МЭРЕМ ПШЫХЬ

ПщIэну щхьэпэщ

Нартыхур ягъэкIын зэрыщIадзар

Зи IэщIагъэкIэ дыщэкI, Париж щыщ Жан Шарден (1643-1713) 1672 гъэм бадзэуэгъуэм и 27-м щегъэжьауэ фокIадэм и 10-м нэс Тэн (Дон) псым къыщыщIидзэри, хы ФIыцIэ Iуфэр иIыгъыурэ зэпиупщIыгъащ Нарт къуажэхэм я хэгъэгур, Шапсыгъыр, Убыхыр, Абхъазыр, Ингур псым еуалIэу Мингрелым нэсыху. Шарден мазэрэ ныкъуэрэ хуэдизкIэ яхэтыну къыхудэхуащ хы ФIыцIэ Iуфэм щыпсэу адыгэхэм, абхъазхэм, мингрелхэм икIи и акъылрэ щIэныгъэрэ къызэрихькIэ ятетхыхьыжауэ щытащ. Абы гу лъитащ а лъэпкъ псоми нартыхур къызэрагъэкIым, а гъавэхэкIым шхыныгъуэу къыхащIыкIым: «Ар гъатхэм прунжым хуэдэу халъхьэ. ЩIым IэкIэ кумб цIыкIу щащI, жылэр абы иралъхьэри, тратхъуэж. КъэкIыгъэр къыхэкIа нэужь Iэпхъуамбэшхуэм хуэдиз и гъумагъщ, цIыху лъагагъ хуэдизкIэ докIей, и щхьэмкIэ къыщищI сэмбым илъ нартыхущхьэм хьэдзэ 300 хуэдиз тетщ. Нартыхупкъыр къамылфом и пкъым ещхьщ. Жэпуэгъуэм ирихьэлIэу хъуа нэужь, паупщIри, дыгъэм хуэгъэзауэ бжыхьхэм фIалъэ, нэхъ щIэхыу гъун щхьэкIэ. Махуэ тIощI хуэдиз дэкIа нэужь къыдачыж.
Нартыхур щагъэлъалъэр шхыныгъуэр щагъэхьэзырынум и пэ къихуэущ икIи шхыныр къы­щыхащIыкIыр шхыгъуэр къыщысым дежщ. Езыр псынщIэу мавэ, сыхьэт ныкъуэ нэхъыбэ ихькъым. Къызэрытевэу бэлагъкIэ мащIэурэ зэIащIэ икIи хуэмурэ, къару щIагъуэ темыкIуадэу хупцIынэм ещхь мэхъу. ИужькIэ мафIэр нэхъ ягъэужьыхри, шыуаным илъыр хуэмурэ щIагъэжьыхь, быдэ хъуху.
Мы шхыныгъуэр къызэрымыкIуэу хужьщ, уэсым ещхьщ, ауэ мышущ икIи хьэлъагъ иIэщ. Ар пхъэбгъу кIэщI цIыкIухэу абы щхьэкIэ ящIхэм телъу къуат. Адыгэхэр а шхыныгъуэм зэреджэр пIастэщ, мингрелхэр - гъомщ. ПIастэр гугъу удемыхьу IэпхъуамбэхэмкIэ уопIытIыф… Адыгэхэри, мингрелхэри, тыркухэм я унафэм щIэт куржыхэри, абхъазхэри, жыпIэнуракъэ, хы ФIыцIэ Iуфэм, Мэуэт хым и Палус псыдэкIыпIэм (пролив) къыщегъэжьауэ Трапезунд нэсыху щыпсэу лъэпкъхэм а шхыныгъуэращ щIакхъуэм и пIэкIэ яшхыр икIи нэгъуэщI яIэкъым. Ахэр а шхыныгъуэм апхуэдизкIэ есащи, гуэдз хьэжыгъэм къыхэщIыкIа щIакхъуэм нэхърэ нэхъ къыхах. Сэ ар а хэгъэгум и нэхъыбэм деж нэрылъагъу щысхуэхъуащ. ИкIи апхуэдэу згъэщIагъуэркъым, сыту жыпIэмэ, инджылыз пудингкIэ сышхэн зэпыту къыщысхуихуам щыгъуэ абы апхуэдизкIэ сесати, гугъуу къысщыхъурт ар къэзгъанэу къызэрыгуэкI щIакхъуэм зестыжыныр».
XVII лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм ирихьэлIэу адыгэхэм нартыхур зэрыхасэ, зэрыIуахыж щIэныпхъэр (технологиер) жаIэу зэхихыу, абы пIастэ къызэрыхащIыкI щIыкIэр нэрылъагъу щыхъуу япэ дыдэу зытхыжар Шарденщ. Мыбы и тхыгъэращ япэу дэзыгъэлъагъур адыгэхэм, абхъазхэм, мингрелхэм, куржыхэм нартыхум пIастэ къыхащIыкIыу зэрыщытар. Шарден пIастэр зытралъхьэу жыхуиIэ пхъэбгъу кIэщ цIыкIухэр адыгэхэр пхъэбгъу IэнэкIэ дызэджэращ.
Нартыхур Америкэ континентым кърашу XV лIэщIыгъуэм и кIэм XVI лIэщIыгъуэм и пэм Евразием къахьэса пэтми, ар лъэпкъ къэкIыгъэ зыхуэхъуар куэдкъым. Ар къызыхэкIам езым и щхьэусыгъуэ иIэжщ. ЗэрытщIэщи, гъавэхэкIыщIэхэр, хадэхэкIыщIэхэр, жыгIэрысэ лIэужьыгъуэщIэхэр сыт хуэдэ лъэпкъми къабыл ищIын щхьэкIэ, ахэр езым къыдекIуэкI къэкIыгъэ гуэрым ещхьын хуейщ. ЕтIуанэу, ахэр лъэныкъуэ зыбжанэкIэ (бэвагъкIэ, фIагъкIэ, къыщагъэкI щIыгум зэрезэгъымкIэ, цIыхум дежкIэ сэбэп зэрыхъумкIэ, н.къ.) ефIэкIын хуейщ «къэкIыгъэжьхэм». Агрономием къызэрилъытэмкIэ, хумрэ нартыхумрэ зэхуэдэ гъавэ къэкIыгъэу зы гупым хохьэ. Гуэдз, гъасэ, хьэпцIий, хьэ, зэнтхъ лIэужьыгъуэхэр нэгъуэщI гупщ. Хумрэ нартыхумрэ шхыныгъуэ къыхащIыкIхэмрэ ахэр къызэрыхащIыкI щIэныпхъэхэмрэ зыщ. Апхуэдэу щыщыткIэ, нартыхур къыщежьэм, ар Европэми, Азиеми, Африкэми къабыл щызыщIар хур зи лъэпкъ гъавэхэкIыу щытахэращ. Иджыпстуи Европэмрэ Азиемрэ нартыхур щызыщIэ, щызышх лъэпкъхэр ижь-ижьыж лъандэрэ хум елэжьу, зышхыу щытахэращ. Адрейхэм нартыхур къащтакъым. Пасэрей адыгэхэу хур куэду къэзыгъэкIыу щытахэм нартыхур къазэрыIэрыхьэу псынщIэу яфIэфI, яфIэкъабыл хъуащ. Сыту жыпIэмэ, япэрауэ, къызэрыщIэкIамкIэ, хум къыхащIыкIыу щыта шхыныгъуэ псори нартыхум къыхащIыкIыфырт. ЕтIуанэу, нартыхум и бэвагъыр хум ейм нэхърэ куэдкIэ нэхъ инт, щIыпIэм фIы дыдэу езэгъырт. Ещанэу, нартыхур блэжьынкIэ, IупхыжынкIэ, зепхьэнкIэ куэдкIэ нэхъ псынщIагъуэт. Хум хуэдэу бгъэкъэбзэн, бужьгъэн, бгун хуейтэкъым. ЕплIанэу, нартыхур а зы щIыпIэм илъэс бжыгъэкIэ тепсэми, и бэвагъым кIэричтэкъым, узхэр къеуалIэртэкъым. Етхуанэу, нартыху жэпкъыр мэкъум къыкIэрымыхуу Iэщым яшхырт. А псор къэплъытэмэ, щIыр зи мащIэ адыгэ мэкъумэшыщIэхэм я дежкIэ нартыхур узыблэкI мыхъун гъавэу, мэкъумылэу къыщIэкIащ.

Хьэкъун Барэсбий.
Интернетым дыкъыщоджэ

Езыхэм я хабзэ яIэжщ

Инджылыз пащтыхь гуащэ Елизаветэ I (1533-1603) бзитху игъэшэрыуэрт, тхылъ куэд щIиджыкIырт, макъамэм, къафэм, поэзием хуабжьу дихьэхырт. Абы фIэгъэщIэгъуэн хъун и гугъэу дипломат гуэрым къыжриIат: «КъызэрыщIэкIымкIэ, Шотландием и пащтыхь гуащэ Марие музыкант лъэрызехьэщ». Елизаветэ жэуап итыным и пIэкIэ вирджиналым бгъэдыхьэри, макъамэ телъыджэ къригъэкIащ, макъамэ Iэмэпсымэр Iэзэу къызэригъэсэбэпри нэрылъагъу щищIащ.
Елизаветэ и уардэунэм, псом хуэмыдэу щызэхуэсырт литератор, сурэтыщI зэчиифIэхэр, цIэрыIуэхэр.
Шекспир Уильям (1564-1616) и «ЕпщыкIутIанэ жэщ» пьесэр 1599 гъэм зыхуитхар Елизаветэщ.
 
 

Пащтыхьым и сурэт

Инджылызым и пащтыхь Карл I (1600-1649) 1632 гъэм уардэунэм къригъэблэгъат фламанд сурэтыщI Ван Дейк Антонис (1599-1641). Абы и Iэдакъэ къыщIэкIа сурэтхэр пащтыхьым апхуэдизкIэ игу ирихьати, лIыхъусэжь цIэри фIищщ, пенси хуигъэуври, Инджылызым къигъэнауэ щытащ.
Дейк и Iэзагъым мыхьэнэшхуэ иIащ къыкIэлъыкIуэ лIэщIыгъуитIым Инджылызым портрет живописым зыщиужьынымкIэ. Карл I и сурэту къэнари зи IэдакъэщIэкIыр Ван Дейк Антонисщ.

Хым тета Генри

Португалием и пащтыхьыкъуэ Генри (1394-1460) и гъащIэ псор зытриухуар цIыхум и лъэр здынэмыса щIы IэнэщIхэр къэхутэнырщ. Португалием и Альгарвэ и губернатору щыткIэрэ, кхъухьхэр щаухуэ, щызэрагъэпэщыж щIыпIэ иухуащ, хым техьэнухэр щагъэхьэзыр школ къызэIуихащ.
Хым фIыуэ хэзыщIыкI, щес цIыхухэр, астрономхэр, географхэр зэхуишэсри, Африкэм и къухьэпIэ лъэныкъуэм и хы Iуфэр къэзыхутэну экспедицэхэр зригъэпэщащ. Апхуэдэ гуп 14 иригъэжьат Генри, ауэ Боядор плIанэпэм зэрынэсу къагъэзэжырт. Абыхэм жаIэрт адэкIэ тенджыз щхъуантIэ шынагъуэ гуэр щыIэу, къыщепс дыгъэр апхуэдизкIэ гуащIэщи хыр къигъэкъуалъэу, цIыхуфэр фIыцIэу трижьыкIыу, зэи цIыхум имылъэгъуа псэущхьэ шынагъуэ гуэрхэр щыпсэууэ.
Апхуэдэурэ екIуэкIащ 1434 гъэр къэсыху. Абы щыгъуэ Генри и чэнджэщэгъуу, и акъылэгъуу щыта Иннес Жил хым техьащ, жыхуаIа плIанэпэм адэкIэ щыIэхэр зригъэлъагъури, псэууэ къигъэзэжауэ щытащ.
Дохъушокъуэ Санэ.

 

ГъэщIэгъуэнщ

Бэджыхъым и Iуданэ псыгъуэхэр

IэщIагъэлIхэм къызэрахутамкIэ, цIыхум и нэм плъыфэу мин 17-м нэблагъэ зэхегъэкIыф, къелъагъуф. Ауэ зэрыхуагъэфащэмкIэ, а бжыгъэр иджыри мащIэщ, цIыхум и нэхэм къалъагъуфым елъытауэ.
*    *    *
ЩIэныгъэлIхэм куэд щIауэ ядж бзухэм я «бзэм» хэлъ щэхур. ЗэкIэ абыхэм къащIэну зыхунэсар къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм къыщызылъэтыхь бзу зэщхьхэр зэрыпсалъэри уэрэд къызэрырашри зэрызэтемыхуэрщ.
*    *    *
КъызэрыгуэкI къэрэндащкIэ километр 50-60 зи кIыхьагъ линие пхуитхъэнущ е псалъэ мин 45-рэ пхуэтхынущ. КъызэрыщIэкIымкIэ къэрэндащ лIэужьыгъуэу 570-рэ щыIэщ, я плъыфэхэр 70-м нос, я быдагъ елъытауэ лIэужьыгъуэ 18-уэ зэщхьэщокI.
*    *    *
Бэджыхъым и Iуданэ псыгъуэ цIыкIухэмкIэ дуней псор къэпхухьауэ щытамэ, абы и хьэлъагъыр грамм 450-рэ хъуну арат. Ауэ а бэджыхъыр нэхъ ди гъунэгъу дыдэ Альфэ вагъуэм нэс дэпшеймэ, килограммкIэтэкъым, къызэрупщынур, атIэ тонн мин 500 хъунут.
*   *    *
ЦIыхур хуабжьу Iэгу щеуэм и деж абы и Iэпкълъэпкъым къыпкърыкI хуабэр хуэдэ 1,4-кIэ нэхъыбэ мэхъу. ЦIыху 3500-р ягу ирихьа концерт е спектакль еплъауэ зэгъусэу Iэгуауэшхуэ щаIэтым и деж, пэшым щIэт хуабэр хуэдизщ щIымахуэ лъэхъэнэм пэших хъу унэ тIощIыр къэзыгъэплъ хуабэм.
Нур Санэ.

Унэгуащэхэм папщIэ

Джэдгыныр сэбэпщ

*Хьэцыбанэр къыщащыпыр жэп теха иужькIэщ.
*Япэ зэманым хьэщIэхэм хуаукIыу щытар илъэс ирикъуа шыщIэт. Абы ил нэхъ щабэхэр шэкIэ ягъавэрт.
*А шхыныгъуэр, псом хуэмыдэу и лэпсыр, хуабжьу сэбэпышхуэ яхуэхъурт жьэн уз зиIэхэм. Лэпсыр хуабэущ зэрырафыр.
*Фошыгъу уз зиIэхэм я дежкIэ сэбэпышхуэщ щIэрыкIуэ, аму, ажэмыхъэ, андэгурэ укъэбза, кIарц гъэгъа (хужьыгъэр) яшхыну, къундэпсо, шкIэплъ гъэвам и псым ефэну.
*Шыбжий сыр зышхрей цIыхур нэхъ акъыл жан мэхъу.
*Зи бзэгу къихуахэм джэдгын ущэба жьэдагъэщащэри, я жьэр зэтепIауэ щагъэтщ и ибжьэныр иухыхукIэ, итIанэ къыжьэдадзыж. Ар щащIыр гъуэлъыжыгъуэм и дежщ.
*Шыл, бабыщыл, къазыл пшэрхэм къыхащIыкI шхыныгъуэхэр, абы я дагъэр сэбэп яхуохъу щIыIэ зыхыхьахэм, жьы зыхуримыкъухэм, жьэн уз зиIэхэм.
*Жэмыкуэм, кхъуейжьапхъэм халъхьэну кхъуей цIынэр шыгъу темыудауэ тIэкIурэ ягъэтэдж.
*Тхьэв япщам и щхьэм Iэмал имыIэу хьэжыгъэ траудэ е щэкI трапхъуэ. Апхуэдэу умыщIмэ, тхьэвыр къэтэджыгъуей мэхъу, и щхьэри тогъукI.
*Пщагъэр псы хуабэпцIкIэ зэIах, хуабагъыр градус 27-32 хъууэ. Псы щIыIэкIэ пщагъэр ягъэткIумэ, тхьэвыр тэджыгъуей мэхъу, псывэIуэ ящIмэ - пщагъэр хэкIуэдэнущ.
*Гъуаплъэ хьэкъущыкъукIэ тхъур зэрахьэркъым, абы щIэх щызэIохьэри.
Къубатий Борис.

Адыгэ IуэрыIуатэм щыщ

ДжэгуакIуэхэр

ДжэгуакIуищ псэурт, зэныбжьэгъуу. ДжэгуакIуищым ящыщ зым дзажэ пшэр зэриIэр ибзыщIырти, абы ебзэджэкIын мурад ящIащ модрей тIум:
- ФIэдгъэшх дзажэр! - жари.
- Дауэ фIэтшха зэрыхъунур?
- И унэ дихьэнщи, тхуигъэжьэнкъэ!
Я ныбжьэгъум деж ихьащ джэгуакIуитIыр. Бысымыр унэм истэкъым.
Бысым гуащэм иригъэблэгъащ.
- Езыр дэмысми, сэ фызгъэхьэщIэнкъэ! - къащыгуфIыкIащ бысым гуащэр, Iэнэ къахуигъэуващ, ауэ дзажэр яхуигъэжьакъым. Дзажэ гъэгъуар бгыкъум зэрыфIэлъыр ялъэгъуащ джэгуакIуитIым, абы хуеплъэкIыурэ пэрысащ Iэнэм.
Я ныбжьэгъур къыщыгувэм, я хьэщIэн зэфIэкIати, джэгуакIуитIыр тэджыжащ.
- Фи ерыскъыр убагъуэ! - жари пщIантIэм дэкIыжащ.
Пшапэ зэхэуауэ къыдыхьэжащ лIыр.
- Нобэ лъандэм дэнэ ущыкIуэдар? Уи ныбжьэгъуитIыр ди хьэщIащ, - къыжриIащ фызым.
- Дзажэр ялъэгъуа? - щIэупщIащ лIыр.
- СщIэркъым ялъэгъуами.
- Тхьэ соIуэ, ялъэгъуагъэнкIэ! Ныжэбэ къы­кIэлъыкIуэнущ дзажэм.
Бгыкъум къыфIэхи, уи пIэщхьагъым щIэдз.
Бысымым ар щыжиIэм модрей тIур, къагъэзэжауэ, щхьэгъубжэ лъабжьэм щIэст, къакIэщIэдэIухьу.
Гъуэлъыжыгъуэ щыхъум, фызым дзажэр бгыкъум къыфIихащ, и пIэщхьагъым щIидзри гъуэлъыжащ. «ХьэщIэ къыдыхьэмэ», - жери лIыр хьэщIэщымкIэ кIуащ.
«Фызыр жейм хилъэфа хъунщ», - жери щхьэгъубжэ лъабжьэм щIэса джэгуакIуитIым я зыр унэм щIыхьащ:
- Къащтэ мыдэ дзажэр, дзыхь тесщIэркъым, ебгъэхьынущ, - жиIащ унэм щIыхьам, я ныбжьэгъум и макъ зищIри. Дзажэр къыщIихри къыщIэкIыжащ, фызым гу къылъитагъэххэкъым. Заул дэкIауэ, лIыр и унэ ихьэжащ.
- Дзажэр щхьэ щIэпхыжа? - къеупщIащ фызыр.
- Хэт щIэзыхыжар?
- Иджыпсту уэстати.
- Дзажэр ебгъэхьащ, фыз! - жиIащ лIым, унэм щIэжри и ныбжьэгъуитIым якIэлъежэжьащ. Модрей тIур зэкIэлъхьэужьт. Яужь итым блэжри, лIыр дзажэр зыIыгъым лъэщIыхьащ.
- Уеша хъунщ, къащтэ дзажэр! - жиIащ лIым, и макъыр ихъуэжри.
Дзажэр къыIрихыжри, кIэбгъу зищIыжащ. Модрей тIур къуажэкIэм нэсри къэувыIащ.
- Дэнэ щыIэ дзажэр? - йоупщI яужь итар.
- Иджыпсту уэстакъэ дзажэр? - къыжреIэ япэ итам.
- Дзажэр зейм ебгъэхьыжащ!
Къыпажыхьри, зыр пщIантIэм дэлъэдащ, IэлъэщI зытрипхъуэри бжэщхьэIум къытеуващ. Дзажэр зей лIыри къэсыжащ.
- Мэ, фыз, апхуэдэущ дзажэ къызэрахьыжыр! - жери дзажэр бжэщхьэIум тетым хуидзащ, куэбжэр игъэбыдэжыху, модрейр пщIантIэм къыдэкIуэсыкIыжри - макIуэ-мэлъей! - дзажэр ирахьэжьэжащ.
Дзажэр зей лIыр унэм ихьэжащ, куэбжэр игъэбыдэжри.
- Яхьын я гугъати дзажэр! КъаIэщIэсхыжакъэ!
- Дэнэ щыIэ-тIэ? - къоупщI фызыр.
- Сыт щхьэкIэ, иджыпсту уэстати!
- Къызэптакъым, - жиIащ фызым.
- Дзажэр едгъэхьащ жыпIэркъэ-тIэ!
ЯкIэлъежэжьащ, аргуэрыжьти. Дзажэр ягъэжьауэ, джэгуакIуитIыр кхъэм дэст. ЗызэщIицIалэри, якIэлъежэжьар пабжьэм къыхэплъащ.
- Дыунэхъуащ: хьэдэджадэ къежьащ! - жари джэгуакIуитIыр щтэри щIэпхъуэжащ.
Дзажэр зейм къыхуэнэжащ.

Къэрмокъуэ Хьэмид.

 

НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар НэщIэпыджэ Замирэщ.
Поделиться:

Читать также:

27.03.2024 - 15:00 НОБЭ
26.03.2024 - 08:01 НОБЭ
25.03.2024 - 12:07 НОБЭ
22.03.2024 - 15:54 Псым и махуэ