Лъахэ къэкIыгъэхэмрэ псэущхьэхэмрэ

Биологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, КъБР-м и Парламентым  и депутат  Щхьэ­гъэпсо Сэфарбий, къызэ­ры­щIэкIымкIэ, уси етх. Абы и эко-усэхэр ятеухуащ КъБР-м и Тхылъ плъыжьым ихуа, кIуэдыжыпэным нэса псэущхьэ­хэмрэ къэкIыгъэ­хэмрэ. КIэ­щIу жы­пIэмэ, къулыкъущIэр зыгъэгузавэ Iуэхур усэбзэм хуигъэкIуауэ къытхуиIуатэу аращ. Ар топсэлъыхь къэнар хъума зэры­хъуным, я бжыгъэр гъэбэгъуэ­жы­ным укъыхуреджэ, яхэлъ я хущ­хъуэ­гъуэхэм дыщегъэгъуазэ. Ди гуапэу тыдодзэ биолог-лирикым и IэдакъэщIэкIхэм щыщ.

Пхъэгулъей

ЩокIыр псыхъуэм чыцэм хэту,
Куэду мэзым уащыхуозэ,
Щыплъагъунущ джабэ нэкIум
Гъурц телъыджэу пхъэгулъейр.
Хэббжэ хъунущ гъатхэпежьэм,
Гъэгъэн щIедзэ мэлыжьыхьым.
КъапщIий хужьхэр пыщэщауэ,
Уэс Iэрамэу лъабжьэм щIэлъщ.
Бадзэуэгъуэм мэхъу пхъэгулъыр,
Гъуэжьу, плъыжьу, плъыжь-фIыцIафэу.
Дыгъэпс нуркIэ загъэпскIауэ,
Псыр къыщIэжу, фомэ-щэмэу.
ЯфIэIэфIу яшхыр цIыхухэм,
Хэти ещIыр ар мэрэзей,
Куэду яшхыр мэз псэущхьэм,
Къамыгъанэу пкъы къудей.

Зей

«Уеуэ хъунукъым зей башкIэ
IэщIэвыщIи, мэли, шыи», -
ЖиIэрт пасэрей псалъэжьым
Зей къызэрыгуэкIым щхьэкIэ.
ЖиIэрт и лъэр щIимыгъэкIыу,
И лъыр зэу зэригъэкIуэкIыу,
ИщIу Iэщхэр ныкъуэдыкъуэ,
Жьыри щIэри къимыгъанэу.
А псалъэжьыр щхьэ къежьа?
Сыт Iущагъ абы халъхьар?
Хэт жиIами а псалъэжьыр,
Зейр хъумэнкIэ сэбэп хъуащ.
Сыт и плъыфэр зей къэкIыгъэм?
И къэкIыкIэр, и щытыкIэр,
Сэбэпагъыр, зи хущхъуэгъуэр?
ЯмыщIэнкIэ хъунущ куэдым.
Дахэщ зей къызэрыгуэкIыр,
ХэщIыхьауэ гъурц зэкIужщ.
Пасэу гъагъэхэм ящыщу,
И гъэгъар дыщафэ гъуэжьщ.
И пкъыр быдэщ, пхъафэр щхъуафэщ.
ГъэкIыр лантIэщ, и фэр плъыфэу,
Хъуа нэужь зэ плъыжь-фIыцIафэ
ЦIыхухэм куэду ар къащып,
ШхыныфI куэди къыхащIыкI.

Къалъ

Зэкъуэш куэду щызэдопсэухэр
Къалъ лъэпкъыгъуэр Къэбэрдейм.
КъащхьэщокIхэр ахэр куэдкIэ
Удзу щыIэ адрей псом.
ЩащI унапIэ къалъхэм къуршыр,
Уащыхуозэр куэду хъупIэм,
Ехьэжьауэ фIэфIщ мэз лъапэр,
ЩымымащIэ къумым, тафэм,
ЩыплъагъункIи хъунущ лъагэу
Iуащхьэмахуи и дыкъуакъуэм…
Зэщхьыркъабзэ хэткъым къалъхэм:
ПкъыкIи, фэкIи, я инагъкIи -
Хэти лъагэщ, дэкIеящ,
Хэти лъахъшэщ, хэщIыхьащ.
Языныкъуэр щIым и щхьэфэм
Теубгъуауэ быдэу мэкIыр.
Къалъхэр куэду шэгъэбагъуэщ,
Языныкъуэр алъп шхыныгъуэщ,
Ауэ лъэпкъыр зэрыщыту
ЖыпIэ хъунущ щIыгъэбагъуэу.
Яхэтщ къалъхэм мащIэ дыдэу
УщрихьэлIэ Къэбэрдейм.
Псалъэм папщIэ, Шэджэм къалъыр
Ихуагъэххэщ Тхылъ плъыжьым.

Къэбэрдей мэзыжь

Сепсэлъэнт, слъэкIамэ, Къэбэрдей мэзыжьым,
ЖезгъэIэнт гугъуехьу и нэгу ныщIэкIар.
Джыди, мафIи, узи пэмылъэщу,
ГъащIэ гугъу зэрырихьэкIар.
ЖезгъэIэнт псэущхьэ зэмылIэужьыгъуэу
Нобэр къыздэсам къыщIэнэжар.
ЖезгъэIэнт къызыхэкIа щхьэусыгъуэр,
Домбейр, бланэр, бжьори щIэкIуэдар.
СеупщIынт, слъэкIамэ, бжей мэзыжьым,
Зэман кIуам леишхуэ зылъысам:
Дауэ ухъурэ? КъыпщIэхъуа щIэблэщIэ?
Жыг абрагъуэ дапщэ къыпхуэна?
Сытехьэнти и гъуэгу нэшэкъашэм,
СыщIэтынт нэщхъейуэ щыт бжей мэзым,
Къэсплъыхьынт сешыхукIэ сэ мэз щIагъыр,
СедэIуэнт жыг щхьэкIэм я Iущащэм.
КъаIуэта иужь гукъеуэ щэхур,
Iэ дэслъэнт жыгыпкъым и къудамэм.
СеIущащэу яжесIэнт абыхэм:
Адэжь хэкум фэрщ мылъку лъапIэу иIэр!

ХьэмкIутIей

Лъэпкъ куэд теткъым щIы хъурейм,
ЯмыцIыхуу хьэмкIутIейр,
Жыг баринэр, хэщIыхьар,
Хужьу гъагъэр мэлыжьыхьым.
Сэбэпышхуэу жыгым пылъыр
ФIыуэ щащIэрт Къэбэрдейми,
И пхъэ быдэр, жырым хуэдэр,
ЯщIт дамэкъуи, баш плъыжь дахи.
КъыхащIыкIырт тхьэмпэм, пхъафэм
Гу уз хущхъуи, ныбэ хущхъуи.
Зэгъщ хьэмкIутIыр бжьыхьэ хъуам,
Пшхыуэ пэтми зумыгъэнщIу.

Къазмакъейм и лъэIу

ФыкъызэмыIусэт зэкIэ, зэ сывмыгъэпIащIэт,
Вгъэхъут си къазмакъхэр,
Гъуэжь-дыщафэ хъухукIэ…
ЦIыхухэм хуэгъэзауэ лъаIуэрт къазмакъейр.
Жагъуэ зэрыхъунщи, лъэIур зэхахакъым.
Щылъщ къудамэр, къращIыкIэхауэ,
Къазмакъ щхъуантIэри къещэщэхауэ.
Сыт хуэдиз хущхъуэгъуэм цIыхухэр хэкIыжа?!
Нагъэсакъым бжьыхьэм - яфыщIащ къазмакъейр
Жэп къытемыхауэ, хущхъуагъ къы­щIэ­мыхьауэ.
 
Розэ

«Сэрщ удз гъагъэхэм я гуащэр,
Феплъыт псори сэ си теплъэм,
Си гъэгъахэр зэрыдахэм.
Хужьи, гъуэжьи, шафи, плъыжьи,
Уеблэм вындым хуэдэу фIыцIи.
Дыгъэ бзийхэр зыщIашауэ,
Я мэ гуакIуэр къыпIурыуэу…»
ЖиIэрт зигъэщIагъуэу розэм.
«Пэж хэлъщ жыпIэм, дахэкIей,
ЖеIэ щэхуу вагъуэ удзым, -
Дэри псори дымыIей,
Ауэ щыхъукIи, банэ ттеткъым».
«Сэ си банэр си хъумакIуэщ,
Сыщахъумэ цIыху зэраным,
Сыщахъумэ Iэщ хьэулейм.
ЦIыхуу тетым мы дунейм
СафIэдахэщ, фIыуэ ялъагъухэм,
Сэ сыхуахь,
Сызыхуахьри сощI гумащIэ.
СыщIытетри мы дунейм
ЦIыхухэр згъэгуфIэн къудейрщ».

Дэшхуей

Къэбэрдейм дэшхуей жыхуэтIэр
ЗымыцIыху щымыIэ,
Дейр гъумыщIэщ, къуабэбжьабэщ,
Дейр жыг лъагэщ, зиубгъуащ.
Дейм къыпыкIэ дэхэр инхэщ,
Къэуат щIэлъу, хущхъуэгъуэшхуэу.
Мэхъу деипхъэр пхъэ вакъэфI,
КъыхащIыкIыр фоч лъэдакъи,
Пхъащхьэ мэхъур, ухуеиххэм,
Мэхъу дей тхьэмпэри сэбэп.
Куэду хэлъщи фитонцидыр,
ЕгъэкIуэдыр и мэм хъуныр,
Гъудэ-бадзэри щошынэр.

Бжьыхьэ мэз

Сыту дахэ бжьыхьэ мэзыр,
Гъуэжьу, плъыжьу пщIащэр щIэлъщ.
Ухэувэм тхьэмпэр щхъыщхъыу,
«Бжьыхьэ хъуащ» къыбжаIэ хуэдэу.
Пхъэщхьэмыщхьэр куэду, бэву,
ТIыгъуэжауэ жыг щIагъым щIэлъу,
Плъагъум уи гур щыгуфIыкIыу,
Гъэр къулейуэ зэрыщытым.
ЗымкIэ мыр, адреймкIэ кхъужьыр,
Хъуауэ, мэзыдэри къыпыщэщу,
Пыжьейм пыжьыр пымыхуэжу,
Жэп техамэ, шхын хьэзыру.
ХьэмкIутIейри, къазмакъейри,
Къущхьэмышхи, хьэцыбани…
Псори бжьыхьэм здэбэгъуащ,
Ярикъуну мэз псэущхьэм,
Iэщи цIыхуи я Iыхьэгъуу.

Андзыш лъагэ

Андзыш лъагэщ дызэреджэр,
Удз телъыджэу лъахэм щыкIым.
Узыфибгъум ар и хущхъуэу
Урыс тхыгъэхэм къахощ,
Андзыш лъагэр хэтщ мэкъупIэм,
Хэтщ хэпхъауэ къуажэ хъупIэм,
Псыхъуэ мэзым мащIэ дыдэу,
Бгыжьэгъу псыIэми щымымащIэ.
Ныбэ узыр егъэхъужыр,
Шхалъэ узми сэбэп хуохъур,
Тэмакъ узми ар полъэщ,
БауэкIэщIми хущхъуэ хуохъур.
Хущхъуэр хэлъщ удзлъабжьэ гъумым,
Фо къыпахыр бжьэхэм гъэгъам,
Унэм къэпхьрэ щыбгъэтIысым,
Тыншу хокIэр, дахэу мэкI.

Мывэкъутэ

И хэщIапIэр къурш мывалъэрщ,
И псэупIэр мывэ джейщ,
ЦIэу зэрихьэр мывэкъутэщ,
МащIэу щокIыр Къэбэрдейм.

Блэгын

ЦIыхухэм пщIэшхуэ хуащI блэгыным,
Гу уз хьэлъэм и хущхъуэшхуэм,
ЩокI мэз Iуфэм, губгъуэ псыIэм,
Ар тхъумэну ди къалэнщ.

 

Сэтэней

Нарт гуащэ Iущым а цIэр зэрехьэ,
Сэтэней удзыр мэгъагъэ хужьу,
Губгъуэ щхъуантIагъэм дахэу къыхощ,
Лъапсэм бгъэIэпхъуэм, тыншу къыщокI.

Бэджкъиш

Куэдым яцIыхур бэджкъишыр,
ПсэупIэ лъапсэм къыщыкIыр.
Зи тхьэмпэ цIыкIухэр лэдэхыу
Пкъы дэкIеяхэм тетыр.
И къапщIий цIыкIухэр пшэплъыфэу,
Iэрамэ дахэу зэхэту,
Гъэмахуэм и кум щыгъагъэу,
Уэс къатесэхукIэ щхъуантIагъэм.
Алыдж лIыхъужьым и фэеплъу
«Aсhilles» фIащащ бэджкъишым.
Темытми удзым фэшхуэ,
УIэгъэм хуохъу хущхъуэшхуэ.

Бжей

И теплъэр дэгъуэу, жыг уардэщ,
И пкъыр захуэщ, пхъафэр щхъуафэщ,
И пхъэр быдэщ, пхъэкур хужьщ,
Бжей жыгыжьыр гъащIэ кIыхьщ.
КъыщокI куэду ар Кавказым,
Кърымым, Балканым, Азием,
ГущIэгъуи щысхьи яхэмылъу,
ЩIаупщIыкI бжей жыгхэр мэзым.
Къэнэжауэ щыIэж мащIэр,
Тетщ бгы лъагэм загъэпщкIуауэ.

Къэлэр

Гъатхэпэ мазэр къимыхьауэ,
Мэз щIагъым уэсыр темыкIауэ
КъэкIын щIедзэ къэлэр жылэм,
Бжьын лъэпкъышхуэм щыщым.
Йоджэр абы мыщэ бжьынкIэ,
Хэти жеIэ бжьыныху дэгуу,
Ауэ псоми фIыуэ щIалъагъур,
Шэч хэмылъу, зэрыхущхъуэрщ.

Къэлэрдэгу

Сыту дахэ къэлэрдэгур,
Гъатхэпежьэхэм ящыщыр.
Гъэгъа хужьхэр, тIупIым ещхьу,
ЗэкIэщIэсу купсэм тесу.
Теплъэр дахэщ, и мэр гуакIуэщ,
Зылъагъухэм ар къафыщIыр.
Дызэгъусэу дымыхъумэм,
МащIэ хъуащи, кIуэдыпэнущ.

Тхьэмпитху

Тхьэмпищ лъэпкъым зы яхэтщ,
Зэшхэм куэдкIэ къащхьэщыкIыу,
ЩокI Къущхьэхъум, хъупIэ лъагэм,
Iэщхэм яшхыр шэгъэбагъуэу.
Ирегъэщхьыр зым ар къалъым,
ЕтIуанэм къалъгулъ гъуэжьым,
Тетщ лъагапIэм тхьэмпитху иIэу,
ЗэкIэщIэту и пкъым тету.
 
Тхьэмпищ

Тхьэмпищ удзыр щIыгъэпшэрщ,
Тхьэмпищ удзыр шэгъэбагъуэщ,
Тхьэмпищ удзыр берычэтщ.

Губгъуэджэдгын

Шхыныгъуэ куэдым ар хозагъэ,
Узыфэ куэди егъэхъуж,
Губгъуи тафи ар щогъагъэ,
Жылэр зэреджэри губгъуэджэдгынщ.

Банэжь

И пкъыр занщIэу дэкIеяуэ,
Банэ пхъашэ дэнкIи тету,
Лъабжьэ гъуми игъэкIауэ,
Щытщ банэжьыр зигъэбацэу.

Батыргъэн

КъыщокI дэнкIи батыргъэныр,
Бамэщ и фэр, кунэщIщ и пкъыр,
УеIусам, и тхьэмпэм уесыр,
Псыбыб мэхъур хъужыгъуейуэ.

Сэхуран

Дыгъэ бзийм и хуабэм зыдагъазэу,
Гъэгъа гъуэжьхэр дыгъэм къыдокIуэкI.
Бжьыхьэр къэсрэ хъуамэ жылэр,
Дагъэ гуакIуэ къует дыщафэу.

МэкъуIэрысэ

Урыс мэкъу, суданкэ, мэкъуIэрысэ,
Щыри цIэуэ зэрехьэ зы къэкIыгъэм.
Нил псы Iуфэр пасэу зи къежьапIэм
Иубыдащ дунейм и зэхуэдитIыр.
Зи удзыпкъыр лъагэу, занщIэу дэкIеям,
Iуву, щхъуантIэу тхьэмпэ-бзийр зытетым,
Силос гуакIуи хъум, мэкъу дыгъэли
Iэщхэм Iус къэуат яхуэхъум, шэ гъэбагъуэм.

Дэжей

И пкъыр лантIэщ, щIэгъэкъуэн хуэныкъуэу,
И фэр плъыфэщ, щхъуантIафэр къемэщIэкIыу.
ЯкIэрокIэр, зрешэкIри гъунэгъухэм.
IэфIи, псыри, псэри къащIифыкIыу.
Дэжейщ зэреджэр а удз лIэужьыгъуэм
ЩыжаIи щыIэщ Алмэстым и щхьэц.
Илъэс зырызкIэ фIэкIа къэмыкIыу,
ЗэщIищтауэ хьэси, губгъуи, хадэхэкIи.
Етхьэлэф нартыхуи, нащи, мэши,
Гуэдзым и щхьэмыжыр мащIэ ещI.
Гъуамэщ, зэранщ сыткIи а удзыжьыр
КъэкIуауэ Къэбэрдейм зы зэман.

БлапцIэ хужь

БлапцIэ хужьыр жыг лIэужьыгъуэщ,
И пкъыр лъагэщ, хуэбаринэщ,
Пхъэкур хужьщ, и пхъафэр щхъуафэщ,
Тхьэмпэ лъабжьэр щхъуэ-фIыцIафэщ.
Гъэмахуэкум гъэгъэн щIедзэ,
Гъэгъа цIыкIухэр хужь-щхъуантIафэщ,
И мэр гуакIуэщ, бжьэм и кIуапIэщ,
Бжьыхьэм мэхъу дыщафэ дахэ.

Ажэгъуэмэ тхьэмпэбгъузэ

Гъатхэ мазэр къимыхьауэ,
ЩIылъэм уэсыр темыкIауэ,
Гъэмрэ щIымрэ зэхэмыкIыу
Ажэгъуэмэр щIым къыхокI.
Гъатхэпежьэу, псоми япэу,
КъызэрокIхэр гъэгъа хужьхэр,
Губгъуи, тафи, мэз щIагъи,
КъуакIи, зыщIаблауэ, ягъэдахэу.
Ауэ зэшхэм зы яхэтщ,
Ещхькъым зыми, къащхьэщокI,
Тхьэмпэр бгъузэщ, къапщIийр цIыкIущ,
ЦIэуэ фIащари тхьэмпэбгъузэщ.
Щыбэгъуауэ хэтт бжей мэзым,
Налшык къалэм и гъунэгъуу,
ЩыкIырт ар псыIуфэ мэзым
Ауэ нобэ мащIэ хъуащ.

Махъшэудз

Махъшэудзыр
Къумым щокIыр,
КъемэщIэкIыу
Куэду псыр.
И пкъыр лъахъшэщ,
Лъабжьэр куущ,
Тхьэмпэр мастэ
Псыгъуэ кIыхьщ.
Махъшэудзыр мащIэ дыдэу
ЩокIыр Джылъахъстэней къумми.

Шыкъулътыр

Шыкъулътыр ажэшхуэр плъыру,
Тетщ къурш лъагэм къытхуеплъыхыу.
И лъэр быдэщ, и нэр жанщ,
Мысыр сэшхуэм ещхьщ и бжьитIыр.
Щхьэр еIэтыр, хешыр и пщэр,
Тегъэхуауэ тхьэкIумитIыр,
Къурш бэуэкIэм щIодэIукIыр,
ЕщIэр ажэм и къалэныр -
Бэлэрыгъ зэрымыхъунур,
Бжэн зыщIэсхэм зы псэ хэщIым
ЖэуаптакIуэу зэрыщытыр.

Дыгъужь

«Мэзыхьэр куэдт а гъэм, етат», -
Адэшхуэм къригъажьэрт.
Къуэрылъхухэм къыджиIэжт хъыбар,
Дыгъужьым теухуауэ.
ЖиIэрт мэлрэ шы къунанрэ
Зы жэщ закъуэм итхьэлауэ,
И плIэм илъу, хьэр ебэну,
ШкIэр мэкъуэщым ирихауэ.
ИщIэрт дыгъужь ныбэ нэщIым
Хьэри цIыхури къызэрещэр,
Ауэ щIэблэ мэжэщIалIэм
КърахуэкIырт, щхьэхуимыту.
А дыгъужьым и бзаджагъыр
И Iущагъыр, бэшэчагъыр,
Къаруушхуи зэрыхэлъыр
А хъыбарым къыщыхэщт.

Къурш гуэгуш

СытекIащ пщэдджыжьым уэтэр пщыIэм,
СыдэкIыну жыжьэу слъагъу бгы лъагэм.
Гугъэ сиIэу - къэзгъуэтыну, сахэплъэну
Къурш гуэгушхэу мащIэу къытхуэнам.
Лэгъупэжьу цIыху набдзэгубдзаплъэм
ЖиIащ гуэгуш гуп зымахуэ илъэгъуауэ.
Гуэгуш анэм шырхэр къришэкIыу,
ИгъэхъуакIуэу, гъащIэм хуригъасэу.
СыхуэпIащIэу, си гур къысфIилъэту,
СыдэкIащ гугъу сехьу сэ бгы задэм.
Зызоплъыхь, содаIуэр хъуреягъкIэ,
Псори щымщ, зэхэпхыу гум и макъыр.
Зы тэлай дэкIауэ, гугъэр хэсхыжауэ,
Си тхьэкIумэм къоIуэр, жыжьэу…
Гуэгуш макъ: чуин-чу-чу-чу
ЖиIэу, телъыджащэу маджэр гуэгушанэр.
Чуин-чу-чу-чу.
Щигъэтыжти джэныр, зэман кIэщIкIэ,
Аргуэрыжьу джэуэ къыщIидзэжырт.
Чуин-чу-чу-чу, чуин-чу-чу-чу…

Мэлыхъуэхьэ

 
Мэлыхъуэхьэр хьэ лъэпкъыфIщ,
И пкъыр быдэщ, и дзэр жанщ,
Лъакъуэр пIащэщ, и кIэр кIагуэщ,
И фэр хужь-гъуэжьыфэ дахэщ.
Губзыгъагъэр и лъым хэлъщ,
Гъэсэныгъэри къыдалъхуащ,
Хьэл-щэн дахи зыхелъхьэф,
ЖаIэр даIуэу, сабийм хуэдэу.
Мыщэм хуэдэу къарууфIэщ,
Бдзэжьейм хуэдэу псым йосыф,
Жэщи махуи емызэшу,
Мэл гуартэшхуэхэм я плъырщ.
Банэу жыжьэу зэхахам,
Дыгъужь гупым загъэбзэх.
Къилъэгъуамэ лэгъупэжьыр,
Хьэвшыр цIыкIуу, зыхуегъафIэ.

 

Поделиться: