэ зэ­ры­мыпонтиибзэр зэхэмы­зэ­рыхьмэ, зэрынэхъыфІыр къыт­ригъэзэжурэ щыжеІэ. Абыхэм я зэпыщІэныгъэр куэдкІэ нэхъ ­куущ, уеблэмэ, индоевропеибзэжьым иджыри ирипсалъэу щыщыта лъэхъэнэм нэхърэ нэхъ куущ. ПонтиибзэкІэ Коларуссэ зэджамрэ индоевропеибзэ­жьым­рэ я зэщхьэкІыныгъэхэр нэхъри егъэкуу. Коларуссэ къихь щапхъэхэри гъэщІэгъуэнщ:
1. Понтиибзэм къыхехри, «цІыху» къызэрыкІ *a-rga псалъэм «адыгэ» мыхьэнхэр зиІэ adege, убых a-dega псалъэхэр, «лъэпкъ», «жылэ» къызэрыкІ абазэ -гІa-, абхъаз -gaa- псалъэ лъабжьэхэм «цІыху щхьэхуит» жиІэу къызэрыкІ индоевропеибзэжьым хэт *aryo-, абы къытеужьыкІа индоираныбзэхэм я *Aryan, къэжэрыбзэм хэт Iran, хьэтыбзэм ущрихьэлІэ *arawa, пасэрей германыбзэм къыхэ­щыж arjostir, пасэрей алыджы­бзэм щыхъума aristos псалъэхэм ирегъапщэ. Понтиибзэм щызэ­фІигъэувэж *a-r-gho псалъэми «жылэу зэхэт цІыхубэ» мыхьэнэр къет. Иджырей адыгэ­бзэм щыхъума хъуащ «цІыху зэхуэсыпІэ» къызэрыкІ «аргъуэ», «аргъуэжь» псалъэхэр.
2. Понтиибзэм хэт «щыблэ» къызэрыкІ *pNa псалъэмрэ «ехуэхын» мыхьэнэр зиІэ -xwa- псалъэ лъабжьэмрэ «щыблэм къызэщІигъэлыдэн» мыхьэнэр зиІэ убых *fa псалъэ лъабжьэм, «пылэлыхьын» къызэрыкІ *pNe-LeLe- псалъэ лъабжьэм, адыгэ­бзэм «техуэн» псалъэм хэт *-xw- псалъэ пкъыгъуэм индоевропеибзэжьым ущрихьэлІэ «мафІэ ­лъапІэ» къызэрыкІ *paxwer пса­лъэм, а мыхьэнэ дыдэхэр яІэу хьэтыбзэм хэт pahhur, pahhweni, алыджэбзэм щыхъума pu:r, инджылызыбзэм хэт fire псалъэхэм ирелъытри, понтиибзэм *pa-Xwa-r псалъэр щызэфІегъэувэж, «щыблэр уэн, техуэн» мы­хьэнэхэр иІэу. Иджы дигу къэдвгъэгъэкІыжыт нарт тхы­дэжь­хэм хэт Пэкъуэ. Ар уафэм щопсэу, щыхуейм уэшх кърегъэшх, щыхуейм дунейр уэгъум ирегъэубыд, уафэ къэгъэщІыгъэхэр и Іэ илъщ.

Адыгэбзэмрэ тхыбзэмрэ

«Индоевропеибзэхэр куэд зэрыхъум и закъуэкъым абы я тхыдэр мащІэми куэдми нэхъ зэфІэгъэувэжыгъуафІэ зыщІыр. Нобэ зэрахьэ бзэм иІа щытыкІэ тІорысэхэр пасэу тхыбзэр зыІэ­рагъэхьэу зэратхыфам и фІагъи къокІуэ», - къыхегъэщ Коларуссэ. ИкІи, адыгэ-абазэбзэхэм я гугъу щищІкІэ, а бзэхэр зезыхьэу щыта лъэпкъхэм тхыбзэ зэраІам, тхэкІэ Іэмалхэр къагъэІурыщІэу зэрыщытам шэч къытрихьэркъым. А гупсысэм и щыхьэту адыгэбзэм хэт «тхэн», «тхылъ», «тхыгъэ» псалъэхэр щапхъэу къехь, ахэр ауэ сытми щІы­ІэнэщІым къызэримыхъукІари жеІэ. «Тхыдэ щхьэусыгъуэхэм понтийхэм я тхыбзэр яІэщІигъэхуами, - гу лъетэ Коларуссэ, - абыхэм я тхэкІэ хабзэхэр пасэрей алыджыбзэм е пасэрей къэжэ­рыбзэм я тхыбзэм тещІыхьауэ щытагъэнущ».
ЩІэныгъэлІыр пасэрей бзэ­хэм­кІэ дуней псом щыцІэрыІуэ ІэщІагъэлІ Мейер Адриеннрэ ­гъуазджэм и тхыдэмкІэ профессор Сондерс Дэвидрэ куэд щІакъым зэрадэлажьэрэ. «Зыми щымыщу», «мыхьэнэ имыІэу», «купщІэншэу» къалъытэу къе­кІуэкІ тхыгъэжьхэу пасэрей алыдж кхъуэщынхэм тетхэм я щэхур къахутэу, тетхам къеджэу лэжьыгъэ зэдрахьэкІащ. Къызэ­рыщІэкІамкІэ, абы тетт пасэрей адыгэбзэм, убыхыбзэм, абазэбзэм яІа щытыкІэр къызытещ цІэхэр, псалъэхэр, псалъэ зэ­рыІыгъ гуэрхэр. Мыхьэнэ зимыІэу ялъытэу щыта тхыгъэжь­хэр понтиибзэкІэ къэпсэлъащ. Ари езы адыгэ-абазэбзэхэм я щыхьэтыгъэхэри къелъытэри, Коларуссэ понтийхэм зи ныбжьыр илъэс 2500-рэ хъу тхыгъэжьхэр адыгэбзэм ІэщІэхужа тхыбзэм и щапхъэу егъэув.

Нарт  тхыдэжьхэмрэ дунейпсо мифологиемрэ

Коларуссэ Джон куэд лъандэрэ дихьэхыу зэхуехьэс Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я нарт тхыдэжьхэмрэ пшыналъэхэмрэ. Абы теухуауэ лэжьыгъэ зыкъоми иІэщ, тхылъ зыбжани къыдигъэкІащ. Ди япэ ита нэхъы­жьыфІхэм я фІыщІэри игъэ­кІуэдыркъым къэхутакІуэм. «Сыт и уасэ «Нартхэр» фІэщыгъэм щІэту ХьэдэгъэлІ Аскэр къыдигъэкІыгъауэ щыта томиблым хуэдэ уиІэныр. Ар хъугъуэфІы­гъуэшхуэщ. Сэри нартхэм ятеухуа ІуэрыІуатэ зыкъом зэхуэс­хьэсын слъэкІащ, си Іыхьэ хэлъщ», - жеІэ гушхуэу Коларуссэ Джон.
ЩІэныгъэлІым нарт эпосым щыщ тхыдэжьхэмрэ пшыналъэхэмрэ зэхуихьэса къудейкъым, ахэр абы инджылызыбзэкІэ зридзэкІри, текст къэ­сыхуи еІуэлІапхъэ шэщІахэр хуи­щІыжащ. Ахэр абы томитІым щызэхуэхьэсауэ къыдигъэкІащ, зым адыгэ-абазэхэм я текстхэр иту, адрейм осетин текстхэр щызэхуэхьэсауэ. Коларуссэ зеумысыж зэдзэкІыныр Іуэху тыншу зэрыщымытамкІэ. «Зы адыгэбзэ псалъэм къикІыр инджылызыбзэкІэ къэпІуэтэныр, дыкъуакъуэрэ зэщымыщхъурэ къыхэмыкІыу, езы адыгэбзэ текстым и фащэри мыкІуэду зэІупщэныр гугъу и гугъужт. ЕдгъэкІуэкІа лэжьыгъэм мыхьэ­нэуэ иІэр ар зылъэІэсынухэращ жы­зыІэфынур», - жеІэ къэхута­кІуэм.
Нарт эпосыр зы лъэхъэнэм къыдэунэхуа ІуэрыІуатэу зэры­щымытыр, атІэ абы узыщрихьэлІэ сюжетхэр къат-къаткІэрэ зэтрихьэурэ къызэрекІуэкІам и гугъу щещІ Коларуссэ и тхы­лъым. «Языныкъуэхэр тІорысэ дыдэщ, илъэс минитІ-минищ ипэкІэ къэунэхуауэ, - етх абы, - языныкъуэхэри щІалэ дыдэщ, илъэсищэ зыбжанэ нэхърэ нэхъыбэ мыхъуу. Абы къегъэлъагъуэ эпосыр адыгэ-абазэхэм я гурыгъу-гурыщІэхэр къыща­Іуатэ, я дуней лъагъукІэр зы­хаухуанэ Іэмалу къазэрыдекІуэ­кІар».
НэхъапэкІэ и щхьэфэ иІэбэу щытауэ арамэ, Коларуссэ нарт эпосым дищІа лэжьыгъэм ар ­дунейпсо мифологиемрэ Іуэры­Іуатэмрэ зэрепха щІыкІэр шэщІауэ къегъэлъагъуэ. Лъэпкъ куэ­дым зэдай сюжетхэри мотивхэри зэрыхэтыр къыхегъэщри, адыгэ-абазэ лъэпкъхэм я къэгъэщІыгъэу дунейпсо мифологием хыхьари утыку кърехьэ. Кола­руссэ хузэфІэкІащ Кавказым къыщыунэхуауэ щытыгъа цивилизацэм и лъэужьхэр нарт тхыдэжьхэм къызэрыхэнари сэтей къищІын. Нарт эпосым щелэжьым, Коларуссэ индоевропей бзэжьымрэ понтиибзэмрэ жыжьэу зэрызэунэкъуэщым щыхьэт техъуэ куэд къыхигъуэ­тауэ жеІэ, арыххэуи нартхэм ­яхуищІ пщІэр къызэрымыкІуэу инщ.
Коларуссэ иригъэкІуэкІа къэ­хутэныгъэм зэгъэпщэныгъэ куэд дыдэ хэлъщ. Апхуэдэу абы ­Прометейрэ Циклопрэ ятеухуа мифхэм хэухуэна мотивхэр абыхэм къызэращтар, ахэр адыгэ мифологием къызэрыхэкІам и щыхьэтхэр утыку къещІ. Адыгэ и цІэу хэт зымыщІэр Нэсрэн ЖьакІэрэ Иныжь нэ закъуэмрэ я хъыбарыр.
ХьилагъкІэ къыхэщ нарт Сосрыкъуэ, пэжым сыт щыгъуи и лъыхъуакІуэ Бэдынокъуэрэ Бэт­рэзрэ, лъхугъэм и гуащэ Сэтэней, ныбжькІэ езым нэхърэ куэдкІэ нэхъыщІэ къэзыша Уэзырмэс, текІуэныгъэр сыт щыгъуи зи Іэдэж Псэтын сымэ епха миф мотивхэмрэ сюжетхэмрэ пасэ­рей славян, индоарий икІи герман мифологием уазэрыщыІущІэнум и щапхъэ хъарзынэхэр Коларуссэ и къэхутэныгъэхэм къыщехь. Апхуэдиз зэщхьыр щІэныгъэлІым индоевропей бзэ­жьымрэ понтиибзэмрэ зыуэ щыщыта лъэхъэнэм къыдежьэу хуегъэфащэ.

Зыуэ  щыт  тхыбзэмрэ лъэпкъ  щІэжымрэ

Лъэпкъ щІэжым и инагъыр бзэм и щытыкІэмкІэ къыпхуэщІэнущ. «Адыгэм и щІэныгъэмрэ и щэнхабзэмрэ лъэпкъ хъугъуэ­фІыгъуэм щыщу къилъытэмэ, а псор и бзэкІэ къызэриІуэтэнум икІи зэрихъумэнум иужь итынущ», - жеІэ Коларуссэ. Адыгэ псэлъэкІэхэм ящыщу литературэбзэм и лъабжьэ хъун хуеймкІэ адыгэхэм я зэхуаку нобэ илъ зэныкъуэкъум Коларуссэ щы­гъуазэщ. «СызэреплъымкІэ, тхы­бзэ хабзитІ зэфІэувауэ ­хъарзынэу заужь. Зыр Кавказым и КъухьэпІэм щыпсэу адыгэхэм зэрахьэ къэбэрдей-шэрджэсы­бзэкІэ зэджэращ, адрейри ­КъуэкІыпІэмкІэ щызекІуэ кІахэбзэращ. ТІуми заужь, тІури къызэдэгъуэгурыкІуэ хъунущ. Ауэ Іэмалыншэу зы бзэ щыІэн ­хуейуэ лъэпкъым иукъуэдиймэ, сэрамэ, нэхъ гугъу дыдэр къыхэсхынт - шапсыгъыбзэр е бжьэдыгъубзэр. Мыр си еплъы­кІэщ, щІэныгъэ еплъыкІэу сыхэплъэуи къыщІэкІынущ. Псалъэм щхьэкІэ, бзэм ирипсалъэм зэригъэзэхуэн хуейкъым жиІэр е къипсэлъыр апхуэдэу щІыжиІэр е къыщІипсэлъыр. Зэрыщытын хуейр ещІэри аращ апхуэдэу щІыжиІэр е къыщІипсэлъыр. Бжьэдыгъубзэм пэзгъэув къэ­бэрдеибзэм ирипсалъэм езым и къэпсэлъыкІэм темыхуэ жыІэкІэ лІэужьыгъуэр къемызэгъ гуэру е пхэнжу къилъытэнурэ, къигъэсэбэпынур езым и диалектыращ. Ар елІэлІэнукъым бжьэ­дыгъум и жыІэкІэ хабзэхэм, тхыбзэр игъэІэкІуэлъакІуэу щытми. Апхуэдэ щапхъэхэр щыгъунэжщ урысыбзэм щегъэжьауэ инджылызыбзэм щыщІитІыкІыжу. Нэхъ нэрылъагъу хъун щхьэкІэ, инджылызыбзэм ирипсалъэхэм «w»-м къигъэлъагъуэ макъыр «write» икІи «what» псалъэхэм зэрыщыІур щапхъэу къэтхьынщ. Япэ псалъэм ар «rayt» щохъу, етІуанэм дежкІэ «wat»-у укъо­джэ. Апхуэдэ зыгуэрщ къы­щыщІынур зыуэ щыт тхыбзэ адыгэхэм зыІэрагъэхьэми. Абы шэч хэлъкъым».
Коларуссэ къихьа щапхъэм ипкъ иткІэ бжьэдыгъубзэмрэ къэбэрдеибзэмрэ бзэ зэпэ­щхьэхуэу къызэримылъытэми трегъэчыныхь. «Зэми абыхэм португа­лыбзэмрэ испаныбзэмрэ е нидерландыбзэмрэ нэмыцэбзэмрэ яІэ зэ­щ­хьэщыкІыныгъэм хуэдиз яІэу къэплъытэ хъуну, зэми, ари дэлъу къыщІэкІынкъым, жы­зоІэ, - йогупсыс Коларуссэ. Хэбгъэзыхьыпэмэ, арауэ къыщІэкІынущ нэхъ сыкъызытеувыІэри, сыту жыпІэмэ, зы лъэпкъыцІэ зэрахьэ, зы бзэ ирипсалъэу жаІэ. ЩыІэр зы адыгэбзэщ, жысІэнт, фІыуэ зэщхьэщыкІ диалектхэр иІэу: къэбэрдеибзэ, беслъэнеибзэ, хьэтыкъуеибзэ, бжьэдыгъубзэ, абазэхэбзэ, шапсыгъыбзэ, нэгъуэщІхэри. Убыххэм я бзэри адыгэбзэм хызогъэхьэ. Ар къэ­лъытауэ, мыр букъуэдий хъунущ: зи цІэ къисІуахэр псори зы лъэпкъыу нобэ къадэгъуэгу­рыкІуэ адыгэбзэмрэ щымыІэж убыхыбзэмрэ ирипсалъэу къе­кІуэкІауэ».
Ныбжьэгъу сиІэщ, Оксфорд университетым щригъаджэу. Зэгуэрым и абы и тхылъ тыгъэу къысхуигъэхьат. ФІыщІэ хуэс­щІыжу нарт тхыдэжьхэм ятеу­хуауэ къыдэзгъэкІагъащІэ тхы­лъыр кІэщІуи хуезгъэхьыжат. Еджа нэужь хъыбар къызитат нартхэр телъыджэлажьэ къы­зэрыщыхъуар. Апхуэдэ хъыбар къэІуэтэкІэр щІэщыгъуэ дыдэу къызэрилъытэр, дунеймкІи ар гъэщІэгъуэн дыдэ зэрыхъунур. Кавказым и кІуэцІым къихъукІа нартхэм я бзэр, адыгэбзэр, уэ­рэд мыужьыхыжу, дунейм щыІун ­хуейщ, жиІат.
Хэкужь щалъытэ, хамэщІ щахутэ адыгэбзэм къаруушхуэ иІэщ, зыхэтщІыкІын хуейуэ аращ.
«ФІыщІэ жыг хухэсапхъэщ», жаІэ адыгэхэм. Апхуэдиз лъы­тэныгъэ адыгэм къыхузиІэ щІэныгъэлІым и цІэм пщІэ хуэщІын, лъэпкъми игъэлъэпІэн зэрыхуейм шэч къытетхьэркъым. И гуащІэр хурикъуу зыщІэхъуэпс псори къыдэхъуну, адыгэбзэм теухуауэ ирихьэкІ лэжьыгъэхэр дунейм къытехьа­рэ щІэныгъэм зэрыхуэщхьэпэр илъагъуу ди япэ узыншэу куэдрэ итыну дыхуохъуахъуэ нэхъыжьым!

Нарт эпосыр. Адыгэхэмрэ абазэхэмрэ я пасэрей мифхэмрэ тхыдэжьхэмрэ

Нарт эпосыр. Осетинхэм я пасэрей мифхэмрэ тхыдэжьхэмрэ
 

Кавказ лъэпкъхэм я нарт тхыдэжьхэр


Къэбэрдей адыгэбзэм и грамматикэр


Кавказ Ищхъэрэм и бзэхэм ятеухуа щІэныгъэр. Абазэ-абхъаз текстхэр


Кавказ Ищхъэрэм и бзэхэм ятеухуа щІэныгъэр. Фонологием епха къэхутэныгъэхэр


Кавказ Ищхъэрэм и бзэхэр (адыгэ-абазэбзэхэр)

 

ТАБЫЩ Мурат.
Поделиться: